Ахъуэ дагъэмкIэ мэгугъэхэр

Куэдыр зэрыщыгъуазэщи, ахъуо дагъэр сыт щыгъуи дуней псом щызэпэубыдауэ къокIуэкI. ЖыпIэнурамэ, дагъэ къабзэр къыщIэзыгъэкI къэралхэм езыхэм яхурикъуж къудейуэ аращ. Абы къыхэкIыу адрейхэм яIэрыхьэ ахъуо дагъэ мащIэр нэгъуэщI лIэужьыгъуэхэмкIэ зэхамыщIэу хъуркъым, абы и зы залэ нэхъ мыхъуми цIыху нэхъыбэм яIухуэн щхьэкIэ. Псори зытращIыхьыжыр а дагъэм узыншагъэмкIэ сэбэпыныгъыу хэлъырщ.
 И пэкIи и гугъу зэрыфхуэтщIащи, 2019 гъэм Кърымым и федеральнэ университетым и щIэныгъэлIхэм Форос щыхасауэ щытащ япэ ахъуэ жыгхэр.  Ахэр а щIыпIэм и дуней щытыкIэм хъарзынэу езэгъащ. ПIалъэр къэсу жыгхэм къапыкIа нэужь, дагъэ къабзэу литрэ 15 щIахужащ.  Зыри зыпэмыплъа апхуэдэ ехъулIэныгъэм иужькIэ ахэр тегушхуэри, зы гектар зи инагъ хуабэщым  жыг  миным нэблагъэ щыхасащ. Ахэр егугъуу къагъэкI, хуабэщым зэрыщIэтын хуей пIалъэри щIым щыхасэжынури мардэ хэхам тету зэпалъытауэ. Кърымым и щIэныгъэлIхэм я фIыгъэкIэ а Iуэхур зэтеубла хъуа хуэдэщ, дагъэр къыщыщIагъэкIыну зытраухуа гъэми дытехьащ. АдэкIэ ахъуо дагъэ яхузэрымыгъэгъуэтым и кIэр фIыкIэ иухыну дыщыгугъынщ.
ЦIыхум я узыншагъэр хъумэнымкIэ Гарвард школым и щIэныгъэлIхэм къагъэсэбэпащ ахъуэ дагъэм и сэбэпынагъым теухуауэ Америкэм и щIэныгъэлIхэм иужьрей илъэс 30 - м ирагъэкIуэкIа къэпщытэныгъэхэм я щэху куэдыр. А зэманым къриубыдэу  цIыху мини 100-м я узыншагъэм кIэлъыплъащ икIи, псом нэхъ гъэщIэгъуэну, а гъэунэхуныгъэхэр нэхъыбэу зыдырагъэкIуэкIар медицинэм и лэжьакIуэхэрщ. КъызэрыщIэкIамкIэ, махуэ къэс ахъуэ дагъэу грамми 7 нэхъ мыхъуми зыIузылъхьэ цIыхум  лышх узыфэм процент 17-кIэ, гу- лъынтхуэ узыфэхэм - 19-кIэ, щIыIэ узхэм - 18-кIэ къыпакIухьынущ. Апхуэдэу ар и сэбэпышхуэщ Альцгеймер и узкIэ зэджэм, щыгъупщэхым, фошыгъу узым, лъы дэуейм
Мыр къыхэгъэщыпхъэщ - дагъэр зи кум къыхах пхъэщхьэмыщхьэу дуней псом тетыр ахъуэм и закъуэщ. Адрей дагъэ лIэужьыгъуэу щыIэр къэкIыгъэхэм я купкъым е я лъэдийм къыхах. Мы жыг телъыджэм хущхъуэгъуэ зыхэлъу иIэр къыпыкIэ ахъуэм и закъуэкъым, и тхьэмпэ къудейм къыщIэвыкI шейр щIыIэ узым и хущхъуэ ибупрофеным и миллиграмми 100-м покIуэ, дыгъэм и ультрафиолет бзий зэраным ущехъумэ. Псори къэгъэнауэ, тхъуцIынэ, маргарин, майонез ерыскъыхэкIхэм я проценти 10 къудейр ахъуэ дагъэмкIэ зэпхъуэкIмэ, цIыхур зэрылIыкIынкIэ хъуну узыфэ зэмылIэужьыгъуэхэм процент 8-34-кIэ щихъумэнущ. Тхыгъэр щыдгъэхьэзырым зызыхуэдгъэза сату щапIэхэм къызэрыщыджаIамкIэ, а ящэ дагъэхэм къабзи яхэтщ. Ар пэжу къыщIэкIыну дыхуейт, ауэ Урысейм и дагъэ къабзэхэр къежьэху, а ящэм шэч къытетхьэнущ.
Ахъуэ жыгхэр Кърымым къыщыгъэкIыныр нобэ къежьа Iуэхукъым. Совет лъэхъэнэми абы теухуауэ лэжьыгъэ куэд ирагъэкIуэкIат щIэныгъэлIхэм, ауэ къэралым и лъэлъэжыгъуэм Iуэхур къызэтригъэувыIащ. А лъэхъэнэм и Iэужьу жыпIэ хъунущ Кърым Ипщэм и хы Iуфэхэм узыщрихьэлIэ ахъуо жыгыжьхэр. Абыхэм ноби къапокIэ, сыту жыпIэмэ, а щIыпIэм и дуней щытыкIэр а жыгхэм я лъахэм (Италием, Испанием) ейм сыткIи тохуэ.

 

Лъостэн Музэ.
Поделиться: