Пащтыхь гуащэм и тыгъэ

Генерал Къундыхъу Мусэ и гукъэкIыжхэм щыщ

Пщыхэр сшэри, Тифлис ды­кIуащ. Штабым и унафэщIым къи­цIыхурт ахэр. Ар къепсэлъа нэужь, пщыхэр корпусым и Iэтащхьэм иригъэблэгъащ.

ГОЛОВИН пщыхэм яIихащ лъэIу тхылъхэр, къепсэлъылIащ, къажриIащ урысхэми бгырысхэми щыуагъэ куэд зэраIэщIэкIар, ахэр гъэ­зэкIуэжын зэрыхуейр. Тифлис ма­хуищкIэ дэсри, лIыкIуэхэр къе­жьэжащ, генералыр къа­зэ­ры­хуэупса тыгъэхэри къыздахьащ. Пщыхэм зэрахуэр щIым и Iуэхурати, дапщэщи хуэдэу, я лъэIу тхылъыр Iахащ, чэзур къэс­мэ, хэплъэну къагъэгугъэри. ЛIыкIуэхэр къесшэжьэжын и пэ, корпусым и Iэтащхьэм зыхуэзгъэзэжри, Мысост Алъхъэсрэ Анзор Мыхьэмэтмырзэрэ зыщIэс хьэ­щIэщым сыщIыхьащ. А тIум пщIэ нэхъ яхуэсщIырт сэ, адрей лIы­кIуэхэм нэхърэ. Дзэлы­къуэ хъу­пIэмрэ ЕтIэкъуэрэ Къэбэрдейм къы­хуагъэнэжыну лъэIуати, Мысост­ри Анзорри арэзы хъуатэкъым Головин къарита жэуапымкIэ. ХьэщIэщым сызэрыщIыхьэу къызэупщIащ: «Дзэпщым и тыгъэр къеIыдмыхмэ, хъунукъэ?» - жари.
- Хъунукъым, - жысIащ сэ.
- Сыт щIэмыхъунур? - ягъэ­щIэ­гъуащ абыхэм.
- ЩIэмыхъунуращ: Кавказ ли­нэм, псом хуэмыдэу, Къэбэрдеймрэ Тагаурымрэ, хьэргъэшыргъэ гуэр къыщыхъуауэ зэхихмэ, дзэпщым ар фэ къыфтрилъхьэнщ, тыгъэм фы­щIелъэпауэр абы къыхэ­кIауэ жи­Iэнщи. Щамил зыпыфщIауэ къри­хынщ абы.
- Хьэргъэшыргъэ хъункIэ ире­мы­­шынэ генералыр, - жиIащ Мысос­тым. - Сэ абыкIэ шэсыпIэ сы­зэрихьэр схужеIэж дзэпщым. Хэт Къэбэрдейм хьэргъэшыргъэ къы­щы­зыIэтынур? Хьэмэрэ ар щы­гъуа­зэкъэ Къэбэрдейм и цIэм фIэкIа нэгъуэщI къызэрыхуэмынэжар? Уэ уи Тагаурым и Iуэхур нэ­хъы­кIэжщ: ябгъэдэлъауэ ­хъуам пыкI­ри, урысхэм я IэмыщIэ зралъ­хьащ. Сыт хьэргъэшыргъэ зи ­гугъу пщIыр абы иужькIэ? Хэт ар зыхузэфIэкIынур? Джаурым езым и IитIкIэ дилIри, дыщIилъхьэжащ, итIани псэ къытхэнауэ къыщохъу.
Пщыхэр къызэрызэщIэплъар слъа­гъурти, куум хэмыхьэ щIыкIэ, яжесIащ:
- ЖыфIэр пэжынкIи мэхъу, ауэ зи мычэзууэ къысфIощI: Тиф­лис фызэрыдэсыр зыщывмыгъэгъупщэ. НэгъуэщIым зыми зэ­хев­­мыгъэх апхуэдэ псалъэр - хэту щытми. Дзэпщым и тыгъэр здэфхьрэ фыкIуэжмэ, фэркIэ нэхъыфIщ. Алыхьым фыкъелъагъу, къыфхуищIэнумкIэ хуитщ.
- Делъэпэуэнкъым тыгъэм, - жиIащ Анзор Мыхьэмэтмырзэ, - ауэ абы щхьэкIэ фIыщIэ хуэт­щIыр­къым ар гъэпцIагъэкIэ къыт­Iэ­щIэзыгуа дзэпщым, ди гур хуэплъ фIэкIа. Ди гур хуоплъ, ди адэжьхэм къытхуагъэна уэсятым ебэкъуауэ, мыпхуэдэ тыгъэкIэ зыкъезыгъэгъапцIэ, ди хэкум ­телъ хьэзабыр зымылъагъу ди лъэпкъэгъу щхьэхуещэхэми.
А псалъэр сфIэгъэщIэгъуэн ­хъу­ри, сыщIэупщIащ:
- Сыт хуэдэ уэсят фи адэжьхэм къыфхуагъэнар?
- Уэ пщIэркъэ ар? - къызэплъащ Мысостыпщыр.
- Пэж жысIэнщи, сщIэркъым, - зызумысыжащ сэ.
- УмыщIэмэ, бжесIэнщ. Пащтыхь гуащэр (Екатеринэ II) къэбэрдейхэм къелъэIуауэ щытащ Къуацэкъалэрэ Тэрчкъалэрэ (Екатериноградрэ Владикавказрэ) зэпызыщIэ пощтгъуэгу урысхэм ирагъэщIыну, Тэрч и сэмэгурабгъу IуфэмкIэ екIуэкIыу. Шэч мы­гъуэр ящIри, къэбэрдейхэм пщитI - ХьэтIохъущокъуэмрэ Хьэ­мыр­зэмрэ - пащтыхь гуащэм деж ягъэкIуащ, ди щIым быдапIэ къра­мы­щIыхьын щхьэкIэ лъэIуэну. Пащтыхь гуащэм ди лIыкIуэхэм къажриIащ: гъуэгурэ пощт станц­рэ фIэкIа, нэгъуэщIым дыпылъынукъым, ари Тэрч и сэмэгураб­гъум­кIэ; абыкIэ арэзы ирехъу къэбэрдейхэр.
Тыгъэ лъапIэхэр къаритри, пащтыхь гуащэм пщитIыр къиу­тIыпщыжащ. Бахъсэн Iуфэ щы­зэхыхьа хасэм я пащхьэ иувэри, Бытырбыху къраха хъыбарыр яIуэтэжащ пщыхэм, пащтыхь гуа­щэм игу Iей зэримылъыр, ди­гъэу­нэн фIэкIа, нэгъуэщIым зэ­ры­хэмытыр, абы и хьэтыр лъа­гъун зэрыхуейр, гъуэгум шына­гъуэ лъэпкъ къызэрыдэмыкIуэнур жаIащ - абыкIэ къагъэгугъат пащ­тыхь гуащэр.
ЛIыкIуэхэм абы щытрагъэ­чы­ны­хьым, пщыхэм ечэнджэщщ, жылэ къадыр къэуври, мыр жиIащ: «Зы щIалэ шы мыгъа­сэ ягъэшэсащ, трагъэгушхуэри. Шы мыгъасэм, ­ихъущ-илъри, зритIащ, зрисащ. ЩIалэр зыгъэшэсахэр къэшынэжащ, щIалэр еукI, жари. «Укъридзыхмэ, кIэ бгъуэтащ, сакъ, зыкърумыгъэдзых», - жаIэри чэнджэщ иратащ щIалэм. Чэнджэщ хуэныкъуэж хъунтэкъыми, щIалэм жэуап къаритащ: «Сысакъми, сыбэлэрыгъми, шым къызищIэнур езым ещIэж». Абы ещхь дыхъуащ дэ: дыбэлэрыгърэ ныбгъуэ­хьэшым дриубыдэмэ, урысым къы­дищIэнур гурыIуэ­гъуэкъэ: Къэ­бэрдейр зыIэщIилъхьэжауэ тлъа­­­гъунщ. Алыхьым и закъуэщ дыкъэзыхъумэнур.
ЛIыкIуэхэм я Iыхьлыхэр къигъэгубжьащ къадым и псалъэм, итIани Хьэмырзэр къэтэмакъкIэщIакъым, акъыл зэриIэр къыщигъэлъэгъуащ хасэм и пащхьэм. «Къадым и псалъэм демыувалIэмэ, - жиIащ Хьэмырзэм, - пащ­ты­хьым и тыгъэм къикIыр къыдгурымыIуауэ арат: урысхэм бзаджагъэ къыткIэлъызэрахьэн мурад зэращIарщ абы къикIыр. Си жагъуэ хъур нэгъуэщIщ: къадыр зыгъэIуща пщыхэм зытрагъэгусэнтэкъым мыпхуэдэ тыгъэм, пащтыхьыр дэнэ къэна, ар инэрал гуэрым къахуишиями. Фи губгъэн къэдмыхьын щхьэкIэ, мы тыгъэм дыхуейкъым дэ, нэхъ зыхуэфащэм ефт ар... Тыгъэр къеIытхын щIэддар зыщ: ди пIэ итамэ, хэти къыIрихынт ар, дэ къызэреIытхам хуэдабзэу».
Хасэм къыхуадакъым ар: хьэуэ, тыгъэр зыхуэфащэм къратащ, нэгъуэщIым щIептыжын щыIэкъым, жари. Апхуэдэ уна­фэ щащIым, Хьэмырзэмрэ Хьэ­тIо­хъущо­къуэмрэ зэрыIушри, лъэмыжымкIэ яунэтIащ. Лъэмыжым теувэри, Хьэмырзэм цIыхухэм закъыхуи­гъэ­защ: «Урысхэр мы цIуу­гъэ­нэ­хэмкIэ, къулыкъукIэ, ды­щэ­рэ ды­жьынкIэ зэщэр Къэбэрдейм и дыгъэр зэрагъэункIыфIынщ, дэтхэнэ адыгэри Тхьэм дыщихъумэ фи нэр зэрыщапхъуэ мы тыгъэ гъуамэхэм, фи нэкIэ флъагъуу ахэр иджыпсту ди натIэ идогъэкI, ди ужь къи­хъуэнухэм къыдамыхъуэныжын щхьэ­кIэ». Ар жиIэри, пащтыхь гуа­­щэм и тыгъэр Бахъсэн хидзащ.
ЦIыхухэм ягу ирихьащ Хьэ­мыр­зэмрэ Хьэ­тIохъу­щокъуэм­рэ пащтыхь тыгъэм иращIар: «ФылIщ! Напэ фиIэщ! Афэрым!»
ХьэтIохъущокъуэм жиIащ абы яужькIэ:
- Пащтыхьхэм тыгъэ къыхуа­шийуэрэ дашэха куэдым я цIэ къи­с­Iуэфынущ - дэракъым ар къэ­зыуб­лар, щапхъэ фыхуеймэ, гъу­нэжщ. Нобэ дэ тщIар щапхъэ хъумэ, Хьэмырзэмрэ сэрэ абы дри­гушхуэнущ. Фыкъытщыт­хъуащ, ауэ Iуэхур псалъэ дыгъэлым фIэ­мы­кIмэ, ди мурадыр къыдэхъу­лIа­къыми, дигу къеуэнущ. Ар къыт­­щыщIмэ, Къэбэрдейм Къэ­бэрдейкIэ ущIеджэжын щыIэкъым итIанэ.
ХьэтIохъущокъуэм и псалъэм еувалIэри, хасэм унафэ ищIащ: гъуэ­гури яхуэддэн­къым, быдапIи къред­гъэ­щIы­хьын­къым ди хэкум, хами зы­­хэдгъэтIысхьэнкъым...

Поделиться:

Читать также: