Ар зэрыадыгэм шэч хэлъкъым

Iуэху еплъыкIэ

 Тхыгъэхэм къызэрыхэщымкIи хъыбар къекIуэкIхэмкIи, Iуащхьэмахуэ япэу дэкIым и цIэмрэ и унэцIэмрэ зым теубыдауэ, тэмэму жаIэркъым. Чылари Хьэшыри цIэуи, унэцIэуи къэзыхь щыIэщ. Апхуэдэу нобэр къыздэсым IупщIкъым ар щалъхуа, щыпсэуа къуажэр. ИужькIэ къытIэрыхьащ а документым тратхыкIа тхыгъэ. Ар дэ къыдитащ Чылар Гъузер, ЩоджэнцIыкIум и цIэкIэ щыIэ колхозым и унафэщIым, лIыхъужь цIэрыIуэр зи лъэпсэгъуу къэзылъытэм.

Зи гугъу тщIы дэфтэрыр Чылар Хьэшыр и къуэхэм щIы къратыну ятха лъэIурщ. А тхыгъэм, куэд зэрыщымыгъуазэм къыхэкIыу, зэрыщыту къэтхьынщ. Тхыгъэ куэдым Чылар и къуэ Джырандыкъуэрэ Хьэжбийрэ ятха лъэIур къызэрыщыгъэлъэгъуам къыхэкIыу мыбдежым къэтхьыркъым - Ч. Гъу.)
АдэкIэ Хьэшыр Чылар саугъэту къратар тумэнипщIкъым, атIэ сом 400-щ, адыгэ цеипхъэ арщынитху хъууэ щIыгъужу. Зэкъуэшхэм я лъэIум къыхэщыркъым ахэр дэнэ къуажэ щыщми. ЩIэныгъэлIхэми яубзыхуакъым Хьэшыр Чылар щыпсэуа къуажэр, хъыбар къекIуэкIхэм тепщIыхьу щытмэ «Бахъсэнщ» жыпIэнри лъабжьэншэщ. Ар документкIэ къэгъэлъэгъуауэ щытын хуейщ. Мы Iуэхур зэхэдгъэкIынымкIэ зы архив тхыгъэ гуэр сэбэп къытхуэхъуащ. Ар 1896 гъэм Кушмэзыкъуей къуажэм шы щызиIэхэм я спискэ (Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал архив, фонд 6).
Мы спискэм 97-нэу итщ Чылар Хьэжбий Хьэшыр и къуэр. Абы иIэщ ши 9. Кушмэзыкъуей дэсхэм я зэхуэдитIым а зэманым шы ямыIэу зэрыщытар къэплъытэмэ, Хьэжбий хуэщIауэ псэууэ щытагъэнущ. Аращи, япэ Iуащхьэмахуэ дэкIа Чылар Хьэшыр Бахъсэн къалэм (Кушмэзыкъуей) щыщщ.
Ар зэрыадыгэмкIэ зэныкъуэкъу щыIэкъым, ауэ и цIэ-унэцIэр зэхагъэзэрыхьыныр щыгъэтын хуейщ: ар Чылар Хьэшырщ, урыскIэ щатхкIи Чилар (ов) Хаширщ.
Бахъсэндэс Чылархэм япэм Хьэшыр я унэцIэу щытащ жыхуаIэр пэжкъым, сыту жыпIэмэ 1870 гъэм Чылар унэцIэ зэрахьэу Кушмэзыкъуей унагъуэ куэд дэсащ.
Дэ иджыри икъукIэ мащIэщ Хьэшыр Чылар и гъащIэм теухуауэ тщIэр. Экспедицэ гуэрхэм хэта архитектор Г. Бернардацци Хьэшыр и сурэт ищIауэ щытащ, ауэ а сурэтыр иджыри къагъуэтыжакъым. ИлъэсибгъукIэ зауэм щыхэтакIэ военнэ архивым тхыгъэ гуэрхэри щыбгъуэтыну гугъэ уагъэщI. Нэгумэ Шорэрэ Чылар Хьэшыррэ зэрыцIыхуу щымытауэ пIэрэ? ТIуми Польшэм щыIэу зы зэманым дзэм къулыкъу щащIащ. А упщIэхэм жэуап етыпхъэщ.

 

 

ЩОДЖЭН Аслъэнджэрий, 1973 гъэ
Поделиться:

Читать также: