Хьэрэмэ Iуащхьэ зи къежьапIэ адыгэ Олимп лIыхъужьхэр

Адыгэхэм тхуэугъурлыщ Олимп Джэгухэр. ЖыпIэну урикъунщ илъэсиплI къэс екIуэкI мы зэхьэзэхуэм и чемпиону нобэр къыздэсым щIалибгъу дызэриIэр, тIур вице-чемпион зэрыхъуар, домбеякъ медалыр апхуэдизми къазэрылъысар. КъищынэмыщIауэ, мащIэкъым нэгъуэщI лъэпкъхэм къахэкIауэ ди щIыналъэм къыщалъхуа олимп лIыхъужьхэри. Къэралышхуэ Iэджи щыIэщ апхуэдэ ехъулIэныгъэхэр я пщIыхьэпIэми хэмыту. Нобэ щIэддзэнщ абыхэм ятепсэлъыхьын.

Тхыдэ жыжьэм уриплъэжмэ…
ДыкъызытехъукIыжахэм илъэс мин зыбжанэ зи кIыхьагъ тхыдэ къулей зэраIэм и щыхьэтщ налкъутналмэс щIэину къытхуагъэна нарт эпосыр. Апхуэдэм ирипагэфыну дунейм лъэпкъищ-плIы тету аращ. Абыхэм къыхощыж Пасэрей Алыджым ди эрэм и пэкIэ IX лIэщIыгъуэм къыщежьа Олимп Джэгухэм куэдкIэ ящхьэщыкIыу нарт лIыхъужьхэм езыхэм я лIыгъэ зэхэгъэкIыпIэ, я къарур, зэфIэкIыр здынэсыр щагъэунэху зэпеуэ инхэр зэраIар. Ар IупщIу къыхощ Сосрыкъуэ зэраукIам и хъыбарми, нэгъуэщIхэми.
Сосрыкъуэ Хьэрэмэ Iуащхьэ ираджащ:
– Шурылъэс дыджэгунущ, Хьэрэмэ Iуащхьэ жаншэрхъ къедгъэжэхынущ, - жари...
Хьэрэмэ Iуащхьэ нэсащ Сосрыкъуэ. И жагъуэгъухэр Хьэрэмэ Iуащхьэ тетщ. Сосрыкъуэ къыщалъагъум, жаншэрхъыр кърагъэжэхащ:
– НатIэкIэ къеуэ, Сосрыкъуэ! - жари.
НатIэкIэ еуэри, Сосрыкъуэ жаншэрхъыр Хьэрэмэ Iуащхьэ дрихуеижащ.
– IэдакъэкIэ къеуэ, Сосрыкъуэ! – жари жаншэрхъыр къраутIыпщхьэхыжащ.
IэдакъэкIэ еуэри, жаншэрхъыр Хьэрэмэ Iуащхьэ дрихуеижащ.
– БлыпкъкIэ къеуэ, Сосрыкъуэ! - кърагъэжэхащ жаншэрхъыр.
БлыпкъкIэ еуэри, жаншэрхъыр Хьэрэмэ Iуащхьэ дрихуеижащ Сосрыкъуэ…
Илъэс мин бжыгъэ зи кIыхьагъ лъабжьэ быдэ зэраIэрауэ къыщIэкIынщ адыгэхэм Олимп лъагапIэр мызэ-мытIэу къыщIащтэфар. Япэу ар къыщыхъуар илъэс 72-кIэ узэIэбэкIыжмэ 1948 гъэм бадзэуэгъуэм и 29 – шыщхьэуIум и 14-хэм Великобританием и къалащхьэ Лондон щекIуэкIа XIV Олимпиадэращ. Зэи къэмыхъуауэ абы чемпион щыхъуащ адыгэ щIалэ. Ар Тыркум хыхьэ Къарэ-Эмир къуажэм къыщалъхуа Догу (ГъукIэ) Яшарщ. БэнэкIэ хуитымкIэ зыхэта зэхьэзэхуэм абы и хьэрхуэрэгъу псори щыхигъэщIащ икIи хуэфащэ дыдэу дыщэ медалыр къихьащ.
Европэм и чемпиону Олимпиадэм кIуами, Догу (ГъукIэ) Яшар куэдым кърадзащэртэкъым. Къащыхъуат зэрымыщIэкIэ и насып нэхъапэм къикIауэ. Абы щыгъуэми ар зыхэт бэнэкIэ хуитымкIэ килограмм 73-м нэс зи хьэлъагъхэм я зэпеуэм спортсмен гъуэзэджэ куэд щызэтрихьат, дэтхэнэми дыщэр хуагъэфащэу. Япэ дыдэ зэIущIэм Америкэм и Штат Зэгуэтхэм къикIа Мерил Догум зэрыхигъэщIам гу лъызытар мащIэщ. АдэкIэ къыпэщIэувари нэхъ лъэщыж швед Фределт. Хухаха зэманыр имыух щIыкIэ ар къабзэу щытридзэм, итIанэ ягъэщIагъуэу щIадзащ Яшар и зэфIэкI лъагэр. Къапщтэмэ, Великобританием къыщыдэкI «Миррор» газет цIэрыIуэм абы иужькIэ итхащ: «Мы тырку щIалэр Лондон къыщIэкIуар дыщэрауэ фэ тетщ!» Ар икIи пэжт. КъикIуэтрэ шынэрэ зымыщIэ Догу (ГъукIэ) Яшар чемпионыгъэм хуэпабгъэт. Абы текIуэныгъэ дахитху Лондон къыщихьащ икIи, и хьэрхуэрэгъу лъэщ псори иригъэкIуэтэкIри, Олимп щыгум къыщыхутащ.
Нэхъ гугъу дыдэ кIэух зэIущIэм Яшар къыщыпэщIэтащ техникэ гъуэзэджэ зиIэ икIи къарууфIэ Геррард, Австралие жыжьэм къикIар. Хьэрхуэрэгъур сакът икIи IэкIуэлъакIуэт. Ар икIи бзаджэт – пэплъэрт Догу Яшар щыбэлэрыгъынум. Адыгэ щIалэр зэрытеплъэкъукIыу, занщIэу тридзэри, къыщхьэщытIысхьэжащ, къабзэу хигъэщIэн папщIэ. Мис абдежым Яшар и къэмыланджагъэр наIуэ хъуащ: щхьэпхэтIыгур алэрыбгъум щIигъакъуэщ, и бгыр къытриIэтыкIри, «лъэмыжу» уващ. ДакъикъитIым нэблагъэкIэ австралийцыр хущIэкъуащ ар хигуэну. Инджылызхэр нэхъыбэу зыдэщI Геррард цIэрыIуэр зэрытекIуэнур къахуэмыгъэсу зэпэщIэтыныгъэм кIэлъыплъхэр зэрызехьэрт. АрщхьэкIэ ахэр щыуащ. НапIэзыпIэм и лъакъуэр щIигъакъуэщ, и плIэр игъазэри Яшар щытыкIэ гугъум къикIащ. Бэнэныгъэр зэрекIуэкIым кIэлъыплъхэр зэщIэщымащ. Зэхьэрхуэрэгъухэр аргуэру зэпэщIэувэжащ. Балл бжыгъэкIэ хагъащIэми, Догу (ГъукIэ) Яшар тегушхуэныгъэм зэщIищтащ, щытыкIэ гугъум къызэрикIыфам папщIэ. Геррард Iэнкунщ. ЗэIущIэм пащэну судьям хуит зэрищIу, адыгэ щIалэм и хьэрхуэрэгъур ипхъуатэри, тридзащ. Ар, игъэкIэрахъуэурэ, япэ ищащ. Къабзэу тридзэну абы къару иIэжтэкъым. АрщхьэкIэ, псом ящхьэр текIуэныгъэрат. Догу (ГъукIэ) Яшар ар зыIэригъэхьэри, адыгэхэм ящыщу япэу Олимп чемпион хъуащ! Апхуэдэ ехъулIэныгъэхэр зи щIэщыгъуэ тыркухэми я бэнакIуэр уафэм нэс драхьеинут.
Абдежми къыщыувыIакъым Яшар. КъыкIэлъыкIуэ махуэм ар хэтащ алыдж-урым бэнэкIэмкIэ зэхьэзэхуэм. Абы саугъэт лъапIэхэр къыщимыхьами, гуп зэпеуэм тыркухэр япэ щизыгъэщын балл зыбжанэ зыIэригъэхьащ.
Догу Яшар алыдж-урым бэнэкIэмкIи, бэнэкIэ хуитымкIи Тыркуми (1938-1954 гъэхэм), Балкан джэгухэми (1940, 1942) текIуэныгъэхэр къыщихьащ. Европэми Дуней псоми мызэ-мытIэу я чемпион хъуащ икIи и ехъулIэныгъэхэм папщIэ «Бэнэным и тхьэ» къыфIащащ.
Абазэ лъэпкъым къыхэкIащ Бильге зэтIолъхуэныкъуэхэу Газанферрэ Заферрэ. Я анэр адыгэ бзылъхугъэщ. Ахэр игъэсащ бэнакIуэ цIэрыIуэ, Олимп чемпион Догу (ГъукIэ) Яшар икIи ехъулIэныгъэ инхэр дунейпсо утыкум щаIащ.
1948 гъэм Лондон щекIуэкIа XIV гъэмахуэ Олимп Джэгухэм килограмм 62-м нэс зи хьэлъагъхэм я деж Газанфер дыщэ медалыр къыщихьащ, Швецием икIа Шелинрэ Швейцарием щыщ Мюллеррэ иужь зэIущIэхэм щыхигъащIэри.
И къуэшым куэдкIэ зыкъыкIэригъэхуакъым Зафер: 1946 гъэм Стокгольм Европэм и чемпион щыхъуащ. Илъэсищ дэкIри, зи хьэлъагъхэр нэхъ мащIэ дыдэхэм я деж дуней псом тепщэныгъэр Финляндием щекIуэкIа зэхьэзэхуэм щиубыдащ, хэгъэрейхэм я пелуан Руикку финалым щытридзэри.
КъищынэмыщIауэ, зэкъуэшитIри куэд дыдэрэ Тыркум и чемпион хъуащ икIи лъэужь дахэ бэнэкIэ хуитым къыщагъэнащ.
Лондон щекIуэкIа Олимп Джэгухэм бэнэкIэ хуитымкIэ дыжьын медалыр къыщихьащ Жандемыр (Гугъэжь) Адыл. Тыркум хыхьэ Хьэмам Озы къалэм пэгъунэгъуу щытIыса адыгэ къуажэ цIыкIум ар 1914 гъэм къыщалъхуащ. Къэралым и чемпион пщIэнейрэ хъуащ.
Адыл лъагэт, дахэт, Iэпкълъэпкъ зэкIуж зиIэт. Щыбанэ алэрыбгъум къихьа иужькIэ лъэщт икIи убыдыпIэншэт, техникэ бэлыхь иIэу. А лъэхэнэм щыIахэм мащIэ дыдэт абы хуэфэщэну къыпэувыфынур. Щыхьэту урикъунщ 1948 гъэм Великобританием и къалащхьэм щызэхэта гъэмахуэ Олимпиадэр. Спортым дихьэххэми IэщIагъэлIхэми ящIэрт адыгэ куэд зыхэт Тыркум и командэ къыхэхам лъагапIэ инхэр къызэрыхуэщтэнур. АрщхьэкIэ мащIэт щыгъуазэр Жандемыр Адыл хуэдэ абыхэм зэраIэр. Лондон и алэрыбгъум ар къыщихьащ къэзыцIыху щIагъуэ щымыIэу, ауэ къыщикIыжам дуней псом щаIэтырт. Жандемыр Адыл финалым нэсащ и хьэрхуэрэгъу цIэрыIуэ псори зы шэч лъэпкъ къытумыхьэну хигъащIэри. КIэух зэIущIэм абы къыщыпэщIэуващ Америкэм и Штат Зэгуэтхэм я пелуан Бранд. Ахэр сыт илъэныкъуэкIи зэхуэфащэ зэныкъуэкъуэгъут. АрщхьэкIэ икIэм-икIэжым зи насып къикIар адыгэ щIалэракъым. Ар зы балл закъуэкIэ американ бэнакIуэм къыхигъэщIащ икIи олимп чемпионыгъэр апхуэдэ щIыкIэкIэ IэщIэкIащ. Апхуэдэу щыт пэтми, Жандемыр Адыл и цIэр ину Iуащ 1948 гъэм щыIа XV Олимп Джэгухэм бэнэкIэ хуитымкIэ жэз медалыр къыщихьа иужькIэ. Абы къыкIэлъыкIуэу ар Европэм щэнейрэ щытекIуащ (1949, 1956, 1957 гъэхэм), дуней псом и чемпион хъуащ (1951 гъэ).
ИужькIэ Тыркум бэнэкIэ хуитымкIэ и командэ къыхэхар Догу Яшар и гъусэу игъэсащ икIи текIуэныгъэ куэд къригъэхьащ.
Финляндием и Хельсинки къалэм 1952 гъэм щызэхэта XV Олимпиадэм япэу утыку къыщихьащ СССР-р (спортсмен 300). АрщхьэкIэ а зэхьэзэхуэр нэхъыбэу дигу къыщIинэжар Тыркум щалъхуа бэнакIуэ Iэзэ Европэмрэ дунеймрэ я чемпион Ючел (Бидэныкъуэ) Теуфикъ жэз медалыр абы зэрыщызэIэригъэхьаращ. Ар абазэхэщ. 1927 гъэм Тыркум и Къарэ-Пинар къуажэм къыщалъхуащ. Зэрысабийрэ бэнэкIэм дихьэхащ икIи ехъулIэныгъэшхуэхэр зыIэригъэхьащ.
Олимп ехъулIэныгъэм къищынэмыщIауэ, Теуфикъ Европэм щэнейрэ и чемпионщ (1949, 1956, 1957 гъгъ.), дуней псом 1951 гъэм щытекIуащ.
Тыркум и командэ къыхэхам ираджэурэ зэхьэзэхуэ зэмылIэужьыгъуэ 46-м зыкъыщигъэлъэгъуащ икIи медаль, кубок куэд къихьащ. 1958 гъэм Бурсэ къалэм и бэнакIуэхэр гъэсэн щIидзащ икIи абыхэм ядэщIыгъуу лъагапIэ инхэр зыIэригъэхьащ.

Япэ адыгэ Олимп чемпион Догу ­(ГъукIэ) Яшар.


Жандемыр (Гугъэжь) Адыл.


Ючел (Бидэныкъуэ) Теуфикъ.


Бильге Газанфер.

Жыласэ Заурбэч.
Поделиться:

Читать также: