Лъэпкъым и набдзэ

Нэхъапэхэм адыгэхэм щытхъум зыдрагъэхьэхыу щытакъым. ЦIыхур къыщалъхуа махуэри ягъэлъапIэртэкъым. Уеблэмэ, ди бзэм хэтакъым «юбилей» псалъэр. Дунейм ехыжам апхуэдэ лъытэныгъэ къылъысын хуейуэ зыми игу къэкIыххэртэкъым, ауэ зи лIыгъэкIэ, лэжьыгъэкIэ, акъылкIэ лъэпкъым Iуэхушхуэ хуэзыщIам фIыщIэ жыг хухасэрт, уэрэд хуаусырт, псалъэ гуапэкIэ ягу къагъэкIыжырт.

Зырыз дыдэхэм хуагъэфащэт «Лъэпкъым и набдзэ» псалъэ дахэр, купщIафIэр. Набдзэм цIыхум и нэгур егъэдахэ, и нэр уэшхми уэсми щехъумэ. Апхуэдэ набдзэу лъэпкъым иIащ тхакIуэ цIэрыIуэ, ныбжьэгъу пэж, цIыху щыпкъэ IутIыж Борис.
IутIыжыр зэрыпсэуа гъащIэр зыфIэмымащIэ цIыху срихьэлIакъым. ФэрыщIагъ лъэпкъ хэмылъу ар я нэгум къищырт Борис дунейм щехыжа махуэм абы и жэнэзым къыщызэхуэса цIыху мин бжыгъэм. Апхуэдиз цIыху здэкIуэ хабзэр, псоми зэрытщIэщи, къулыкъушхуэ зиIэу дунейм ехыжам е мылъкушхуэ зыбгъэдэлъам и дыуэщIырщ. IутIыж Борис зэи къулыкъушхуэ иIакъым, бюджет улахуэмрэ гонорарымрэ къыхэкIыу мылъку гуэри хузэгъэпэщакъым.
Сыту пIэрэ абы егъэлеяуэ цIыху куэд щIыхуэгузэвар, я гур зыкъутар? ЛIыр мыгъ хабзэми, щыгъуэ пэкIум кърихьэлIа цIыхухъухэм я нэпсыр къыщIэзыхуар? Апхуэдиз пщIэ IутIыж Борис щIигъуэтар цIыхуфIу, ныбжьэгъу пэжу, быным яхуэгумащIэу зэрыщытам и закъуэкъым. Пэжщ, ари мащIэкъым икIи тыншкъым: цIыхум ягу удыхьэнри, ныбжьэгъу пIыгъынри, бын бгъэсэнри, ауэ лъэпкъ псом пщIэ къыпхуищIын, тхыдэм укъыхэнэн щхьэкIэ, куэдым яхузэфIэмыкI Iуэхушхуэ блэжьын хуейщ.
Апхуэдэ лэжьыгъэу зыбжанэ зэфIихын хузэфIэкIащ IутIыж Борис. А псом лъабжьэ хуэхъуар, дауи, зы щхьэусыгъуэкъым, ауэ IутIыжым и ехъулIэныгъэхэр нэхъыбэу къызыхэкIар лэжьакIуэшхуэу зэрыщытарщ. ТхакIуэм къигъэна лъэужь дахэм уриплъэмэ, умыгъэщIэгъуэну Iэмал иIэкъым апхуэдиз зы цIыху гъащIэкIэ зэрыхузэфIэкIар. Ижь-ижьыж лъандэрэ цIыхухэм уасэшхуэ щIат бриллиант зыфIаща мывэм, беягъым и мардэ хъуам. Мывэ къуабэбжьабэу щыта а бриллиантыр цIэрыIуэ зыщIыр елIалIэу зэрахъуэрщ, мылгъурыджейм хуэдэу цIу зэращIырщ. ДэнэкIэ зигъазэми, абы нур дахэ къыщхьэщыжу дэзыгъэлъагъур абы елэжьым и Iэзагъ инымрэ трагъэкIуадэ гуащIэмрэщ.
ЦIыхури а мывэм ещхьщ. ДэнэкIэ зигъазэми, сыт хуэдэ Iуэху илэжьми, «и Iэм дыщэ къыпыщу» зыщIыфыр и гугъуехьырщ, ерыщагъырщ. IутIыж Борис зы махуи дунейм тетакъым, «сыт щIэуэ си лъэпкъым хуэзлэжьын» жиIэу и гум имылъу. Аращ лъэужь дахэ къыщIигъэнари.
 И гъащIэ псом Iуэхугъуэ зыбжанэ зэдихьащ Борис: и зэфIэкIыр IупщIу къыщигъэлъэгъуащ усыгъэми, Iуэтэжми, драматургиеми, публицистикэми, сурэт щIын IэщIагъэми хуэIэижьу щытащ, «псэ къаIуигъэкIащ» пхъэми, мывэми, жэзми, хуэIэзэт гушыIэ сурэтхэр щIынми. Сэ къысфIощI ар адыгэ щэнхабзэм и Ломоносову къэплъытэ хъуну. ТхакIуэр зэлэжьыр псалъэрщ, зэчий зыбгъэдэлъым абы «нур идзу» ещIыф.
Борис тхакIуэ зэфIэкIым и мызакъуэу, бзэм елэжьыным теухуауи щIэныгъэшхуэ иIащ. Шэч хэлъкъым абы и сэбэпи къызэрекIам. Бзэр куууэ иджащ, ар ящыщщ адыгэбзэм нэхъри зезыгъэужьа тхакIуэхэм. Гу лъывэзгъэтэну сыхуейт зы Iуэхугъуэ. Урыс литературэбзэр зэфIэзыгъэувауэ, абы зезыгъэужьауэ къалъытэр Пушкин Александрщ. Тырку литературэбзэм и лъабжьэр зыгъэтIылъар адыгэхэм къахэкIа тхакIуэ Омер Сейфеддинщ (Хьэткъуэ Умар). НэгъуэщI лъэпкъхэми къыхагъэщхьэхукI бзэм и зыужьыныгъэм лъэужьыфIу телэжьа усакIуэхэр, тхакIуэхэр. Адыгэ литературэбзэм и зыужьыныгъэм апхуэдэ хэлъхьэныгъэшхуэ хуэзыщIахэм ящыщщ ПащIэ Бэчмырзэ, ЩоджэнцIыкIу Алий, КIыщокъуэ Алим, IутIыж Борис сымэ. ТхакIуэшхуэхэу бзэ къулей зыIурылъхэм я псалъалъэ зэхалъхьэ хабзэщ. Апхуэдэ хузэхагъэуващ ЩоджэнцIыкIу Алий, КIыщокъуэ Алим сымэ. Шэч хэмылъу, а пщIэр хуэфащэщ IутIыж Бориси. Абы бзэщIэныгъэм теухуауэ итха тхылъым, статьяхэм я гугъу умыщIми, и тхыгъэхэм къыщигъэсэбэпа бзэм и къулеягъэр, псалъэу къигъэсэбэпам я куэдагъыр, ахэр шэрыуэхэу зэрыщытыр зымыгъэщIагъуэ яхэткъым критикхэми  литературэхутэ щIэныгъэлIхэми.
Адыгэбзэм и зыужьыкIэр, ар хъумэн, гъэлэжьэн зэрыхуейр темэ нэхъыщхьэ хуэхъуащ Борис и публицистикэ тхыгъэ куэдым. И гъащIэ псом IутIыжым анэдэлъхубзэм ил хуэузу щытащ, бзэр хъумэным теухуауэ къыщыпсалъэрт радиом, телевиденэм, статьяхэр къытридзэрт газетхэм, журналхэм, доклад щищIырт щIэныгъэ конференцхэм, лъэпкъ зэхуэсышхуэхэм. IутIыж Борис хамэ къэралхэм щыпсэу адыгэхэр анэдэлъхубзэм къыхуэгъэушын Iуэхуми лэжьыгъэшхуэ хилъхьащ. Ар Дунейпсо Адыгэ Хасэм и тхьэмадэм и къуэдзэу щытащ, ауэ зэи политикэ Iуэхум зыдригъэхьэхакъым. Абы и нэIэ зытригъэтар бзэм, литературэм, адыгэ щэнхабзэм пыщIа ныкъусаныгъэхэрщ.
Щхьэхуэу къыжыIэпхъэщ адыгэ публицистикэм ныбжь хъарзынэ зэриIэр. Ар къыщожьэ XIX лIэщIыгъуэм - урысыбзэкIэ тхэуэ щыта ди тхакIуэ-узэщIакIуэхэм я деж. Совет зэманми а жанрым зыужьыныгъэ игъуэтащ. Абы пызыщахэм ящыщщ IутIыжри. Борис и публицистикэм къыщиIэт темэхэр мащIэкъым. Абы хэтщ бзэм, литературэм, театрым, драматургием, диным, идеологием, критикэм, педагогикэм я Iуэху зэIумыбзхэр сэтей къэзыщI, абыхэм я хэкIыпIэ къыщилъыхъуэ тхыгъэ купщIафIэхэр. Театрым, драматургием теухуа статьяхэм хыболъагъуэ тхакIуэр зыгъэгумэщI Iуэху зыбжанэ: Къэбэрдей театрым пьесэ щагъэувхэм адыгэ авторхэм ейуэ хэтыр зэрымащIэр, Урыс театрым зэикI адыгэ, балъкъэр пьесэ зэрыщамыгъэувыр, адыгэ тхакIуэхэм ящыщу пьесэ зытххэр зэрымащIэ дыдэр.
Борис фIыуэ хищIыкIыу щытащ режиссёр IэщIагъэми (уеблэмэ, зы спектаклым режиссер къалэныр щигъэзэщIащ). Драматургием и теориери куууэ ищIэрт. Абы щыхьэт тохъуэ и пьесэхэр зэриухуэр, ахэм къыщыгъэсэбэпа Iэмалхэр.
IутIыжым тхыдэм, щэнхабзэм теухуауэ лэжьыгъэ куэд щIиджыкIащ, ерыщу зыхуигъэхьэзыращ «Эдип» трагедиер тхыным. А пьесэр къызэрытрадзэу, псом хуэмыдэу абы къытращIыкIа спектаклыр Къэбэрдей къэрал драмэ театрым зэрыщагъэуву абы теухуауэ зыгуэрхэм псалъэмакъ къаIэтащ. Авторым зыхуигъэувыжа къалэныр къызгурымыIуа куэди тепсэлъыхьащ. Уеблэмэ, къахэкIащ Борис а трагедием имыавтору жызыIаи, абы алыдж пьесэр зэридзэкIауэ къэзылъытаи.
Мы Iуэхум теухуауэ IутIыжым и лэжьыгъэ гуэрым щитхыгъащ: «Зы критик е литературэдж Iэзэ гуэрым си пьесэр къищтэу а сюжет дыдэм теухуауэ трагедие зытхахэм иригъэпщамэ, IупщI хъунт си зы псалъэухаи зы пычыгъуи зым ейм зэрытемыхуэр, сюжеткIи, зэхэгъэувэкIэкIи, жыIэкIэкIи стхар сэ си Iэдакъэ къызэрыщIэкIар».
 Мыр тхакIуэм и уэсят хуэдэу къэслъытэри, сэ щIэспщытыкIащ алыдж мифологием къыхэкIа сюжетым тещIыхьа пьесэу щыIэм я нэхъыбэр. Абыхэм хэткъым Борис итхам техуэ гуэри. Псоми ямыщIэжынкIэ хъунщ IутIыжым «Эдип» пьесэр итхыну къыщIыхиха щхьэусыгъуэ нэхъыщхьэр. КIэщI дыдэу жыпIэмэ, а трагедие гуузым и сюжетымкIэ Борис хэтащ адыгэбзэм лъэкIыныгъэу иIэр къигъэлъэгъуэну, а къалэнри ехъулIэныгъэкIэ зэфIихащ. Пафос лъагэ зиIэ алыдж трагедие нэхъыфIхэм хуэдэм пэлъэщащ адыгэбзэр. Пьесэм къыщыхъу Iуэхухэр гуузщ, укIытэгъуэщ. Ахэр адыгэ нэмысым къемызэгъыу авторыр зыгъэкъуэншахэри мащIэкъым.
Пэжщ, адыгэ нэмысыр лъагэщ, ауэ алыджхэр нэмысыншэу пIэрэ? Мифым зи гугъу ищI Iуэхухэр къыщыхъуар илъэс минитIрэ щитхурэ и пэкIэщ. Эдип пащтыхьым зыри химыщIыкIыу и адэр еу-кIыж, иужькIэ апхуэдэ дыдэу и анэр фызу къешэж. Зэрыхьэдыгъуэдахэм нэмыщIыжкIи, абы кърокIуэ нэпсрэ гузэвэгъуэу цIыхум и фэм дэмыхуэным хуэдиз.
Мы сюжетыр дуней псом щыцIэрыIуэщ, абы пьесэ тращIыкIащ нэхъ цIэрыIуэжхэу Софокл, Сакс, Корнель, Вольтер, Кокто сымэ. Ауэ IутIыжым итха пьесэм абыхэм техуэу зыри хэткъым, псоми я зэхуэдэ сюжетым нэмыщIу, уеблэмэ, трагедием и финалыр Борис нэхъыфIу къехъулIауэ убж хъунущ, зи цIэ къитIуа классикхэм нэхърэ. Эдип и адэр иукIыжа зэрыхъуа щIыкIэр Борис щIэуэ хигъэхьащ (щакIуэ кIуауэ), щIэуэ персонажу блы хигъэхьащ, хорым и къалэнхэр игъэмэщIащ, иджырей драматургием и IэмалыщIэхэр тегъэщIапIэ ищIащ. IутIыж Борис фIыщIэшхуэ къелэжь и пьесэ гъуэзэджэмкIэ драматург цIэрыIуэхэм зэрабгъэдэувэфам папщIэ. Зэман жыжьэ дыдэм теухуащ ар цIэрыIуэ зыщIа «Тыргъэтауэ» трагедиери. Мыр спектаклу ягъэува нэужь, тхакIуэр зыгъэбэмпIэн Iуэхугъуэхэр къыхукъуэкIащ. Борис фIыщIэ хуащIыным и пIэкIэ, спектаклыр гъэлъэгъуэныр къызэтрагъэувыIащ. Iэгуауэ инкIэ зыпежьа трагедиер сыту пIэрэт кIэщIу сценэм щIрахар?
Езы IутIыжым зэритхыжамкIэ, зыгуэрым «къызэригъэпэща» статья газетым къытрадза нэужь, къулыкъушхуэ дыдэ зыIыгъхэр еплъащ трагедием, иужькIэ спектаклыр ягъэлъэгъуэжакъым зэман кIыхькIэ.
IутIыжым и драматургием щIыпIэшхуэ щеубыд комедием. Адыгэ литературэм имыIауэ а жанрым и фащэ зэхуэмыдэхэр абы къыщигъэсэбэпащ комедиографием: водевиль, фарс, трагифарс, иIэщ либреттэ щхьэхуи. Адыгэ IуэрыIуатэм и Iэмалхэр и щIэгъэкъуэну, IутIыжым итхащ комедие цикл ин. А псоми телъщ езым и дамыгъи  лъэпкъым и дамыгъи.
ТхакIуэ куэдым яхузэфIэкIыркъым езым я хъэтI, зыми емыщхь я стиль зрагъэпэщын. IутIыж Борис и тхэкIэр нэгъуэщI зым ейми ещхькъым. Сыт хуэдэ темэ къимыщтэми, езыр-езыру къонэж, зэры-Борису, зэры-Адыгэу. Зыми и зекIуэкIэм, и къэфэкIэм, и гупсысэкIэм я жьауэм щIэхуакъым. Ар езым и шы тесыкIэ иIэжу дунейм тетащ, итха псоми и дамыгъэ ятебдзэ хъунущ.
Литературэм и пкъыгъуэ щхьэхуэхэу лирикэмрэ эпосымрэ зэхэухуэнауэ къэзыгъэсэбэпыфыр мащIэ дыдэщ, литературэ нэхъ къулей дыдэхэм я деж уIэбэми. Борис ирикуфащ а жанр гугъуми. Абы и жыпхъэм иту тхакIуэм и Iэдакъэм къыщIэкIащ тхыгъэ тIощIрэ хырэ. Ахэр ихуащ 2005 гъэм къыдэкIа «Къудамэхэр» тхылъым. Абы итщ сонетхэри (IутIыжым и поэзием и фIыпIэхэр) новеллэхэри. Иужьрейхэм къахэгъэщыпхъэщ «Насыпыр щагуэшыр пщэдджыжьырщ», «МэракIуэщыпэ», «Гум и тезыр» жыхуиIэхэр. ТхакIуэм къигъэлъагъуэ персонажхэр я фэкIи, я бзэкIи, я психологиекIи «узэдащ», ахэр гум къонэж. Абы нэмыщIыжкIи, языныкъуэ тхакIуэхэм Iуэтэжым новеллэ зэрыфIащым хуэмыдэу, IутIыжым ейхэр мы жанрым и фащэм итщ.
Апхуэдэу тхакIуэм и усэхэри, прозэри, драматургиери гъащIэм и философиекIэ псыхьащ. ГъащIэм и пэжымрэ авторым къигупсысахэмрэ зэпэгъунэгъущ. Аращ IутIыжым и IэдакъэщIэкIхэм фIэщхъуныгъэ щIахэлъыр, ущIызыIэпашэр.
Щхьэхуэу тепсэлъыхьыпхъэщ IутIыж Борис адыгэ щIэныгъэлIхэм, тхакIуэхэм, композиторхэм я ехъулIэныгъэхэм щыгуфIыкI къудейм и мызакъуэу, езыхэми ятетхыхьу, я гур ихъумэу, игъэгушхуэу зэрыщытар. 2008 гъэм абы къыдигъэкIа «Пщыхьэщхьэ нэбзийхэр» зыфIища тхылъым итщ ЩоджэнцIыкIу Алий и деж щегъэжьауэ нобэрей ди щэнхабзэм къыхыхьа ныбжьыщIэхэм деж щиухыжу статья тхущIрэ блырэ.
Апхуэдэ гулъытэ зиIэ нэгъуэщI тхакIуэ диIэу сщIэркъым. IутIыж Борис тхэмытыжми, абы и тхыгъэхэр, сурэт ищIахэр, образ дахэу ди щэнхабзэм хилъхьахэр мэлажьэ, цIыхухэр фIым къыхураджэу, гъащIэм и дахэр щIэблэм къагурыIуэу ягъасэу. КъызыхэкIа адыгэ лъэпкъым тегужьеикIауэ, теубгъуауэ псэуащ а тхакIуэ гъуэзэджэр, дахэу тетащ дунейм. Абы и лъэужь иным хуэфащэ пщIэ игъуэтын хуейщ. Шэч къытесхьэркъым ар ди тхакIуэ нэхъ ин дыдэхэм зэрабгъэдэувам. Си щхьэкIэ сыкъапщтэмэ, сэ срогушхуэ абы и ныбжьэгъухэм сахибжэу зэрыщытам.

БАКIУУ Хъанджэрий,
филологие щIэныгъэхэмкIэ доктор,
профессор, ЩIДАА-м и академик.

АдыгэлI уардэ нэгъэса

IутIыж Борис, си ныбжьэгъу гуапэ,
АдыгэлI уардэ нэгъэса!
Уэ лъэпкъым нобэ уегъэлъапIэр,
Гъэ хыщIым ныбжькIэ унэсау.
Адыгэм зи зэчий щэджащэу
Iэпкълъэпкъ инагъри зи пыщэн,
Уи хъуэхъуу жаIэр хипщэу гъащIэм,
Тхьэм пхуищI ар махуэ пхуэфэщэн!
Гъэ хыщIыр, пэжщ, мылъыкъэплъыгъуэ
ИкIи имыщI уигу-уи псэм из,
АрщхьэкIэ уи къару илъыгъуэу
Абы уIуощIэр уэ, Борис.
Уи къалэмыпэр зэрыпапцIэщ,
Ауаным хуэкIуэм- щхьэупс жанщ,
Уи теплъэм ныбжькIэ укъигъапцIэу,
Унэжэгужэщ, упкъыжанщ.
Зэрихьэл-щэну зиIэм лIыгъэ,
УцIыху жумартщ, угу хьэлэлщ,
Уи нитIым щыблэ угъурлыгъэр
Уи адыгэпсэм и дэлэлщ.
Тхьэм и шыкурщ, адыгэм хуэлъэу
Щыт ныбжьым еншэу зэ уикIам.
Зи псэуныгъэм лъэпкъыр хуэлIэ
ХэкулIу куэд тIэщIэзычам…
АдэжкIи хъунщ зыгуэр, Тхьэм жиIэм:
Ар фIыкIэ дэ къытхуэупсэнщ-
Уи къалэм лъапIэ плъапIэу диIэр
ГуащIафIэу куэдрэ игъэбзэнщ!

Бемырзэ Мухьэдин,
Къэрэшей-Шэрджэсым
и цIыхубэ усакIуэ. 2000 гъэ

Iэужь телъыджэ

IутIыж Борис и фэеплъу

*   *   *
Псалъэм и джылъхэр Iэзащэу зэIупщэрэ,
Уи бзэ дахащэр зыми хэмыгъуащэу,
УусакIуэ щыпкъэу, уцIыху гуапэу, Борис!
Уриуасэу езыр пхуэдиз дыщэ,
Уэ утетащи дунейм ущэджащэу,
Уи Iэужь телъыджэу къэнахэм хуэфащэу
Пащэну, сыт щыгъуи уащымыгъупщэу,
ФIыщэу уэ плъагъуу щыта ди лъэпкъ Iущым
КъыхигъэкI Алыхьым уэ пхуэдищэ!

Апажэ Ахьмэд,
егъэджакIуэ.
Щхьэлыкъуэ къуажэ.

Поделиться: