Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и Унафэ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм 2013 гъэм фокIадэм и 24-м къыдигъэкIа Унафэ №268-м зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным и IуэхукIэ
Къэбэрдей-Балъкъэр
 Республикэм и  Правительствэм и Унафэ

№267-ПП

2020 гъэм щэкIуэгъуэм и 16-м      Налшык къалэ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм унафэ ещI:
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щыпсэухэмрэ щIыналъэмрэ щIыуэпс, техногеннэ къэхъукъащIэ къы­зэ­ры­мыкIуэхэм щыхъумэным, мафIэс шынагъуэншагъэр къызэгъэпэщыным, псыхэм къыщыхъу гузэвэгъуэхэм цIыхухэр щыхъумэным теухуауэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и къэрал программэм и IуэхукIэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм 2013 гъэм фокIадэм и 24-м ­къыдигъэкIа унафэ №268-ПП-м мы унафэм и гуэдзэным къыщыгъэлъэгъуа зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэн.

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм
и Правительствэм и УнафэщI     МУСУКОВ Алий

 Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щыпсэухэм финанс и лъэныкъуэкIэ ябгъэдэлъ щIэныгъэм хэгъэхъуэным теухуауэ яубзыхуахэр зэрагъэзащIэм кIэлъыплъ, ведомствэхэм зэдай комиссэм хэтхэм зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным и IуэхукIэ
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм
 и Правительствэм и Унафэ

№268-ПП

2020 гъэм щэкIуэгъуэм и 16-м    Налшык къалэ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм унафэ ещI:
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щыпсэухэм финанс и лъэныкъуэкIэ ябгъэдэлъ щIэныгъэм хэгъэхъуэным теухуауэ яубзыхуахэр зэрагъэзащIэм кIэлъыплъ, ведомствэхэм зэдай комиссэм, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм 2020 гъэм фокIадэм и 24-м къыдигъэкIа унафэ №211-ПП-мкIэ къащтам, мы къыкIэлъыкIуэ зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэн:
а) ведомствэхэм зэдай комиссэм хэгъэхьэн:
КIэрэф М. А. - Урысей Федерацэм и Банк Нэхъыщхьэм и Ипщэ управленэ нэхъыщхьэм Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щиIэ къудамэм - Лъэпкъ банкым и унафэщIыр ­(Комиссэм и унафэщIхэм ящыщщ) (зэгурыIуауэ)
Къуныжь М. А. - Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и УнафэщIым и япэ къуэдзэр (Комиссэм и унафэщIхэм ящыщщ);
б) Алътуд Ю. Къ. и къулыкъкум зэреджэр мыпхуэдэу къэхьын: «Бэрбэч Хь. М. и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университет» щIэныгъэ нэхъыщхьэ щрат федеральнэ къэрал бюджет IуэхущIапIэм и ректорым и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэр» (зэгурыIуауэ)»;
в) Рахаев Б. М. и къулыкъум зэреджэр мыпхуэдэу къэхьын: «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм экономикэ зыужьыныгъэмкIэ и министрыр»;
г) ведомствэхэм зэдай комиссэм къыхэгъэкIыжын Тхьэмокъуэ А. Ч.

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм
и Правительствэм и УнафэщI    МУСУКОВ Алий

«Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм физическэ щэнхабзэмрэ спортымрэ зыщегъэужьыныр» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и къэрал программэм зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным и IуэхукIэ
Къэбэрдей-Балъкъэр
 Республикэм и Правительствэм и Унафэ

 
№271-ПП

2020 гъэм щэкIуэгъуэм и 27-м   Налшык къалэ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм унафэ ещI:
 Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм физическэ щэнхабзэмрэ спортымрэ зыщегъэужьыныр» и къэрал программэм, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм 2013 гъэм мэкъуауэгъуэм и 28-м къыдигъэкIа унафэ №182-ПП-мкIэ къащтам, мы унафэм щIыгъу гуэдзэным къыщыгъэлъэгъуа зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэн.

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм
и Правительствэм и УнафэщI               МУСУКОВ Алий

 
«Экономикэ зыужьыныгъэмрэ щIэм тет экономикэмрэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и къэрал программэм зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным и IуэхукIэ
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и Унафэ

№294-ПП

2020 гъэм дыгъэгъазэм и 21-м     Налшык къалэ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм унафэ ещI:
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм «Экономикэ зыужьыныгъэмрэ щIэм тет экономикэмрэ» и къэрал программэм, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм 2012 гъэм щIышылэм и 17-м къыдигъэкIа унафэ №1-ПП-мкIэ къащтам, мы унафэм щIыгъу гуэдзэным къыщыгъэлъэгъуа зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэн.

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм
и Правительствэм и УнафэщI      МУСУКОВ Алий

«Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм дыкъэзыухъуреихь дунейр щыхъумэным, щIыуэпс хъугъуэфIыгъуэхэр къыщыгъэщIэрэщIэжынымрэ къыщыгъэсэбэпынымрэ я IуэхукIэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и къэрал программэм зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным и IуэхукIэ
Къэбэрдей-Балъкъэр
 Республикэм  и Правительствэм и Унафэ

№295-ПП

2020 гъэм дыгъэгъазэм и 21-м  Налшык къалэ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительс­твэм унафэ ещI:
 «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм дыкъэзыухъуреихь дунейр щыхъумэным, щIыуэпс хъугъуэфIыгъуэхэр къыщыгъэщIэрэщIэжынымрэ къыщыгъэсэбэпынымрэ я IуэхукIэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и къэрал программэм, Къэбэрдей-Балъ­къэр Республикэм и Правительствэм 2013 гъэм бадзэуэгъуэм и 23-м къыдигъэкIа унафэ №213-ПП-мкIэ къащтам, мы унафэм щIыгъу гуэдзэным къыщыгъэлъэгъуа зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэн.

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм
и Правительствэм и УнафэщI        МУСУКОВ Алий

Поделиться: