Кавказ щыхьым и бжыгъэм хагъэхъуэж

Кавказ  щыхьыр.

 

Ижь-ижьыж лъандэрэ тхыдэтххэм, тхакIуэхэм, усакIуэхэм яфIэтелъыджэ Къэбэрдей-Балъкъэрыр цIэрыIуэ зыщIар и щIыуэпс дахэращ. Пэжу, тхыдэ щхьэхуэ зиIэ щIыпIэхэмкIэ, къэкIыгъэ, псэущхьэ гъэщIэгъуэнхэмкIэ къулейщ ди хэкур. Арами, щы­Iэщ ди щIэныгъэлIхэр зыгъэгуауэщхьэуэ, щIыуэ­псым ехьэлIа гукъеуэ гуэрхэри. Абыхэм ящыщщ щыхь ­къуэлэн лъы къабзэ зэрамыгъуэтыжыр.

ХХ лIэщIыгъуэм и пэщIэдзэм ирихьэлIэу зи гугъу тщIы псэущхьэр Кавказ Ищхъэрэм щамыгъуэтыжыххэу бзэхащ. А ныкъусаныгъэр зыгуэрурэ ягъэзэкIуэжын я гугъэу, щыхь къуэлэныр щIыналъэ зэмылIэужьы­гъуэхэм кърашыурэ, Кавказ Ищхъэрэм кърагъэ­тIысхьэу щIадзат биологхэм. Къыхэгъэщыпхъэщи, Кавказым кърашэлIа щыхьхэм яхэттэкъым щыхь ­къуэлэн къабзэ жыхуаIэжу, щIэныгъэлIхэр зылъы­хъуэр. АтIэ, абы илъ зыхэт щыхь лIэужьыгъуэ щхьэхуэт ахэр. ЗэрыгурыIуэгъуэщи, апхуэдэ щыхьхэм щакIуэхэм деж щIэупщIэ щаIэххакъым, фейдэ лъэпкъи къапыкIакъым. Мы Iуэхум нэгъуэщI ныкъусаныгъи къыкIэлъы­кIуащ - щыхь тумэхэр багъуэри, щыхь къуэлэн къабзэм хухаха хъумапIэхэр яубыдащ.
Ижь-ижьыж лъандэрэ Кавказым щыпсэуа щыхь ­къуэлэным и генетикэр (ДНК) яджауэ, а мардэхэм ­къезэгъ щыхь лIэужьыгъуэщ къалъыхъуэр щIэныгъэлIхэм нобэр къыздэсым. Апхуэдэу, хэплъэ-хэдэкIэ щыхь лIэужьыгъуэ зыбжанэ къыщыхутащ ди щIыналъэм. Псалъэм папщIэ, Аскание-Новэ (Украинэм) ­къраша щыхь лIэужьыгъуэр «Нальчикское ГООХ» ­ФГБУ-м и Iэшэлъашэм щыпсэуащ. Ахэр ди щIыпIэм есами, емысэу щыкIуэдыжами зыми ищIэркъым. Ягъэхъыбаракъым. Ауэ мы IуэхущIапIэм мызэ-мытIэу щыхь гуп кърашалIэурэ мэзхэм зэрыщIаутIыпщхьар щыхьэт тохъуэ, япэрейхэр ди щIыуэпсым зэрыхэмы­псэукIыфар.
Дигу къэдгъэкIыжынщи, 1957 гъэм Кърымым кърашауэ щытащ щыхь 44-рэ. Ахэр, зэрыгурыIуэгъуэщи, тумэт. Ауэ, зэрыжаIамкIэ, щыхь къуэлэным илъи яхэтт. ИужьыIуэкIи, 1968, 1975, 1978, 1985 гъэ­хэм щIыпIэ зэмы­лIэужьыгъуэхэм кърашащ щыхь къуэлэныр. Абыхэм я псэукIэм щыкIэлъыплъын мурадкIэ щIыпIэ яхъумэхэм щрагъэпсыхат, ауэ языныкъуэр къелакъым, языны­къуэм щыхъуакIуэ щIы пычахуэр къемэщIэкIри, щIэпхъуэжащ.
Гу лъытапхъэщ хуиту мэзым щIэт щыхь лIэужьыгъуэ гуэрхэмрэ адэкIэ-мыдэкIэ къраша щыхь тумэхэмрэ я лъыр зэхэлъадэу, нэгъуэщI лIэужьыгъуэщIэхэри къызэрыунэхуам.
Мы Iуэхум теухуауэ зыхуэдгъэзащ Налшык и къэрал щакIуэ хозяйствэм и унафэщIым и къуэдзэ Сокъур МуIэед. ИпэжыпIэкIэ, абы и жэуапым дыкъигъэуIэбжьащ:
- Апхуэдиз илъэскIэ ди щIыналъэр зытелэжьа Iуэхур псэхэкIуадэ хъуащ. Сыту жыпIэмэ, алъандэрэ ди щIыпIэм кърашэлIа щыхь къуэлэныр дэ дызыхуей лIэужьыгъуэ тхуэщIакъым, пхуэщIынкIи зы Iэмал иIэкъым. Щхьэусыгъуэр - нэхъапэм Кавказым щыпсэуа щыхь къуэлэн къабзэм и генетикэ мардэхэр тщIэ мыхъумэ, абыхэм къезэгъыу зы лIэужьыгъуи къытхуэгъуэтакъым. Алъандэрэ кърашэлIа къомым я гугъу пщIымэ, апхуэдэ щыхь лIэужьыгъуэхэм уасэ гуэри яIэкъым, биологие и лъэныкъуэкIи мыхьэнэ пылъкъым, щIэныгъэлIхэми зыхуейр яхуэгъуэтакъым. Уеблэмэ, щыхь тумэр, куэд къызэрыгъэхъуами, апхуэдизкIэ мыхьэнэншэщи, ахэр псынщIэ-псынщIэу зэрыдгъэкIуэдыжы­ным яужь дитщ. Мы Iуэхум ди гугъэр хэтхыжыркъым, гукъэкI гуэрхэр диIэу, абы делэжьыну зыдогъэхьэзыр, ауэ нобэкIэ дэ нэгъуэщI Iуэхущ зетхуэри, къалэн нэхъыщхьэу зыхуэдгъэувыжари. ЗэрытщIэщи, щыхь къуэлэным и закъуэкъым дэ тIэщIэкIыр, атIэ «кавказ щыхь» жыхуэтIэ лIэужьыгъуэри мащIэ хъуащ. Мыгувэ щIыкIэ а Iуэхур дгъэзэкIуэжыну и ужь дихьащ. Кавказым и къэрал псэущхьэ хъумапIэм къитшри, 2016 гъэм щыхьитху къитшауэ щытащ Къэбэрдей-Балъкъэрым. МазэкIэ дакIэлъыплъри, гектар 75-рэ хъу щIы хэхам идутIыпщхьащ щыхьхэр. Ди гуапэ зэрыхъунщи, ахэр псэущ, узыншэщ, мэбагъуэ икIи дызыхуэныкъуэ лъы къабзэхэм ящыщщ. Щыхьыр илъэсым зэ лъхуэуэ аращи, дызэрыхуейм хуэдэу, псынщIэ-псынщIэу я бжыгъэр хэхъуэркъым, ауэ икIи хэщIыркъым. Хуэм-хуэмурэ заужь. Мис мы унэтIыныгъэм нэхъри зедгъэубгъуну аращ иджыпсту дызэлэжьыр, - къыджиIащ къулыкъущIэм.


Щыхь  къуэлэнхэр.
 

Фырэ Анфисэ.
Поделиться: