Ахъмэт и фо изщ

(Къэхъуа)

Адыгэхэм куэд щIауэ къадокIуэкI апхуэдэ псалъэжь.

Ахъмэтыбг и гъуанэхэм бжьэ ист, фор бгы гъуанэм къитIэтIурэ, Ахъмэтыбг и лъабжьэм щIэж псым хэкIуасэрт, цIыхуми бжьэхэми я сэбэп хэмылъу…

ЩакIуэ Iэзэхэу, зэхэзекIуэ зиIэурэ зи гъащIэр къэзыхьа зэныбжьэгъу гупым таучэл ящI Ахъмэтыбг фоухьэ кIуэну: Къэсейхьэблэ щыщу Даурхэ Нухьрэ Андемыррэ, Кхъуэхъу Нухь, Локъуажэ ЦIыкIу щыщу КIуж Мыхьэмэт, Жу Хьэжумар сымэ.

Мы Iуэхур къыщыхъуар тохуэ 1925 - 1926 гъэхэм. ЛIы мэхъаджэу щыта Даур Нэгъуей абы щыгъуэ шы мышэсыжыфу, жьы хъуауэ щытащ. Гупым защIигъуну гуIэж щхьэкIэ, Нэгъуей жьыгъэр дэнэ ихьыжынт? И гур пхъэми, и лъэр пхъэм дэнат…

Гупым тхьэмахуэкIэ ягъэхьэзыращ фэ кIапсэшхуэ щIэрыпсу зытхух, шыкIэ аркъэнуи апхуэдиз, жалыдж из фэнд, шы Iэпслъэпс, тхьэмахуэ бжыгъэкIэ яхурикъун гъуэмылэ. Хьэзыр хъууэ гъуэгу щытехьэм, Нэгъуей чэнджэщ ярет:

- Сыбылды фыдыхьи, си благъэжь Егор фекIуалIэ. Ар Iэзэщ, бжьэматэ щитIым нэс зэрихьэу щытащ. Ар гъусэ фщIыи, нэхъыфIщ, иджыри лъэрызехьэщ, дунеймрэ гъащIэмрэ хэщIыкIышхуэ хузиIэ цIыхущ. И щIалэгъуэм Егор мызэ-мытIэу пылъыгъащ а бгы ерум ирикуну, ауэ къыдэзыщтэн игъуэтакъым. КIапсэ лей фибг имылъу къуэм фыдэмыхьэ, фэ Iэлъэхэмрэ щхьэрыпхъуэнхэмрэ зыщывгъэгъупщэмэ, абы псэууэ къыдэкI фиIэкъым – бжьэм я шэрэзыр лIым я нэхъ бэлыхьми хуэгуэщIынукъым.

 Гупыр пщэдджыжьыпэм дэшэсыкIри, пщыхьэщхьэхуегъэзэкI хъуауэ, Сыбылдыкъуажэ цIыкIум нэсащ. Шухэр Егор хуоблагъэ. Езы лIыжьым Нухьхэр зэуэ къицIыхужри, и IитIыр IэплIэм хуэущIауэ къапежьащ.

Гупыр къыщIежьа Iуэхур Егор щызэхихкIэ, и щIалэгъуэм игъэзэжам хуэдэу и нэхэр мэлыд, гъэ хьэлъэ къызэринэкIахэм яухуа и бгыр нэхъ игъэзадэу зешэщI:

- Сыт фэсщIат си шынэхъыщIэхэ, мыхъуми зы илъэсипщI хуэдизкIэ ипэ иту а фи мурадыр фигу къэкIамэ! А Iуэхум сэ сыщIэхъуэпсурэ си гъащIэр схьащ! Иджы сэ сыныдэмыхьэфми, шынагъуэ зыхэлъ Iуэхур къывдэхъун папщIэ, си щIалищыр зэдэфшэ. Тхьэм и фIыщIэкIэ, аслъэным хуэдэхэщ.

Пщэдджыжьышхэр зэфIэкIа нэужь, хэгъэрейхэм я щIалэ нэхъыщIэр пщIантIэм къыдонэри, Егори абы и щIалитIри я гъусэу гупыр гъуэгу тохьэ.

Егор и щIалитIыр бгыщхьэмкIэ яутIыпщри, езыхэр псым зэпрокI, бгым нэхъ хуиту къыкIэрыплъэн папщIэ. Бгым къыпэува нэужь, нэрыплъэхэр къызэкъуахри, IэгупIэ зырызу жыхуаIэм хуэдэу бгыр зэпаплъыхь. Бжьэхэм я гъуэхэр гъунэжщ, дэнэкIэ укъыдыхьэми, ауэ кIапсэкIэ уезэгъыну зы щIыпIэ закъуэщ къахуэгъуэтар, адрей псоми екIуэкIыу бжьыхьэкIапэ иIэт, зыщIэбупскIэу бгы блыным зебдзылIэн хуейуэ. Апхуэдэу зебдзылIэу мывэ дзакIэ гуэр къэбубыдыфми, ар Iэ лъэныкъуэкIэ пIыгъын хуей хъунут, мыдрей IэмкIэ фо къихынри абы дэбгъэкIуэфыну Iэмал иIэтэкъым.

Псы дэхыпIэ тIэкIум уекIуэтэхмэ, бжьэгъуэхэм я лъащIэкIэ удз мащIэ тIэкIуи тету нэпкъ бгъузабзэ цIыкIу екIуэкIырт, кIапсэ уибг имылъу зыщумыIыгъыфыну, ауэ кIапсэм укIэрыщIамэ, IитIкIэ уIэбэфыну.

Егор и щIалитI бгыщхьэмкIэ яутIыпщахэр къыщхьэщохьэ щхьэр зыгъэуназэ щыхупIэм. Зым къигъэхьэзырауэ иIыгът гулъэмыж упэпцIар. Егор абыхэм Iэ яхуищIурэ ярегъэлъагъу ар здыхаукIэн хуей щIыпIэр. Абы иужькIэ езыхэр мэшэсыжри бгыщхьэм докI. Жэщыр мэз хуейм хъарзынэу щагъакIуэри, пщэдджыжьым жьыуэ иужь йохьэ я Iуэху мытыншым. Бгыщхьэм щылъыхъуэурэ гулъэмыжыр здыхаIуам хуэзанщIэу къагъуэт мывэ зэгуэчыпIэ. Абы гулъэмыжыр зы IэфракIэ хуэдизкIэ дагъэлъадэри, мывэшхуэкIэ еуэурэ нэхъри дагъэбыдыхьащ. Ар Жу Хьэжумар ирагъэубыдри, къарууэ иIэмкIэ ирагъэкъу, иригъэщIыфмэ, еплъыну. Ауэ ар зы залэкIи хуэгъэхъеякъым. Иджы хъунут абы фэ кIапсэ ипщIэу лIищ кIэрыщIауэ ебутIыпщхьэх.

Пхъэидзэ ящIри, нэхъапэ дыхьэныр Андемыр къылъос. Андемыр щхьэрыпхъуэныр и щхьэм кърешэкI, и нитIым фIэкI къыщIэмыщу, ауэ ар Егор игу ирихьакъым. И щIалэхэм зыщIадзыну къахьа мэлыфэ гъэтэджахэм щыщ къещтэри щхьэрыпхъуэным натIэкIи жьэпкъым дежи щIебгъэубыдэ хъууэ нэIурыпхъуэу къыхегъэж, нитIыр къызэрыплъын гъуанэ нэхъ цIыкIуитI имыIэу. Мэлыцыр къыдэгъэзеяуэ Андемыр и напэм Iуепхъуэри, щхьэрыпхъуэныр щхьэретIэгъэж.

- Бжьэхэр цым пхухэтIысхьэнукъым, цы налъэхэр я лъакъуэхэм кIэронэри. Я лъакъуэхэм иIэ жьэкIадзэ цIыкIухэм цы налъэхэр донэри, е цым къыхэлъэтыкIыжыфкъым, е цы налъэр я лъакъуэм фIэлъу яхьын хуей мэхъу, абы къыхэкIыу мыр нэхъ IэмалыфIщ бжьэ шэрэзхэм зарищыпхъумэфыну! – жеIэ Егор. Андемыр и вакъэхэр лърегъэхри, мест пцIанэ зрегъэщI.

Фэдэн тIэурыкIуэгъуэм и щIыIужкIэ выфэ фэдэнкIи пхъэшкIум идэжа фэ кIапсэ кIапэр пхъэшкIум ирашри, зэрадзэ, фэ кIапсищ зэпыщIам я кIапэр мывэм дэгъэна гулъэмыжым фIадзэж. Абы къинэмыщIауэ, и блэм иращIэ шыкIэ аркъэныр – зэрехынур арат, ар зэпычмэт фэ кIапсэм щыхуейр. Фэндыщхьэм щIэлъэфа аркъэн лэрыгъури гулъэмыжым ищIат и кIапэмкIэ, фэндыр яIэщIэхумэ, жыжьэ емыхуэхыну.

Бгы лъапэмкIэ щIэтурэ къадэIэпыкъуну, Егор псынщIэу бгым йохыж. ШыкIэ аркъэныр Жу Хьэжумар еубыдри, хуэму иутIыпщурэ, Андемыр бгым иригъэхын щIедзэ. Абы къыбгъэдэтт Егор и щIалэ нэхъыжьыр, гузэвэгъуэ хъумэ, къэпхъуэн хьэзыру.

Андемыр щIедзэ хуэм дыдэурэ екIуэтэхын. Iэмал зэриIэкIэ бгым зэремыплъыхыным пылът ар. Япэ бжьэгъуэм зэриIэбэу, бжьэхэр къобгъэрыкIуэ. Бжьэцыр сыт хуэдизу Iуву зэрызехьэми, цым зыри къылъигъэIэсакъым.

Гъуэрыгъуэурэ псори ехащ, гупым фэнд пщыкIутI яIыгъти, абыхэм фор из ящIащ. Пщыхьэщхьэм гувауэ гупыр я бысымым къэсыжащ, фор я шы Iэдэжхэм къытралъхьэри.

Шэрджэс Алий.
Поделиться: