Псэр щэи, напэ къэщэху

Адыгэ лъэпкъым къы­хэкIа Лохвицкий Михаил (Аджыкъу Джэ­рий) Куржым и ТхакIуэ­хэм я союзым и урыс къудамэм и уна­фэщIт. Абы и къалэмыр хуэлажьэрт зэ­ныбжьэ­гъугъэр гъэбыдэ­ным, лъэпкъ зэмылIэужьы­гъуэхэм къахэкIа цIыху­хэм я гъащIэр, я дуней еплъыкIэр къэгъэлъэ­гъуэным. Аджыкъур тетхыхьащ адыги, куржыи, урыси, румыни, мэжэри, лыхьи...
Аджыкъум и тхылъхэу ди дежи нэгъуэщI къэралхэми дунейм къыщы­те­хьахэм цIыхухэр дахьэ­хыу йоджэ. Къэбгъэлъа­гъуэмэ, Польшэмрэ Вен­г­риемрэ къыщыдэкIащ абы и «ЯмыцIыху» романыр, Хэку зауэ­ш­хуэм теухуар. Лыхьхэм, инджылызхэм, испанхэм, чеххэм я бзэ­хэмкIэ зэра­дзэкIащ тха­кIуэм и Iуэ­тэж, повесть, роман нэ­хъыфI­хэр.

КУРЖЫ революционер цIэ­ры­Iуэ Кецховели Ладо и гъа­щIэмрэ и къе­кIуэ­кIы­кIамрэ теухуащ Лохвицкэм и «Метехи фоч щы­уащ» романыр (1973 гъэ). ЦIыхухэр куэду къызэ­рыщIэупщIэм къы­хэкIыу, зыбжанэрэ къыдагъэкIащ адыгэ тхыдэм ­теухуауэ Аджыкъум итха повестыр - «Уафэгъуа­гъуэ макъыр». Лъэпкъхэм я зэныбжьэ­гъугъэм и университету Лумумбэ Патрис и цIэр зезыхьэр къэзыуха, Сирием щыщ адыгэ бзылъхугъэ Дэбжэн Динэ ар хьэры­пыбзэкIэ зэридзэкIри Дамаск къы­щыдигъэкIащ. «Ал-Баас» газетым абы теухуа тхыгъэхэр тIэунейрэ тридзащ. ТхакIуэ икIи критик ал-Мысри Маруан итхырт: «Адыгэ тхыдэм тепсэлъыхь тхыгъэ хьэ­рыпыбзэкIэ къы­­­зэры­дэкIар Iуэху­гъуэ­фIу зэ­рыщытыр къэз­гъэ­лъа­гъуэкIэрэ, сэ жысIэну сыхуейщ ар псэм лъэIэсу, пэжагъышхуэ хэлъу, Iэзэу тха зэрыхъуар».
Дыкъытеувы­Iэнщ ­Ад­жыкъу Джэ­рий и повестыр зытеухуам, абы и мыхьэнэм. ТхакIуэм и ­макъ егъэIу лIэщIыгъуэ блэкIам къэхъуа гуауэм - Урыс-Кавказ зауэм, истамбылакIуэм я джэрпэджэжу, абы дерс къы­хэхын зэрыхуейр къыдиIуэтылIэу. Лъэпкъым и блэкIам ухуэдэгуу икIи ухуэнэфу ущыт зэрымыхъунур къыдгурегъаIуэ. Абы щыгъуэми егъэлъапIэ цIыхугъэ нэсыр, лъэпкъ зэ­мы­лIэужьыгъуэхэм къахэкIа цIыхухэр сыт хуэдэ лъэхъэнэми зэпэгъунэгъу зыщI акъыл нэхур, захуа­гъэм и телъхьэ хъуну псэр къэзыгъэушыр.
«Псэр щэи, напэ къэ­щэху» жыхуиIэ псалъэ­жьыр повестым псалъа­щхьэ хуэпщI хъунущ, сыту жыпIэмэ, аращ тхылъри зытеухуэжар: лъэпкъ псом зигъэкIуэдащ и напэр имыщэн, бийм лъэгущIэ­тын зримыгъэщIын папщIэ; цIыху минхэм загъэлIащ, я адэжь лъахэр ямыбгынэн, зыщалъхуа щIыналъэм емыпцIыжын щхьэкIэ...
Кавказ Ищхъэрэм ис лъэпкъхэм апхуэдэу щIы­шхуэ яIыгътэкъым, яхуземыхьэжын хуэдэу. Ар къыдогъанэри, ерагъкIэ ярикъуу арат, псэемыблэжу телэжьыхьурэ абы ирипсэун папщIэ. ИкIи телэжьыхьхэрт, я гуащIи я пщIэнтIэпси емыблэжу. Я щIыналъэри къэщIэрэ­щIащ, берычэтыр и тыгъэу, хъугъуэфIыгъуэр и бащэу. Абы къигъэнэпсеяуэ арат урыс пащтыхьыр. Ар, дауи, щыгъуазэтэкъым бгылъэ щIыпIэхэр «дуней жэнэт» пщIыныр къызэрыгуэкI Iуэхуу зэрыщымы­тым. Абы занщIэу гу лъитащ пащтыхьыжьым зэуэну Кавказым къигъэкIуа къызэрыгуэкI мэкъумэ­шыщIэ Кожевниковым. Абы адыгэхэр зыхуэдэр къызэрыгурыIуэр офицер Кайсаров Яков мыпхуэдэу иреIуэтылIэ: «Зи щхьэр лажьэ лъэпкъщ. Джабэ нэкIухэр, псым имылъэсын хуэдэу, къат-къатурэ къы­зэрагъэбатэр уэзгъэлъэ­гъуащэрэт. Мывэшхуэхэр зэхуахьэс, ищIагъымкIэ кърахьэхыурэ, зэтралъ­хьэ, псыIущIэ ящI, итIанэ псы ежэхым щыщ къаутIыпщри - пшахъуэ, мы­вэкIэщхъ сыт жыпIэми, хуэегъэзыхыгъуэ щыхъу­хэм щызэтралъхьэ. ЩIы­пIэр зэтес мэхъуж. Иужь­кIэ тафэм щIыгулъ фIыцIэ кърашри, абы тракIутэж, сэнми щIадзэ».
А щIыкIэм тету щIыр къэзыгъэбатэ адыгэ мэкъу­мэшыщIэмрэ адыгэхэм ягухьа урыс офицер Кайсаровымрэ «Уафэгъуагъуэ макъым» мыпхуэдэу щы­зопсалъэ. Кайсаровым къе­Iуатэ Бытырбыху къатищу зэтет унэхэр зэры­щыIэр. Абы и щхьэусы­гъуэр щIыр къазэре­мэ­щIэкIырауэ къызыщыхъуа адыгэм къызэрыгуэкIыу жеIэ: «НтIэ, щIыр уи мащIэмэ, нэгъуэщI Iэмали къыпхуэгупсысынукъым».
МэкъумэшыщIэм дэнэ щищIэнт апхуэдэу зыжри­Iэм губгъуэ хуитышхуэхэр зи бащэ Урысей уэхыр и лъахэу. Ар зэрегупсысымкIэ, пащтыхьыр, щIы и куэду щытамэ, адыгэхэм яйм еIусэнутэкъым...
ХьэкIэкхъуэкIагъэщ зы щIы кIапэ щхьэкIэ лъэпкъ гуэрым илъ бгъэжэныр. Пащтыхьыдзэм лей зэры­зэ­рихьэр, гущIэгъу зэримыIэр хьэкъыу зи фIэщ хъуа офицерыр - ар и псэм хутемыгъахуэу - адыгэхэм ягуохьэ.
И лъэпкъми, и къэралми, и динми епцIыжыныр сыт къызыхэкIар? Хеймрэ мы­сэмрэ зэхигъэкIыфу зэры­щытырщ. Пэжщ, а псори занщIэу абы и акъыл нэсакъым, езыми хеилъкIэ зиуцIэпIыжа нэужьщ къы­щыгурыIуар. Кайсаровым и напэм къыхуегъэзэгъыркъым дяпэкIи апхуэдэу псэуну - щхьэщIэгупсыс, хъыжьпIыжь мэхъу. Ар егъэгулэз, и псэр хьэзаб хигъэтщ напэм емызэгъ илэжьыну ехулIа зэры­хъум. Елъагъу, егъэунэху къызыхэкIа лъэпкъым икIагъэ зэрищIэр, езыри абы и джатэзехьэу щыщыткIэ, цIыхугъэншагъэ хэ­мылъу зауэм зэрыхэмы­тыфынур. Ар къыщыгу­рыIуэкIэ, нэгъуэщI хэкIы­пIэ имыгъуэту, зиу­кIы­жы­ну хуожьэ. Игу ирилъхьари ищIэну къыщIэкIынт, ауэ адыгэхэм я лъэныкъуэ мэхъури, и мурадыр зэрехъуэкIыж.
Повестыр нэхъыбэу зы­теухуар Кайсаровым и щхьэм кърикIуа насыпыншагъэрщ. Ауэ абы и за­къуэкъым а зауэ гущIэ­гъуншэм насыпыншэ ищIар. Лейзехьэхэм гущыкI яхуищIри, и щхьэр здихьын имыщIэу къыщы­нэм, Iуэху мыщхьэмыпэ илэжьащ офицер Попов-Азотовым.
Къэзыухъуреихь дунейр зэрызэIыхьар, ар цIапIагъэ зэфэзэщу зэрызэ­хэ­лъыр зэрыхуэмышэчамкIэ нэрылъагъу мэхъу ар зи цIыху лIэужьыгъуэу щы­тар. Попов-Азотовым гъащIэр Iумпэм ищIащ, зытет дунейм зэрыхуэмыарэзыр абыкIэ къигъэлъагъуэу. ЩылIэм щыгъуи мыращ къыжьэдэкIа псалъэхэр: «ЦIапIагъэщ... Псори цIапIагъэщ».
Кайсаровым а псори нэхъ иужьыIуэкIэщ къы­щыгурыIуэжар, езыри лей зезыхьэхэм зэращыщыр, зауэ емынэм зэриIэщэзехьэр къыщищIэжар.
Ар и зэхэщIыкIым нэзыгъэса Iуэхугъуэт Попов-Азотовым и кIуэдыкIари, лажьэ зимыIэ адыгэхэр зэрызэтраукIэри. Зэгуэ­рым дунейр зыфIэIэфIу щыта шэрджэс лъэпкъым бгы зытеуа цIыхуу и псэр хэкIырт, ар дунейм те­кIуэдыкIыжырт. ИкIи ар зи Iэужь залымхэм адыгэр зэрыкIуэдыжыр бэрэбэнауэ макърэ гуфIэгъуэ маршкIэ ягъэлъапIэрт.
Кайсаровым зэрыжиIэ­жымкIэ, адыгэлъыр щыс­хьыншэу зыгъэжа пащтыхь къуэшым зауэр зэ­риухам и щIыхькIэ къы­зэIуихат хасэшхуэ. «Зэ еплъыгъуэкIэ, псори бэ­лыхьу къызэрагъэпэщауэ гуфIэгъуэт, уеплъыжыпамэ - ар зауэр зэриухам те­мыухуауэ, шапсыгъхэмрэ убыххэмрэ зэрыкIуэ­ды­жым и хьэдагъэт».
«Уафэгъуагъуэ макъым» къыщыгъэлъэгъуащ цIыху куэд ажалым зэрызэщIикъуэр. Ауэ гур зыгъэузыр, цIыху щхьэхуэ мыхъуу, лъэпкъ псом и кIуэ­ды­жы­кIар ди нэгу къызэрыщIигъэхьэрщ.
...Адыгэхэр я хэкум ираху. Ижь-ижьыж лъандэрэ Кавказым щыпсэуа лъэп­къым хуагъэуващ Тыркум Iэпхъуэну, е хухаха щIы­пIэхэм гуп цIыкIуурэ зэкIэщIэкIауэ хэщIапIэ щащIыну. Абы къикIырат: лъэпкъыр мэкIуэд, ауэ языныкъуэ адыгэхэр яхъу­мэнущ зыкIи зыхуэмеиж, зыми имыщIысыж хьэп­шып гуэру, музейхэм щагъэлъагъуэм хуэдэу.
Адыгэхэм арат я натIэ хъунур, къагъэжыIэщIамэ. Аращ ахэр щIемыдэ­Iуар «Фагъэлъагъу щIы­пIэ­хэм фыIэпхъуэ, ар фымыдэрэ - Тыркум фикIыж», - жиIэу урыс пащ­тыхьым ищIа унафэм. Тыркум икIыжкIи я сэбэп хэлътэкъым, абы щыгъуэт лъапси лъахи ямыIэжу псори щафIэкIуэдыр. Ар адыгэхэм фIы дыдэу къагурыIуэрт, ар къыгу­рыIуэрт «урыс пащтыхь пэтIинэми».
Гъэр ящIа аслъэн шырым хуэдэу хъарым зраубыдэж е Тыркум Iэпхъуэу щэлъахъэкIэ залъэхъэж нэхърэ фIыуэ ялъагъу я лъахэм зыщагъэлIэжыныр шап­сыгъхэм нэхъ къащтащ. АдэкIи адыгэхэм я къе­кIуэкIыкIам къегъэлъа­гъуэ ахэр зищIысу щытар, лIыгъэшхуэ зэрахэлъар. «ЛIэнми лIыгъэ хэлъщ» щIыжаIэжар езыхэрами ярейуэ, я псэр щатми мыкIуэдыжын щIыхькIэ я пщIэр яIэтыфащ. Хэкум хуаIэ фIылъагъуныгъэм и нурыр къащхьэщытащ. Мырат абы теухуауэ а зэманым Маркс Карл итхар: «Адыгэхэм аргуэру уры­сыдзэр хагъэщIащ... Дунейм тет лъэпкъхэ! Абы­хэм щапхъэ ятефх, мис апхуэдиз хузэфIокI щхьэ­хуитыныгъэм нэсу щIэбэн лъэпкъым!»
Хэкум и щхьэхуитыныгъэр ихъумэжу, лIыгъэ хэлъу зи псэр зыта цIыхум и пщIэр инщ. Мыбдежым зы лIыхъужькъым хахуэу къыщIэкIар - лъэпкъ псом и псэр итащ, зэи зыми и щхьэр зэрыхуимыгъэщхъынур игъэнаIуэу, зыщалъхуа щIыналъэр нэ­гъуэщIкIэ зэримыхъуэжынур игъэлъагъуэу. Ар къызэрыхъуа щIыкIэр тхы­лъым мыпхуэдэу ди нэгу щIегъэкI: «Мэз лъапэм пIэ яуфэбгъуауэ хьэдэ гуры­шэу зэхэлът адыгэ фащэ зыщыгъ цIыхухъу­хэр, цIыхубзхэр. Ахэр щылът зырызу, тIурытIу, нэхъ зэпэгъунэгъуи зэ­пэIэщIи яхэту, хэт гууэ­щIу, хэт хьэмбыIуу, хэти джабэм телъу. Хэти и Iэ-и лъэр зэкIэщIэдзауэ, хэти зы­зэфIигъэщхъауэ… Апхуэдиз хьэдэ сэ си гъащIэм слъэгъуатэкъым».
Дыгъэм я гупэр хуэгъэзауэ, къэмыхашэу, уардэу дунейм йохыж адыгэхэр. А теплъэгъуэм уегъэмэ­хъашэ икIи апхуэдэ гуш­хуэныгъэ зыхэлъа лъэпкъ щхьэхуитым и щхьэм ­кърикIуар гущIыхьэ къыпщохъу.
Лохвицкэм ди нэгу щIегъэкI пщылIыпIэм нэхърэ ажалыр нэхъ къэзыщтахэм я гъащIэр зэрат щIыкIэр: абыхэм кIий-гуо, гъы-бжэ къахэкIакъым - къы­хэщтыкI яхэмыту, зэ­рахьащ я лIыхъужьыгъэр. Зэман бзаджэм и нэлатым къыхуэмыгъэша лъэпкъым гъащIэшхуэ, ­гъащIэ на­сыпыфIэ хуэфащэт.
Адыгэхэм я гуауэри я гуа­пэри уэрэдкIэ яIуатэу щытащ. Я уэрэдхэр гухэхъуэт, пшыналъэхэр удэ­зыхьэхт. Адыгэ хабзэм и гугъу пщIымэ - захуагъэм и пэ иригъэщ щыIакъым. Зауэм щыIуткIи, бгырыс­хэм, а хабзэр зыщагъэ­гъупщэу, напэм емызэгъ ящIэртэкъым.
Тхылъым зы щапхъэ ­къехь. Зэгуэрым гарнизон Iэтащхьэ Присыпкиным и фызыр фочышэхэр къызэ­релъэлъэхым хуэдэу, быдапIэм дэкIат. Ар къызэралъагъуу щIыпIэр къэзыухъуреихьа адыгэхэр, за­Iэтри, ежьэжащ. Гар­ни­зо-­
ным и Iэтащхьэми хъыбар кърагъэщIащ: «Дэ фызхэм дезауэркъым», - жаIэри.
Бгырыс куэди, пащ­тыхьыдзэм щыщу куэди зыхьа Урыс-Кавказ зауэр и кIэм нэблагъэрт. Урыс­хэр здынэмысауэ зы къуа­жэ закъуэт къэнэжар. Абы ахэр пэлъэщыртэкъым, ­къуршхэм къызэрахъумэм къыхэкIыу, ауэ ари яубы­дыным къэнэжа щыIэтэкъым - къызэраувыхьрэ мазэ бжыгъэ ­хъуат. Адыгэ­хэм хасэ зэхуашэсри, абы унафэ къыщащтэ, я псэр пытыху я лъахэр яхъумэжыну. Хасэм хэтахэр зэбгрыкIыжырт, къуа­жэ Iэтащхьэм зы мэкъу­мэшыщIэ къыбгъэдыхьэу къыщыжриIам: «Псори тэмэм хъужмэ, сэ сы­щIэ­лъэIунущ псей мэзым адэIуэкIэ къыщылъ сэнтхыр звэну икIи згъэпшэрыну - абдежым мыIэрысей щыхэссэнущ. Сэ хамэ щIыпIэ щагъэкI мыIэрысэ лIэужьыгъуэ гуэр къэз­гъуэтащи, щхьэ хуэдизу инщ, фоумэ дахи къы­кIэрех, ауэ икIи щабэщ цIыхубзым хуэдэу. Сэ а хэхэсыр ди мыIэрысейм дэзгъэкIэнщи, цIыхухъум ещхьу Iэбыдэ-лъэбыдэу, щIыIэми хуэмыгъэгузавэу зыкъиужьынщ».
Абы жиIам къыхощ адыгэ мэкъумэшыщIэр фIым зэрыщIэхъуэпсыр, мамыр гъащIэр зэригъэ­лъапIэр, нэмы­сымрэ хабзэмрэ Iыгъыным пщIэшхуэ зэрыхуищIыр. «Хабзэ­мыщIэ емыкIухьщ», - жеIэ абы. МэкъумэшыщIэм хьэкъыу и фIэщ мэхъу дэтхэнэ лъэпкъри лъэпкъ зыщIыр, ар зыгъэIумахуэр хабзэрауэ. И Iуэху еплъы­кIэри пэжщ: зи хабзэр зымыIыгъыж лъэпкъыр хэкIуэдэжу хуожьэ. Аращ дэтхэнэ бийри лъэпкъ хабзэхэр гъэкIуэдыжыным щIыхуэерыщыр. «Уафэ­гъуагъуэ макъым» хэлъщ а гупсысэр.
А Iуэхур къызэрыгуэ­кIыу зэрыщымытыр ­по­вестым щыубзыхуащ. Шапсыгъхэм псори зэ­хуагъадэрт. Зы цIыхум ­адрейм захиIэтыкIыу е зы гуп гуэр бжьыпэр иубыдрэ унафэщI хъууэ ядэнутэкъым. Кайсаровыр абы щытепсэлъыхькIэ жеIэ: «Ди пащтыхьыгъуэм лъэкI къигъэнакъым шапсыгъ­хэр игъэкIуэдын пап­щIэ. Апхуэдизу ерыщу а Iуэхум иужь щIитым щхьэусы­гъуэ Iэджэ иIэнкIэ мэхъу. Ауэ, псом ящхьэу, пащтыхьыгъуэм хуэшэчакъым ахэр щхьэ­хуиту зэрыпсэур. Сыту жыпIэмэ, хьэзаб хэмыкIыу псэу урыс мыжьыкъри абыхэм ядэплъеину хуе­жьэнут. Зэрынэрылъагъущи, апхуэдэ щапхъэр пащтыхь къэралыгъуэм шэуэ къы­техуэнкIэ шына­гъуэт».
А псалъэхэм нэрылъагъу ящI пащтыхьым Кавказым щригъэкIуэкIа зауэр езы урыс лъэпкъми и бийуэ зэрыщытар.
«Хэт сымэ абы теунэ­хъуа­хэр?» - жыпIэмэ, абы теунэхъуащ фадэ фIэкIа къафIэмыIуэхужу зэIыхьа офицерхэр, я унагъуэхэм япэIэщIэу илъэс тIощIрэ тхукIэ къулыкъу зрагъащIэу щыта урыс сэлэтхэр. Я Iыхьлыхэм зэрыщIэгупсысым щхьэлажьэ ищIа урыс сэлэтхэм я дунейр мыгъуэу яхьырт. Я бампIэр нэхъ куу ищIырт щIэзауэри щIэдауэри къагурымыIуэу лъы зэра­гъажэм, ящыщ куэдым я хьэдэ къупщхьэхэр хамэ щIыпIэм къызэринэм. ЗэштегъэупIэу яIэр шагъырти, я гуауэр абыкIэ ягъэундэращхъуэрт.
Кайсаровыр ныбжьэгъу хуохъу офицер хъыжьэ Закурдаевым. Япэ зэманым Яков къыгурыIуа­къым а капитаным езыр зэрыщымыту зыщIищIыр, цIыху нэжэгужэу фэ щIызытригъауэр. Абы теухуауэ Яков мыращ къи­Iуэтэжыр: «Чэф игъуэтамэ, Закурдаевыр гуитI­щхьитI хъурт, зыгуэрым иригузавэу, зыгуэрым иринэщхъейуэ. АдэкIэ, сыт хуэдиз иримыфми, нэхъ къэжанауэ гу лъыптэнутэкъым. Ауэ ину дыхьэшхыу, псалъэу иригъажьэрт, дэ тIум хуэдэу гъащIэм ­игъэуна щымыIэми ярейуэ, езыми сэри ар ди фIэщ ищIын мурадыр иIэу».
Зэгуэрым фадэр фIыуэ къызыпкърыхьа Закурдаевыр Александр ЕтIуанэм и сурэтым и пащхьэм иувэри кIиящ: «Зи щIы­хьыр лъагэ пащтыхьы­шхуэ, уэ дзыхь къысхуэп­щIа кхъэр къызыхуэтын­шэщ - мыбы щIалъхьэр нэхъыбэ мыхъуамэ, нэхъ мащIэ ­хъуакъым».
Абы и ужькIэ, и нэхэр зэблэплъу, ар къызэ­плъэ­кIащ, ещIэкъуауэу Iэнэм бгъэдыхьэри шэнтым тетIысхьащ, и щхьэр шынакъым тригъащIэри къэ­гъащ.
Кайсаровым, адрей офицерхэм хуэдэу, шагъыр ефэныр нэрыгъ ищIыркъым. Ар ящыщтэкъым «тIум щыгъуэми зы ажалщ сщIэлъри, си ажалыр къэсыху зэрыхъуу гъащIэр схьынщ» жызыIэхэм. Яков фIыуэ щыгъуазэт зауэр зыхуэдэми, хуитыныгъэр зищIысми. Аращ мыпхуэдэу щIыжиIэри: «Сэ сщIэркъым ди гумрэ ди псэмрэ дэ дыхуитыж, а хуитыныгъэр зиIэми де­мыфыгъуэж дыщыхъунур дапщэщми, апщIондэху сыт хуэдэ зэхъуэкIыныгъэ къэхъунуми…».
«Дэ щэнхабзэрэ щIэныгъэкIэ абыхэм детэнущ», - жыпIэурэ лъэпкъ цIыкIу­хэм я лъапсэр бгъэгъуным нэхъ напэншагъи сыт щыIэ! Арат пащтыхьми абы и блыгущIэтхэми дунейм щагъэхъыбарыр, адыгэ хэкур щагъэскIэ, шапсыгъхэр, убыххэр, бжьэ­дыгъухэр, абэзэхэ­хэр, кIэмыргуейхэр щы­зэт­раукIэкIэ. Зи лъэпкъыр а зэман бзаджэм кIыфIыгъэм, щIэныгъэншагъэм къыхэзымыгъэкIхэр нэ­гъуэщI лъэпкъхэм сытыт зэретэфынур?
Абыхэм яхуэдэу цIыхугъэр зыгъэпудын, ар хэутэн зыщIын къэгъуэ­тыгъуейт. «Залымхэр, лIы­укIхэр дяпэкIи дунейм къытремыхъуэ, адыгэхэм я нэгу щIэкIар нэгъуэщI­хэм я нэгу щIремыкIыжкIэ», - жиIэу гупсысэ нэху хэлъщ зи гугъу тщIы тхыгъэм.
ЖыпIэ хъунущ «Уафэгъуагъуэ макъыр» урысыбзэкIэ ятхауэ щыIэ тхыдэр къэзыIуэтэж нэхъ тхыгъэфIхэм ящыщ зыуэ.
Михаил Юрьевич си адэм нэхърэ зы илъэскIэ нэхъыжьт. Ауэ, ныбжьми емылъытауэ, сэ абы сриныбжьэгъуфIт. Ма­зэм зэ-тIэу дызэхуэтхэрт, ди гуфIэгъуэ, гукъеуэ зэхуэ­тIуатэрт. Зы илъэси дэ­кIыртэкъым дызэхуэ­мы­зэу - е Налшык, е Тбилиси, е Москва. Мис абы щы­гъуэ адыгэ лъэпкъым и дыгъуасэми, и нобэми, и къэкIуэнуми и гугъу ды­мыщIу ­къанэртэкъым.
Утетыжкъым нобэ щIы­лъэм, ди къуэш щэджащэ, удиIэжкъым, Михаил лъапIэ. Ауэ зы адыгэ псэууэ дунейм тетыху, уэ игу уихункъым!

 

 

 

 

 

 

Симонов Константинрэ Лохвицкий Михаилрэ.     1977 гъэ

 

 

 

 

 

 

КъБР-м и цIыхубэ сурэтыщI, скульптор БжэIумых Хьид и хэщIапIэм щIэсщ ХьэфIыцIэ Мухьэмэдрэ Лохвицкий Михаилрэ.     1987 гъэ

 

 

 

 

 

 

 

 

 

ИстамбылакIуэ.
Сурэтыр  Жылэ  Анатолэ  ищIащ.

 

 

ХЬЭФIЫЦIЭ Мухьэмэд.
Поделиться: