Хэку лъагъуныгъэр игъэнэхъапэу псэуа Бэтокъуэ Нияз

ХамэщI щыпсэу, адыгэу зызы­лъытэж псоми я щIасэщ Хэкужьыр. АдыгэщIыр я псэм хэлъу, адыгэ тхыдэр я лъым хэту, я гур мыбыкIэ къеIэу мэпсэу ахэр. Адэжь щIыналъэр зэзыгъэгъуэтыжыфу, тхыдэм и къэгъэшыпIэ задэхэм я зэранкIэ нэхъыжьыфIхэм ипэкIэ яфIэкIуэдауэ щыта лъахэр псэупIэ зыщIыфхэри щыIэщ. Дауи, абыхэм я бжыгъэр куэдкIэ нэхъ мащIэщ зи «лыр абы щыIэми, къупщхьэр Къэбэрдейм ейуэ» къэзылъытэу хамэ къэралхэм щыпсэу адыгэ мелуанхэм нэхърэ. ИтIани, апхуэдэхэр щыIащ икIи ноби щыIэщ, сызэригугъэмкIи, ахэр ящыщщ адэжь щIыналъэм и псэкупсэ нэсхэм.

Хэкужьыр зи псэм хэлъу абы къэзыгъэзэжахэм ящыщащ филологие щIэныгъэхэм я доктор, Кавказыр джынымкIэ центрыр Париж дэт Сорбоннэ университетым къыщызэзыгъэпэщахэм яхэта, КъБКъУ-м щезыгъэджа, Къэбэрдей-Балъкъэрым гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ и щIэныгъэ институтым и щIэныгъэ лэжьакIуэ нэхъыжьу щыта Бэтокъуэ Нияз. Еджагъэшхуэм жиIэжу зэрыщытамкIэ, и ­гъащIэм щыщу адэжь щIыналъэм зэрыщыпсэужа иужьрей илъэсхэращ и гумрэ и псэмрэ жьы дихуу, псэхугъуэ ягъуэту щекIуэкIар. Хэкум къэIэп­хъуэжыну триухуэу а мурадыр зэрызригъэхъулIами зэи хущIегъуэжакъым Нияз, адэжь щIыналъэм хуэгъэпса ­лъагъуныгъэр адрей гурыщIэ псоми елъагэкIыу къэзылъытэу, ар зыгъэнэхъапэу псэуа цIыху щыпкъэр.
Бэтокъуэр 1940 гъэм мэлыжьыхьым и 11-м Сирием къыщалъхуащ. Ар къыщыхъуащ адыгэхэр нэхъ зэуIуу щыпсэу Джолан лъагапIэхэм я КъунейтIрэ куейм. ПэщIэдзэ школри курыт еджапIэри абы къыщиухащ Нияз. ЩIалэ гурыхуэм дзыхь къыхуащIащ егъэджэныгъэ IэнатIэм пэрыувэну икIи илъэситI хуэдизкIэ КъунейтIрэ и курыт школхэм ящыщ зым хьэрыпыбзэр щригъэджащ. 1967 гъэм адыгэхэр а щIыпIэхэм кърахуа нэужь, ахэр Си­рием хэгуэша хъуащ, зыкъомри нэ­гъуэщI къэралхэм Iэпхъуащ. Зи псэупIэр зыхъуэжахэм ящыщащ Бэтокъуэхэ я унагъуэри.
А лъэхъэнэм Алжирым Iэпхъуащ Бэтокъуэхэ я унагъуэр икIи Нияз лэжьыгъэм щыпищащ а къэралым и курыт школхэм языхэзым. Илъэс зы­тхухкIэ щыIащ а щIыпIэм ар, и гъащIэ псор адэкIэ зэрыхъунум и пэщIэдзэ Iуэхугъуэхэри абы щиублащ.
Бзэ щIэныгъэм хуабжьу дихьэх егъэджакIуэр набдзэгубдзаплъэу якIэ­лъыплъырт хамэбзэ зыбжанэм я зыужьыкIэм. Псом хуэмыдэу ар итхьэкъуащ франджыбзэм икIи ар езыр-езыру зригъэщIэн щIидзащ. Щхьэхуимыту узыIэпызышэ малъхъэдисым хуэдэу къыщIэкIащ франджыбзэр ­Нияз и дежкIэ. А бзэм и зэхэлъыкIэм ар апхуэдизу дихьэхати, мурад ищIащ абы нэхъ куууэ хуеджэну, абыкIэ щIэныгъэ нэхъыщхьэ зригъэгъуэтыну. Абы щхьэкIэ Франджым кIуэн хуейт. Абы ирихьэлIэу дунейм ехыжат абы и адэ Мухьэдин, унагъуэ ихьэри Иорданием Iэпхъуат и шыпхъу нэхъыжь Надие. И анэ Хьэжыхъан къыбгъэдэнэн нэгъуэщI сабий къащIэхъуатэкъым Бэтокъуэ зэщхьэгъусэхэм: зэрыбыниблым щыщу балигъыпIэм нэсар Надиерэ Ниязрэт, адрейхэр узыфэ зэмылIэужьыгъуэхэм цIыкIуу яхьакIэт.
Анэм и дежкIэ тынштэкъым тегъэщIапIэрэ гугъапIэу къыхуэна щIалэ закъуэр хамэ щIыпIэ жыжьэм иутIыпщыну, ауэ абы хузэфIэкIащ и щхьэ Iуэхум япэ и быным и хъуэпсапIэр иригъэувэн. Ар фIыуэ щыгъуазэт и щIалэр франджыбзэм хуабжьу зэрыдихьэхам, абыкIэ иIэ зэфIэкIхэм адэкIэ хигъэхъуэну зэры­щIэхъуэпсри гурэ псэкIэ зыхищIэрт. Нияз Париж кIуэуэ абы я къэрал университетым франджыбзэм щыхуе­джэну мурад зэриIэр и анэм щы­хуиIуэтам, абы къыжриIауэ щыта псалъэхэр иужькIэ зэи щыгъупщакъым абы. «Уи Iуэху абы нэхъ щыдэкIынумэ, уи лъэр нэхъ быдэу щыувынумэ, си щIалэ, сэр щхьэкIэ умыгузавэ, сып­хуэарэзыщ, гъуэгу махуэ», - арат анэм жэуапу итар, зымащIэрэ хэгупсысыхьа нэужь… Тхьэм ещIэ, ар абы щыгъуэ зэгупсысар. ЩытыкIэр щымыщIагъуэ къэралым ­къуэр къригъэкIмэ нэхъ ­къищтауэ пIэрэ, и псэр хъума хъун щхьэкIэ? Сытми, Нияз и мурадыр анэми таучэл дищIри, щIалэр Франджым кIуащ.
Iуэхум лъэпощхьэпо гуэрхэр хэлъами, ахэр къызэринэкIри, Нияз 1970 гъэм Франджым нэсащ. ЯпэщIыкIэ абы университетым щIэтIысхьэным зыхуигъэхьэзыращ, франджыбзэр иджу, лъэпкъ литературэм зэрыхъукIэ щыгъуазэ зыхуищIу. ИтIанэ Париж дэт Сорбоннэ университетым франджы литературэмкIэ и къудамэм щIэтIыс­хьащ. А IэщIагъэм Нияз илъэсиплIкIэ хуеджащ, диплом лэжьыгъэри итхыжри пхигъэкIыжащ. ИужькIэ литературэ зэгъэпщэныгъэм магистратурэм щхьэхуэу илъэситIкIэ щыхуе­джэжащ, абыкIи диплом къратащ. ЩIэныгъэм хуэнэхъуеиншэ, къыхиха IэщIагъэр хуабжьу зыфIэхьэлэмэт IэщIагъэлI щIалэр абдежым къыщыувыIакъым. Зэман куэд димыгъэкIыу университетым и аспирантурэм щIэ­тIысхьащ. Зы илъэсым и кIуэцIкIэ кандидат лэжьыгъэр игъэхьэзырауэ щытащ Бэтокъуэм икIи 1978 гъэм ар ­ехъулIэныгъэкIэ щыпхигъэкIащ Сорбоннэ университетым, филологие щIэныгъэхэм я кандидати хъуащ. А университетым щылажьэурэ, щIэныгъэлIыр доктор диссертацэми иужь ихьащ. ИлъэситхукIэ елэжьа нэужь, ар утыку кърихьащ. Диссертацэхэр къэ­зыпщытэ гупыр арэзы техъуащ Бэто­къуэм и къэхутэныгъэ купщIафIэхэм, щытхъушхуи хужаIащ. Ари ехъулIэныгъэ иIэу пхигъэкIащ Нияз икIи 1983 гъэм филологие щIэныгъэхэм я доктор цIэ лъагэр къыфIащащ.
Адыгэгурэ адыгэпсэрэ зиIэ щIалэм и щIэныгъэ-къэхутэныгъэ лэжьыгъэхэр псори зытеухуар адыгэбзэрат. Ди анэдэлъхубзэр Iурылъу, хьэрыпыбзэри ищIэу, франджыбзэми фIы дыдэу щыгъуазэ зыхуищIа нэужь, абы запищIащ Париж дэт, Дунейм тет бзэхэр джынымкIэ лъэпкъ къэхутакIуэ институтым. Абы и IэщIагъэлIхэм зи зэхэлъыкIэр хуабжьу яфIэхьэлэмэт бзэхэм ящыщу къыщIэкIащ адыгэбзэр. И къэхутэныгъэхэр адыгэбзэмрэ франджыбзэмрэ я зыужьыкIэмрэ зэщхьу е зэщхьэ­щыкIыныгъэу яхэлъхэмрэ триухуэну Бэтокъуэм щыжиIэм, ар къыдаIыгъащ щIыпIэм и щIэныгъэлIхэм. Зыхуеиххэр арати, фIэфIу, фIэгъэщIэгъуэну лэ­жьыгъэм яужь ихьащ адыгэ щIалэр, зэман кIэщIым къриубыдэуи зэфIихащ. Абы и дежкIэ псом нэхърэ нэхъыщхьэр зыпэIэщIэу псэу и Хэку­жьым, адэшхуэ лъахэм, нэхъ гъунэгъуу пыщIа зэрыхъуфарат, и псэм щигъафIэ ди анэдэлъхубзэм папщIэ зыгуэр зэрилэжьарат.
А лъэхъэнэм иубла Iуэхум и гъащIэ псор тыхь хуищIащ щIэныгъэлIым. 1987 гъэм абы къыдигъэкIауэ щытащ томитIрэ Iыхьихыу зэхэт «Адыгэбзэ-франджыбзэ псалъалъэм» и япэ Iыхьэр. А псалъалъэм и къыкIэлъыкIуэ тхылъхэр дунейм къытехьащ 1990, 1992, 1995 гъэхэм. 2005 гъэм хьэзыр хъуащ икIи къыдэкIащ иужьрей тхы­лъитIыр. Ахэр псори Франджым и къэрал университетым къыщыдэкIащ. А щIыпIэм щыIэ щIэныгъэлIхэми щы­псэу ди лъэпкъэгъухэми яфIэхьэлэ­мэту къахуэщхьэпащ, иужькIэ, лIэщIыгъуэ блэкIам и 90 гъэхэм, ди щIы­налъэм къэкIуэжу КъБКъУ-м хамэ къэ­ралыбзэхэмкIэ и факультетым щы-
­щри­гъэ­джами, лэжьыгъэм къащагъэсэбэпащ езыми иригъаджэ студентхэми.
А псалъалъэхэр ауэ лексикографие лэжьыгъэ къудейуэ аракъым, атIэ ­псалъэгъэнахуэ хьэлэмэтщ, купщIа­фIэщ. Абыхэм къыщыгъэлъэгъуащ иджырей адыгэбзэм и зыужьыкIэм хэлъ щхьэхуэныгъэхэр, адыгэбзэмрэ франджыбзэмрэ зэрызэдэхъумрэ       ­яIэ щхьэхуэныгъэхэмрэ. НапэкIуэцI ­2200-м щIигъу а псалъалъэхэм ярытщ псалъэ минищэ бжыгъэ. Ар лэжьыгъэшхуэщ. Академикхэу Соболевскэмрэ Виноградовымрэ, псалъалъэ зэхэзыгъэувэфа щIэныгъэлIхэм щатепсэлъыхькIэ, куэдрэ щапхъэу къахьу щытащ дунейпсо цIэрыIуагъ зиIэ ­Готфрид Герман и псалъэхэр: «Бзэ щIэныгъэм нэхъ гугъу дыдэу IуэхуитI хэлъщ: ар псалъалъэ (псалъэгъэнахуэ) зэхэлъ­хьэнымрэ грамматикэ птхы­ным­рэщ». Псалъэгъэнахуэ псалъалъэ зэхэгъэувэныр сыт хуэдэ лъэхъэни ­къалэнышхуэ зыпылъу къелъытэ ди лъэпкъ щIэныгъэлI пажэхэм ящыщ Апажэ Мухьэмэди. Лексикографым и лэжьыгъэр гугъуагъкIэ Геркулес и лIыхъужьыгъэм зэрыхуагъадэр мызэ-мытIэу жиIащ Апажэм. АтIэ апхуэдиз зэфIэкI къыкъуэкIат щIэныгъэлI щыпкъэ Бэтокъуэ Нияз.
Апхуэдэу, щIэныгъэ Iуэхухэмрэ къэхутэныгъэ хьэлэмэтхэмрэ зэщIаIыгъэу, Бэтокъуэр илъэс 13-кIэ Париж щыпсэуащ. 1984 гъэм ар и анэм деж кIуэжащ, ар зыщIигъури и шыпхъур зыщыпсэу Иордание къэралыгъуэм Iэпхъуащ. Амман дэт къэрал университетым ирагъэблэгъащ щIэныгъэлI цIэрыIуэр икIи абы франджыбзэр илъэс зыхыблкIэ щригъэджащ, и къэхутэныгъэхэми абы щыпищэу.
Зи Iуэхухэр хъарзынэу зэтеува, и IэнатIэкIи лэжьыгъэм щиIэ ехъулIэныгъэкIи тэмэму екIуэкI щIэныгъэлIыми псэхугъуэ игъуэтыртэкъым. Зэи игу имыкIыу ар щIэхъуэпсырт адэжь щIыналъэм къигъэзэжыну. А гурыщIэр зы махуэм нэхърэ адрей махуэм нэхъ лъэщыж хъурт, пэмылъэщыжу. АбыкIэ Нияз щIэх-щIэхыурэ ядэгуашэрт и шыпхъумрэ и анэмрэ. Ахэр езыхэри, хамэщI щыпсэу адыгэ мелуанхэми яхуэдэу, зэщIиIыгъэрт а гупсысэм, ауэ тегушхуэу Хэкум къэкIуэжыфыртэкъым. ИкIэм-икIэжым, и анэмрэ и анэкъилъхумрэ къыдаIыгъыу, Бэто­къуэм мурад ищIащ Къэбэрдейм къэкIуэжыну. Абы ирихьэлIэу СССР-р зэхэщэщэжри, къэрал ­гъунапкъэхэри нэхъ зэIуха хъуат.
1991 гъэм Хэкужьым къигъэзэжащ Нияз. Илъэс 50-кIэ езыр зыщIэхъуэпса, и адэ-анэм, адэшхуэ-анэшхуэм, хамэ къэралхэм щыпсэууэ адыгэу зыкъэзылъытэж апхуэдэ цIыху минхэм я псэ лъащIэм щагъэфIа гурыщIэмрэ гухэлъымрэ зыIэригъэхьат хэкупсэм. Ар Налшык къалэ уэрамхэм ирикIуэрт, адэжь щIыналъэм и лъэр зэрыщытеувэр и фIэщ щымыхъуж дакъикъи къыхэкIыу. «Ар пэж!? Мыр сэра!? СыздэщыIэр Хэкужьыра!?» - къэувыIэурэ езыр зэупщIыжырт, зэгупсысыжырт хэкупсэ нэсыр. Бэтокъуэм и гум щыхъэмрэ и псэм щыщIэмрэ псалъэкIэ къэIуэтэгъуейт… Ар пэжт. Мыр езырат. ЗдэщыIэри Хэкужьырат.
Псом япэрауэ, Бэтокъуэр яужь ихьащ и благъэ-Iыхьлыхэр къэгъуэтыжыным. Абы и адэшхуэ Бэтокъуи (иужькIэ я унагъуэцIэр абы къытекIыжащ) и адэ Мухьэдини Iэджэрэ къы­хуаIуэтат адыгэ Хэкужь хъыбархэр. Къыхэгъэщыпхъэщ Бэтокъуэхэ я унагъуэм анэдэлъхубзэм пщIэ хэха иIэу, ар илъу сыт щыгъуи зэрыщытар. Хьэрыпыбзэр сабийхэм къыщащIэри щрипсалъэри школырат - унагъуэм щызекIуэр адыгэбзэт. Абы хуэсакъырт нэхъыжьхэр. ФIыр зи гугъапIэ абыхэм щIэблэм жраIэрт я анэдэлъхубзэр ­хъумэн зэрыхуейр, «нобэ мыбы дыщыIэми, пщэдей ди щIыналъэ ­дгъуэтыжмэ, хьэдыгъуэдахэкъэ ди бзэкIэ дымыпсэлъэжыфыныр, ди хабзэхэр дымыщIэжыныр, сыт напэр диIэу даIуплъэжыну абы къэнахэм» псалъэхэр куэдрэ зэхрагъэхырт. Нэхъыжьхэм я жыIэмрэ я хабзэмрэ и ­гъуэгугъэлъагъуэт Нияз. Хэкужьым къыщыкIуэжами, ахэращ ар лъэпкъым хэзэгъэжынымкIэ тегъэщIапIэ хуэхъуар. Абыхэм я хъыбархэр и гъуэгугъэ­лъагъуэу Тэрч щIыналъэм къыщигъуэтыжащ и Iыхьлыхэри.
Къэбэрдейм къэкIуэжа нэужь, куэд дэмыкIыу ар егъэджакIуэу къащтащ КъБКъУ-м хамэбзэхэмкIэ и факультетым. Илъэс зыбжанэкIэ абы щригъэджа нэужь, Бэтокъуэр Къэбэрдей-­Балъкъэрым гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ и щIэныгъэ институтым иригъэблэгъауэ щытащ а зэманым а IуэхущIапIэм и унафэщIу лэжьа щIэныгъэлI цIэрыIуэ Думэн Хьэсэн. Абы Бэтокъуэр щIэныгъэ лэжьакIуэ нэхъыжьу илъэс куэдкIэ щылэжьащ, пщIэ щиIэу, нэмыс къыхуащIу. Улахуэшхуэ имыIами, абы гукъыдэж иIэу и IэнатIэр ирихьэкIащ, лъэкI псори и Хэкум и зыужьыныгъэм ирихьэлIэмэ фIэфIу. Хэкупсэ нэс Бэтокъуэ Нияз и дежкIэ псом ящхьэр и адэжь лъахэм зэрисыжырат, и анэдэлъхубзэмкIэ хуиту зэрыпсэлъэфырат, Iуащхьэмахуэ лъапэ щетIысэха и лъэпкъым ифI къызэрыкIын Iуэхухэр зэрызэфIихы­фырат.
2014 гъэм и жэпуэгъуэ мазэм щIэныгъэлIыр дунейм ехыжащ, куэдри мысымэджауэ. Бэтокъуэ Нияз Мухьэдин и къуэм и фэеплъыр яхъумэ абы къыдэлэжьахэм, зыцIыхуу щытахэм. Зи Хэкур гурэ псэкIэ зылъагъуф, абы и ехъулIэныгъэм папщIэ лъэкI псори хьэлэлу зылэжьыф цIыхум ноби и щапхъэщ Бэтокъуэм и гъащIэ купщIафIэр. Псэужамэ, мэлыжьыхьым и 11-м, Нияз и ныбжьыр илъэс 80 ирикъунут.

 

ЖЫЛАСЭ Маритэ.
Поделиться:

Читать также:

26.04.2024 - 14:00 ЩIыпIэцIэхэр
26.04.2024 - 13:20 НОБЭ