ЩIэблэм гъуэгугъэлъагъуэ яхуохъу

АдыгэбзэмкIэ егъэджакIуэхэм я пщэ къыдохуэ бзэм щIыгъуу щIэблэм я хьэл - щэным лъэпкъым и щэнхабзэмрэ хабзэ - нэмысымрэ хапщэныр. Нобэ, унагъуэ куэдым анэдэлъхубзэр щамылъытэ щыхъуа зэманым, бзэм и пщIэр сабийм зыхебгъэщIэну тыншкъым. Абы папщIэ егъэджакIуэхэм гудзакъэ яIэн хуейщ, Iэмал хуекIуэу а щытыкIэм лъэпкъым ифI хэлъу къикIын папщIэ. Апхуэдэ егъэджакIуэхэм ящыщщ Бахъсэн къалэм дэт школ №3-м адыгэбзэмкIэ и егъэджакIуэ, школым и унафэщIым и къуэдзэ Дыду-Уэзрокъуэ ФатIимэ. Абы Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым адыгэбзэмрэ литературэмкIэ и къудамэр къиухащ. Анэдэлъхубзэр фIыуэ илъагъуныр и сабиигъуэм къыщежьащ, хабзэрэ-бзыпхъэрэ зыхэлъ и нэхъыжьхэм я фIыгъэкIэ. Езыми бзэм теухуауэ иIэ щIэныгъэмрэ зэхэщIыкIымрэ фIэфIу ябгъэделъхьэ и еджакIуэ цIыкIухэм. 5 - 11 классхэм ядолажьэ.

ЩIэныгъэ зэрызригъэгъуэтам папщIэ бзылъхугъэм фIыщIэ яхуещI и школ егъэджакIуэхэм. Студент гъащIэри гуапэу и гум илъщ.

- Хъыджэбз гуакIуэ защIэт университетым сызыхэхуа гупыр. ЩIэхыу ныбжьэгъу къысхуэхъуащ Бахъсэн щыщ хъыджэбзитI икIи илъэситхукIэ фIыри Iейри зэдэдгуэшу дызэдеджащ. Япэ илъэсыр псом нэхъ гугъут. Куратору къытхэта УнэлIокъуэ Вячеслав еджэным дытригъэгушхуащ, тхылъыр Iэпэдэгъэлэл тщIы зэрымыхъунур къыдгуригъэIуащ, библиотекэхэм кIуэрей дищIащ. ЕгъэджакIуэфIт дызыпэщIэхуахэр. ХьэкIуащэ Андрей, Езауэ Мадинэ, Абазэ Албэч, Бозий Наимэ, нэгъуэщIхэри си гум фIыкIэ илъщ. КъБР-м и тхыдэмкIэ дезыгъэджа Созаев Аслъэн зэгуэр сабий унэм дишат, тыгъэ гуэрхэр цIыкIухэм яхуэтхьри. А махуэм псоми ди гур къутат, гъащIэр къызэрытщыхъум зыкъомкIэ зригъэхъуэжу - ди гум къыщыушат бзылъхугъэм сабийм хуиIэн хуей гурыщIэр. Ди студент гъащIэм епха гукъэкIыж лъапIэхэм ящыщщ Нартан ПащIэ Бэчмырзэ и музейм дызэрыщыIар. Налшык сыкIуарэ, Лъэпкъ библиотекэшхуэм сыблэкI хъуми, студент гукъэкIыжхэм сыхохьэж: диплом лэжьыгъэ дгъэхьэзыру абы щыдгъэкIуа зэманыр гуапэт, - жеIэ Фат1имэ.

Уэзрокъуэм и лэжьыгъэм гукъыдэж щIыхуиIэ щхьэусыгъуэ нэхъыщхьэр иригъаджэхэм дерсхэр зэрафIэщIэщыгъуэнрщ, ахэр куэдым зэрыщIэупщIэрщ, бзэм и IэфIыр зыхащIэ зэрыхъум гу зэрылъитэрщ. И лэжьэгъухэри къыхущытщ гуапэу, егъэджакIуэ нэхъыжьыIуэхэр езым чэнджэщэгъу къыхуохъу.

 - Пэжщ, ди зэманым къалэдэс сабийхэм адыгэбзэр нэхъ гугъуу къащтэ хъуащ. Ар лъэпкъым ди гукъеуэшхуэщ, жытIэми жыдмыIэми. АнэдэлъхубзэмкIэ егъэджакIуэхэм ди гуащIэ псори идохьэлIэ сабийхэм бзэр нэхъ зыхащIэным, ирипсэлъэным, фIыуэ ялъэгъуным. Абы папщIи гъэщIэгъуэн ящыхъурэ къатемыхьэлъэу егъэджын хуейщи, Iэмалу щыIэм дыхуекIуапхъэщ. Ди школыр ящыщщ зи еджакIуэхэм адыгэбзэр нэхъ зыгъэшэрыуэхэм. ИлъэситI ипэ мыбы республикэ семинар щекIуэкIати, хьэщIэхэм ягъэщIэгъуат, я гуапи хъуат къалэдэс сабийхэм яIурылъ анэдэлъхубзэ къабзэр. А Iуэхугъуэм уригуфIэнуми уринэщхъеинуми сщIэркъым. АдыгэбзэкIэ шэрыуэу псалъэ тлъагъумэ, дгъэщIагъуэу дыкъэнэну дыхуейкъым, - жеIэ.

 Адыгэбзэмрэ щIэблэм и гъэсэныгъэмрэ зэкIэщIэпчыфынукъым. Сыту жыпIэмэ, бзэм къыдокIуэ хабзэри нэмысри. Хэкур фIыуэ лъагъуным, адэ-анэр лъытэным, нэхъыжьым пщIэ хуэщIыным, щIыуэпсым хуэсакъыным – а псом щIэблэр хуагъасэ адыгэбзэмкIэ егъэджакIуэхэм. Фат1имэ ирагъэджэхэм куэдрэ яжреIэ инджылызыбзэм ящIэным зэрегугъум хуэдэу, ди анэдэлъхубзэми елIэлIэн зэрыхуейр, уи бзэр умыщIэжу хамэбзэ бджыкIэ лъэпкъ щхьэхуэм къыхэкIа цIыху нэс узэрымыхъуфыр. Абы и дерсхэр нэхъри гъэщIэгъуэн хъун щхьэкIэ, ФГОС - м и мардэм кърегъэзагъэри, езым зэхилъхьэ усэ кIэщI цIыкIухэр и дерсхэм хегъэхьэ. Ахэр сабийхэм тыншу зэрагъащIэ.

Бзылъхугъэм и лэжьыгъэм хилъхьэ жэуаплыныгъэр къалъытэри, ар курыт еджапIэм и унафэщIым и къуэдзэ ящIащ.

- ИлъэсипщI хъуауэ адыгэбзэмкIэ сыегъэджакIуэщ. Мы гъэм еджапIэм и унафэщIым и къуэдзэ IэнатIэми сыпэрыуващ. ФIыщIэ хузощI ар къысхуэзыгъэфэща ди унафэщIым - Хьэмжу Маринэ. Си Iуэхур къыздигъэпсынщIэу, чэнджэщэгъу къысхуэхъуу сыдолажьэ унафэщIым и къуэдзэ Дыду Алесэ. Курыт еджапIэм къекIуалIэ цIыкIухэм я зэфIэкIым хэхъуэнырщ, гупсысэу есэнырщ, фIымрэ Iеймрэ зэхагъэкIыф хъунырщ, щIэныгъэ лъабжьэ быдэ зэрагъэпэщынырщ ди гуащIэр зыхуэгъэзар. Гурэ псэкIэ сыпылъынущ къызагъэза дзыхьыр дагъуэншэу згъэзэщIэным, - жеIэ езым.

Фат1имэ лъэпкъым хуохъуапсэ щIэблэ дахэкIэ, мамырыгъэкIэ, щIэныгъэкIэ.

ГУГЪУЭТ Заремэ.
Поделиться: