МыкIуэдыжыр уэрэдыфIырщ

Щхьэусыгъуэ гуэррэ лъабжьэрэ имыIэу зы адыгэ уэрэди щыIэу къыщIэкIынкъым. Зы Iуэхугъуэшхуэ гуэр къызэрыхъуу, ар хузэхалъхьэ хабзэт. Адыгэ IуэрыIуатэм апхуэдэу ди деж къихьэсар куэд дыдэ мэхъу. 1941 – 1945 гъэхэм екIуэкIа Хэку зауэшхуэ лъапсэрыхым теухуа уэрэд куэди яусащ. Ар къыхэкIащ лъэпкъыбэ къэралышхуэм и цIыхухэм къатепсыхауэ щыта лъапсэрых зауэшхуэм, цIыхубэм ишэча гугъуехьымрэ хьэзабымрэ, зэрихьа лIыхъужьыгъэм, лъэпкъ зэмылIэужьыгъуэхэм яку илъа зэныбжьэгъугъэм, къуэшыгъэм, цIыхугъэ лъагэм, лъагъуныгъэ къабзэм икIи нэгъуэщI Iуэхугъуэхэми. 
Хэку зауэшхуэ нэужьым, 1949 гъэм, Къэбэрдей-Балъкъэрым Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ и институтым щIэныгъэ экспедицэ иригъэкIуэкIащ. А Iуэхум хэтахэм ятхыжащ зауэ зэман гугъусыгъум яуса уэрэд, гъыбзэ куэд, хъыбар гъэщIэгъуэн зыбжанэ. 
Хэку зауэшхуэм и зэманым яуса уэрэдхэр лIэужьыгъуэ зыбжанэ мэхъу. Ахэр гуп зыплIытхуу бгуэш хъунущ. Япэ гупым хэгъэхьапхъэщ лIыхъужьыгъэм теухуа уэрэдхэр («Къардэн Къубатий», «Жамборэ Щэуал», «ГъущIынэ Гъузер», «Нобэ къэралыр къыводжэ», нэгъуэщIхэри). ЕтIуанэ гупым хэбгъэхьэ хъунущ гъыбзэхэр («Зауэм хэкIуэдам и гъыбзэ», «Къул Барэсбий и гъыбзэ», «Мэрем и гъыбзэ», «Сэлим и гъыбзэ», «Урысхэ Мухьэрбий и гъыбзэ», нэгъуэщIхэри). Ещанэ гупым хыубжэ хъунущ уэрэд гуузхэр («Зауэр къызэрежьэу пэублэ сищIащ», «Мухьэмэд цIыкIу мыгъуэ», «Залымхъаныр сыту кIуэдыкIейт», «Iэдэм и уэрэд», нэгъуэщIхэри). ЕплIанэ гупым хэгъэхьапхъэщ лъагъуныгъэ уэрэдхэр («Губгъуэм ит тхьэрыкъуэ», «Зумэдин», «Лъагъуныгъэм делэ уещI», «Мишэ, Мишэ щIалэ», «НэфIыцIэ», «Си Борис», «ЩIалэ фIыцIэ», «ЩIалэ къуапцIэ цIыкIу», «ЩIалэ нэ къуэлэн», «Юрэ нэ къуэлэн» жыхуиIэхэр, нэгъуэщIхэри). Етхуанэ гупым хэбгъэхьэ хъунущ ауаныщI, гушыIэ уэрэдхэр («Джанэ хужь фIеялъэ», «Салимэ пшынэ еуэнущ», «Си Тамарэ, умыделэ», «Уэлэхьи, уизгъэкIыжынум», «Хъыджэбз щхьэхынэм и уэрэд», «Си дуней нэху» жыхуиIэхэр, нэгъуэщIхэри). 
Ди усакIуэ цIэрыIуэхэу ХьэхъупащIэ Амырхъан, КIыщокъуэ Алим, Щомахуэ Амырхъан, ЩоджэнцIыкIу Iэдэм сымэ я усэхэу макъамэ зыщIалъхьахэм нэмыщI, зауэм зэрыщIидзэу ауэ къызэрыгуэкI цIыху щхьэхуэхэм уэрэд яус хъуащ. Псалъэм папщIэ, и макъамэкIи, и псалъэхэмкIи зэкIужу ухуауэ къежьащ «Фыкъимыхьэ!», «ЯугъащIэ зауэм Iутхэм» уэрэдхэр. 
Хэку зауэшхуэм телажьэу зауэлIхэм я щIыбагъым къыдэта цIыху псэ хьэлэлхэм ящыщ зыбжанэм сыт хуэдиз гугъуехь ямышэчами, сыт хуэдэ бэлыхь ятемылъами, уэрэдхэр, гъыбзэхэр яусу, гуIэгъуэу я гъащIэр ирахьэкI пэтми, ягури я псэри яфIэкIуэдакъым. Ди къэралым текIуэныгъэр къызэрихьынур, цIыхухэм нэплъэжыгъуэ зэрагъуэтыжынур, аргуэру дунейр мамыр зэрыхъужынур быдэу я фIэщ хъурт. Абы къыхэкIыуи щхьэж зыпэрыт IэнатIэм псэемыблэжу щылажьэрт, текIуэныгъэм езыхэми я гуащIэ халъхьэну хущIэкъухэрт. Лэжьыгъэм ехъулIэныгъэ инхэр къыщызыхь цIыхухэр куэд хъурт.
Хэку зауэшхуэм и зэманым яуса уэрэдхэм ящыщу нэхъ псалъэ шэрыуэрэ псалъэ купщIафIэрэ зыщIэлъхэм ящыщщ езыр зыхэта 115-нэ Къэбэрдей-Балъкъэр шуудзэм теухуауэ КIыщокъуэ Алим итха «Нобэ къэралыр къыводжэ» жыхуиIэр.
 Хэку зауэшхуэм и зэманым ятхауэ (яусауэ) дэ зи гугъу тщIа уэрэд псори макъамэ и лъэныкъуэкIэ кIэрэ пэрэ зиIэу ухуахэщ. Ахэр псори Къэбэрдей-Балъкъэрым Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ и институтым IуэрыIуатэмкIэ и къудамэм и лэжьакIуэхэм зэхуахьэса лэжьыгъэ щхьэпэщ. Уэрэдым, псом хуэмыдэу уэрэдыфIым, цIыху гъащIэм къалэнышхуэ щегъэзащIэ, мыхьэнэшхуэ щиIэщ. УэрэдыфIыр лъэпкъыр псэуху абы къыдэгъуэгурыкIуэнущ. Мывэ сынри мэкIуэдыж, мыкIуэдыжыр уэрэдыфIырщ, цIыхубэм гунэс щыхъуарщ, фIыуэ илъэгъуарщ. УэрэдыфIыр тхылъыфIым хуэбгъадэ хъунущ. Ар зэи цIыхухэм яужэгъуркъым. 
 

 

ЕРЖЫБ Аслъэн.
Поделиться: