КъардэнгъущI Зырамыку и цIэр зезыхьэ хьэщIэщ«Адыгэ псалъэ» газетым и редакцэм Iуэху гуапэ щекIуэкIащ. Абы и хьэщIэщым, КъардэнгъущI Зырамыку и цIэр зезыхьэм, и блыным фIадзащ щIэныгъэлI-IуэрыIуатэдж телъыджэм, тхакIуэм, артистым и сурэт екIу. СурэтыщI Гъыдэ Валерий и IэдакъэщIэкIыр зыхурагъэщIа ди IуэхущIапIэм ар къахьыжат КъардэнгъущI лъэпкъым щыщхэу Мусэрбий, Хьэсэн, Заур, Анатолэ, Залым сымэ. Газетым и лэжьакIуэхэмрэ Тыркум щыпсэу ди лъэпкъэгъухэм ящыщу Щоджэн Берсисрэ ЩэрэлIокъуэ Тогълэнрэ яIущIащ абыхэм. Ди хьэщIэщым щыфIадзащ адыгэ лъэпкъым куэд хуэзылэжьа лъэпкъылIым и сурэтыр. Сурэтыр Къарей Элинэ трихащ.
Поделиться:
Читать также:
25.04.2024 - 14:33 →
Iус зэхэлъым къыщIэупщIэм хохъуэ
25.04.2024 - 13:00 →
Хэкур фIыуэ лъагъуным хуаущий
23.04.2024 - 19:01 →
ГъуэгуфIхэр нэхъыбэ мэхъу
23.04.2024 - 13:54 →
Зэхуэсышхуэм зыхуагъэхьэзыр
23.04.2024 - 12:52 →
Компьютер щIэпхъаджащIэхэм щахъумэ
|