Каспийск щызохьэзохуэ

  Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэхэм алыдж-урым бэнэкIэмкIэ я спортсмен нэхъ лъэщхэр, илъэс 24-рэ зи ныбжьхэр, иджыблагъэ щызэхуэсащ Дагъыстэным и Каспийск къалэм. Ахэр хэтащ КИФЩI-м пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIауэ а къалэм щрагъэкIуэкIа зэхьэзэхуэм.

         Къэбэрдей-Балъкъэрым и бэнакIуэхэм медаль зэхуэмыдэу 11 абы кърахащ, ауэ дыщэ медалу зы къыхэкIауэ аращ. Ар къэзыхьар килограмм 55-рэ хъухэм я деж щыбанэ Тэркъан Казбекщ.

         Зэхьэзэхуэм етIуанэ щыхъуащ Хъуп Астемыррэ (кг 63-рэ) Гъубж Аскэррэ (кг I30-рэ).

Къып Хьэзрэт (кг 55-рэ), Мэкъуауэ Рустам (кг 60), Темырчы Темырлан (кг 63-рэ), ПщыукI Мурат (кг 72-рэ), Наурыз Мухьэдин (кг 72-рэ), ХьэщIэлI Астемыр (кг 82-рэ), ТIэхъу Беслъэн (кг 97-рэ), Мэлбахъуэ Алан (кг 97-рэ) сымэ домбеякъ медалхэр къахьащ.

         Зэхьэзэхуэм къыщыхэжаныкIахэр хэтынущ Урысейм алыдж-урым бэнэкIэмкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIауэ гъатхэпэм и 20 - 22-хэм Амур Iус Комсомольск къалэм щекIуэкIынум.

                                               НАУРЫЗЫКЪУЭ Ислъам.

 

 

 

Поделиться:

Читать также: