Класс унафэщIхэм я улахуэм хущIагъуУФ-м и Правительствэм «УФ-м егъэджэныгъэм зыщегъэужьын» и къэрал программэм теухуауэ», «КъБР-м егъэджэныгъэм зыщегъэужьын» и къэрал программэм теухуауэ» унафэхэр и лъабжьэу, апхуэдэуи республикэм и къэрал егъэджэныгъэ IуэхущIапIэхэм гъэсэныгъэ лэжьыгъэр щегъэфIэкIуэным хуэунэтIауэ, КъБР-м и Правительствэм иджыблагъэ Унафэ къищтащ 2020 гъэм и фокIадэм и 1-м къыщыщIэдзауэ ди щIыналъэм курыт школхэм я класс унафэщIхэм сом мин тхурытху я улахуэхэм зэрахущIигъум ехьэлIауэ. А ахъшэр иратынущ егъэджакIуэм иригъэкIуэкI класс унафэщI лэжьыгъэм папщIэ, классым щIэс сабий бжыгъэмрэ зэрырагъаджэ программэмрэ емылъытауэ. Абы и лъабжьэщ курыт школым и унафэщIым егъэджакIуэм класс унафэщI къалэныр пщэрылъ зэрыхуищIым щыхьэт техъуэ унафэр.
Поделиться:
Читать также:
26.04.2024 - 15:42 →
Фэеплъ жыг хадэхэр ягъэтIысынущ
26.04.2024 - 15:23 →
«Шато Эркен» щызэхуос
26.04.2024 - 15:00 →
Унэхэр зыхуей хуагъазэ
26.04.2024 - 14:00 →
ЩIыпIэцIэхэр
26.04.2024 - 13:20 →
НОБЭ
|