КIыщокъуэм цIыхур егъэлеяуэ фIыуэ елъагъури, арагъэнщ езыри псом я щхьэу фIыуэ щIалъагъур. Абы и гъащIэ уэрыр, и тхыгъэхэм куэдрэ къыхигъэщ адыгэш шагъдий цIэрыIуэм тесу зэпич гъащIэшхуэ гъуэгуанэр гъэнщIащ цIыхубэм и насыпым щIэбэнынымкIэ. Абы и лъэныкъуэкIэ хуабжьу шэрыуэу итхащ критик, филологие щIэныгъэхэм я кандидат Сокъур Мусэрбий: «КIыщокъуэ Алим сыт хуэдэ тхыгъэ и Iэпэм къыщIэкIми, дапхуэдэ Iуэху илэжьми, и гуащIэдэкIым, жыр гъэплъакIэ традзам хуэдэу, дамыгъитI телъщ: лIыгъэрэ акъылрэ. Ауэ а тIур цIыхубэм и щIыхьыр къэIэтыным емыпхамэ, тхакIуэм зыуи къридзэркъым, сыту жы-пIэмэ жыгым я нэхъ дахэри фаджэ мэхъури мэгъуж, къэзылъхуа щIым абы и лъабжьэхэр къыхэптхъмэ…»
ТхакIуэшхуэм цIыхур фIыуэ елъагъу жытIащ. Ауэ абы езым и лъагъукIэ, цIыхум и еплъыкIэ иIэжщ, армыхъумэ зэрыцIыху къудейм и хьэтыркIэ псори зэхуэдэу илъагъуркъым. И тхыгъэ Iэджэми къызэрыщигъэлъагъуэм хуэдэу, дунейм щытетым деж зыхэт цIыхухэми ар йоплъ дэтхэнэми зэрыхуэфащэм, къызэрилэжьыфым хуэдэу. Алим къомыпсалъэу къыщоплъым деж дыди зыхуейр къыбжеIэф. Езым и зыIыгъыкIэмкIэ, дуней тетыкIэмкIэ, и цIыху хэтыкIэмкIэ абы уэри фIым, дахэм, тэмэмагъым, нобэрей гъащIэм декIу цIыху пашэм и хьэл-щэнхэм ухуеузэщI. Алим пIащIэ зэпытщ, аращ шы жэр щIыхуейри, ауэ зэи зихъунщIэркъым, ихъу-илъкъым, атIэ Iуэхур шэщIауэ еIыгъыф, гупсэхуу зэпещIэф.
Зыхалъхуа лIэщIыгъуэм гу хьэлэлрэ псэ къабзэкIэ гуащIафIэу хуэлажьэу, лъэпкъ литературэм лъабжьэ быдэ хуэзыгъэтIылъа лIыфIхэм ящыщу пцIыху Алим ущыбгъэдэт къудейкIи нэмысышхуэ, фIэлIыкIыныгъэ хубощI. Ауэ езыр уи ныбжьэгъу къызэрыгуэкI гуэрым хуэдэу икIи къыбдэуэршэрынщ, икIи къыбдэгушыIэнщ, и гурылъхэри къыпхуиIуэтэнщ, нэмысым, щIыхьым нэсынщи, гъащIэм и гъуджэми наIуэу уригъэплъэнщ.
Гъуэгуанэ кIыхь зэпызыч шум уэлбани къытохъуэ, ар къуэ кууми хуозэ, задэми докI. Дэ тщIэркъэ - бгы лъагэм уэс къабзэр тесэ къудейкъым, борэни тохъуэри, мылу зэщIощтхьэ. Ауэ езыр и пIэм икIыркъым, и хьэл ихъуэжыркъым, дыгъэри топсэж. Апхуэдэщ гъащIэм и гъуэгуанэ мытыншыр лIыгъэ хэлъу зэпызыч цIыхур. «Насып щIэкъуныр арщ насыпыр» жызыIа Алим ещIэ уцIыхуныр зэрынасыпым къыдэщIыгъуу, уцIыхуныр зэрыгугъури. Дауи, дунеижьыр акъылкIэ зыщ, цIыхупсэр гъащIэм и кхъузанэмкIэ зыухуэнщI тхакIуэшхуэм фIыуэ ещIэ насыпымрэ ар уиIэным гугъуехьу пылъымрэ я уасэр зыхуэдизыр. Аращ Алим къару мыкIуэщI иIэу щIэлэжьэрейр.
Адыгэ тхакIуэр нэху мыщу Москва къалэшхуэм къыщоушри и стIолым бгъэдотIысхьэ, дунеишхуэм йогупсыс, и адыгэ хэку цIыкIур и гум илъщ, и сабиигъуэр зи щIагъ щрихьэкIа кхъужьей жыгыжьыр и псэм щегъафIэ. Матхэ, мэлажьэ, гугъу зрегъэхь, зрегъэхь егъэлеяуэ, зримыгъэхьын лъэкIыну пэтми… ГъащIэм и уасэр зыщIэ лIым ещIэж гугъу зыщIригъэхьыр. ЕщIэж езым хуэдэ тхакIуэ куэд а къэмыуша къалэшхуэм зэрыдэсыр, ещIэж езым хуэдэ куэд зыхэплъэ дунеишхуэм зэрытетари, зэрытетри, къызэрытехъуэнури. Ауэ псэху имыIэу мэлажьэ, езыр зыхуэдэ куэдым ящыщ зыми езыр емыщхьын, хэмыгъуэщэн, зэры-Алиму къэнэжын папщIэ.
Ди адыгэ тхакIуэхэм я шу пашэ КIыщокъуэм и Iэдакъэ къыщIэкI дэтхэнэ тхыгъэфIми и лъэпкъыр, тхылъеджэ псори щогуфIыкI. Алим и усэхэм ящыщ зым зэрыщитхащи, дэтхэнэ мэкъумэшыщIэри щIым и пащхьэм зэры-щыжэуаптакIуэм хуэдэу, дэтхэнэ усакIуэри къэрал псом и пащхьэм щыжэуаптакIуэу къелъытэ. Ар зи гурылъу емышу лажьэ тхакIуэшхуэм и лъэпкъ цIыкIур дяпэкIи тхыгъэщIэ хьэлэмэтхэмкIэ зэригъэгуфIэфынум шэч хэлъкъым.