ХэпщIыкIыу хохъуэРеспубликэм и хозяйствэхэм щIымахуэ лъэхъэнэм Iэщыр щIэубыдауэ зэрыщаIыгъа пIалъэр и кIэм ноблагъэ. Къэрал статистикэмкIэ федеральнэ къулыкъум и Кавказ Ищхъэрэ къудамэм и управленэм зэрыщатхамкIэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым и хозяйствэхэм, псори зэхэту, мазаем и 1-м ирихьэлIэу Iэщышхуэу мин 274,5-м щIигъу щаIыгъащ. Ар 2020 гъэм и апхуэдэ лъэхъэнэм зэрыщытам елъытауэ проценти 2,3-кIэ нэхъыбэщ. Iэщышхуэм ящыщу мини 138-р жэм къашщи, а бжыгъэр нэгъабэ и апхуэдэ зэманым яIам нэхърэ проценти 3,6-кIэ нэхъыбэщ.
Поделиться:
Читать также:
25.04.2024 - 14:33 →
Iус зэхэлъым къыщIэупщIэм хохъуэ
25.04.2024 - 13:00 →
Хэкур фIыуэ лъагъуным хуаущий
23.04.2024 - 19:01 →
ГъуэгуфIхэр нэхъыбэ мэхъу
23.04.2024 - 13:54 →
Зэхуэсышхуэм зыхуагъэхьэзыр
23.04.2024 - 12:52 →
Компьютер щIэпхъаджащIэхэм щахъумэ
|