Топыр къыдэдзынымкIэ зыри къыпэхъунутэкъымМелард бжыгъэкIэ цIыхухэр дунейм щыпсэуащ, щопсэу икIи щыпсэунущ. Абыхэм ящыщу мелуанхэр топ мэджэгу. АрщхьэкIэ, гум къинэжыр гъащIэм е зыпэрыт IэнатIэм лъэужь дахэ къыщызыгъанэхэращ. Апхуэдэу щытащ Iэпщэ Александр. Ар Тбилиси и «Динамо»-мрэ Налшык и «Спартак»-мрэ яхуэугъурла къудейкъым, абыхэм япэ дыдэу чемпионыгъэр зыIэрагъэхьэнымкIэ сэбэп яхуэхъуу, атIэ топджэгушхуэм и «псалъэ щыжызыIэфащ». Iэпщэ Александр хуэдэу жыжьэу топыр IэкIэ аутым къыдэзыдзыф ди къэралым зы футболист исакъым икIи искъым. Абы идза топыр метр 50-м (!) нэблагъэкIэ лъатэрт. А Iуэхугъуэм иригушхуэрт къыдэджэгухэмрэ къыдэщIхэмрэ, ауэ я хьэрхуэрэгъухэм я гъуащхьэхъумэхэр бэлыхь хидзэрт.
Поделиться:
Читать также:
25.04.2024 - 17:30 →
Олимп чемпионыр ящыгъупщэркъым
25.04.2024 - 17:00 →
Кубокыр къыздашэ
23.04.2024 - 20:03 →
Уанэш зэхьэзэхуэшхуэ
23.04.2024 - 17:06 →
Гуп зэпеуэм япэ щыхъуащ
23.04.2024 - 15:26 →
Урысейм щынэхъ лъэщхэр
|