Налкъут мыункIыфI

ГукъэкI бжыгъэншэрэ гупсысэ мыу­жыхкIэ гъэнщIащ КIыщокъуэ Алим и тхыгъэхэмрэ гъащIэмрэ, кууагъ и лъэ­ныкъуэкIэ абы бжьыпэр щиIыгъщ бгы­рыс лъэпкъхэм я литературэм, хуэфэщэжу къыхужаIэ «Иджы­рей Кавказым и акъылыфIэ» псалъэхэр.
ЖыпIэнуракъэ, лIэщIыгъуэ дызэ­ры­тым лъэпкъым къикIуа гъуэгуанэм и фIыпIэри и гуащIагъри КIыщокъуэм Iэзагъэ уардэкIэ къипщытэжащ, пкъырэ псэрэ хэлъу ди пащхьэ кърилъхьэжащ, къэкIуэнум хуэунэтIа дерс IущкIэ ипсы­хьащ. Блэ­кIам хэлъа бзаджагъэхэмрэ щыуагъэ­хэмрэ темыгъэзауэ, фIыгъуэм щIэбэнын - аращ КIыщокъуэм цIыхубэр зыхуиущийр. А гуращэращ КIыщо­къуэм и тхыгъэхэм я пщIэр нэхъри зыгъэлъагэр.
Дэтхэнэ зы тхакIуэшхуэми хуэдэу, сакъыу икIи ткIийуэ ехъумэ КIыщокъуэ Алим цIыхубэ гъащIэм и лIэужь къабзэхэр, зыхилъхьэ щымыIэу.
Ди зэманым и гуращэхэмрэ и хабзэхэмрэ цIыху гъащIэм хэпщауэ сэтей къищIын мурадкIэ, КIыщокъуэм и усэ­хэми и романхэми щыгъунэжщ лъэпкъ тхыдэмрэ щэнхабзэмрэ къыщIауIукIа нэщэнэ налкъутхэр, лъэпкъым ныбжь и ныбжькIэрэ зэригъэпэща цIыхугъэ фащэхэр, хъыбар налъэхэр, сюжет гъэ­кIэрэхъуа къызыхэкI къэхъукъащIэхэр, жырыпкъыу псыхьа псэлъафэ шэры­уэхэр - щIэ щIэткъым цIыхубэ гъащIэр цIыхубэм и бзэкIэ «къигъэпсэлъэн» пап­щIэ тхакIуэм къигъэсэбэп Iэмалхэм.
КIыщокъуэ Алим и эстетикэм тхы къупщхьэ­ папщIэу пхыкI лIэужьыгъуэ­хэм ящыщщ лIыхъужьыгъэр, хахуа­гъэр, ахэр зи пщалъэ щIыхьыр, цIыхугъэр. ЖыпIэ хъунущ а лIыхъужьыгъэхэр ди нобэрей щэнхабзэм налкъут мыункIыфIыж зэрыхуэхъуар Алим куэ­дыкIейкIэ и хьэрычэту. ЛIыгъэр зи­щIысыр къэзыгъэлъагъуэ тхакIуэр езы­ри зэрымылIыгъэншэм и щыхьэт наIуэщ абы и къалэмыпэм къыщIэкIа тхыгъэ купщIафIэхэр.

 

СОКЪУР Мусэрбий. 1982 гъэ
Поделиться:

Читать также:

25.04.2024 - 09:00 НОБЭ
24.04.2024 - 13:21 ЩIым и махуэ
24.04.2024 - 11:43 НОБЭ
23.04.2024 - 09:45 НОБЭ
22.04.2024 - 15:50 НОБЭ