Апхуэдэхэр лъэпкъым щыгъупщэркъым (МафIэдз Сэрэбий къызэралъхурэ илъэс 85-рэ ирокъу)

И къуэшхэу Борисрэ Юрэрэ, и шыпхъу Женя сымэ я гъусэу. 1959 гъэ

 

Фэеплъ

Псэ щIэншэ икIи къулей зиIа цIыху хьэлэмэт

 

Къэбэрдей-Балъкъэрым и щIэныгъэлI цIэ­ры­­Iуэ, егъэджакIуэ, тхакIуэ, КъБР-м щIэныгъэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, КъБР-м щIэныгъэмрэ литературэмкIэ и Къэрал саугъэтыр зрата, УФ-м и ТхакIуэхэм я союзым хэт, тхыдэ щIэныгъэхэм я доктор, профессор МафIэдз Сэрэбий Хьэжмэстафэ и къуэр КъБР-м и Аруан куейм хыхьэ Джэрмэншык къуажэм 1935 гъэм щIышылэм и 23-м къыщалъхуащ. Псэужамэ, абы и ныбжьыр илъэс 85-рэ ирикъунут.

Налшык дэт педагогическэ еджапIэр 1954 гъэм къиуха нэужь, МафIэдзым я къуажэм дэт школым и пэщIэдзэ классхэм я егъэджакIуэу лэжьэн щIидзащ. Зэрылажьэм хуэдэурэ, Сэрэбий щIэныгъэ нэхъыщхьэ щызригъэгъуэтащ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым. Абы и ужькIэ илъэс зыбжанэкIэ урысыбзэмрэ литературэмкIэ егъэджакIуэу щытащ.
1969 гъэм МафIэдзыр ирагъэблэгъащ КъБР-м и Правительствэмрэ Урысейм ЩIэныгъэхэмкIэ и Академием и Къэбэрдей-Балъкъэр щIэныгъэ центрымрэ Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ я институтым. КъызэрыгуэкI щIэныгъэ лэжьакIуэу щIидзэри, ар институтым этнографиемкIэ и къудамэм и унафэщIым нэсащ.
МафIэдз Сэрэбий республикэм и щIэныгъэлI пашэхэм ящыщащ. Абы и Iэдакъэм къыщIэкIащ щIэныгъэ лэжьыгъэу 100-м щIигъу. ИкъукIэ лэжьыгъэшхуэ МафIэдз Сэрэбий хищIыхьащ литературэми. «Гъыбзэ яхуэфащэт» романым папщIэ абы КъБР-м литературэмкIэ и Къэрал саугъэтыр 1998 гъэм къыхуагъэфэщащ, а саугъэт дыдэр 2002 гъэм МафIэдз Сэрэбий етIуанэу къратащ «Адыги: обычаи, традиции» монографием папщIэ. ЩIэныгъэм щиIэ ехъулIэныгъэхэм папщIэ абы «КъБР-м щIэныгъэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ» цIэ лъапIэр 1994 гъэм къыфIащащ, илъэс куэдкIэ ехъулIэныгъэ иIэу зэрылэжьам папщIэ 1999 гъэм Урысейм ЩIэныгъэхэмкIэ и Академием и ЩIыхь тхылъыр къратащ.
МафIэдз Сэрэбий зи IэщIагъэм нэгъэсауэ хэзыщIыкI, пэжыгъэрэ гу щабагъэрэ зыхэлъ цIыху емызэшт. Аращ абы республикэм и щIэныгъэ лэжьакIуэхэм, егъэджакIуэхэм, творчествэм пыщIахэм пщIэшхуэ хуащIу щIыщытар. Къарурэ зэфIэкIыу иIэ псори къызыхэкIа лъэпкъым хуэзыгъэпса, щэн дахэрэ акъылышхуэрэ зыбгъэдэлъа цIыху щэджащэр 2007 гъэм жэпуэгъуэм и 22-м, и ныбжьыр илъэс 73-м иту, дунейм ехыжащ.
ЦIыху лъэужьыфIэм къыщIэна тхыгъэхэм ноби щIэупщIэ яIэщ, зэIэпахыу йоджэ. МафIэдз Сэрэбий и Iэужьхэм цIыхубэр ирогушхуэ, тхакIуэр ящыгъупщэркъым. Сэрэбий и фэеплъ нэхур щахъумэ и унагъуэм, ар куэдрэ ящыгъупщэнукъым зыцIыхуу щытахэми.
МафIэдзым и гъащIэ гъуэгуанэм иджыри зэ дриплъэжмэ тфIэигъуэу, нобэ фи пащхьэ идолъхьэж абы къыщIэна и унагъуэм ящыщхэм: и щхьэгъусэ Людмилэрэ и къуэрылъху пщащэ Линэрэ - нэхъапэIуэкIэ ядедгъэкIуэкIауэ щыта псалъэмакъыр.
- Людмилэ, Сэрэбийрэ уэрэ илъэс 45-кIэ фызэдэпсэуащ. Фэзэрызэхуэзамрэ унагъуэ­ насыпым лъабжьэ быдэу иIа лъапIэныгъэхэмрэ укъытхутепсэлъыхьыжамэ, ди гуапэт.
- Сэ мэздэгу адыгэхэм сащыщщ. ЕджапIэ нэхъыщхьэр Налшык къыщызухри, Джэрмэншык къуажэм дэт курыт школым егъэджакIуэу сагъэкIуат. А зэманым абы щылажьэрт Сэрэбии.
1962 гъэм дэ зы унагъуэ дыхъуащ икIи зэгурыIуэрэ зэдэIуэжрэ зэрылъ жьэгу пащхьэ диIэным сыт щыгъуи дыхуэсакъащ, ноби аращ. Дауи, апхуэдэ фIыгъуэм и къуэпсыр кIыхьщ икIи жыжьэ къыщожьэ. МафIэдзхэ игъащIэми ялъытэ адыгэ лъэпкъыжьу, пщIэрэ щхьэрэ жылагъуэм щызиIэу. А лъэпкъым сакъыщыхыхьам щыгъуэ сыщIалэ дыдэт, ауэ занщIэу къызгурыIуащ сыкъызыхэхуар адыгэ хабзэрэ нэмысрэ щызекIуэ, ахэр щытепщэ унагъуэ лъэщу зэрыщытыр. Сэрэбий унагъуэшхуэм я бын пажэт. Абы нэмыщI си гуащэ-тхьэмадэм иджыри яIэт щIалищрэ зы хъыджэбзрэ. Нэхъыжьхэм щIэблэм ирагъэлъагъу щапхъэ дахэрт унагъуэр зэтезыIыгъэр. Абы ис дэтхэнэми ящIэрт хэт сыт хуэдэ къалэн, увыпIэ, тIысыпIэ къалъысми. Сэри щIэх дыдэу абыхэм сахэзэгъащ. НэгъуэщIуи хъунутэкъым - ди нэхъыжьхэр хуабжьу цIыху щыпкъэт, набдзэгубдзаплъэт, я ущиеми Iуэхуми акъыл хэлът. А псори си дежкIи щапхъэт. Ахэр сыткIи дэIэпыкъуэгъу, чэнджэщэгъу къысхуэхъурт. Ди бынхэу Иринэрэ Муратрэ щыдгъуэтами, ялъэкI къамыгъанэу зыкъытщIагъэкъуащ, ахэр лъэпкъ хабзэм и мардэхэм изагъэу гъэсэным гулъытэ хэха ирату.
Сэрэбий фIыуэ илъагъурт егъэджакIуэ IэщIагъэр. Школыр тпэгъунэгъути, еджапIэ нэужьым абы ди деж щIэх-щIэхыурэ къишэрт и гъэсэнхэр. ШколакIуэ цIыкIухэм а дакъикъэм сызыхуэкъулей ерыскъыкIэ гулъытэ яхуэсщIа нэужь, ахэр, я егъэджакIуэр я пашэу, пэш щхьэхуэм щIэтIысхьэрти бзэм, литературэм елэжьхэрт, дерсым щаджа темэщIэхэр адэкIи къызэпкърахыу. Сэрэбий ныбжьыщIэхэм гурэ псэкIэ ядэлажьэрт. ЛъэныкъуэкIэ уеплъмэ, къыпфIэщIынт ар зи унэтIакIуэ гупым нэхърэ нэхъ къалэнышхуэ зэфIэзых щымыIэу, апхуэдизу абы егъэджэныгъэ-гъэсэныгъэм мыхьэнэшхуэ иритырти. Абдежым Сэрэбий и лэжьэкIэм, и хьэл-щэным сэ хэслъагъуэрт нэгъуэщI зыгуэри: ар къэхутэныгъэ лэжьыгъэми дихьэхыу, зы Iуэхугъуэ гуэрхэм нэгъуэщI еплъыкIэрэ бгъэдыхьэкIэрэ къахуигъуэту зэрыщытым.
А унэтIыныгъэм нэхъ шэщIауэ зиужьащ Сэрэбий краеведческэ музейм, иужькIэ щIэныгъэ-къэхутакIуэ институтым щыщылэжьа илъэсхэм. Абы щыгъуэ сэ иджыри къуажэ школым сыщыIэти, ар щIэупщIэрейт егъэджэныгъэ-гъэсэныгъэ лэжьыгъэр абы зэрыщекIуэкIым.
- ЗэрыжыпIэмкIэ, а зы псэм «щызэдэлажьэрт» щIэблэм лъэпкъ гъэсэныгъэ етыным мыхьэнэшхуэ езыт егъэджакIуэ, ущиякIуэ гумызагъэри адыгэ хабзэрэ нэмыскIэ зэджэ лъэпкъ хъугъуэфIыгъуэр куууэ джын зэрыхуейр хьэкъыу зыпхыкIа щIэныгъэлI-къэхутакIуэ емызэшри…
- Пэжщ. ЖыпIэнурамэ, а унэтIыныгъэхэр езыхэр зэкIэщIэпч мыхъун Iуэхугъуэхэщ: хабзэми дыщIыхуейр зэхэтыкIэ дахэ щытепщэ гъащIэ диIэн папщIэщ, ар езыгъэфIэкIуэн щIэблэ гъэса, еджа лъэпкъым къыщIэхъуэн щхьэкIэщ. Ар фIыуэ къыгурыIуэрт Сэрэбий икIи хабзэр «бзэгупэкIэ зэрихьэ къудей мыхъуу», езым и зэфIэкI, и акъыл, и пщIэ, и щхьэ здынэсыфыну псоми абы зыщригъэубгъуну хуейт. Абы жиIэу зэрыщытамкIэ, лъэпкъ хабзэр екIуу зехьэныр, ар «зэхэмыфыщIауэ» щIалэгъуалэм яIэщIэлъхьэныр псом япэ зи къалэныр нэхъыжьхэрщ. «Нэ илъагъу Iэ ещIэж», - жеIэ адыгэ псалъэжьым. Сэрэбий хабзэм ехьэлIа дэтхэнэ Iуэхуми хуэнабдзэгубдзаплъэт, ар жылагъуэ Iуэху е унагъуэ зэхущытыкIэ ерехъу. Абы къыхэкIыу абы гъащIэм щигъэнэхъыщхьэ дыдэхэм ящыщт пэжыгъэр, цIыхугъэ лъагэр, ныбжьэгъугъэр. КъыщIэхъуэ щIэблэри а лъапIэныгъэхэм зэрыщIипIыкIыным сыт щыгъуи хущIэкъуащ.
- ГъащIэм къэгъэшыпIэ куэд иIэщ, лъэпощхьэпо мымащIэхэми уащрохьэлIэ. Апхуэдэ щIытыкIэ гугъухэм сыт хуэдэу къикIыфрэт Сэрэбий?
- Дауи, гъащIэр матэщIэдзакъым. Абы ущрохьэлIэ уи гур зыхуз Iуэхугъуи лъэр жан зыщI къэхъукъащIи. Езым и цIыху щIыкIэм елъытауэ, Сэрэбий нэхъыбэрэ зрихьэлIар цIыхуфIрэ Iуэху дахэрэщ. Апхуэдэхэм абы и къарум хагъахъуэрт, гъащIэм хуиIэ жыджэрагъым, цIыхухэм яхуиIэ лъагъуныгъэм нэхъри зрагъэубгъурт.
Зэщхьэгъусэхэм гъащIэм гуныкъуэгъуэшхуэу щыдиIахэм ящыщщ ди хъыджэбзым и нэм сэкъат иIэ зэрыхъуауэ щытар. Абы щыгъуэ Иринэ 2-нэ классым щеджэ къудейуэ арат. Куэдрэ деIэзащ сабийм, и узыншагъэр зэтедгъэувэжыным дыхущIэкъуу, зыгуэрхэри къыдэхъулIащ. Нобэ Иринэ щIэныгъэ нэхъыщхьэ (абы КъБКъУ-м и тхыдэ факультетыр къиухащ) иIэщ, фIыуэ илъагъу IэщIагъэм пэрытщ - зи нэм сэкъат иIэхэм папщIэ библиотекэм щолажьэ. Хъыджэбзым и узыфэм куэдым дригъэгупсысащ: узэкъуэтмэ, узэгурыIуэмэ, сыт хуэдэ гугъуехьри нэхъ псынщIэ зэрызыщыпщIыфынур, уегугъумэ, фIыуэ плъагъум и гъащIэр IэфI зэрыхуэпщIыфынур иджыри зэ къыдгурыIуащ.
Сэрэбий куэдрэ игу илъа зы гукъеуи къэсIуэтэжынут. ЩIэныгъэ-къэхутэныгъэ IэнатIэм пэрыхьэри, зэманышхуи дэмыкIыу абы игъэхьэзыращ кандидат лэжьыгъэр. Ар адыгэ лъэпкъ джэгукIэхэм ятеухуауэ щытащ. 1974 гъэм а щIэныгъэ лэжьыгъэр Сэрэбий щыпхигъэкIауэ щытащ Миклухо-Маклай и цIэр зэрихьэу Москва дэт этнографиемкIэ институтым. Адыгэхэм сабийхэр гъащIэм, псэукIэм зэрыхуагъэхьэзыр Iэмалхэр зи лъабжьэ а лэжьыгъэм щIэныгъэлIым адэкIи зригъэужьащ икIи 1989 гъэм ирихьэлIэу «Адыгэ лъэпкъ щэнхабзэр щIэблэхэр зэпызыщIэ Iэмал гъуэзэджэщ» доктор диссертацэр итхащ икIи ар утыку кърихьащ. Лэжьыгъэм щелэжьым зыпыщIауэ щыта этнографиемкIэ институтым ар щыпхигъэкIыну кIуат. Езыр Москва нэмыс щIыкIэ, щIыпIэ институтым къыщыдэлажьэхэм ящыщ цIыхуищым (я цIэхэр сощIэ, ауэ къисIуэну сыхуейкъым) я Iэ зыщIэлъ тхылъ диссертацэ комиссэм хэтхэм IэрагъэхьакIэт. Абы къыкIэщIэтхыхьахэм я мурадащ щIэныгъэлIыр ягъэпудыну, утыку кърихьа и доктор лэжьыгъэр абы хэплъэнухэм мыхьэнэншэу къыщагъэхъуну, арщхьэкIэ а мурад Iейр абыхэм къайхъулIакъым: пэжымрэ захуагъэмрэ нэрылъагъути, тхыгъэр зи IэдакъэщIэкIхэм къэрал диссертацэ комиссэм хэтхэми жэуап тэмэм къратащ, Сэрэбий и лэжьыгъэри лъэпкъ щIэныгъэ-къэхутэныгъэр ипэкIэ зыгъэкIуатэу, лъэныкъуэ куэдкIэ мыхьэнэшхуэ зиIэу къалъытащ, ехъулIэныгъэ иIэуи пхыкIащ.
А Iуэхугъуэр куэдрэ игу илъащ Сэрэбий, ныбжьэгъуу илъытэу щытахэм къращIэну хэтар жагъуэ щыхъуауэ. Адыгэ псалъэжьым зэрыжиIэщи, «Удын гуауэр мэгъущри, псалъэ гуауэр гум ихуркъым». Абы дэ хэтщIыкIари мащIэщ: унагъуэм щIэсхэм ди гур ихъумэу ара къыщIэкIынт. А псоми щыгъуазэ сыщыхъуар ар дунейм ехыжа нэужь, къыщIэна и дэфтэрхэм сахэплъэурэщ. Абы хэлът Москва ягъэхьа тхыгъэри абы къратхыкIыжа жэуапри.
Дауэ хъуми, сыт хуэдэ гугъуехь гъащIэм щыхуэзэми, Сэрэбий цIыху хуэдэ цIыхуу, и напэм хуэпэжрэ и щхьэр лъагэу дэтхэнэ щытыкIэми къикIыфауэ къызолъытэ. Ар тыншкъым, ауэ гъащIэм и хабзэ нэхъ пэрытхэм ящыщщ.
- ХъуэпсапIэ гуэр зимыIэ цIыху щыIэкъым. ГугъапIэхэр гъащIэм щызэрагъэхъулIэным псори хущIокъу, ауэ дэтхэнэри хунэсыркъым. Абы и лъэныкъуэкIэ зи мурадхэм ялъэIэса цIыху насыпыфIэу зилъытэжрэт Сэрэбий?
 - Ди ныбжьыр нэхъ кIуатэу, ехъулIэныгъэ гуэрхэр диIэ хъуа, щIэблэ къытщIэхъуа нэужь, абыи мызэ-мытIэу дытепсэлъыхьащ. И гъащIэ гъуэгуанэм набдзэгубдзаплъэу Сэрэбий щриплъэжым жиIэрт абы нэхърэ нэхъ насыпыфIэ щымыIэу. «Псом япэращи, си гъащIэм къриубыдэу зы Iуэхугъуи злэжьакъым, иужькIэ сриукIытэжыну. АдэкIэ жыпIэнумэ, си нэхъыжьхэр куэдрэ схуэпсэуащ, сэ унагъуэ сухуащ, си бынхэми сыкъагъэукIытакъым, абыхэми щIэблэ узыншэ къащIохъуэ. СызэригугъэмкIэ, апхуэдэ Iыхьэхэу зэхэтщ насыпыр, ауэ зэи изкъым. ЦIыхур зыщIэхъуэпсын гуэрхэр сыт щыгъуи щыIэщ. Аращ гъащIэр езыр зищIысыр», - жиIэрт абы.
Дунейм щехыжынуми уэсяту къытхуищIахэм ящыщщ лъэпкъ напэр тхъумэну, ди унагъуэм илъ хабзэр, нэмысыр едгъэфIэкIуэну, къытщIэхъуэ щIэблэм я гъэсэныгъэм гулъытэ хэха сыт щыгъуи хуэтщIыну. Ахэр дгъэзэщIэным дыхущIэкъуу допсэу. Тхьэм и шыкуркIэ, ди унагъуэм сыт щыгъуи илъщ пщIэ, нэмыс, зэгурыIуэр. Ди щIалэ Мурати ди хъыджэбзми гъащIэм я увыпIэхэр къыщагъуэтащ, ди къуэрылъху пщащэ цIыкIухэми я адэшхуэр къамыгъэукIытэу мэпсэу, абы и фэеплъыр яхъумэу.
- Линэ, фи адэшхуэм и гъащIэр гъуэгугъэлъагъуэ, щапхъэ фхуэхъуауэ къэфлъытэрэ зэшыпхъуитIым?
 - Ди адэшхуэр псэ къулей зиIэ цIыху хьэлэмэту щытащ. Абы ди дежкIэ мыхьэнэуэ иIар къризгъэлъэгъуэ фыну къысщохъу ар зэрыдимыIэжрэ гъащIэр тIу ищIыкIа хъуа хуэдэу къызэрытфIэщIым: дадэ щыпсэуамрэ иджырэ. Ди унагъуэм ис дэтхэнэ зым и дежкIи удынышхуэщ абы и лIэныгъэр…
 Сэри си шыпхъу нэхъыщIэ Дини дызэрыцIыкIурэ ди гъусэу щыта, сыт хуэдэ IуэхумкIи чэнджэщэгъуу, дэIэпыкъуэгъуу диIа дадэ хуабжьу дыхуэныкъуэщ. Абы демыупщIауэ, и арэзыныгъэ хэмылъу дэ зы Iуэхуи къетхьэжьэу щытакъым, ар еджэныгъэ е дэ дыдэзыхьэх нэгъуэщI зыгуэру ирехъу. «Дадэ сыту пIэрэ жиIэнур?» - упщIэр япэ итт, абы и псалъэм пщIэшхуэ хуэтщIырти. Абы сыт щыгъуи фIэхьэлэмэтт икIи гулъытэ хэха хуищIырт ди школ Iуэхухэм, абы щIэуэ къыщытщIамрэ тфIэгъэщIэгъуэнхэмрэ ищIэмэ фIэфIу. ЛитературэмкIэ, тхыдэмкIэ лэжьыгъэ гуэрхэр къыдатамэ, дэ занщIэу дызэжалIэр дадэт, абы и чэнджэщрэ псалъэрэ дыхуэныкъуэу.
СощIэж, махуэшхуэ, Iуэхушхуэ гуэркIэ унагъуэр дызэхуэсыжарэ ди благъэ-Iыхьлыхэри ди хьэщIэмэ, абы щыгъуэми дадэ гулъытэншэ дищIыртэкъым. Хабзэ хъуауэ, абы цIыкIухэр джэгукIэ зэмылIэужьыгъуэхэмкIэ дытригъэурт, адыгэ хабзэм и лъэныкъуэ псоми щыгъуазэ дищIыну яужь итт. Дини сэри къэфэным дызэрыдихьэхар дадэ и фIыгъэщ. Абы и закъуэкъым - ди гупсысэкIэхэми Iуэху еплъыкIэхэми куэд хэлъщ абы къытхилъхьауэ.
Языныкъуэхэм деж гукIэ дочэнджэщ дадэ, бгъэдэтлъхьэ Iуэхум и хэкIыпIэ тэмэмри къыдигъащIэу къытщохъу. Гугъущ фIыуэ плъагъу цIыхум блэкIа зэманым иту утепсэлъыхьыну. Дадэ дызэримыIэжым иджыри десакъым, адэшхуэм и IэфIагъымкIи дрикъуакъым, ауэ псэкIэ зыхыдощIэ абы дызэрикъуэрылъхум дригушхуэ, дриин къудей мыхъуу, жэуаплыныгъэ хэха къызэрытхилъхьэри. Абы къыхэкIыу дыхущIокъу дадэ дыхуэфащэу, абы и фэеплъыр тхъумэу дызэрыпсэуным.
- Людмилэ, Линэ. Фи нэхъыжьыфIым, ди лъэпкъым и цIыху щэджащэхэм ящыщу къалъытэ МафIэдз Сэрэбий куэдрэ Тхьэм фыкIэлъигъэпсэу, къыфхуигъэна щIэиным пщIэ хуэфщIу, ар зыщIэхъуэпсу зыхунэмысахэм фи Iэ тевгъахуэрэ абы и псэр вгъэгуфIэу.

Епсэлъар
ЖЫЛАСЭ  Маритэщ.

ПщIэ лъагэ

Адыгэ лъэпкъ щэнхабзэр джынымрэ ар къытщIэхъуэ щIэблэм яхуэхъумэнымрэ ехьэлIауэ МафIэдз Сэрэбий зэфIиха лэжьыгъэхэм я мыхьэнэр къэлъытэгъуейщ, апхуэдизу ахэр инщи. Апхуэдэхэщ абы и щIэныгъэ къэхутэныгъэшхуэхэр, художественнэ IэдакъэщIэкIхэр. КъикIуа гъуэгуа кIыхьым къриубыдэу ди лъэпкъым къигъэщIа хъугъуэфIыгъуэ нэхъыщхьэм - адыгэ хабзэм - зегъэужьыным хуищIа хэлъхьэнышхуэращ абы дуней псом щызекIуэ саугъэт нэхъ лъапIэхэм ящыщ зы - Къандур Иззэт и цIэкIэ яубзыхуа саугъэтыр - 1994 гъэм къыхуагъэфэщауэ щIыщытари. Апхуэдэ гулъытэ зыгъуэтыр лъэпкъым и цIыху щэджащэхэрщ.

ЦIыхубэ зэхущытыкIэмрэ лъэпкъ гъэсэныгъэмрэ МафIэдзым хуиIэу щыта набдзэгубдзаплъагъэм и къежьапIэр, шэч хэмылъу, абы и сабиигъуэм щыIэщ. Езы Сэрэбий куэдрэ игу къигъэкIыжу щытащ и анэшхуэ Дыгъэнэху цIыхупсэм и зэхэлъыкIэм фIыуэ щыгъуазэу, бгырысхэм я псэукIэ-гупсысэкIэм куууэ хищIыкIыу зэрыщытар. ЩIалэщIэм гъуэгугъэлъагъуэ хуэхъуащ анэшхуэм и бзэ шэрыуэм щIэх-щIэхыурэ къыхыхьэ жыIэгъуэхэр, псалъэжьхэр. Абыхэм я нэхъыбэм цIыхупсэм и купщIэр къызэпкърахырт, куэдым урагъэгупсысырт. Апхуэдэхэт, Сэрэбий зэрыжиIэжымкIэ, «ЦIыкIуу жыпIэм къемыдаIуэм ину упсалъэкIэ узэхихынукъым», «Ущысу укъэзымылъагъум ущытуи гу къыплъытэнукъым» псалъэ шэрыуэхэр, нэгъуэщIхэри. Адэшхуэ-анэшхуэм я куэщIым ирапIыкIа Сэрэбий лъэпкъ хабзэм пщIэ хуищIу, цIыхум къыхуигъэув къалэнхэр игъэзэщIэным хущIэкъуу къэхъуа къудейкъым, атIэ а лъэпкъ хъугъуэфIыгъуэ нэхъыщхьэр куууэ иджынымрэ абы ехьэлIа къэхутэныгъэхэр иригъэкIуэкIынымрэ гъащIэм щиIэ пщэрылъ нэхъыщхьэхэм ящыщу илъытэу балигъ гъащIэм хэуващ.
А Iуэхум пыщIа лэжьыгъэхэр зэфIэхыным МафIэдзыр шэщIауэ щыпэрыхьар Налшык дэт лъахэхутэ музейм 1967 гъэм ува нэужьщ. Ар занщIэу дихьэхащ лъэпкъ этнографием ехьэлIа къэхутэныгъэхэм. Ахэр зи лъабжьэ абы и тхыгъэхэр къытехуэу хуежьащ республикэм къыщыдэкI газетхэмрэ журналхэмрэ. ИлъэситI нэхъ дэмыкIыу, щIэныгъэ-къэхутакIуэ институтым ирагъэблэгъа нэужь, МафIэдзым и къалэмыпэм къыпыкI лэжьыгъэхэм щIэныгъэ мыхьэнэ яIэ хъуащ. Лэжьыгъэ инхэу «Адыгэ хабзэ», «Адыгэхэр: хабзэхэмрэ нэщэнэхэмрэ», «Адыгэ джэгухэр», «ЩIэпщIакIуэ», нэгъуэщIхэри Сэрэбий триухуащ адыгэ лъэпкъ педагогикэр джыным, абы и къежьапIэмрэ игъуэта зыужьыныгъэмрэ къэхутэным. Апхуэдэу щIэныгъэлIым гулъытэ щхьэхуэ хуищIащ адыгэ хабзэм хэкIуэкIыдыкIыж щэнхэмрэ абы щIэуэ «къыхиухуэна» къуэпсхэмрэ. Дэтхэнэми ар тепсэлъыхьащ игурэ и щхьэрэ зэтелъу, бзыпхъэхэмрэ щапхъэхэмрэ и куэду.
МафIэдзым и къалэмыпэм къыпыкIа щIэныгъэ лэжьыгъэхэм лъабжьэ яхуэхъуар еш имыIэу иргъэкIуэкIа къэхутэныгъэшхуэхэрщ. Ар жыджэру хэтащ институтым къызэригъэпэщ экспедицэхэм, адыгэ хабзэмрэ лъэпкъ щэнхабзэмрэ фIыуэ щыгъуазэ нэхъыжьыфIхэм куэдрэ ядэлэжьащ, ди блэкIам теухуа хъыбарыжьхэр гупсэхуу къаригъэIуатэу. Сэрэбий и къэхутэныгъэхэр къыщигъэсэбэпар щIэныгъэ Iуэхум и закъуэкъым, атIэ абыхэм ящыщ куэд художественнэ жыпхъэм иригъэуващ икIи жанр зэмылIэужьыгъуэхэм иту дунейм къытехьащ. Апхуэдэ тхылъхэр лъэпкъ литературэм зезыгъэужь хэлъхьэныгъэ хъуахэщ.
Адыгэ хьэл-щэныр, лъэпкъ хабзэр лъэныкъуэ куэдкIэ къыщыгъэлъэгъуа художественнэ тхыгъэхэм ящыщщ МафIэдзым и «ЩIакIуэ фIыцIэ», «Шыдыгъу», «ХьэщIэ махуэ», «Мыхъур» повестхэр, «Уэнджырокъуэ», «Гъыбзэ хуэфащэт», «Мыщэ лъэбжьанэ» романхэр, нэгъуэщIхэри. Абыхэм щызэхэлъщ лъэпкъым и философие лъэщыр, гупсысэкIэ куур, псэ къабзагъэр. Ахэр тхакIуэм наIуэ къищIащ тхыгъэр ди пащхьэм эпос шэщIауэ къызэрырилъхьэфамкIэ, къигъэсэбэпа литературэ-художественнэ Iэмал къулейхэмкIэ.
МафIэдз Сэрэбий и щIэныгъэ-къэхутэныгъэ купщIафIэхэмрэ художественнэ тхыгъэ лъэщхэмрэ япкъ иткIэ жыпIэ хъунущ ар зи дуней еплъыкIэрэ хъэтI хэхарэ зиIа щIэныгъэлI цIэрыIуэу, тхакIуэ Iэзэу, цIыху щыпкъэу зэрыщытар, къигъэщIа дэтхэнэ махуэри къызыхэкIа лъэпкъым и зыужьыныгъэм тыхь хуэзыщI адыгэлI нэсу зэрыпсэуар.

ТХЬЭЗЭПЛЪ Хьэсэн.
2015 гъэ.

МАФIЭДЗ Сэрэбий и тхыгъэхэм щыщ пычыгъуэхэр

Жьым зевмыгъэхь, губжьыр зытевмыгъакIуэ, фи псэм фытемылажьэ

Ярэби, сыту пIэрэ адыгэхэм къытщыщIыр, дэнэ дыздэкIуэр, сыт дызыхуэкIуэр? Мыбы псоми къащощIри дэри къытщощI, жыпIэкIэ уфIэкIынукъым. Мыр хьэлъэщ, щхьэжагъуэщ, гупсысэгъуэщ. БлэкIам, ди гъащIэм, ди псэукIэм, ди зэхэтыкIэм тетхыхьа псоми зыжьэу жаIэ адыгэ хьэл-щэным, адыгагъэм я нэхъыщхьэ дыдэу захуэныгъэр, пэжыгъэр, цIыхугъэр, лIыгъэр щытауэ. Ар ехьэлIат унагъуэ хабзэм, цIыху щхьэзакъуэм деж къыщыщIэдзауэ сыт хуэдэ Iуэхугъуэми, ар ирезэгурыIуэкIэ, ирепсэзэпылъхьэпIэ, ирезауэ IэнатIэ, ирехьэщIагъэ, иреныбжьэгъугъэ. ИкIи апхуэдэр щIатхыр ди гуапэ ящIын щхьэкIэтэкъым, фэрыщIагъым къыхахыу аратэкъым. Нэхъыжьым пщIэрэ щIыхьрэ хуэщIыныр, адэ-анэр лъытэныр, бзылъхугъэр гъэлъэпIэныр, абы и напэр, и щIыхьыр хъумэныр адыгэлIым дежкIэ Iэмал зимыIэт, абы щхьэкIэ и гъащIэр итынуми, и псэр хилъхьэнуми. Аращ адыгэхэм щIыжаIари: «Напэм и пэ псэр ихуэ».

Ди гъунэгъу куэдми, нэхъ лъэпкъ тпэIэщIэхэми иджыри къахэнауэ жаIэ цIыху гъэса, цIыху зэпIэзэрыт, лIыгъэ, цIыхугъэ зыхэлъ, цIыху гуапэ ялъэгъуамэ, ар шэрджэсым (адыгэм) хуэдэщ жаIэу. Иджы сыт атIэ?
ДывмыгъэбзыщIыт, ди Iей лъэныкъуэ едвмыгъэгъэзыт, ди гуэн кIапэ щыщIэдвмыгъэтIэжыт. Ди куэд хъуащ щхьэхуещэхэр, напэншэхэр, щэныншэхэр, гущIэгъуншэхэр, фэрыщIхэр, адыгэ напэр тезыххэр. Пасэм щыгъуэ хамэ лъэпкъ къытхыхьахэм ди хабзэр якъутамэ, жылэ къэсыхункIэ пэкIу ящIрэ унафэ къащтэу щытащ апхуэдэхэр зэдзылIауэ зы хэхэс къуажэу гъэтIысын хуейуэ: зэрегуакIуэщ, нэхъ къапщтэмэ, зэрырешх, нэхъ къыхахмэ, зэфIренэ, зрезауэ, хьэуэ жаIэрэ цIыху хуэдэу ирепсэу, я бын, я унэ ягъэIэфIу. Дауи, абы хухах щIыпIэм зэгъкIэ уеджэнтэкъым, пхъэрэ псыкIи хуэщIатэкъым. Арат абыхэм къалэжьри. Иджы псори хэхэс къуажэу дыкъызэхэнам ещхьщ.
Адыгэ хьэл-щэн дахэм къыгуэпх, къыгуэпч хъунукъым щIэблэм, быным - къуэхэм, пхъухэм - ирату щыта гъэсэныгъэр. Псалъэжьу щыIэщ: «Акъыл уасэншэщи, гъэсэныгъэр гъунэншэщ». ИтIанэми щIалэр е хъыджэбзыр балигъыпIэ щиувам хьэл-щэн дахэ къищтауэ ялъытэрт адыгэ хабзэр ищIэмэ, адыгагъэ хэлъмэ. Абы къикIырт - ар ирецIыхухъу е ирецIыхубз, иретепщэ е ирепщылI - и нэхъыжь илъытэну, и бзылъхугъэ пщIэ хуищIыну, и адэ-анэ игъэлъапIэу жыIэдаIэу яхущытыну, къинэмыщIхэри. Адыгэ хьэгъуэлIыгъуэм щыгъуэ нэхъыжьхэр щауэм зэреджэу щыта хъуэхъум хэтщ: «Уи адэ лъапсэ гъэдахэ, уи анэ дахэу епсалъэ».
Адыгэ тепщэ гупым щхьэкIэ И. Ф. Бларамберг итхыгъащ: «Пщыхэмрэ уэркъхэмрэ я къалэнщ: нэхъыжьым пщIэ хуащIыныр, бзылъхугъэр ялъытэныр, бжьыфIэу, уардэу щытыныр, лIыгъэ яхэлъыныр, гушхуэныгъэ ин яIэныр. Мыхэр зыбгъэдэмылъым зэи фэ ираплъынукъым». Абы ещхьыркъабзэу, адыгэ мэкъумэшыщIэхэм щхьэкIэ КIашэ Адэлджэрий жеIэ: «Мыбы, аркъудей къахыумылъыхъуэ, яхэбгъуэтэнукъым зи щхьэ зыгъэпуд, зи щхьэ зыгъэщхъ. И тепщэ и пащхьэ щиткIи запIытI-захузыркъым, загъэцIыкIуркъым, зэхуэдэхэу зэпсэлъылIэ мыхъумэ. Уигу къыумыгъэкIыххэ мыбыхэм щхьэщэ къыпхуащIыну, лъэгуажьэмыщхь зрагъэуэну. Хэхар аращи, уи Iэ ятепшэщIэныр зыщыгъэгъупщэ. Я цIэр мыхъумэ, я щхьэ ирамыпэс нэгъуэщI гуэркIэ мыбыхэм уеджэныр къемызэгъщ икIи къыпхуадэнукъым. Абы щыгъуэми, пщым и къамэр къригъэлъэту и пщылIым и гущхьэм хиукIэкIэ зыри зэран къыхуэхъунукъым, жэуапми ирашэлIэнукъым». Мыбы куэдрэ сигу къегъэкIыжыр ди иджырей лIы гуэрым и псалъэхэр: «Дэ зи пащхьэ дитым елъытауэ ди макъыр псыгъуэ мэхъур».
Иджы мы псори зэхьэлIар аращ: дэтхэнэ зы адыгэри къэхъун хуейт и нэхъыжь пщIэ хуищIу, и бзылъхугъэ игъэлъапIэу, нэгъуэщIыр и щхьэ ирилъытыфу, гуапэу, тэмакъкIыхьу, хьэлэлу, хьэщIэкIэ фIыуэ, жыIэдаIуэу, и адэ-анэм, и лъэпкъым, я лIахэм я напэ имыгъэукIытэу. Абы щIыгъужыпхъэщ адыгэ хьэл-щэн дахэм ехьэлIауэ мыпхуэдэхэри. Ди гъащIэм къыкIэрычыгъуафIэкъым лIым, цIыхум и цIэр фIыкIэ игъэIуныр, и лIыгъэр, и зэфIэкIыр, и жумартыгъэр бэм яхэIуэныр, ятеIуэныр. АдыгэлIым и дежкIэ и гъащIэм нэхърэ нэхъ лъапIэт цIыхум къыхужаIэнур.
Адыгэ гуащIэрыпсэуми и жагъуэтэкъым, и хьэрэмтэкъым цIэрыIуэу щытыныр, фIыщIэ жыг хухасэныр, и лэжьыгъэ, и IэдакъэщIэкIыр псоми зэлъащIысыныр. Ауэ мыбы и лIыгъэр, и зэфIэкIыр къыщигъэлъагъуэр, къызэригъэлъагъуэр Iэщэтэкъым, атIэ и гуащIэрт, и IэпщIэлъапщIагъэрт, и лэжьэкIэ псэемыблэжырт, зэрыфащIэ, уанащIэ, пхъащIэ, дыщэкI Iэзэрт. Адыгэ бзылъхугъэри абыхэм къакIэрыхуртэкъым. ЩIакIуэ дахэ, фащэ, дэнлъэч, дыщэидэ. Апхуэдэхэр зи Iэпэ къыщIэкIахэр, апхуэдэ фыз, хъыджэбзхэм я зэфIэкIыр цIыхум теIуэрт, ар ягъэлъапIэу, зэIэпахыу ягъэщIагъуэу. Бзылъхугъэхэм я хьэл-щэн дахэм хыхьэрт ахэр гуапэу, щхьэх ямыщIэу, зэгъэзахуэ яхэлъу унагъуэр, быныр зэрызэрахьэр, зэпIэзэрыту, зэIуплъ ящIэу, нэжэгужэу, нэшхуэгушхуэу, Iэ щабэу, гудзакъэ яIэу щытыныр. Ауэ сытми жаIэкъым: «лIым унагъуэ ещIри, унагъуэр унагъуэ зыщIыр фызырщ». Зи хьэл-щэн ягу ирихь цIыхубзым, хъыджэбзым щхьэкIэ ауэ сытми жаIэртэкъым: «ЦIыху къэгъэпцIэкIэ ещIэ». Абы къикIыртэкъым бзылъхугъэр пцIырыпцIышу. Абы кърихыр цIыху гъэса, дэтхэнэ зыми - балигъми, сабийми - бгъэдыхьэкIэ, къэхьэхукIэ зиIэ, хьэл-щэн зэтес зыбгъэдэлъыр кърагъэлъагъуэу арат. Абы и лъэныкъуэкIэ гъэщIэгъуэнщ адыгэхэм мыпхуэдэу жаIэу щытари: «ЦIыхубзыр дахэмэ, губзыгъэщи, цIыхухъур губзыгъэмэ, дахэщ». Мыбы щыгъуэ «дахэм» къикIыр шыфэлIыфэ къудейтэкъым, уеблэмэ нэхъыщхьэр теплъэртэкъым, атIэ гукIэ, псэкIэ зэрыдахэрт. Ещхьыркъабзэщ нэгъуэщI жыIэгъуэхэри: «ЩIалэ цIыкIу упIмэ, бгъасэмэ, лIы, адыгэлI хъун зыбогъэлIалIэри, хъыджэбз цIыкIу упIмэ, бгъасэмэ, къэкIуэнум ухуолажьэ». Бзылъхугъэхэм я дежкIэ хьэл-щэн дахэм хыхьэрт пщащэхэм я хъыджэбзыгъэр яхъумэныр, фызхэр ялIхэм яхуэпэжу щытыныр. ЦIыху зыхуэпсалъэ хъыджэбзым и напэр зытрихыж къудейтэкъым, абы зэрылъэпкъыу, зэрыадыгэу, зэрыжаIащи, я щхьэр фIихырт. Ещхьыркъабзэт зи щIыхьыр зыгъэулъия, хабзэм ебэкъуа, зилI зымыгъэпэжа фызхэри.
Догуэ, адыгэлIым, адыгэ бзылъхугъэм я хьэл-щэну щытамрэ нобэрей махуэм дызыхуэкIуэмрэ дауэ зэхуэхъурэ? Псори зэрызгъэхьыркъым, ауэ апхуэдэр къытхэкI зэрыхъуам сигъэтхьэджэу аращ. КъыщыщIэздзэнщ нэхъыжьхэм я деж. АдыгэлIым и щхьэкуцIыр игъэутхъуащ, и напэр игъэулъиящ фадэм, фадэ гуащIэм. Пэлыщтофыр хуэбгъэIулэурэ дэни пхуэшэнущ, сытри ебгъэщIэфынущ. НэгъуэщI щыIэу ящIэжыркъым, аркъэ абджым фIэкIа.
Мыпхуэдэхэр хьэдэгъуэдахэкъэ атIэ?
Нэхъ щIагъуэкъым ди бзылъхугъэр зыхуэкIуэри. Япэм щыгъуэ адэ-анэм япхъу унэ ихьамэ, захэгъэзагъэ, къеплъэкI щыIэкъым жаIэу щытащ. Иджы щыкъу анэмрэ адэмрэ (анэр нэхъыбэу) упщIэти усэти щымыIэу я пхъур зэрысым макIуэри къашэж: фытхьэмыщкIэщ, фыфакъырэщ, ди пхъур зыхэхъукIынрэ зыхэфIыкIынрэ фиIэкъым жаIэри. Фашхэм ещхьщ, псори къулеину хуейщ, благъэ къулей нэхъ къащтэ. Сабий зеиншэ, адэншэ ящIыр зыми щыщкъым, аркъудей кърадзэркъым. Абы щыгъуэми, пасэрей адыгэхэм я пщалъэкIэ убгъэдыхьэмэ, зеиншэ, адэ-анэм зэдамыпIа, зэдамыгъэса сабийм нэхърэ нэхъ насыпыншэ дунейм тету ялъытэу щытакъым. Сыт адыгэхэм къытщыщIыр, хэт дызыдэплъейр? Дэнэ дыздэкIуэр, сыт дызыхуэкIуэр? Абы дегупсысыну игъуэ хъуащ, адэ мыгъэIущ, анэ мыущийуэ дыкъызэхэнэну дыхуэмеймэ, ди кIэр бжыхьым дэтхуэжыныр къыхэдмыхмэ.
Ари къызгуроIуэ. Мыбы къеджэнур зи адэ-анэр зыщыгъупщэжа, ахэр бэлыхь хэзыдзэхэркъым е щхьэзыфIэфI хъуа нысэ къыщIэцIывэжыркъым, хьэмэрэ а зи унагъуэ, зи сабий зыгъэфIыну зыщыгъупщэжауэ лъэпкъыр зыгъэбэгъуэну лIы щхьэкуцIыншэркъым. Аращ щхьэжагъуэри. Ар зэщхьыр нэгъуэщIкъым - фадэр зэрызэраным теухуа тхыгъэм фадафэ хъуар еплъыну зэрыхуэмейм фIэкIа. Ярэби, пэжщ ар, фIыкъым укъэгубжьыну. Адыгэхэм жаIэу щытащ: «Жьым зевмыгъэхь, губжьыр зытевмыгъакIуэ, фи псэм фытемылажьэ». Ауэ мы ди псэукIэ хъуам щхьэкIэ укъэгубжь хъунущ. Игъуэ нэсащ дыкъэгубжьыну, мы ди гъащIэм дегупсысыну, лъэпкъыу дыкъызэтенэну дыхуеймэ, нэсащ, нэса сфIощIыр игъуэ, блэмыкIамэ!

Лэжьыгъэ IэнатIэм. 1972 гъэ

 

ЕгъэджакIуэ МафIэдз Сэрэбий и гъэсэнхэм я гъусэу. Джэрмэншык къуажэ. 1966 гъэ

Поделиться: