Адыгэ лъэпкъым, литературэм хэщIыныгъэ игъуэтащ, и ныбжьыр илъэс 84-м иту дунейм ехыжащ усакIуэ Щоджэн Леонид (Аслъэнджэрий) Сулеймэн и къуэр

Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ Куба къуажэ  1935 гъэм ар къыщалъхуащ. КъБКъУ-р къиуха иужь тхыдэмкIэ къуажэ школым щригъэджащ, 1974 гъэм щыщIэдзауэ пенсэм тIысыжыху КъБКъУ-м щылэжьащ.
Щоджэн Леонид и къалэмыр нэхъыбэу зыхуигъабзэу щытар сабийхэращ. Абы и къуажэхьхэмрэ усэ кIэщIхэмрэ удамыхьэхын плъэкIынутэкъым. КъытщIэхъуэ щIэблэм хьэл-щэн дахэ яхэлъу, хэкур, лъэпкъыр, анэдэлъхубзэр фIыуэ ялъагъуу гъэсэным теухуащ ахэр. И усэхэр къеджэгъуафIэу, зэгъэщIэгъуафIэу зэрыщытым къыхэкIыу цIыкIухэм зэIэпахыу зэрагъащIэрт. Ардыдэрщ абы и IэдакъэщIэкI куэдым композиторхэм макъамэ щIыхуатхари.
НэхъыжьыфIым и Iыхьлыхэмрэ и благъэхэмрэ дахуогузавэ, и ахърэтыр нэху Тхьэм ищI.

 

КъБР-м ЩэнхабзэмкIэ и министерствэ, «КъБР - Медиа» къэрал кIэзонэ IуэхущIапIэ, КъБР-м Граждан жылагъуэ IуэхущIапIэхэм ядэлэжьэнымрэ лъэпкъ IуэхухэмкIэ и министерствэ.
Поделиться: