«Жьынэпсыр» адыгэбзэкIэ къыдокI

Илъэсищэрэ щэ ны­къуэм щlигъуащ Урыс-Кавказ зауэр зэриухрэ. Абы лъандэрэ хэхэс адыгэхэр хамэ щIыналъэхэм щопсэу, я хэкум пэIэщIэу, я хабзэмрэ я бзэмрэ зэрамыгъэкIуэ­ды­ным егугъуу.

А зэманым къриубыдэу Iэмал куэд къагупсысащ абыхэм, я щIэблэм адыгэбзэр Iуралъхьэн, адэжь щIэ­ин­хэр яхъумэжын папщIэ. Тыркум щыпсэу ди лъэп­къэгъухэм илъэс 15 хъуауэ къыдагъэкI «Жьынэпс» газетыр, ар мазэ къэс зэ дунейм къытохьэ, напэкIуэцIи 8 - 24-рэ хъууэ зэхагъэувэ, зэ­рыс къэралым къыщыхъу­-къыщыщIэхэр тыркубзэкIэ традзэ, Тыркум щыпсэу ­кавказ лъэпкъхэм я ­хъыбархэр абыхэм я бзэкIэ ятх,къыдэкIыгъуэ къэс адыгэ­бзэкIи зы напэкIуэцI хэтщ.
Ауэ иджы, илъэсищэм щIигъукIэ яхузэфIэмыкIауэ, «Жьынэпс» газетыр адыгэбзэкIэ къыдэкIащ. Фигу къэдгъэкIыжынщи, мы гъэм щегъэжьауэ «Жьынэпсыр» къы­хыхьащ хэкум къы­щы­дэкI «Адыгэ псалъэ» ­(КъБР), «Адыгэ макъ» (Адыгей), «Черкес хэку» (КъШР), «Шап­сугия» (Краснодар край) газетхэм зэгъусэу ягъэ­хьэзыр къыдэкIыгъуэ зэхэтхэм.
Адыгэхэм я щыгъуэ-щIэж махуэм а газетхэм зэгъу­сэу къыдагъэкIа номе­рыр трау­хуащ лъапсэры­хыр къызы­хуагъэкIуа адыгэ лъэпкъым къикIуа гъуэгуанэм, абы и тхыдэм, нобэ и Iуэху зыIу­тым. Ди газетхэми хуэдэу, «Жьы­нэпс­ри» адыгэбзэ къабзэкIэ къыдэкIащ мызы­гъуэгум, Тыркум ис адыгэ­хэм я хъыбархэмрэ лъэхъэнэ жы­жьэм къыпхаха гукъэ­кIыж­хэмрэ, хэкужьым иредгъэха тхыгъэхэр напэкIуэцI 12 хъууэ традзащ.  Газетым и цIэри адыгэбзэкIэ тетхащ, щхъуэкIэп­лъыкIэ дахэщ.
Бзэр щыIэмэ, лъэпкъри щыIэнущ! Дэ аращ дызы­хуэлажьэр, аращ хамэ щIы­пIэхэм щыпсэу ди лъэп­къэгъухэр къызыхуедджэри, къы­зыхэтшэри!

 

 

НэщIэпыджэ Замирэ.
Поделиться: