Туризмэм гулъытэ хэха егъуэт

Къэралым и туризмэм зегъэужьыным хуэгъэпса, зэрыхудачых хабзэм тету щIыхуэхэр а IэнатIэм щылажьэхэм зэрырат къэрал программэм сом зы мелард дызэрыт илъэсым дыщIагъужынущ. Апхуэдэ унафэм иджыблагъэ Iэ тридзащ УФ-м и Правительствэм и УнафэщI Мишустин Михаил.

         Ахъшэр къэрал мылъкум къыхэкIынущ икIи зэрыхудачых кредиту иратынущ бгы лъапэхэм лыжэкIэ къыщыбжыхь хъу щIыпIэхэм щыIэ курортхэм я инфраструктурэр зэтегъэувэным ехьэлIа пэхуэщIэхэр (проектхэр) гъэзэщIэным пэрыт инвесторхэм. Ар нэхъыбэу зыхуэгъэзар зы илъэсым къриубыдэу цIыху мин 500 мы нэхъ мащIэ зыщагъэпсэху щIыпIэхэр ухуэнырщ, абыхэм зегъэужьынырщ. ИкIи зэраухуэрэ илъэситI нэхъ дэмыкIыу, а мардэм хуэкIуэн хуейщ.

Туризм IэнатIэм зегъэужьынымкIэ зэрыхудачых хабзэм тету щIыхуэхэр а IэнатIэм щылажьэхэм зэрырат къэрал программэр 2021 гъэм УФ-м и Правительствэм иригъэжьащ, икIи ар зыхуэгъэзар хьэщIэщхэмрэ Iуэхутхьэбзэ куэд зэхэту щрагъэгъуэт комплексхэмрэ ухуэнырт. Ауэ 2023 гъэм УФ-м и Президентым и унафэкIэ а программэм зрагъэубгъуащ икIи абы къыхагъэхьащ цIыхухэм я нэгу зыщрагъэужь паркхэр, аквопаркхэр, бгы лыжэ курортхэр. Абыхэм псоми къыщыгъэлъэгъуа ахъшэр къэрал мылъкум къыхэкIынущ.

Къэрал кIуэцI туризмэм зегъэужьыным ехьэлIа Iуэхухэм иужьрей илъэсхэм Урысейм гулъытэ хэха хуищI зэпытщ. Абы фIы куэд къызэрыдэкIуэри нэрылъагъущ. Урысей Федерацэм и Президент Путин Владимир иджыблагъэ жиIащ, туризмэм и фIыгъэкIэ абы къепхауэ лажьэ нэгъуэщI IэнатIэ 50-м щIигъум зыужьыныгъэхэр зэрагъуэтыр, лэжьапIэщIэхэр къызэрызэIуахыр, хьэрычэт IэнатIэ мыинымрэ курытымрэ адэкIэ кIуэтэнымкIэ хэкIыпIэщIэхэр къазэрыхукъуэкIыр.

Къыхэдгъэщынщи, «Iуащхьэмахуэ» курортыр къэралым щынэхъ инхэм, щынэхъ цIэрыIуэхэм яхохьэ, абы къыдэкIуэу, зызыгъэпсэхуну ди щIыналъэм къакIуэ туристхэм илъэс къэс къахэхъуэ зэпытщ. Кавказ.РФ-м иджыблагъэ къита бжыгъэхэм къызэрагъэлъагъуэмкIэ, нэгъабэ ди деж щыIа хьэщIэхэм я бжыгъэм процент 27-кIэ хэхъуащ - цIыху мин 730-м щIигъуащ.

ИлъэсыщIэ махуэхэм «Iуащхьэмахуэ» курортым зыщагъэпсэхуащ цIыху мин 43-м, ар хуэдищкIэ нэхъыбэ хъуа ипэ ита илъэсым къагъэлъэгъуа бжыгъэхэм нэхърэ. ГугъапIэхэр щыIэщ 2026 гъэм ирихьэлIэу хьэщIэу мелуаным нэблагъэ курортым иригъэблэгъэфыну, иджырей инфраструктурэ зэпэщ зиIэ зыгъэпсэхупIэ щIыпIэу дуней псом хэIущIыIу щыхъуну.

                                                                  ХЬЭЩЫКЪУЕЙ Олег.

 

Поделиться: