Къэрал гулъытэ ирагъэгъуэт

Урысей Федерацэм и Правительствэм унагъуэ щхьэхуэхэм, социальнэ льготэ зиIэхэм худэчых хэту газыр я унэм яхуешэлIэным ехьэлIауэ щыIэ программэм адэкIи къыпещэ. А Iуэхугъуэхэм щхьэкIэ къэрал бюджетым ипэIуэкIэ щыхухаха ахъшэм иджыри сом мелард къыдыщIагъужынущ. Апхуэдэ унафэ иджыблагъэ къыдигъэкIащ УФ-м и Правительствэм. Ахъшэр хуаутIыпщынущ къэралым и щIыналъэхэм ящыщу 57-м, Къэбэрдей-Балъкъэрри абыхэм яхэту. 
Социальнэ программэм хиубыдэ унагъуэхэм я унэхэм газ зэрырашэлIэн, абы щхьэкIэ зыхуэныкъуэну обрудованэхэр къызэращэхун субсидие иратынущ. Ар сом мини 100-м нэхърэ мынэхъ мащIэу щытынущ.
«Къэралым и Президентым и унафэкIэ, апхуэдэ дэIэпыкъуныгъэхэр иратынущ дзэ Iуэху хэхам хэтхэмрэ абыхэм я унагъуэхэмрэ, Хэку зауэшхуэм и ветеранхэм, бынунагъуэшхуэхэм, хуэмыщIауэ псэухэм», - щыжиIащ УФ-м и Правительствэм и УнафэщI Мишустин Михал иджыблагъэ иригъэкIуэкIа зэIущIэм. 
Апхуэдэи, ягу къигъэкIыжащ унагъуэ щхьэхуэхэм газыр яхущIэшэным ехьэлIауэ щыIэ социальнэ программэр 2021 гъэм щегъэжьауэ зэрылажьэр. Ауэ, 2023 гъэм и мазаем къыщыщIэдзауэ, льготэ зиIэ унагъуэхэм я бжэIупэм газыр ирашэлIэным, ар унэм яхущIэшэным трагъэкIуэдэну ахъшэр къэралым субсидие щIыкIэу ярет. ИкIи программэр зэрылажьэрэ уней лъапсэу мелуан ныкъуэм щIигъум газыр хущIашащ, апхуэдэ щIыкIэкIи, я псэукIэхэр ирагъэфIэкIуащ. 
Субсидие ахъшэхэр унагъуэхэм иратыну унафэ зыщIар УФ-м и Президент Путин Владимирщ, 2022 гъэм и жэпуэгъуэм «Урысейм и энергетикэм и тхьэмахуэ» дунейпсо зэIущIэм къыщыпсалъэу. 2023 гъэм апхуэдэ дэIэпыкъуныгъэ зрат гупым хагъэхьащ СВО-м хэтхэмрэ абыхэм я унагъуэхэмрэ, ныкъудыкъуагъэкIэ 1-нэ гупым хэтхэр, сабий ныкъуэдыкъуэхэм якIэлъыплъхэр. 
ХЬЭЩЫКЪУЕЙ Олег.
Поделиться:

Читать также: