Марем пшыхь

Псалъэжьхэр
КIуэм и гъуэгу хощI

ЖармыкIэм къыщыхъуар жармыкIэм щызэхэкIыжынщ.
♦Мысэр малъэри хейм и лъакъуэр щIеуд.

Мыублэ мыхъумэ, мыух щыIэкъым.
Псалъэ лейм баш лей даIэтыркъым.
Уи гуащIэ еплъи уи лъэ гъэбакъуэ.
Хэплъыхь Iыхьэншэщ.
ГъунэгъуфI - къуэшыфI палъэщ.
КIуэм и гъуэгу хощI.
Дадэм щIыгъур нанэщи, нанэм щIыгъур дадэщ.
ЗэхэкIыр губжьым къыхокI.
Къуэр напщIэщ, пхъур набдзэщ.
Дзыхь зыхуумыщI щыкъур мэкъутэ.
Захуэ жыIэныр нэ ищIыным хуэдэщ.
Зумыхьэри уимыIэри зыщ.

ЦIыкIухэм папщIэ
Мухьэмэдрэ Астемыррэ

ЩIымахуэт. Пасэу къэуша Мухьэмэд зиукъуэдийри щхьэгъубжэмкIэ дэплъащ. Уэсыр Iуву къесауэ телът. Зэуэ игу къэкIыжащ дыгъуэпшыхь и къуэш нэхъыжьым къыхуихьа компьютер джэгу зытет дискыр. Ауэ уэсыр имытхъуауэ компьютерым бгъэдэтIысхьэ хъунутэкъым. Псори лэжьакIуэ дэкIат, езы Мухьэмэд и зыгъэпсэхугъуэт. Зимыгъэгувэу ар унэм къыщIэкIащ: «Лэжьыгъэр сыухмэ, хуиту компьютерым сыбгъэдэсынщ», - йогупсыс ар.
Уаем нэкIущхьэплъ ищIауэ абы жыджэру уэсыр итхъурт. ПщIантIэм дэлъыр щиухым, уэрамым дэкIащ. Жьыбгъэ щIыIэм нэхъри зегъэпхъашэ, езы Мухьэмэд щIыIэр фIэIуэхуххэкъым. КъызэщIэплъащи, уаери зыхищIэркъым, уеблэмэ къыпщыхъунщ уаемрэ езымрэ зэдэджэгуу.
- ЩIыIэм уискъэ? - къыбгъэдыхьащ абы Iэжьэр къезышэкI Астемыр.
- Дунейр щIыIэу ара? - къыпогуфIыкI Мухьэмэд.
- Плъагъуркъэ зэрыщIыIэр? Уаещ. И зо, щIыIэм ­уисыркъэ? - щIоупщIэ ар аргуэру.
- Хьэуэ! - жеIэ Мухьэмэд уэс здитхъум.
- КхъыIэ, нтIэ дыгъуасэ ещхьу иджыри дыгъэджэгу.
- КъыздэIэпыкъуи мы уэсыр зэгъусэу дыгъэтхъу, итIанэ IэжьэкIэ укъесшэкIынщ икIи дыджэгунщ.
ЩIалэ цIыкIум арэзыуэ и щхьэр щищIым, Мухьэмэд абы хьэнцэ Iэрыхуэ IэщIилъхьащ. Зэгъусэу улажьэмэ куэдрэт, уэсыр тхъун яухащ.
- НакIуэ, ди деж ныщIыхьэ, дышхэнщи, Музэрин къысхуихьа дискымкIэ дыджэгунщ.
- Сэ, пщIэрэ, нышэдибэ щIагъуэу сышхэфакъым. Ауэ иджыпсту … соукIытэ, ауэ … сыкъэмэжэлIащ.
- Нышэдибэ сыт пщIар? Зэт, сэ къэсщIэнкъэ - компьютерым убгъэдэсащ. Пэжкъэ? Аращ ущIэмышхэфар. Иджы улэжьати, укъэмэжэлIащ.
И ныбжьэгъу нэхъыщIэ цIыкIум и Iэблэр иубыдри Мухьэмэд пщIантIэм дишащ.

Мэлей ФатIимэ.

ФщIэн папщIэ
Вагъуэбэ

Вагъуэбэ - созвездие Тельца.
КъуэкIыпIэ лъэныкъуэмкIэ къыщыблэ вагъуэ зэрыбынщ, ар гъавэм хэплъэмэ, къэкIыгъэр багъуэу жаIэ. Вагъуэбэм теухуауэ пасэрей адыгэхэм жаIа нэщэнэхэрщ ди деж нэхъыбэу къэсар: «Вагъуэбэр щIым хэплъэмэ, къэб къуэпсым зедз», «Вагъуэбэр къыхэмыплъауэ нартыхум зиIэтыркъым, апщIондэху хэхъуэгъуейщ», «Вагъуэбэр щIым зэрынэсу, щIыри псыри мэщтри, щIымахуэм щIедзэ», жаIэрт адыгэхэм.
Мыбдежым къыхэгъэщыпхъэщ Вагъуэбэм теухуауэ МафIэдз Сэрэбий итхар: «Илъэсыр IыхьиплIу гуэшыныр адыгэхэм Вагъуэбэ жыхуиIэ вагъуэ зэрыбыным ирапхырт. Вагъуэхэр зыдж щIэныгъэм Дыгъэр здырикIуэу жыхуиIэ Вагъуэ бын 12-м щыщу «созвездие Тельца» жыхуаIэм нэхъ тохуэ Вагъуэбэр. Ауэ уи гугъэ хъунущ адыгэхэм Вагъуэбэ жыхуаIэу щытам а Вагъуэ бын пщыкIутIри къызэщIиубыдэу, иужькIэ, щIэныгъэу яIар щаIэщIэхужым, ди нэхъыжьхэм а фIэщыгъэцIэр Вагъуэ быным и закъуэ траубыдауэ. Дауэ щымытами, ди бзэм къыхэнауэ иджыри хэтщ мыпхуэдэ жыIэкIэхэр: «Вагъуэбэр щIым къыхэкIащ», «Вагъуэбэр гъавэм къыхэплъащ», «Вагъуэбэр жыг щхьэкIэм хыхьащ», «Вагъуэбэр щIым хыхьэжащ».
Вагъуэбэр щIым къыхэкIауэ щалъытэр гъатхэм махуэмрэ жэщымрэ зэхуэдэ щыхъурт. Иджырей ди бжыгъэкIэ ар зыхуэзэр гъатхэпэ мазэм и 21-22 махуэхэрщ. Абдежым илъэсыщIэр къихьэу адыгэхэм ялъытэрт… Вагъуэбэр гъавэм къыхэплъамэ (мэкъуауэгъуэм и 21-22), гъэмахуэм щIидзэрт, Вагъуэбэр жыг щхьэкIэм хыхьамэ (фокIадэм и 21-22), бжьыхьэр къэсат, Вагъуэбэр щIым хыхьэжамэ (дыгъэгъазэм и 21-22), щIымахуэр къихьат.

ПщIэну щхьэпэщ
Жьы хъуа псалъэхэр

Хьэлыуэ Iэпищ. ФэрэкI къызэуза сабийр хъужа иужькIэ, хьэлIамэ хуагъавэрт, сабийм и Iэпищым и пIэ тедзауи гъунэгъухэм хуахьырт, я сабийр зэрыхъужам иджы укъыкIэлъыкIуэ зэрыхъунум и щыхьэту.
Гъуэгудэгъазэ. Мыр адыгэхэм хьэщIэм хуащI пщIэм, кIэлъызэрахьэу щыта хабзэхэм ящыщ зыщ. Къуажэм дэкIыу гъуэгу техьам, хьэщIэ къакIуэу илъагъумэ, къигъэзэжырти къуажэм нэс къигъэблагъэт, хьэщIэм хуит къищIыжмэ, и гъуэгум пищэжырт.
Дыщрыс. Пасэ зэманым щыгъуэ пщащэм и нэчыхьыр ятха иужькIэ, и дыщым илъэскIэ щис къэхъурт, зыхыхьэну унагъуэм уасэр зэхуихьэсыху, езыми зигъэхьэзырыху.
Гущэкъуибзэ. Адыгэхэм хабзэу къадекIуэкIыу щытащ зы жэщым жылэм къыдалъхуа щIалэ цIыкIумрэ хъыджэбз цIыкIумрэ я гущэкъу зэхурабзэу. Ахэр бэлигъ хъуа иужькIэ унагъуэ хъун хуейуэ арат.
Жьы хъуа псалъэхэм ящыщщ пасэ зэманым щыIа классовэ зэхуэмыдэныгъэ гуэр къэзыгъэлъагъуэ псалъэхэр: уэркъ, лъхукъуэлI, дыжьыныгъуэ;
Iэщэ лIэужьыгъуэ щыIахэм я фIэщыгъэцIэ къэзыгъэлъагъуэ псалъэхэр: сагъындакъ, шабзэ, мыжурэ;
Адыгэш лъэпкъ щыIахэм я фIэщыгъэцIэхэр къэзыгъэлъагъуэ псалъэхэр: Абыкъу, Агъын, Ачэтыр, Бэчкъан, Къундет, Щолэхъу, Щомахуэ, Жэнхъуэт, Къэбан, Мэртазэ Къураты Мысост;
Унагъуэм къыщагъэсэбэп хьэпшып куэдым я фIэщыгъэцIэхэр: тэбакъ, гуэгуэн, сыхьэн, Iэнлъэ;

Щыгъэн, щэкI, вакъэ къэзыгъэлъагъуэ псалъэхэр: гуэншырыкъ, къэдабэ, сэнжэху, къуху, шухьэ, гуэбэнэч, бырынбыху;
Пасэм щыIэу щыта джэгукIэхэм зэреджэр: мастэпылъэ, шыбгъэрыуэ, шурылъэс;
Ахъшэ, щапхъэ гуэр къэзыгъэлъагъуэу щыта псалъэхэр: щай, асмушкIэ;
IэщIагъэ къэзыгъэлъагъуэ псалъэхэр: унащIэ, дыщэкI, фащIэ, къамышыщIэ, Iустаз;
Мэкъумэшым, Iэщ зехьэным, гъавэ зехьэным ехьэлIа псалъэхэр: выуэч, вэрэвий, витIмэшхьэсэ, выщхьэфIэщIэ, выщхьэтес.

Гупсысэр - псалъэкIэ
Жьым фымыщI и жагъуэ

 

Жьыгъэр мыдрей гъащIэ Iыхьэхэм япэ иту щытамэ,
 сыту фIыIуэт, ар пщIэкIауэ упсэуну сыт и уасэт!

 (Хьэх Сэфарбий).

 

Жьыгъэ, жьыгъэ, жьыгъэ… Жьыбгъэм и фэгъу мы псалъэ ткIыбжьыр щызэхэпхкIэ, уи гур зы щIыIагъ гуэрым докIыщтэ, уи псэм хьэзаб хьэлъэ шэчыгъуей гуэр зэпрыууэ пфIытогъуалъхьэ. Мы дунеижьыр зыухуар цIыху цIыкIум къызэрыхуэупса фIагъ, IэфIагъ псори зэуэ щытрихыж, щысхьырабгъу хэмылъу щыIэщIичыж, уеблэмэ къыщыIуригъэхуж зэман зэгъуэкIыу уи нэгу къыщIоувэ. Сыту пIэрэ сабиигъуэм и лъахэ IэфIыщэм къришу щIалэгъуэм и дуней дахащэм хэзышэ, а зэманми къыхишыжкIэрэ ику ит ныбжь телъыджэм хуэзышэ гъащIэ гъуэгум и щыхупIэ, и пэнцIыв дыдэм хуэзэу а жьыгъэ теплъаджэр къащIыпигъаплъэр? КъызыпхрыкIа псоми иригъэплъэжу, IэщIэщIа щыуагъэхэр зригъэгъэзэхуэжу, зыхунэмысахэр къыIэщIэухэ и къару мащIэмкIэ зэтес ирыригъэщIыжу, фIагъыу илэжьахэр нэхъри игъэбатэу, къехъуэхъумрэ къехъуапсэмрэ ихъуреягъым щыхигъахъуэ зэпыту иджыри тIэкIурэ игъэпсэужын мурад иIауэ гугъэ уегъэщI.
Жьыгъэм и нурыр къатридзэу абы и жьауэм щIэтхэми къащохъу, уеблэмэ къалэну зыхуагъэувыж абыхэм я гур яхъумэн, я пщIэр ягъэлъэгэн, сыткIи зыдрагъэкIун хуейуэ. Ар икIи хьэкъщ, щIэблэр зыщIэпIыкIыпхъэ гъэсэныгъэ телъыджэщ, Iуэхугъуэ дахэщ. Уэрэдми зэрыжиIэщи, «жьыгъэм ищIкъым зэхэгъэж - хэтми сытми ар къоуз». Пэжщ, узыфэм хуэдэщ жьыгъэр, хущхъуэгъуэ зимыIэ узыфэ шынагъуэщ.
Ауэ… Ауэ-м иужькIэщ адыгэм псэлъэн щыщIидзэр жызыIам пэжу жиIат. Сыту жагъуэ, сыту гукъутэгъуэ икIи гущыкIыгъуэ жьыгъэр зыпкърыт, а узыфэр зи Iэпкълъэпкъ псомкIи зэщIэзыщта цIыхум акъыл нэс къыпкърыкIыу, гупсысэ узыншэ къигъэщIыфу, чэнджэщ щхьэпэкIэ къотэфу щызыхыумыщIэкIэ. КIуэдауэ, къэгъазэ имыIэу псыежэх IэубыдыпIэншэм хадзэу здрагъэлъэсэхауэ, зыкIи къэмысэбэпауэ къыпфIощI апхуэдэм къигъэщIар, къызэринэкIар. Ди жагъуащэ зэрыхъущи, апхуэдэм ди щIэблэр - езым иущийуэ къыдекIуэкIын хуейр - укIытэгъуэшхуэ щригъахуэ щыIэщ. ИкIи пхуэмышыIэу мыпхуэдэ гупсысэм уи акъылыр ирешалIэ абы: «ГъащIэм щыгъуэщэнукъэ, тхьэмыщкIэ, абы къытепщIыкIари? СыткIи къуаншэ, сытуи насыпыншэ лIэужьибл къызэринэкIа нэужь абы и нэпкъыжьэ зытехуэжынури!»
«Уэхьэхьей, сэ жьы сыхъуащи, пщIэ къысхуэвмыщIи феплъыт» - жыпIэу укIийкIэ, апэсы щымыIэжым игъуэт гулъытэм и щIагъ пфIэкIуэнкIэ зыхуэIуа щыIэкъым ууейр. «Еууей»-ри абыкIэ къыпхуэлэжьынукъым мы дунейм уи щIыб къыщыхуэбгъэзами. Дапщэщ тыншу щыщытар нэгъуэщIым и деж гулъытэ нэсрэ пкъы зыщIэлъ, купщIэ зиIэ пщIэ лъагэрэ къыщыблэжьыныр? Дапщэщи гугъущ икIи зыIэрыгъэхьэгъуейщ ар. Псом хуэмыдэжу гугъу дыдэщ а фIыгъуэр къыумызэуауэ, зэхыумыщIауэ жьыгъэм унэсыныр.
Жьы хъуам сабий хьэл къещтэж, жаIэ. Уемыубзэмэ, псалъэ дахэкIэ, хэщыпыхьакIэ ухуэмыупсэмэ, и гур тIууэ зэпыбудыну къалъытэ. Ауэ зи псалъэ дыджкIэ, зи гупсысэ ткIыбжькIэ плъэмыкIыу гущыкI зыхуозыгъэщI, ажалыр благъабзэу къакIылъэщIыхьами, щIагъуащэу пфIэгуэныхь хъуну Iэмал къозымыт «нэхъыжьыфIхэми» ущрихьэлIэ щыIэщ. Уи гур егъэIэфIыж, егъэгуфIэж апхуэдэхэр зэрызэрызыххэми. ИкIи мыпхуэдэ гупсысэ-щIэнэкIалъэмкIэ псэ пIейтеяр иритоуж, егъэзэгъэж: «Сабий хьэлыр фащэу къызыхуихьыжу къызыщитIэгъэжам сабиипсэм и къабзагъэр сыту мыгъуэу гуэгъу къыхуимыщIыжарэт? Иущэхужагъэнщ, армыхъуамэ и щIалэгъуэми щIагъуэу щытагъэнукъым, абы щыгъуэ».
 КхъуэIуфэ Рабия.

ГушыIэ
Нэмыцэ сырыхужьыр

«Пирот!» - жаIэщ аби, зы махуэ гуэрым дыкърахужьэри, дыкъахум, дыкъахуурэ, Дон дыкъэсри, пхъэ закъуэ лъэмыж телъти, сыкъытехьащ. Псыкум сыкъэса къудейуэ, зы нэмыцэ сэмэлотыжь, дзэлыкъуэбгъэ хуэдиз хъууэ, къытщхьэщыхьэри, сэмэгурабгъумкIэ зы бомбэ фIыцIэжь къридзыхщ аби, псы щIагъым къыщыуэри, аргъей щитхурэ зы пащIэкIапсэрэ къыдридзеящ, я ныбэгу хужьыжьхэр къыдэгъэзеяуэ; ижьырабгъумкIи зы бомбэ щхъуантIэжь къридзыхщ аби, ар псы лъащIэм къыщыуэри, аргъей щиблрэ хьэлабгъуэ зыхыблрэ къыдридзеящ, я ныбэгухэр лъызащIэу; ещанэр сэ къыстригъапсэ пэтрэ, си фоч зэгуэтымкIэ сыдэуейри, сэмэлотыр зэпкърызудри, щыкъуей-щыкъуейуэ псым къыхэлъэлъэжащ. Абыхэм ящыщ зы мы си жьэпкъыпэм къытехуэри, мыпхуэдэу дыкъуакъуэ зыщIар аращ.
Сэ Дон сыкъызэпрыкIри, шэджагъуэ нэмэзым сытеувэн щхьэкIэ, андез сщтэуэ сыщысу, сеплъэкIри - нэмыцэ къом пхъэ закъуэ лъэмыжым къытехьауэ си лъэужьыр къаху. Iэдакъэжьауэ сщIырэ къэзбжмэ - инэралитIрэ Iэфицарищрэ, сэлэтищэ хъурт. Лъэмыж кIапэр къэсIэтри, фашист къомыр езгъэлъэлъэхщ аби, езгъэтхьэлащ зы къэмынэу. Сэлэтхэр хъуанэу, инэралхэр шхыдэу щIэтIысыкIри, бдзэжьейхэм яшхыжащ.
«Зэпытрэ зэкIэсу фыкIуэ»» - жысIэри си шэджагъуэри сщIыщ аби, тIэкIу седзэкъэну сытIысауэ, уафэм къохуэхри, зы лIы сырыхушхуэ си пащхьэм «барф!» - жиIэу къохуэ. Ар нэмыцэ сэмэлотчикырат: и сэмэлотыр щызэпкърызудам щыгъуэ дрихуейри, иджыпсту къехуэхыжауэ арат. Си флашкэм и щхьэр къыIусIуэнтIыкIщ, зы сто грамыжь IурыскIэри, занщIэу къэплъэжащ:
- Уэра ныдэуеяр? - жи.
- Алэхьэ, сэрам!
Убалъэ хуэдиз хъу и IэштIымыжьымкIэ къауэри тIэрабгъуу сриудащ.
Ар сэ абы хуэзгъэгъунт? Сыкъыщылъэтыжщ, зездзщ аби, мо вэнвей ныбэжьыр къэсIэтри, и блэгущIэм къэскIэ щIы цIынэм хэстIащ. Нобэми хэтщ ар, ныжэбэми хэтщ къыхамычыжыфу. И пщэм церп ирадзэу танккIэ къеIа пэтми, алэхьэ, къыхамычыжыфа нэмыцэми сэвецкэми - апхуэдизкIэ хэжыхьати! «Бэгъуэн ХьэзрэIил хитIам хэт пэлъэщын!» - жаIэри къыханэщ аби, зэбгрыкIыжащ.
Япэм, фашистами, чыристэнкъэ, жаIэурэ, урыс цIыхубзхэм кIэлбэса, кашэ, борщ, пIэтIрэжан сыт хуахьурэ ягъашхэу щытащ: иджы унэшхуэ щхьэщащIыхьащи, туристхэр пщIэкIэ ирагъэплъ: сэвецкэхэр сом зырызкIэ, хамэ къэрал къикIахэр - тумэн зырызкIэ.
Мелуан бжыгъэкIэ ахъшэ къыщIах абы, мелуан бжыгъэкIэ! ИтIани ар зи IэщIагъэ сэ, алэхьэ, фадэбжьэ уасэкIэ ягу сыкъэмыкI.
Нало Заур.

Интернетым дыкъыщоджэ
Кхъузанищ

ЛIы Iущ гуэрым и деж зыгуэр къакIуэри жиIащ:
- Уэ пщIэрэ нобэ уэ щхьэкIэ уи ныбжьэгъум жиIар?
- Зэ догуэ, - къигъэувыIащ ар лIы Iущым, - ар къызжепIэн ипэ, уи псалъэхэр кхъузанищым щIэгъэкI.
- Сыт хуэдэ кхъузанищ?
- ЖыпIэнIа ипэ, кхъузанищым щIэгъэкIын хуейщ. Япэрауэ пэжым и кхъузанэм… Уэ зэхэбгъэкIа иджыпсту къызжепIэну хъыбарыр пэжрэ пцIырэ?
- Хьэуэ. Сэ ар жаIэу зэхэсхауэ аркъудейщ…
- Ыхьы… Абы щыгъуэм, ар хъыбар нэпцIу къыщIэкIынкIэ зэрыхъунум егупсыс. Иджы етIуанэ кхъузанэм щIэгъэкI - си ныбжьэгъум укъызэрысхутепсэлъыхьынур фIы и лъэныкъуэкIэ?
- Хьэуэ, абы теухуауэ бжесIэнур щIагъуэкъым.
- ЗэрыжыпIэмкIэ,- пищащ лIы Iущым и псалъэм,- уэ зыбогъэхьэзыр ар бубыну, ауэ щыхъукIи, хужыпIэнум и пэжагъыр зэхэбгъэкIакъым. Уи псалъэхэр ещанэ кхъузанэми щIомыгъэкIыу хъунукъым. Мыхьэнэ гуэр иIэ къызжепIэну зыбгъэхьэзырам, хъер гуэр къыпыкIыну?
- Хьэуэ, жызмыIэми зыри къэхъунукъым…
- АтIэ къызжепIэну узыхэт псалъэхэм яхэлъкъым пэжагъи, гуапагъи, мыхьэнэи. Сыт атIэ щIыжыпIэнур?

 

 

НапэкIуэцIыр зыгъэхьэзырар НэщIэпыджэ Замирэщ.
Поделиться:

Читать также:

25.04.2024 - 09:00 НОБЭ
24.04.2024 - 13:21 ЩIым и махуэ
24.04.2024 - 11:43 НОБЭ
23.04.2024 - 09:45 НОБЭ
22.04.2024 - 15:50 НОБЭ