Дунейм щыхъыбархэр

Къуажэхэм Iэпхъуэхэм зыщIагъакъуэ

Дызыхыхьа илъэсым къыщыщIэдзауэ хэхъуащ медицинэ IэнатIэм щылэжьэну къуажэхэм Iэпхъуэхэм ират компенсацэхэм.

УФ-м и Правительствэм и УнафэщI Мишустин Михаил Iэ щIидзащ «Узыншагъэр хъумэн IэнатIэм зегъэужьын» къэрал программэм зыхуэфащэ зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным теухуа унафэм.
Абы ипкъ иткIэ, къуажэхэм, цIыху мин 50 иримыкъу щыпсэу къалэхэм щылэжьэн мурадкIэ псэупIэ зыщI IэщIагъэлIхэм зэ тыгъуэу иратынущ: дохутырхэм сом 1 мелуан, фельдшерхэм - сом мин 500. Къуажэхэр, къалэхэр пхыдзамэ, центрхэм куэдкIэ япэжыжьэмэ, компенсацэхэр нэхъыбэ ящI - дохутырхэм сом мелуан 1,5-рэ курыт медицинэ лэжьакIуэхэм сом мин 750-рэ иртаныу ягъэуващ.
ЗэхъуэкIыныгъэщIэхэм япкъ иткIэ къэрал дэIэпыкъуныгъэ яIэрыхьэнущ апхуэдэ щIыналъэхэм щыIэ фельдшер, фельдшер-акушер пунктхэм щылажьэ акушерхэмрэ медсестрахэми. Абыхэм зыщIагъэкъуэнущ фельдшерхэм хухахым хуэдизкIэ: сом мин 750-рэ иратынущ щIыпIэ пхыдзахэм щылажьэхэм, адрейхэм - сом мин 500.
Нэхъапэми хуэдэу, ахъшэр къратын папщIэ IэщIагъэлIым узыншагъэр хъумэнымкIэ IуэхущIапIэм зэгурыIуэныгъэ ирищIылIэн хуейщ, щIыпIэм илъэситху нэхърэ мынэхъ мащIэкIэ щылэжьэну зэрыарэзыр къыщыгъэлъэгъуауэ.

Сыт къэхъунур, нэкIуIупхъуэхэр псоми зы­Iуахыжмэ?

Коронавирус узыфэм дунейм зыщиуб­гъуу зэрыхуежьэрэ илъэсым нэблэгъами, щытыкIэ къызэрымыкIуэм иту псэуным цIыхухэр есакъым. Узэмысэж щымыIэу къалъытэми, гу­гъущ илъэсипщI бжыгъэкIэрэ узытета псэукIэм укъытекIыну - къэрал псоми я цIыхухэр темыпыIэжу поплъэ зыхуейм кIуэуэ, медицинэ нэкIуIупхъуэхэр, Iэлъэхэр яIэрымыгъыу зэIущIэу, зэдэуэршэру, зэIыхьлыхэр хуиту зэкIэлъыкIуэу щыхъужыну зэманым. Апхуэдэ зэманыфIыр зэрымыжыжьэжри быдэу я фIэщ мэхъу.
ФIым ущагъэгугъ узыфэм теухуауэ щIэныгъэлIхэм, дохутырхэм жаIэхэм. Москва къалэм узыншагъэр хъумэнымкIэ и департаментым Жадкевич М. Е. и цIэр зезыхьэ и къалэ клиникэ сымаджэщым и дохутыр нэхъыщхьэ, медицинэ щIэныгъэхэм я кандидат Мясников Александр и чэнджэщхэр, и Iуэху еплъыкIэр цIыху куэдым къабыл ящI. ЩIэныгъэфI зыбгъэдэлъ дохутырыр махуэ къэс телевиденэкIэ цIыхухэм я пащхьэ къохьэ, зыгъэпIейтей куэдым я жэуапи абы и деж щагъуэт.
«Медицинэ нэкIуIупхъуэхэр цIыху псоми зы­IуахыжынкIэ зэрыхъунум дызыхуишэнур сыт?» - упщIэр иратащ абы иджыблагъэ. Дохутыр цIэрыIуэм къызэрилъытэмкIэ, ущIэгузэвэн лъэпкъ абы кърикIуэнукъым.
«Сыт къэхъунур, ахэр зыIуахыжмэ? УщIэгужьеин къэхъунукъым, - жиIащ Мясниковым. - И нэхъыбапIэм ахэр тэмэму зэрызэрамыхьэр къэплъытэмэ: псалъэм папщIэ, куэдым ар я жьэгъум щIэлъу къакIухьу аращ».
Коронавирус узыфэм зэрызыщыпхъумэн Iэмал нэхъыфIхэр щыIэщ, медицинэ нэкIуIупхъуэхэр зыIубгъэлъыным нэхърэ, жиIащ абы. КъимыдэкIэ, нэкIуIупхъуэхэр абыкIэ сэбэпышхуэ мыхъуу къелъытэ дохутырым. «Псалъэм папщIэ, респираторхэми абыхэми пыхусыхуми нэгъуэщI узыфэ зэрыцIалэхэми ущахъумэфыну шэсыпIэ уихьэ хъунукъым, коронавирусым и гугъу умыщIыххэми. ЦIыху псоми медицинэ нэкIуIупхъуэхэр яIулъын хуейуэ къыщIагъэувар нэгъуэщI Iэмал ягъуэтыртэкъыми, ахэри зыгуэркIэ сэбэп хъуну щыгугъыу къыхалъхьауэ арат», - къыхигъэщащ Мясниковым.
- Хьэфэ Iэлъэхэми мыбдежым мыхьэнэ лъэпкъ яIэкъым. «Уи нэхэм ущIэIуэтыхькIи, уи Iэпэхэм уебзейкIи коронавирусыр уи Iэпкълъэпкъым хыхьэнукъым», - жиIащ дохутырым. Узыфэм зэрызыщахъумэу иджыпсту къагъэсэбэп Iэмал псом нэхъри нэхъ щхьэпэр интерферон зыхэлъ хущхъуэр пэм ибгъэткIуэнырщ. Хамэ къэрал щыщ щIэныгъэлIхэм къызэралъытэмкIэ, ткIуэпситI-щы фи пэм ивгъаткIуэмэ, абы узыфэм ущихъумэну нэхъ ущыгугъ хъунущ. Ди къэралым абы теухуа къэхутэныгъэхэр щрагъэкIуэкIакъым, - къыхигъэщащ Мясников Александр. - Сыт хуэдэу щымытми, ар зэран хъунукъым, къыфхуэщхьэпэнкIи угугъэ хъунущ.

Нобэ

♦Нутеллэ шоколадым и дунейпсо махуэщ
♦Урысейм ягу къыщагъэкIыж зи къалэн зыгъэзащIэу хэкIуэда дипкурьерхэр (дипломат къулыкъум и пощтхэр къезышэкIхэр)
♦Мексикэм и Штат Зэгуэтхэм я Конституцэм и махуэщ (1917 гъ.)
♦1783 гъэм
Италием щIыр щыхъеящ. Нэхъапэм къэхъуа щIыхъейхэм я нэхъ лъэщхэм икIи нэхъ кIыхьхэм хабжат ар. ЩIыр иудыныщIэм нэхъ ужьыхыжурэ мазитIкIэ екIуэкIа а къэхъукъащIэ шынагъуэм и эпицентрыр зыхуэза Реджо-ди-Калабрие къалэри нэгъуэщI жылагъуи 180-ри щIым щыщ ищIат, цIыху мин 60-м щIигъу хэкIуэдат.
1919 гъэм Европэм щыяпэу Германием къыщызэIуахащ цIыхухэр къызэрырашэкI кхъухьлъатэхэр зытет линэхэр. А лэжьыгъэм къыщагъэсэбэпат Япэ дунейпсо зауэм къела кхъухьлъатэхэр.
1928 гъэм нэмыцэ химик Виндаус Альфред зэхилъхьащ Д витаминыр. ЦIыхум и Iэпкълъэпкъыр икъукIэ зыхуэныкъуэ а хущхъуэгъуэ лIэужьыгъуэр къызэригупсысам папщIэ щIэныгъэлIым а гъэ дыдэм къыхуагъэфэщауэ щытащ Нобель и саугъэтыр.
1943 гъэм къагъэсэбэпу щIадзащ «ТекIуэныгъэм и гъуэгу» зыфIаща гъущI гъуэгу линэр. Абы мыхьэнэшхуэ иIащ нэмыцэдзэм къитIысыхьа Ленинград къалэр а къапхъэным къикIынымкIэ. Гъуэгум къыщыщIидзэрт Поляны платформэм икIи Нева псым и сэмэгурабгъу, Ладогэ и ижьырабгъу IуфэхэмкIэ екIуэкIырти, Шлиссельбург нэс кIуэрт.
♦1960 гъэм СССР-м и Правительствэм и унафэкIэ къызэрагъэпэщащ Лъэпкъхэм я зэныбжьэгъугъэм и Урысей университетыр (РУДН).
♦1991 гъэм Къыргъызым и къалащхьэ Фрунзе (1926 гъэм къыщыщIэдзауэ апхуэдэу еджэу щытащ) къалэм и цIэр Бишкек жиIэу зэрахъуэкIащ.
♦1836 гъэм къалъхуащ урыс тхакIуэ, литературэ критик, публицист Добролюбов Николай.
♦1840 гъэм къалъхуащ Инджылызым щыщ IэпщIэлъапщIэ, «Максим» пулемётыр зэпкърызылъхьа Максим Хайрем.
♦1840 гъэм къалъхуащ Шотландием щыщ къэхутакIуэ, автомобилхэм щIалъхьэ хьэфэ шэрхъхэр къэзыгупсыса, ахэр къыщIэзыгъэкIыу щIэзыдза Данлон Джон.
♦1878 гъэм къалъхуащ франджы промышленник, «Ситроен» концерныр къызэзыгъэпэща Андре Гюстав Ситроен.
♦1924 гъэм къалъхуащ Совет Союзым и ЛIыхъужь Матросов Александр.
♦1927 гъэм къалъхуащ Къэбэрдей къэрал драмэ театрым илъэс куэдкIэ щылэжьа, УФ-м и цIыхубэ артист Токъуий Хъусен.
♦1928 гъэм къалъхуащ журналист, КъБР-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Тэрчыкъуэ Исуф.
♦1985 гъэм къалъхуащ Португалием щыщ, дунейм щынэхъ Iэзэ дыдэ футболистхэм хабжэ, Испанием и «Реал Мадрид» командэм щыджэгу Роналду Криштиану.

Дунейм и щытыкIэнур

«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ, пIалъэ-пIалъэкIэрэ уэшх къыщешхынущ. Хуабэр махуэм градуси 9 - 11, жэщым градус 1 - 3 щыхъунущ.

Лъэпкъ Iущыгъэ:
Благъэжь хыфIумыдзэ, гъуэгужь умыбгынэ.

 

Зыгъэхьэзырар ЖЬЭКIЭМЫХЪУ Маринэщ.
Поделиться:

Читать также:

19.03.2024 - 10:01 НОБЭ
18.03.2024 - 10:55 НОБЭ
15.03.2024 - 11:29 НОБЭ
14.03.2024 - 09:00 НОБЭ
13.03.2024 - 15:50 НОБЭ