Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым и Унафэхэр

«ЩIыпIэ мыхьэнэ зиIэ языныкъуэ Iуэхухэр къуажэ щIыналъэхэм егъэбыдылIэным и IуэхукIэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Законым и 2-нэ статьям зэхъуэкIыныгъэ хэлъхьэным теухуауэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Законым хуэгъэзауэ
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым и Унафэ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым унафэ ещI:
1. «ЩIыпIэ мыхьэнэ зиIэ языныкъуэ Iуэхухэр къуажэ щIыналъэхэм егъэбыдылIэным и IуэхукIэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Законым и 2-нэ статьям зэхъуэкIыныгъэ хэлъхьэным теухуауэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Законыр къэщтэн.
2. А Законыр Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ КIуэкIуэ К. В. хуегъэхьын, Iэ щIидзын икIи хэIущIыIу ищIын папщIэ.
3. Мы Унафэм къару егъуэт къыщащта махуэм щегъэжьауэ.
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и
Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ
Налшык къалэ
2018 гъэм щэкIуэгъуэм и 29-м
№967-П-П

 

«ЩIыпIэ мыхьэнэ зиIэ Iуэху щхьэхуэхэр къуажэ щIыналъэхэм егъэбыдылIэным и IуэхукIэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Законым и 2-нэ статьям зэхъуэкIыныгъэ хэлъхьэным теухуауэ
 Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и  Закон

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым къищтащ 2018 гъэм щэкIуэгъуэм и 29-м

1 статья. «ЩIыпIэ мыхьэнэ зиIэ Iуэху щхьэхуэхэр къуажэ щIыналъэхэм егъэбыдылIэным и IуэхукIэ» 2014 гъэм дыгъэгъазэм и 10-м къащта Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Закон №64-РЗ-м и 2-нэ статьям зэхъуэкIыныгъэ хэлъхьэн икIи «20» бжыгъэм кIэлъыкIуэу дэщIыгъужын «(жылагъуэм и гъунапкъэхэм къриубыдэу щIым теухуауэ щрагъэкIуэкI муниципальнэ кIэлъыплъыныгъэм нэмыщI)» псалъэхэр.
2 статья. Мы Законым къару егъуэт официальнэу къыщытрадза махуэм щегъэжьауэ.

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и
къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ КIуэкIуэ Казбек.

Налшык къалэ

2018 гъэм дыгъэгъазэм и 19-м
№44-РЗ

«Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм пIалъэ кIыхьым тещIыхьауэ зэрызиужьыну щIыкIэр убзыхуным и IуэхукIэ»
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и законым и проектым теухуауэ
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым и Унафэ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым унафэ ещI:
1. «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм пIалъэ кIыхьым тещIыхьауэ зэрызиужьыну щIыкIэр убзыхуным и IуэхукIэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и законым и проектыр, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ КIуэкIуэ К. В. къыхилъхьар, япэ къеджэгъуэу къэщтэн.
2. Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым ЭкономикэмкIэ, инвестицэхэмрэ хьэрычэт IуэхумкIэ и комитетым къалэн щыщIын а законопроектым теухуауэ къыхалъхьа Iуэху еплъыкIэхэр, чэнджэщхэр, зэгъэзэхуэжыныгъэхэр къэлъытауэ елэжьыжыну икIи Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым етIуанэ къеджэгъуэу щыхэплъэн папщIэ къыхилъхьэну.

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и
Парламентым и УнафэщI  ЕГОРОВЭ Татьянэ.

Налшык къалэ
2018 гъэм щэкIуэгъуэм и 29-м
№975-П-П

«Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм фIэкIыпIэ зимыIэ медицинэ страхованэмкIэ и щIыналъэ фондым 2019 гъэм, апхуэдэу 2020, 2021 гъэхэм ятещIыхьа и бюджетым  и IуэхукIэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и законым зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным теухуауэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и законым и проектым ехьэлIауэ
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым и Унафэ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым унафэ ещI:
1. «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм фIэкIыпIэ зимыIэ медицинэ страхованэмкIэ и щIыналъэ фондым 2019 гъэм, апхуэдэу 2020, 2021 гъэхэм ятещIыхьа и бюджетым  и IуэхукIэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и законым зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным теухуауэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и законым и проектыр, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм къыхилъхьар,  япэ къеджэгъуэу къэщтэн.
2. Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым БюджетымкIэ, налогхэмрэ финансхэмкIэ и комитетым къалэн щыщIын а законопроектым теухуауэ къыхалъхьа Iуэху еплъыкIэхэр, чэнджэщхэр, зэгъэзэхуэжыныгъэхэр къэлъытауэ елэжьыжыну икIи Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым етIуанэ къеджэгъуэу щыхэплъэн папщIэ къыхилъхьэну.

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и
Парламентым и УнафэщI  ЕГОРОВЭ Татьянэ.

Налшык къалэ
2018 гъэм щэкIуэгъуэм и 29-м
№979-П-П

«Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм ЩIым теухуа и кодексым зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным и IуэхукIэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и законым и проектым теухуауэ
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым и Унафэ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым унафэ ещI:
1. «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм ЩIым теухуа и кодексым зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным и IуэхукIэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и законым и проектыр, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым Аграрнэ политикэмкIэ, экологиемкIэ, щIыуэпсыр къэгъэсэбэпынымрэ щIы IуэхухэмкIэ и комитетым къыхилъхьар,  япэ къеджэгъуэу къэщтэн.
2. Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым Аграрнэ политикэмкIэ, экологиемкIэ, щIыуэпсыр къэгъэсэбэпынымрэ щIы IуэхухэмкIэ и комитетым къалэн щыщIын а законопроектым теухуауэ къыхалъхьа Iуэху еплъыкIэхэр, чэнджэщхэр, зэгъэзэхуэжыныгъэхэр къэлъытауэ елэжьыжыну икIи Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым етIуанэ къеджэгъуэу щыхэплъэн папщIэ къыхилъхьэну.

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и
Парламентым и УнафэщI   ЕГОРОВЭ Татьянэ.

Налшык къалэ
2018 гъэм щэкIуэгъуэм и 29-м
№980-П-П

«Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм зэзыгъэкIуж и судыщIэхэм я IуэхукIэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и законым зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным теухуауэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и законым и проектым ехьэлIауэ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым и Унафэ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым унафэ ещI:
1. «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм зэзыгъэкIуж и судыщIэхэм я IуэхукIэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и законым зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным теухуауэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и законым и проектыр, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым Законым тетынымрэ хабзэр хъумэнымкIэ и комитетым къыхилъхьар, япэ къеджэгъуэу къэщтэн.
2. Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым Законым тетынымрэ хабзэр хъумэнымкIэ и комитетым къалэн щыщIын а законопроектым теухуауэ къыхалъхьа Iуэху еплъыкIэхэр, чэнджэщхэр, зэгъэзэхуэжыныгъэхэр къэлъытауэ елэжьыжыну икIи Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым етIуанэ къеджэгъуэу щыхэплъэн папщIэ къыхилъхьэну.

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и
Парламентым и УнафэщI ЕГОРОВЭ Татьянэ.

Налшык къалэ
2018 гъэм дыгъэгъазэм и 20-м
№1000-П-П

Поделиться: