Мэрем пшыхь

Испан псалъэжьхэр

Сытым деж псалъэр щыдахэр?

♦Хэхъуэ нэхъыбэ ущиIэм деж Iуэху нэхъыби къыплъыкъуокI.
♦Пщэдджыжь нэхущым къэтэджым ехъулIэныгъэр и Iэрылъхьэщ.
♦Фыгъуэм плъыфэ иIэу щытамэ, дуней псор фIыцIабзэ хъунт.
♦Псалъэр щыдахэр гум къыщикIым и дежщ.
♦Сыт хуэдэ гуфIэгъуэри IэфIу гум къонэ.
♦ЩIалэмрэ хъыджэбзымрэ щыдахэр щызэгъусэм и дежщ.
♦Бажэр бзаджэ щхьэкIэ, ари къаубыдащ.

Эволюцэм и щэхухэр
Алмэстыхэр

Абыхэм ятеухуа хъыбар гъэщIэгъуэнхэр дуней псом къыщокIуэкI. Сыбырым, Гималайм, Америкэ Ищхъэрэм, Австралием, Кавказым…
ЩIыпэ зэхуэмыдэхэм цIэ зэхуэмыдэхэр щыфIащ: инджылызыбзэкIэ «бигфут» (лъакъуэшхуэ), чынтыбзэкIэ «йети» (уэс цIыху), Индокитайм «мэз цIыху» щыфIащащ. Адыгэхэр абы дызэреджэр алмэстыщ.
Тхыдэм къызэрыхэщыжымкIэ, алмэстым и гугъу япэ дыдэ щащIар Плутарх и зэман жыжьэхэращ. Абы къызэринэкIа тхыгъэхэм яхэтщ урым дзэзешэ Суллэ и сэлэтхэм къаубыда «ажэгъафэм» теухуа хъыбар. Абы къищынэмыщIа, ХIХ лIэщIыгъуэм Абхъазым Занэ зыфIаща алмэсты бзылъхугъэр щыпсэуауэ щыхьэт тхыгъэхэр къэнэжащ. ЗэраIуэтэжымкIи, къызэрыгуэкI цIыхухъурэ абырэ унагъуэ яухуэри, бын ягъуэтыжат. Мыпхуэдэ хъыбар телъыджэхэри щыIэщ: 1921 гъэм Эверест дэкIа альпинистхэм я пашэ Говард-Бери бгым алмэсты щрихьэлIауэ жиIэжащ; ХХ лIэщIыгъуэм и 20 гъэхэм Азие Курытым къыщаубыда алмэстыр тутнакъэщым ирадзат икIи пкърыупщIыхьу зыри къыщыпамыхым, яукIащ; 1941 гъэм Совет Армэм и подполковник Карапетян Дагъыстаным алмэсты къыщиубыдри, зищIысыр иджыну сымаджэщым къишауэ щытащ, иужькIэ ари яукIыжащ.
Алмэсты зылъэгъуахэм жаIэр мыращ: «И теплъэкIэ мащIэу цIыхум ещхь псэущхьэ инщ, Iэчлъэчщ. Уеблэмэ метритIым нэсынущ и лъагагъкIэ. ЦIыхухэм хуэдэу Iэщэ, хьэкъущыкъу ящI, мэпщафIэ, езыхэр зэрызэгурыIуэж бзэ яIэщ».
Си анэшхуэ Нэдзырэ Зэирэт жиIэжырт мыпхуэдэ хъыбар: «Дэ бынуагъуэшхуэ дыхъурт - ди адэ-анэм бын 11 драIэт. Псори дызэщIыгъуу къущхьэхъу щIыналъэм дыщыIэт, Iэщ куэду диIэти, зэрыунагъуэу дызэдэIэпыкъуу зетхьэрт. Пщыхьэщхьэ гуэрым пхъашэ дыщыIауэ, пщыIэм дыкIуэжырт шыгум дису. ПщыIэм дынэсыжыным зыкъомыфI иIэу ди адэм шым къыжьэдикъуащ. Шыр зэщIэувыIыкIри, щтэIэщтаблэу и тхьэкIумэхэр игъэсащ, пырхъыу щIидзащ. Ди адэм зимыгъэхъейуэ ипэкIэ маплъэ, дэри къэхъуар къыдгурыIуэркъым. Пщыхьэщхьэ кIыфIым дыхэплъапэмэ - гурыму гъуэгущхьэм зыгуэр тесщ. Абы и лъакъуэхэр зэкIэщIэшарэ, и IэплIэм зыгуэр илъу зригъащIэрт, сабий зыгъэбэяу анэм хуэдэу. КъызэрыщIэкIамкIи, и Iэблэм сабий цIыкIу телъу арат. Езыр цым зэщIибларэ, зищIысыр цIыхурэ хьэкIэкхъуэкIэрэ къыпхуэмыщIэу апхуэдэт. Зы напIэзыпIэм щым хъуауэ, зимыгъэхъейуэ къоплъэ. Хуэмурэ къызэфIэувэри, зы лъэбакъуэ къичащ. Ди адэр хуэмурэ джыдэмкIэ Iэбэри: «Мыр плъагъурэ? УкъэмыкIуатэ, фIы щIозгъэхынкъым! Си гъуэгум текIи нэхъыфIщ, дэ уи гугъу тщIынукъым», - жиIащ. Арати, псэущхьэр щIыбагъкIэ икIуэтурэ, кIыфIыгъэм хэкIуэдэжащ. ИужькIэ, ди адэм зэрызиумысыжамкIэ, а псэущхьэхэр къущхьэхъу щIыналъэм мызэ-мытIэу щилъэгъуат. Абыхэм зэреджэр сыт жытIэу дыщеупщIым, алмэсты жиIат…».
Алмэстыхэм теухуауэ щIэныгъэлIхэм зыхамыщIыкI куэд ящIэрт ди нэхъыжьхэм. Псалъэм папщIэ, алмэстыхэр пасэрейм цIыхухэм къахыхьэу, мыдрейхэм а псэущхьэ тхьэмыщкIэхэр яфIэгуэныхь хъурэ, шхын ирату, щыгъыныжь яIэмэ, «алмэстыхэм я сабий цIыкIухэр щIыIэм ес, ахэр гуэныхьщ, нэгъуэщI мыхъуми мы хъыданыжьхэм кIуэцIашыхьынщ», - жаIэурэ, жыгхэм хуфIадзэу щытащ.
ЗэрыжаIэжымкIэ, алмэстыхэм мы щIыпIэм куэдрэ ущрихьэлIэрт. Ахэр кIуэдыжыным е нэхъ мащIэ хъуным щхьэусыгъуэ хуэхъуар макъышхуэхэращ. Хэку зауэшхуэм иужькIэ ахэр мащIэ дыдэ зэрыхъуам куэдым гу лъатат. Ахэр фоч макъымрэ лагъым къауэмрэ игъэшынэу, къуршым ихьэжыпауэ жаIэ.
Алмэстым и щыIэкIэр нэхъ куууэ зыджа урысей щIэныгъэлI, биологие щIэныгъэхэм я доктор, профессор Сапунов Валентин зэрыжиIэмкIэ, эволюцэм и лъэныкъуэкIэ укъеплъмэ, цIыхумрэ номинхэмрэ яку дэт, псэущхьэ лIэужьыгъуэ щхьэхуэщ алмэстыхэр.
Алмэстыр языныкъуэ лъэпкъ IуэрыIуатэхэми къахощыж.
Фырэ  Анфисэ.

Унэгуащэхэм папщIэ
Шэ, шху дэпшхреймэ…

♦Холестерин зи куэдым нартыхум къыхэщIыкIа шхыныгъуэ куэд ишхыреймэ, холестериныр мащIэ ещI, Iэпкълъэпкъым хэлъ лейри къыхеху.
♦Лы цIынэм мэ къимыщтэн щхьэкIэ шэрджэсхэм фо щахуэу щытащ.
♦Мыващхъуэр къущхьэхъу кърахырт. Езы мывэр памцIэ цIыкIуу щытщ. Ар сапэкIэ ятхъунщIырт, сабэм хуэдэу къытекIар уIэгъэм трагъэщащэрти уIэгъэр хъужырт.
♦КIэртIофым къыхэщIыкIа шхыныгъуэ куэд зышхыр пшэр мэхъу.
♦Iэщышхуэ, Iэщ цIыкIухэм ял гъэвар щашхкIэ адыгэхэм бжьыныху шыпсым пIастэ ирагъэпщIыркъым, ирагъэпщIыр лыращ.
♦ЩIалэ къыхуалъхуамэ, фокIэ пщауэ хугу хьэжыгъэ яшхырт, щIалэр гъур мэхъу жаIэрти.
♦ХьэлIамэ кIупIинэм хуабэу шэ, шху дэщIыгъуу щIэх-щIэхыурэ пшхымэ, абы Iэпкълъэпкъыр егъэкъабзэ, напIэ зэлъахэри егъэхъуж.
♦Лъыр зи мащIэ цIыхум щынэ цIыкIу хуаукIырти и тхьэмщIыгъур хуабэу кърахырт, тыкъыр цIыкIуу яупщIатэрти, имыгъэныщкIуу ирагъэгъэлъэтэхырт. ♦Хуэмышхыу Iумпэм ищIмэ, ягъэвэпхъырт
.
Къубатий Борис.

ГушыIэхэр
Щыуагъэр езгъэлъагъунущ

ЕгъэджакIуэм:
- Пщэдей уи адэшхуэр къыздэшэ?
- Си адэра хъунщ узыхуейр, - жи еджакIуэм.
- Хьэуэ уи адэшхуэращ.
- Сыт си адэшхуэр зэрыпщIынур?
- Уи адэм уи унэ лэжьыгъэхэм хищIыхь щыуагъэхэр езгъэлъагъунущ.
СщIэркъым
Анэр япэ классым кIуэ ипхъу цIыкIум йоупщI:
- Щырэ плIырэ зэхэплъхьэмэ дапщэ къыщIидзыр, Дисэ.
- Блы.
- Блырэ плIырэ зэхэплъхьэмэ-щэ?
- СщIэркъым, дэ иджыри пщыкIузым дынэсакъым.
ИмыщIэу ара?
Зэанэзэкъуэр тыкуэным щIыхьауэ, щIалэ цIыкIур къопсалъэ:
- Мамэ, еплъыт, мо лIым и щхьэцыр тетыжкъым.
- УмыкIий, Идар, зэхебгъэхынущ.
- ТхьэмыщкIэ, иджыри къэс имыщIэу ара щхьэкъуий зэрыхъуар?

Гупсысэр - псалъэкIэ
УпщIэ нагъыщэ

Телъыджэу зэхэджащ цIыху гъащIэр. ГъэщIэгъуэнми къыщынэркъым абы и къуэгъэнапIэ-быдапIэ куэдым уи нэр къыхузэтепхыныр, ар плъыфэбэу, къуэпсыбэу, нурыбэу икIи къуэбэбжьабэу зэрыу­хуам укIэлъыплъыныр. Къыпхуэмыпщытэным хуэдизщ зэрыупщIэ нагъыщэ здэгъэувыпхъэу а гъащIэм къытлъыкъуигъэкI жыхуэпIэр. Жэуапым я нэхъ пэжыр къэулъэпхъэщыным, хэкIыпIэм я нэхъ захуэр къэгъуэтыным зэману тедгъэкIуадэри лъытэгъуейщ.
Узыфэ IэубыдыпIэншэм Iэпкълъэпкъым зэрызригуашэм хуэдэу, зэрыупщIэ нагъыщэ куэдым увыIэпIэ зыкъысхуащIащ. ЗэщIаблащ, зэщIащтащ, зэщIаубыдащ си гъащIэр. ДэнэкIэ тесIуантIэми, дэздзыхми, къэзгъэшми, сикIуэтми - дапщэщи си гъуэгур яуфэбгъу, гъуэм кърахуа благъуэу къыспотIыс. ГурыфIыгъуэмрэ нэплъэгъуэмрэ зы бэлыхь есщIами ярейуэ спагъэжыжьэ. Си фэм симытыжу фагъуэ сащI, фэтегъуэ сихъукIынми увыIэгъуэрэ тепыIэгъуэрэ ямыщIэу Iуэхур ирашалIэ, лIэныгъэр IэфIыпс къысщащI. Фащэм я нэхъ дахэр зыхуэзгъэфащэу хэIэтыкIа нагъыщэ пагэкIэ зэщIэзудэжа си лъагъуныгъэ дахащэми къылъагъэс я щхъухь шынагъуэр, къопэбжьауэ, къуоныкъуэкъу яфIэщыпсу. Си гур тIу иращIыкIыну къыхуодзэлашхэ. Я щхьэр ягъэщхъарэ езэш ямыщIэу къытоуIуэ, къопIэстхъ. Зы дакъикъи псэхугъуэ ирагъахуэркъым яуIэу зэлъэпэуэжыну гу тхьэмыщкIэр. Зы Iэмали къысхуэгъуэтыркъым икIута из зэрымыхъужыр къагурызгъэIуэну. ГъырнэIурэ псэкIуэду ирызагъэхьэкI си гъащIэр. ЩIэращIэу, щIэщыгъуэу, щIэхъуэпсымрэ щIэбэгымрэ ебэкIыу зэгуэр сызыхэпсэукIа гъащIэр. Лъэгуажьэмыщхьэ захуэсщIу селъэIуа, си щхьэр яхуэзгъэлъэхъша пэтми, я фIэщ схуэщIыркъым гум уегуауэ зэрымыхъунур - ар ныкъуэдыкъуэу, къыхуэныкъуэ щымыIэжу, къеижыр къыхукъуэплъу къэплъэнэф пэлъытэу дунейм зэрыщыхьэулеинур, зэрыщылеинур. ИтIани сызэхахыркъым, къысхуэдэгущ. ГуитIщхьитIу сагъэпсэуныр яфIэкъабылу лей къыстрагъэхьэ, хьэм ирагъэхь къупщхьэжьу си гум къодзэгъу. Ауэ зэкIэ пэлъэщыркъым, яхуэгъэщащэркъым, яхуэуныкъуркъым. Яхуэуныкъуркъым быдэ дыдэу зэрыубыдауэ, фошыгъупсым хэлъэфа IэфIыгъэкIэ псыхьыжауэ гу курыкупсэм лъагъуныгъэр хэгъэпщIащи, дыгъэ бзийм къыхэча Iуданэ дыщэпскIэ и гъунэхэр къэдыхьыжащи. МыщIэ цIу цIыкIуу гум итIысхьащи, Iэрымылъхьэ-нэрымылъагъу бзуубзэ макъкIэ псэм епсэлъащи. Полъэщ, дзыхэркъым икIи икIуэтыркъым ар. УпщIэ нагъыщэу къыпэщIэувэр зэрырищIыкIыфын, я лъапси я къуэпси зэрыщIигъэхуфын къару лъэщ къызэрыкъуэкIыфынум ирипагэрэ ириину, къащыдыхьэшхрэ къащIэнакIэу гум къоцIуукI, къолындыкI, къогуфIыкI…
Жамбэч  Рабия.

ЗэвгъащIэ
Псалъэ шэрыуэхэм къарыкIыр

 

МылIэр лIы мэхъу.
ЦIыху хъуащ, хуэфащэ увыIэпIэ игъуэтащ; балигъ хъуащ - жыхуиIэщ. ЦIыхум игъуэта щытыкIэр гуапэ щащыхъум деж къапсэлъ хабзэщ.
Мыщафэ Iэрымылъхьэм гуащэр щумыгъэгугъ.
УмыгъэзэщIар гъэзэщIа хъуакIэу, зэфIэкIауэ умыбж. Iуэхур щызэфIэкIын хуей пIалъэр къэмыс щIыкIэ гъэзэщIа хъуакIэу зылъытэм хуэгъэза чэнджэщщ.
ПащIэм къимыхьыр жьакIэм къихьыжыркъым.
УщыщIалэм къыпхуэмылэжьар уи жьыщхьэ къыпхуэлэжьыжынкъым.
Пэ зиIэм кIэи иIэщ.
ЖаIар е нэгъуэщI зыгуэрыр ирикъуну, абдежым щыухын хуейуэ къыщалъытэм деж къапсэлъ хабзэщ.
Псым итхьэлэр шхийм йопхъуэ.
ХэкIыпIэншагъэ къихутар къезыгъэлыну, къызэтезынэну къыфIэщIу, иужьрей дыдэ гугъапIэу йожалIэ сэбэп къызэрыхуэмыхъуфынур нэрылъагъуу щыт Iэмалми.
Псым къудамэ теткъым.
«IэубыдыпIэншэщ» жыхуиIэщ. Псым ущыбэлэрыгъ зэрымыхъунур кърагъэкIыу къапсэлъ.

Щауэ  Къэлидар.

КъэкIыгъэхэм я цIэр

Банэ фIыцIэ - барбарис
Хьэбзэгу - подорожник большой
ЩIыгыныху - сельдерей пахучий
Бжэнтхьэпэху - василёк
БжакIэ - костер пёстрый
Ажэгъуэпщ - рябчик
КIей - ясень
АIуудз - лилия однобратственная
Къабзий - рогоз широколистный
Къамылгъашэ - тростник обыкновенный
УдззэрыкI - хвощ
ТIомпIыш - красавка кавказская
Фоуку - василёк бледно-желтый
Шамбыр - бамбук
Шыгъулдыплъыжь - брусника обыкновенная
ШыкIуртIымей - кедр
Дахэ - белена черная.

Фэ фщIэрэ?
Щхьэцыр гъэдэхэн зэрыхуейр

Бзылъхугъэхэм сыт щыгъуи гулъытэ хэха хуащIу щытащ щхьэцым и теплъэм, и зэщIэкъуэкIэм. Философхэм ящыщ гуэрым жиIэгъауэ щытащ цIыхубзыр зыгъэдахэр и щхьэцыр зэрызэщIэкъуа щIыкIэр арауэ. АрагъэнкIи мэхъу. Ауэ, къыхэгъэщыпхъэщ щхьэцым сыт щыгъуи укIэлъыплъын зэрыхуейр.
ЦIыхухъухэм къагупсысащ
ЦIыхубзхэм я щхьэцхэмкIэ загъэдахэу щытащ ди эрэм и пэкIи. Абы щыхьэт тохъуэ тхыдэм къыхэна сурэтхэр.
ЛIэщIыгъуэ къэс цIыхухэм я дуней еплъыкIэм, я хъуэпсапIэхэм елъытауэ зихъуэжу къогъуэгурыкIуэ цIыхубзым и щхьэцым и теплъэри. Ар зэрызэщIакъуэ, зэражь щIыкIэм зихъуэжырт, цIыхубзхэм я дуней еплъыкIэм, яIыгъ диным, зытет модэм елъытауэ.
Щхьэцым гулъытэ хуэзыщIу щытар бзылъхугъэхэм я закъуэу къэзылъытэхэр щоуэ. Къэбгъэлъагъуэмэ, щхьэцыр дахэу жьыныр, теплъэ зэмыщхь етыныр къэзыгупсысар цIыхухъухэращ. Нэхъапэхэм цIыхубзхэм загъэдэхэну, нэгъуэщIхэм зыкъыхагъэщыну, гу зылърагъэтэну къезэгъыртэкъым. Абыхэм я къалэн нэхъыщхьэр унагъуэр зэрахьэнырт, сабийхэр ягъэсэнырт.
Щхьэцым кIэлъыплъыным ехьэлIауэ лъэпкъ къэс езыхэм я хабзэ яIэж хъуащ. Нэхъ пасэм щхьэц кIыхь, Iув птелъыныр яфIэдахэу щытащ. Апхуэдэ щхьэц зытелъын хуейуэ къалъытэри цIыхухъухэрат, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, ахэр нэхъ хахуэу, лIыгъэ нэхъ яхэлъу къалъытэрт. Бзылъхугъэхэри щхьэц Iувым, кIыхьым игъэдахэу ялъытэрти, щхьэцыр пIащIэми парик зытралъхьэныр къызэрыгуэкIыу ябжу щытащ.
Парикыр къэзыгупсысар африканхэрауэ хуагъэфащэ. Ар ящIын папщIэ псэущхьэхэм яцхэмрэ удзхэм я жэпкъымрэ къагъэсэбэпырт. Пасэрей мысырхэм я парикхэр я теплъэкIи къызыхэщIыкIакIи адрейхэм къащхьэщыкIырт. Ар кIапсэ ухуэнамрэ лотосым и пкъымрэ къыхахыу арат.
Куэд къыбжиIэрт
Щхьэцым и зэщIэкъуэкIэмкIэ, и кIыхьагъымкIэ пхузэхэгъэкIырт цIыхур зыщыщ лIакъуэр. Псалъэм папщIэ, пащтыхьхэм, пащтыхь гуащэхэм я щхьэцхэр лъагэу яIэтырт, унэIутхэм, мэкъумэшыщIэхэм, зауэлI­хэм я щхьэцхэр къызэрыгуэкIыу жьа къудейуэ арат.
Ину къэIэтауэ щхьэцыр зэщIэзыкъуэр мысырхэм я закъуэтэкъым, атIэ ассирийцхэри персхэри ерыщт абыкIэ.
Пасэрей Алыджым щыпсэуахэм я щхьэцыр зэращI щIыкIэр ящыгъ кIэстумхэр зэрызэтедзам ещхьт. Апхуэдэу, щхьэцыр ягъэщIэрэщIэн щхьэкIэ, абы хуагъэса унэIутхэри яIэт. Алыдж бзылъхугъэхэм я щхьэцхэм лентI зэмыфэгъухэр халъхьэурэ къаIэтырти, ар нэхъ дахэжу ягъэщIэрэщIэжырт.
А лъэхъэнэм щхьэц хужьыфэхэрат модэм нэхъ къезэгъри, зи щхьэц фIыцIэхэми фэ сырыхуу ираIэрт. Плъыфэм и закъуэтэкъым гулъытэ зыхуащIыр, атIэ Iэмал зэмыщхьхэр къагъэсэбэпурэ хъыджэбзхэм я щхьэцхэр ягъэутIэрэзырт. Ар нэхъыбэрэ иIыгъын папщIэ сеткэ цIыкIу фIалъхьэрт.
Классикэм техуэу
Классикэ щхьэц зэщIэкъуэкIэу нэхъапэм ябжу щытар алыдж ухуэныкIэрщ. Абы каримбоскIэ еджэрт. Щхьэцыр налъэурэ зэгуахырт, ягъэутIэрэзырт аби, натIэм екIуэкIыу къыIуалъхьэрт. Алыджхэм къызэралъытэмкIэ, бзылъхугъэм и натIэр цIыкIуу щытын хуейт. Абы ипкъ иткIэ, щхьэцымрэ набдзэмрэ я зэхуакум тIуалэ хуэдиз къагъанэу арат. НэкIубгъумкIэ къелэлэххэр зэхуахьэсырти, щхьэ щIыбымкIэ щаухуэнырт. Ар шпилькэкIэ е лентIкIэ ирагъэубыдырт.
Римлянхэми яфIэфIт щхьэцыр ягъэдэхэну. Абыхэм нэхъыбэу щхьэц жьар щIыбымкIэ щрадзыхырти, щхьэцхэIу дахэ халъхьэрт. Ауэ языныкъуэхэми яухуэнырти, щхьэм и хъуреягъкIэ кърашэкIырт, натIэм деж баринэ тIэкIу къагъанэурэ. Абыхэм я щхьэц щIыкIэр адрейхэм къазэрыхэщыр налкъутналмэсхэмкIэ зэрыгъэщIэрэщIарт.
 

КIэш Санэ.
Поделиться:

Читать также:

18.03.2024 - 10:55 НОБЭ
15.03.2024 - 11:29 НОБЭ
14.03.2024 - 09:00 НОБЭ
13.03.2024 - 15:50 НОБЭ
12.03.2024 - 07:10 НОБЭ