Дэгу Чэрим

Зеикъуэ къуажэм къыщалъхуа, щып­сэу Дэгу Чэрим ТIымышэ и ­къуэм Къэ­бэрдей-Балъкъэр къэрал университе­тым физикэмрэ математикэмкIэ и къу­дамэр къиухащ. Илъэс 20-м нэблагъэкIэ егъэджа­кIуэу лэжьащ, иужькIи  илъэс  16-кIэ Зеикъуэ щыIэ интернат-школым и унафэщIу щытащ. Мы зэманым ХьэтIо­хъущыкъуей дэт кIэдет школым и офицер-гъэсакIуэщ. Зы­хуеджар физикэ пэтми, Чэрим усыгъэр и хамэкъым. Куэд ­щIауэ абы  дехьэх, ауэ и IэдакъэщэкIхэр зэи утыку кърихьакъым. Нобэ  тыдодзэ   Дэгу Чэрим и усэ зыбжанэ.

 

Хьэрэ-Кхъуэрэ

Бгым нэхъ дахэр Хьэрэ-Кхъуэрэщ,
Ар Зеикъуэ къыщхьэщытщ.
Жэщи махуи, щIыми гъэми,
Ди хъумакIуэщ ар, ди плъырщ.

ФIыуэ слъагъур сэ си гъусэу
ЗыплъыхьакIуэ дынэкIуат.
А уи бгыщхьэм деж дытесу
Ди гухэлъхэр зэжетIат.

ГъащIэу диIэр дызэгъусэу
Зэдэтхьыну мурад тщIат.
Зым Iэпыхур зым къищтэжу
Дыпсэуну тедухуат.

Бгым нэхъ дахэр Хьэрэ-Кхъуэрэщ,
Щыхьэт лъэпкъ абы хуэмей.
Нобэ фIыуэ слъагъум сэрэ
Дыщопсэу бгы лъапэм деж.

МакIуэ гъащIэр, мэщIэращIэ,
Хьэрэ-Кхъуэрэ къыткIэлъоплъ.
Ди мурадхэр дахэ защIэщ,
Ди жагъуэгъухэр къытхукъуоплъ.

Игъуэ нэсрэ дытекIыжмэ
Уэрэ сэрэ мы дунейм,
Къахуренэ ди фэеплъу
Хьэрэ-Кхъуэрэ ди пщэдейм!

ГушыIэ

«Си псэ» жысIэу, содэхащIэу
Сопсэлъэну сэ сыхуейт.
Ауэ щыхъукIи, сигу хагъащIэу
Псалъэ къэбдзхэм сахуэмейт.

Нэ фIыцIитIым къащIих нурым
Си гуи си пси дахьэхащ.
А уи хъуэрхэм сэ аргуэру
Сигу тхьэмыщкIэр сфIыщIахащ.

Псалъэ къэскIэ сырщ я нэзыр,
Шабзэ папцIэу си гум пхедз.
Хъуну щытмэ, дыджрэ зэзу
Уи хъуэрыбзэхэр къомыдз…

Псалъэ дахэу ныбжесIахэр
Уи хъуэрыбзэм тепщэ хъуащ.
Псалъэ IэфIу къызжепIахэр
Си гум щыдэжын хуэхъуащ.

Псалъэ папцIэхэр зэщIэкъуэ,
Хэдзи псори псым егъэхь.
ГъащIэу диIэр, си псэ закъуэ,
Дызэгъусэу Тхьэм дигъэхь!

Бахъсэн

Блож си къуажэм псы дахащэ,
Псоми ящIэ - ар Бахъсэнщ.
И къежьапIэр Iуащхьэмахуэщ.
Зыхэхуэжыр Тэрчыжь псырщ.

Сыхуейт стхыну усэ дахэ
Сэ ди псышхуэм теухуауэ.
Нартсанэпсхэр зэхуэсахэу,
Зэрежэхыр Бахъсэн псышхуэу.

Абы цIыхухэм къарит нэхур
Хэслъхьэфами здэнут усэм.
Е и куэщIым щипI бдзэжьейхэм
Тезухуэн атIэ гупсысэр?

СыIусщ куэдрэ Бахъсэн Iуфэ,
СыкIэлъыплъу и къэжэкIэм.
Зэхызохыр, псым щыщ сефэм,
И уэрэдхэр, и къебжэкIхэр.

Макъ жьгъырууэ и псы къелъэм,
И толъкъунхэм сыдахьэхыр.
Ар щежэхкIэ, и пшыналъэм
Сщегъэгъупщэ сигу телъ хьэлъэр.

Даущ дахэм сыщIэдэIуу,
Дыгъэр бгыжьхэм ягъэпщкIуж…
Сэ гупсысэм чэф сищIауэ,
Къуажэм хуэму сыдокIыж.

Си адыгэ лъэпкъ

Сэ согушхуэ - сыадыгэщ!
Сыщалъхуащ уи лъахэм, ей.
ФIыщэу слъагъуу зым хуэмыдэ -
Си адыгэ лъэпкъ!

Сигу хагъахъуэ уи къуршыжьхэм,
Уи мэз Iувхэм, псыхэм, ей.
Зи щIыуэпсыр псом нэхъ дахэ,
Си адыгэ лъэпкъ!

Сыропагэ уи лIыхъужьхэм,
Хэкур зыхъумахэм, ей.
Адыгэшми сыропагэ,
Си адыгэ лъэпкъ!

Сигу щIоуз ди къуэш хэхэсхэм,
Тенджыз фIыцIэм щIэлъхэм, ей.
Гуауэ куэд зи нэгу щIэкIауэ,
Си адыгэ лъэпкъ!

Гъэ мин бжыгъэхэр уи тхыдэщ,
Бохь уи гъащIэр гъэру, ей.
Хуитыныгъэр зи хъуэпсапIэ,
Си адыгэ лъэпкъ!

Бэлыхь куэд телъащ уи цIыхухэм,
Икъухьащ уи бынхэр, ей!
Лъэпкъыу щыIэм я нэхъ дахэ,
Си адыгэ лъэпкъ!

Тхьэм солъэIу зы дищIыжыну,
Уи хабзэжь щIэинкъэ, ей.
ФIыщэу слъагъуу зым хуэмыдэ,
Си адыгэ лъэпкъ!

Зеикъуэ

ЛIэщIыгъуиплI зи ныбжь Зеикъуэ
Щыщщ зы къуажэу Къэбэрдейм.
ЛIы Iущ куэд щалъхуащ Зеикъуэ
ЩыцIэрыIуэу Къэбэрдейм!

Дыриплъэжмэ уэ уи тхыдэм,
ХьэтIохъущыкъуей Ипщэ,
КъыщIохьэж блэкIар ди нэгум,
Хъункъым ар тщыгъупщэ!

Кърым хъаным и дзэ фIыцIэм
ЩIалэгъуалэу иришахэр.
Я псэ яхь пэт Истамбылым,
Тенджыз ФIыцIэм хэкIуэдахэр.

Кърым хъаным и зауэлIхэм
Къанжал къуакIэм дэзыдзахэр,
ЗэрыпхъуакIуэ фашистыжьхэр
Хьэрэ-Кхъуэрэ щызукIахэр.

Ди колхозыр, ди совхозыр
Зэш ямыщIэу зыIэтахэр.
Ди щIэблэщIэр зыгъэсауэ
Къуажэ егъэджакIуэхэр.

Уи блэкIахэр тщымыгъупщэу,
ХьэтIохъущыкъуей Ипщэ.
Сыпхуохъуахъуэ ущыIэну,
УмыщIэу жьыр къыздепщэр.

Адыгэбзэ,
убзэрабзэ!

Адыгэбзэу ди бзэ къабзэм
И дахагъыр зэхэфха?!
Убзэрабзэу абы щIедзэр
Сабийр гущэм щыхапхам.

Псалъэу хэтыр адыгэбзэм
ЙодэхащIэр уи гум, уи псэм.
Сыхуэзакъым зы лъэпкъыбзи,
Ди бзэм хуэдэу къытхуэупсэ.

Адэ-анэхэ, адыгэбзэр
Быным IэщIыб евмыгъэщI.
ТIурылъыну ар дэ къабзэу,
Хьэуам хэту къытхуегъэщI!

 

 

Поделиться:

Читать также: