СОКЪУР Мусэрбий и усэхэр

СОНЕТ

Сыт си щIалэгъуэм фIыуэ сыкъэплъагъукIэ,
ЩIалэм дапщэщи щIалэ къегъуэтыж.
Си щхьэцым, мис, пхырокIыр дыжьын лъагъуэ,
Илъэс щэ ныкъуэм щащI абы IутIыж.

Си нэкIум куэдрэ щызэблоур пшагъуэ,
Сэ гъуэгу къэскIуахэм акъылыр йоплъыж.
Илъэс пщыкIубл зи ныбжьхэм загъэщIагъуэ,
ЗблокIри, си щIыбкIэ къысщодыхьэшхыж.

Хьэуэ, абыхэм задумыщI, си нагъуэ,
Напэ зэлъахэр къысхуумыIуэтыж.
Ди нэхущ пасэм къытхущIэна вагъуэр,
Пшапэр къыщысми, иремыункIыфIыж!

Къэубыд си Iэблэр. ТIуми зыщ ди гъуэгу.
ЩытщIынщ иджыри дэ мы щIылъэм джэгу.

*   *   *

СогъакIуэ усэр IуэхутхьэбзащIэ,
Къимыгъэзэжмэ, си дунейщ.
Ирехъу зылъысыр насып защIэ,
Трырет жыхафэм хэгъэрейу.

Сэ сощIэ Iэм имылъ мыщафэм
Гуащэр щыгугъмэ, зэрыIейр,
Ауэ мы тхылъым и гъуэгу тафэр
Бзаджэм къиутэу сыхуэмей.

Сэ сощIэ фадэр зэрыгуащIэр,
Сэ ныбжьэгъу гуэрхэм сыкъацIыху.
Сэ цIыху акъылыр соуплIанщIэ,
ГумащIэпс IэфIыр къыщIэжыху.

Арми, слъэкIакъым мы щIы щхьэфэр
Насып махъсымэ езгъэфэн...
Еуэт, пшынауэ, сэ си къафэм -
ПасэIуэщ си нэр щIилъэфэн.

СогъакIуэ усэр IуэхутхьэбзащIэ,
Къимыгъэзэжмэ, фи хьэтырщ...
Мыкунэф дыдэмэ си гъащIэр -
Тездзэнкъым нэфу зы сатыр.

ЛЪЭIУ

ИIэ, жьыбгъэ, улэжьэнум,
Дызэрыгъэубыд.
Уэ дыгъэпсыр уи фэдэным -
Сэ перор си дыдщ.

ИIэ, маржэ, куэд къытпоплъэ -
Пщащэ, щауэ, лIыжь.
Сабий цIыкIухэр къытхукъуоплъыр,
Я нэр хуэдэу пыжь.

Хьэсэ щхъуантIэм хэт хъыджэбзым,
ФIанэр къиIэтау,
Хуэдэщ и Iэр къыдэмыбзэм,
Къытщогугъ ешау.

ИмыщIэххэу хукъуэлъэти,
Гъэбырыб бостейр,
Нэбжьыц Iувхэр къегъэIэти,
Дегъэхьэх дунейм.

Iэ худэлъэ и щIыфэхум,
Iупэр хуэгъэупщIыIу,
Нэжьгъуц кIырхэр пфIэмыIуэхуу
Щыгъэджэгу и нэкIу.

Тхьэмпэ Iувхэм хэс уэрэдхэр
ЩIэпхъуи, хуэгъэуш...
ИIэ, маржэ, зигу къилъэтхэм
ИумыгъащIэ зэш.

Жьыбгъэ, жьыбгъэ! Улэжьэнум
Iуэху дунейм щыкуэдщ...
Къащтэ уи дыгъэпс фэдэнри,
Усэ зэдэдгъэд!

*   *   *

ТIэтIэжу ныбжьхэм заукъуэдий,
КъухьэпIэм дыгъэр нэсмэ.
IупщI дыдэщ бзийхэм я къабзийр,
Къабзабзэщ бзухэм я кIэфийр,
Мэлыд уэгу щхъуантIэр кусэу.

УIэбэу Iэ дэплъэн хьэзырщ
Къыр жыжьэм и тхы IупщIэм.
Бгы нэIум тебдзэфынщ куэзыр,
Тезэгъэххэнкъым апэсыр -
Апхуэдэу джафэ пфIощIри.

Ауэ, дэкIынщи дакъикъипщI,
Техьэнщ бгы напэм пшапэр.
КIыфIыгъэм кусэхэр елыпщI,
Уэгу хуитым вагъуэхэр щопщIыпщI,
Дыжьын тхьэщIащ бгыжь къуапэр.

ИтIанэ, уэ пэплъэф къудей,
Гъэмахуэ жэщыр ткIунущ.
Лъэлъэнщ щтаучуи къыр домбейр,
Къигъэушынуи мы дунейр,
Къеуэнщ пщэдджыжь уэзджынэ.

*   *   *

Къэгъэджэгу, тхьэмадэ, шыкIэпшынэр,
Къохъу зэман щыпащI топышэм ар.
Сэ иджыри уафэм сыщошынэ -
Арщ зауэ блэкIам къысхуигъэнар.
Къэгъэпсалъэ щабэу шыкIэпшынэр,
Ар уэрэдыфI Iэджэм яхуозэш,
Дэгъэуш уэрэдым дуней иныр -
Арщ зыщIыфыр хамэхэр зэкъуэш.
Еуэ, еуэ, дадэ, шыкIэпшынэм,
Ар зэхэзых псоми я гунэсщ.
Къэгъэуш мэз джэди, жыги, блани -
Арщ уэсят пхуищIар уэ Ашэмэз.
Еуэ уемызэшу шыкIэпшынэм,
ЦIыху ешахэм я псэм жьы дегъэху,
Зы дыгъэпс Iэрамэ я гум къинэм -
Ар пхуэхъункIэщ уэри фэеплъ нэху.

*   *   *

ЗыгуэркIэ семыпхауэ цIыху
Мы хэкум ису къащIэт...
ГъавэщIэр къэсу Iуихыжыху
Зым губгъуэм щехь и гъащIэр.

Жэщ плъырщ етIуанэр. Iэщ бэгъуам
Бгъэдэтщ, сыхьэт мыпсэхуу.
Дыгъужь е цIыху къемыдыгъуам,
Нэхъ IэфI къыщохъу улахуэр.

Щыгъыну щыIэм я нэхъыфIщ
Ещанэм схузэIуищэр,
ШхыныфI еплIанэм схуеупщэфI,
Си гъащIэм къысхупищэу.

Дахагъэу щыIэ псор адрейм
Си пащхьэ щегъэлыдыр,
ЩIэщыгъуэ сщещIыр мы дунейр,
Сызэшу къысхуимыдэу.

Зым сэ кхъухьлъатэкIэ сеIэт,
Адрейм мафIэгукIэ сешэ.
Си гъуэгу къыдэхуэм зы сыхьэт,
Абджыпсу нэхущ си пэшыр.

ЗыгуэркIэ семыпхауэ цIыху
Сэ щыIэу къысхуэмыщIэ.
А псом я щIыхуэ стекIыжыху
ПыIэнукъым си гущIэр.

*   *   *

ЯтIагъуэ лъэгум тхыпхъэщIыпхъэу
КъубгъанкIэ псы ираутхам;
Iуха щхьэгъубжэм жьыр къецырхъыу
Чэсыргей Iупхъуэр къыщIихам;

И бгъэр, щхьэл мывэу, къригъэкIыу
Адакъэр пагэу увыжам;
И джэджьей бын тегужьеикIыу
Джэдум джэдкъуртыр кIэлъыжам;

Уафэ къабзэшхуэм зигъэплIаплIэу,
ЩIыр игъэхъу щIыкIэу, къэувыIам;
И нэз щIы кIапэм кърихьэлIэу
Дунейр щхъуантIэпсу ириIам;

ЩхъуантIагъэ псор игъэщIэращIэу
НысащIэр пщIантIэм къыдыхьам;
Игъэджэрэзу и кIэ къуащIэр
Псынэпс къабзабзэр къыпхуихьам;

Хадэ нартыхум и щкъыщкъ макъыр
Къызэрылъэлъу къыдэкIейм... -
А псор ихъумэу уи гур сакъым -
Мис ар насыпкъэ мы дунейм!

*   *   *

ПыдупщIт зэщIэлъу гуэдз шэмэджкIэ,
Ди щыгум Iугъуэр щыетами,
Зэтетлъхьэрт зэкIэлъыкIуэу щэджхэр,
Арыкъыр лыгъэм зэщIищтами.

МэпIэнкI «Катюшэм» и шэр хъушэу -
Урыху банэжьыр егъэцыдж,
ЩымыIэжыххэ зы фызышэ,
Дыгъэр уэгу пцIанэм къыдоудж.

КIапIынэ щIагъыр увыIэпIэ
Тхуэхъуащи, дуней псор дыдейщ.
Тхыдэжь и уасэщ напIэзыпIэр,
Ар блэмыкIынырщ сызыхуейр.

*   *   *

ЗэхокIыр нобэ гъэрэ щIырэ,
ЩIыр гъэм аргуэру къыдоуш.
Есыжыр лыгъэм къэрэкъурэр,
ЗэIахыр лIыжьхэм вакIуэ ныш.

ПхъэIэщэр щIым хуэгумэщIащи,
ТопщIыпщIэ вабдзэм дыгъэ мин.
Псынэпс гъуджэшхуэм и нэщIащэм
Иплъэ къандзэгуми зегъэин.

Иджыри пцIанэщ щIым и напэр -
Ар гъатхэ жьыбгъэм ирепхъэх.
Ауэ маипэм зыкъахуапэм -
Плъагъунщ итIанэ зыкъизых.

Фэ гъэмрэ щIымрэ щызэгуэгъум
ВакIуэлIхэм фхуохъу насып мыгуэш.
ВакIуэпэр мащIэу тIэкIу хуэуэгъуми,
ВакIуэкIэр щремыщIэ уэшх!

СОКЪУР Мусэрбий.
Поделиться: