Адыгэ пщащэ-2018

Ди газетым зэрытетащи, Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и жэрдэмкIэ, мы гъэм илъэс етхуанэ хъуауэ Кэнжэ ЩэнхабзэмкIэ и унэм къыщызэрагъэпэщ «Адыгэ пщащэ» республикэпсо зэпеуэм и зи чэзу зэхыхьэр екIуэкIащ.

Пшыхьым и пэщIэдзэм Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ, «Адыгэ псалъэ» газетым и редактор нэхъыщхьэ ХьэфIыцIэ Мухьэмэд жиIащ адыгэм къыдекIуэкI хъугъуэфIыгъуэхэмрэ лъэпкъ щэнхабзэмрэ хъума хъунымкIэ мы зэпеуэм мыхьэнэшхуэ зэриIэр, адыгэ пщащэм хэлъын хуей хьэл-щэнымрэ иIэн хуей дуней тетыкIэмрэ наIуэ зэрищIыр, ар зылъагъу псоми щапхъэ трахмэ, дерс къыхахмэ, я мурадыр къайхъулIауэ къызэрилъытэнур.
Пщащэхэм я Iэзагъымрэ зэфIэкIымрэ къапщытащ усакIуэ, «Нур» журналым и редактор Хьэту Пётр, модельер цIэрыIуэ ХьэцIыкIу Мадинэ, Дунейпсо, Къэбэрдей Адыгэ Хасэхэм я тхьэмадэхэм я къуэдзэ Щоджэн Iэминат, «1 КъБР» телеканалым и лэжьакIуэ Жэман Мадинэ, актёр, режиссёр Хьэмыкъуэ Олег, «Адыгэ псалъэ» газетым политикэмкIэ, жылагъуэмрэ лъэпкъ IуэхухэмкIэ и къудамэм и унафэщI, Адыгэ Республикэм щIыхь зиIэ и журналист НэщIэпыджэ Замирэ, уэрэджыIакIуэ щIалэ Бэч Азэмэт, «Урысей зэкъуэт» политикэ партым и «ЩIалэгъуалэ гвардием» хэт Тэтэр Къантемыр, пщафIэ Iэзэ Мамий Мухьэмэд, «Кабардинка» къэрал академическэ ансамблым и къэфакIуэ пажэ Битокъу Науркъан сымэ.
Зэпеуэр езыгъэкIуэкIа Къанкъул Ислъамрэ Бат-Къуэныкъуей Залинэрэ я фIэхъус гуапэм иужькIэ, хъыджэбзхэр зырызу утыкум кърашащ, дэтхэнэри къызыхэкIа лъэпкъым, къызыдэкIа жылэм дыщагъэгъуазэу. Пщащэр дахэ къудейкIэ зэфIэкIыркъым. Ар гъащIэм хуэIущу, щIэныгъэм хуэпабгъэу, лъэпкъ тхыдэм хищIыкIыу, адыгэ Iуэхум ехьэлIа дауэдапщэхэм щыгъуазэу щытын зэрыхуейр къигъэлъагъуэрт зэпеуэм хэтхэм я акъыл жанагъыр къыщапщытэ Iыхьэм. ИтIанэ пщащэм Iэмал имыIэу хэлъын хуей IэпщIэлъэпщIагъэр ягъэлъэгъуэным хуэкIуащ. Унэгуащэ IэпэIэсэм мастэ-Iуданэр хуэгъэIэкIуэлъакIуэрэ идыр мытIэпIу щытын хуейкъэ?! Бзыхьэхуэхэр, мастэ-Iуданэхэр, лэныстэхэр, щIыIухэр хуагуэшри, дакъикъэ зыбжанэм къриубыдэу хъыджэбзхэм я къалэн ягъэзэщIащ. ПщэфIэным зэрыхуэшэрыуэр наIуэ къыщащI Iыхьэми ныбжькIэ щIалэ пщащэ цIыкIухэр унэгуащэфIым хуэдэу зыкъыщагъэлъэгъуащ. ЩIакхъуэзэтеупIэщIыкI, кхъуейжьапхъэ, пIастэ, лыцIыкIулыбжьэ, лыгъур гъэжьа, тхьэмщIыгъуныбэ, джэдлыбжьэ, нэкулъ, бабыщ гъэварэ цIыртIрэ, лэкъум, кхъуей, уеблэмэ шыуан зэфIэдзам хагъэвыхьа щхьэ щIэлъэныкъуэ утыку кърахьат зэпеуэм хэтхэм.
Щэнхабзэм хухэха Iыхьэри дахэу екIуэкIащ а пщыхьэщхьэм. Зэпеуэм хэта хъыджэбзхэм адыгэбзэр ящIэ къудейтэкъым, утыку итыкIэм зыхуагъэсам и закъуэтэкъым, атIэ дэтхэнэри зы Iуэху дахэ гуэрым дихьэхыу къыщIэкIри, нэгузыужьу екIуэкIащ. Хэти уэрэд жиIэрт, хэти къафэм хэтти, зэкIужу утыку къыщыфэрт, анэдэлъхубзэр ­игъэбзэрабзэрэ гур къиIэту усэ гъэхуауэ къеджэ яхэтт, теплъэгъуэ щIыкIэу зэхагъэувауэ хъуэхъу зэмылIэужьыгъуэхэр жаIэрт, пианинэ еуэрт.
Таурыхъым и лъахэм укъыщигъэхутэрти, дунейр зэтезыIыгъэ дахагъэр уи пащхьэ щызекIуэрт пщащэхэм я пшыхь фащэхэр щагъэлъэгъуа Iыхьэм. Адыгэ пщащэ Iэдэбт, зэкIужт, щIыкIафIэт, нэфIэгуфIэт утыкум щытлъагъуну тфIэигъуэу пшыхьыр щIызэхэтшар. Мис ар наIуэ щыхъуащ мы Iыхьэм. Анэдэлъхубзэм и кууагъри, абы и фIагъри зыхэплъагъуэр IуэрыIуатэращ, адыгэ хъуэхъухэращ. Иужьрейуэ пщащэхэр зэрызэпеуар хъуэхъукIэти, хэбдзыну зы псалъэрэ уигу дэмыхьэну зы пщащэрэ яхэмыту абы пэлъэщащ хъыджэбзхэр.
Пшыхьыр ягъэщIэрэщIащ Хъупэ Марианнэ, Вындыжь Аскэр сымэ я уэрэдхэмрэ Мамий Аслъэн и пшыналъэ гуакIуэмрэ.
«Адыгэ пщащэ-2018» республикэпсо зэпеуэм и Гран-при саугъэтыр къихьащ Шэджэм Езанэм щыщ Гъуэт Миланэ, Япэ адыгэ пщащэ хъуащ Псынабэ дэс Шокъум Iэминэ, ЕтIуанэ адыгэ пщащэр зыхуагъэфэщар Джэрмэншык щыщ Молэ Миланэщ, Ещанэ адыгэ пщащэ хъуащ Нартан къикIа Ардавэ Камилэ. Пщащэ нэIурыту къыщэкIащ Тау Лаурэ (Щхьэлыкъуэ), Пщащэ щIыкIафIэт ДыщэкI Iэминэ (Налшык), Пщащэ зэкIужу къалъытащ Беслъэней Фаинэ (Псыхъурей), Пщащэ акъыл жант Гъубжокъуэ Линэ (Нарткъалэ), Къафэм и гуащэ хъуащ ФIыцIэ Алинэ (Псыгуэнсу), Iэнэм и гуащэт Хьэмгъуокъу Камиллэ (Кэнжэ).
Зэхьэзэхуэм щытекIуахэм, хэтахэм саугъэт хуащIащ Налшык къалэ администрацэм ЩэнхабзэмкIэ и управленэм, Дунейпсо, Къэбэрдей Адыгэ Хасэхэм, «Адыгэ псалъэ» газетым и редакцэм, «Эльбрус» тхылъ тедзапIэм, «Урысей зэкъуэт» политикэ партым и «ЩIалэгъуалэ гвардием», «Адыгэ унэ» тыкуэн-музейм, ТРЦ «Дея» ООО-м, «Кенжа» ООО-м, «Чистюля» тыкуэным, бзылъхугъэхэм зэрызагъэщIэращIэ хьэпшыпхэр зыщI Шишман Залинэрэ КIэрэф Альбинэрэ.


Сурэтхэр Къарей Элинэ трихащ.

НэщIэпыджэ Замирэ.
Поделиться: