Лъэпкъым теухуа гупсысэхэр

Сыхуейт къыхэзгъэщыну хамэ щIыпIэм щыпсэу ди лъэпкъэгъухэм сыт хуэдиз гугъуехь ятемылъами, я хабзэр, я бзэр нобэр къыздэсым зэрахъумэфар. Абазэ Сэруэт и IэдакъэщIэкIхэм я нэхъыфIщ «Ибн-Аммар» повестыр, «ГъащIэ и гъащIэж», «Нил Iут чэщанэ» романхэр.

1959 гъэм абы Каир къыщыдигъэкIащ къуажэ гъащIэм тепсэлъыхь «Махуэхэм защыдзей» романыр.

1960 гъэм Абазэ Сэруэт къыдегъэкI «Дыгъэр иджыри къыкъуокI» романыр. ЕтIуанэ дунейпсо зауэм иужькIэ мысыр щIалэгъуалэм я псэукIэр зыхуэдэм теухуащ ар. Тхыгъэм къыщыгъэлъэгъуащ щIэблэщIэ къэхъум гъащIэщIэ яухуэу, яхузэфIэкI халъхьэу, яхуэфэщэн увыпIэ екIу гъащIэм щаубыдынымкIэ фIэщхъуэныгъэ зэрыщыIэр. Литературэ гъуэгум хича япэ лъэбакъуэхэр 60 гъэхэм хэзыча Абазэ Сэруэт ноби игъэтIылъакъым и къалэмыр. Абы и хъыбар, пьесэ, роман куэд къытрадзэ «Ас-Сэкъафэ» журналым, «Ал-Гумхурие» газетым, тхылъ щхьэхуэуи къыдокI.

 Иджыпсту Мысырым адыгэу мини 100 хуэдиз щопсэу. Абыхэм я анэдэлъхубзэр ящIэжыркъым, ауэ я хабзэхэр яхъумащ, я тхыдэм щыгъуазэщ, лъэпкъ шхыныгъуэхэр дэгъуэу ягъэхьэзыр. 1932 гъэм Каир абыхэм къыщызэрагъэпэщащ «Адыгэ зэкъуэшыныгъэ» хасэр. Абы и унафэщIу щытащ Гъалиб-Хьэмид-бэчрэ Ростом Рашидрэ. Хьэмид-бэч хьэрыпыбзэкIэ зридзэкIащ Жэрыщты Исмэхьил итха «Кавказым и тхыдэр».

Ростом Рашид и къуэрылъхут Уэсмэн Рыфкъий генералым, Тэуфикъ-Хедивым и зэманым дзэзешэ министру щытащ. Абы и адыгэ унэцIэ дыдэр Фэукъуэщ. 1920 гъэм Рашид къиухащ Сорбоннэ университетыр. ФуIэд Езанэмрэ Фэрыкъурэ Мысырым и пащтыхьхэу щыщытам къэралым къулыкъу лъагэхэр щаIыгъащ.

 Ростом Рашид и тхыгъэхэр къытрадзэрт «Ал-Рисалэ» («Тхыгъэхэр»), «Ал-МукътэтIэф» («Тхыгъэ къыхэхахэр») журналхэм. Абы и цIыхугъэфIт Рущди Расым адыгэ щIалэр. Абы и Iэдакъэ къыщIэкIащ «Адыгэхэмрэ Мысырымрэ», «Али-бэч ал-Бакъир», «Ар си лъэпкъщ. Адыгэр и лъэпкъым топсэлъыхь», «Адыгэ лъэпкъым и къекIуэкIыкIам и нэщхъеягъуэхэр», «Ислъамымрэ гупсысэ щхьэхуитымрэ» тхыгъэхэр. Урыс-Кавказ зауэм теухуащ Рушди итха «Жан» повестыр. Ар 2004 гъэм Налшыки къыщыдэкIащ, ТIымыжь Хьэмыщэ зэридзэкIауэ.

1932 гъэм Иорданием и адыгэ жылэхэм щыIащ Ростом Рашид. 1933 гъэм мазаем и 9-м абы Амман иригъэхьащ письмоищ – Нэхущ Мысхьуд, абы и къуэ Хьэмид, ипхъу Iэминэ сымэ я деж. И тхыгъэхэм ящыщ зым Рашид мыпхуэдэу щитхащ: «Фи бынхэм яжефIэж абыхэм Хэку зэраIэр, абы нэхърэ нэхъ дахи дунейм зэрытемытыр. ФIыуэ ялъагъу уафэ къащхъуэм и лъабжьэм шэрджэсу къызэрыщалъхуам папщIэ я щхьэр лъагэу иралъагъуж икIи я гъащIэр яухыху къызыхэкIа лъэпкъым хуэфащэу щрет».

Мыбдежым абы къыхигъэщащ лъэпкъым пэжыныгъэрэ лъагъуныгъэу хуиIэр. Ди жагъуэ зэрыхъунщи, иджырейхэм «адыгэбзэр сыт зэрыпщIынур?» - жаIэри, я бынхэр ирагъаджэркъым, щагъэуж.

Адыгэшым и пщIэр

Сыхуейт ди щIэблэм адыгэшым пщIэуэ иIэр ящIэну. ЩIэныгъэлIхэм къызэрахутамкIэ, адыгэшым и ныбжьыр илъэс минищым ноблагъэ. Нартхэм я лъэхъэнэм дунейм къытехьэри, апхуэдиз гъуэгуанэ къызэпичащ абы, шы лъэпкъ цIэрыIуэхэм ящыщ зы хъун папщIэ.

Адыгэхэм ижь-ижьыж лъандэрэ шы зэрызэрахуэм щыхьэт тохъуэ археологхэм щIы щIагъым къыщIахыж пасэрей хьэпшыпхэр, ди адэжьхэм къызэранэкIа хъыбархэр.

Тхыдэм къыхэнащ мыпхуэдэ хъыбар. Пасэрей дзэпщ цIэрыIуэ Македонский Александр и адэ Пащтыхь Филипп Псыжьрэ Тэнрэ къыщищэхугъащ шы мин 20. Пасэ дыдэу цIэрыIуэ хъури, адыгэшым и пщIэмрэ и уасэмрэ зэи ехуэхыжакъым.

Абы щыхьэт техъуэфынущ мы зы щапхъэри. Шы ящэхун щхьэкIэ сатуущIэхэр щызэхыхьэ Кърым бэзэрхэм адыгэшыр нэгъуэщI шы лъэпкъхэм елъытауэ хуэдэ 20 - 25-кIэ щынэхъ лъапIэт. Пасэрей дзэпщхэм я деж къыщыщIэдзауэ, шуудзэ зыгъэшэс дэтхэнэми адыгэшым пащI щыIакъым, ар щхьэусыгъуэ хуэхъури, адыгэшым и лIэужьыр жыжьэ нэсащ, абы илъ ящIэтщ нобэ дуней псом щыцIэрыIуэ шы лъэпкъ куэдым.

Пасэрейм мыпхуэдэ псалъэ къызэринэкIащ: «ЦIыхум дамэ къритакъым Тхьэм, дамэ къыщримытым шыкIэ къыхуэупсащ». Дамэ пэлъытэт шыр цIыхум дежкIэ. Гъуэгуанэм я нэхъ кIыхьри игъэкIуэщIыфырт адыгэшым, еш ищIэртэкъым. ЗекIуэлIыр гъуэгум къыщытрини къэхъуакъым. Бгылъэ ихьамэ, адыгэшыр мэз бжэным хуэдэт, бгы задэми, щыхупIэми, лъагъуэ зэвми, къуршыпс уэрми щыщтэртэкъым. ШыщIэ ныбжьым щитым щыщIадзэрти, а псом хуагъасэрт. Гъуэгуанэ кIыхь зэригъэкIуэщIыфым, тафэри бгылъэри зэризэхуэдэм нэмыщI, адыгэшыр Iущт, жэщ мэзэхэми гъуэщэнутэкъым. Шур епсыхамэ, ямылъахъэми шыр зейм бгъэдэкIынутэкъым, апхуэдизкIэ есэрти. Адыгэшым итхьэкъуа тхакIуэ гуэрым мыпхуэдэ псалъэхэр къызэринэкIащ: «ФIамыщIым хуэдэщи, къарапцIэщ, и лъэр псыгъуэщ, и нэ дахитIыр птригъэкIыркъым, и гуащIэр-щэ! Ибгъэлъамэ, къыжьэдэпкъуэжыху къызытеувыIэнукъым, къосэмэ, хьэм хуэдэу уи ужь итынущ». Абы щIыдгъужынщ: адыгэшым нал щIалъхьэу щытакъым, и лъэбжьанэр апхуэдизкIэ быдэти.

Ижь-ижьыж лъандэрэ цIэрыIуащ адыгэ шур – абы щыхьэт тохъуэ адыгэхэм я тхыдэм щыгъуазэ дэтхэнэри. «Зы адыгэ шум хигъэщIэфынущ бий шууей тIощI, - итхыгъащ адыгэ лъахэм къихьа хьэрып тхакIуэ гуэрым. - Ар IэщэкIи, лIыгъэкIи хэти йофIэкI».

НэгъуэщI зым итхыгъащ: «Дунейм теткъым адыгэ шуудзэм пэхъун. Ар ежьамэ, мафIэ лыгъэм зидза хуэдэщ. Адыгэ шу зыбгъупщIым зыхакъутэнущ шууищэ». Адрейм етх: «Адыгэ шур бийм и дзэм хыхьамэ, аслъэныр Iэщ хъушэм хэлъэда хуэдэщ. Абы и сэшхуэр уафэхъуэпскI пэлъытэщи, бийр лъэрыщIыкI зэтрещIэ». Пасэрей тхакIуэхэм, щIэныгъэлIхэм, дзэпщхэм, тхыдэджхэм къызэраIуэтэжымкIэ, зауэм Iухьамэ, адыгэ шум и псэр пытыху зитыртэкъым, бийм псэууэ зыIэригъэхьэнутэкъым, апхуэдэ къызыщыщIыр цIыхум хабжэртэкъым, гъуси ящIыжыртэкъым. Мыбы сытетхыхьыну мурад щIэсщIар ди щIалэгъуалэм зэрамыщIэрщ.

Къэгъэзэж Щамхьир.
Поделиться: