Сом мелуани 10- м щIигъу къуэды

ФщIэн папщIэ

Зэратх Iэмэпсымэхэм къызэрагъэлъэгъуамкIэ, щIышылэм и 1 - 10-хэм къриубыдэу гъуэгум зэрыщызекIуэ хабзэр 13060-рэ къызэпаудащ. Псори зэхэту къуэдыуэ тралъхьащ сом мелуани 10-рэ мини 140-м щIигъу.

Къуэдыр махуэ 60-м къриубыдэу япшын хъунущ. Абы фIагъэкIамэ, Iуэхур суд приставхэм Iэрагъэхьэ.
Административнэ къуэдыр хабзэм игъэува пIалъэм (УФ-м и КоАП-м и 20.25 статья) къриубыдэу ямыпшынмэ, ар хуэдитIкIэ ягъэбагъуэ е сыхьэт 50-кIэ цIыхур ягъэлажьэ.
Къуэды птелърэ-пте­мылърэ къыщыпщIэфынущ Урысейм и Къэрал автоинспекцэм и сайтым - www.gibdd.ru.  
 
 

Бахъсэн Ланэ.
Поделиться:

Читать также:

26.04.2024 - 14:00 ЩIыпIэцIэхэр
26.04.2024 - 13:20 НОБЭ