ЗЫКЪЭЗЫГЪЭЩIАМ КЪИГЪЭЩIАХЭР

Бейтыгъуэн Сэфарбий 1996 гъэм «Эльбрус» тхылъ тедзапIэм къыщыдигъэкIат жыIэгъуэхэр е псалъэ шэрыуэхэр щызэхуэхьэса «ЗыкъызогъэщI» тхылъыр. Абы и пэкIэ, 1986 гъэм, дунейм къытехьащ «Псалъэ псэу» зыфIищар.

«ЗыкъызогъэщIыр» япэ щIизгъэщар а псалъэм купщIэшхуэ зэрыхэлъырщ. ЦIыхум къыдалъху хьэл-щэнхэм язщ щхьэхынагъыр. Ар зытумыгъакIуэу дунейм утетыныр, «уэ зыптыну» ущыхьэзырми аргуэру къару къызыкъуэпхыжу, уи лэжьыгъэм, уи щIэныгъэм, уи цIыхугъэм хэбгъэхъуэныр, зэрызыбужьын Iуэху зепхуэныр тыншкъым, уеблэмэ хьэлъэ дыдэщ. Адрейхэм нэхърэ нэхъ гугъу зезыгъэхьращ псоми къахэзыгъэщ ехъулIэныгъэ зиIэри. А гупсысэрауэ къысщохъу «ЗыкъызогъэщI» жызыIа Бейтыгъуэным зытригъэщIар.
ЕхъулIэныгъэ егъэлея уимыIэми, цIыхуу дунейм утетын, быну, адэ-анэу, щхьэгъусэу, Iыхьлыуэ, гъунэгъуу, лэжьакIуэу ущытын, уи псэм и къарур а псоми яхурибгъэкъун щхьэкIэ, пщэдджыжь къэс щIэрыщIэу зыкъэбгъэщIын хуей мэхъу. Уи псэм щыщIэр зыщIэр уэращ, ауэ уи гур мамырщ, къалэн къыптемынамэ.
Бейтыгъуэн Сэфарбий къалэн къытена хуэдэкъым: унагъуэми, жылагъуэми, къэралми яфI зэрихуэу къогъуэгурыкIуэ. Ауэ а псом зыкIи къыкIэрымыхуу къызолъытэ езым и щхьэм и щIыхуэ къызэрытемынар. Зырызу къедбжэкIыфынущ лъэпкъыр куэдкIэ зыщыгугъа, ауэ фадэм ирищIыкIахэм я цIэхэр. Зэшым, бампIэм, къэралым интеллигенцэр хуэлIыщIэн хуейуэ (абы щыгъуэми мылIэIускIэ) зэрагъэувам гукIи псэкIи еныкъуэкъуахэм е я щхьэр фIыуэ ялъагъуным теухуауэ къызэрыгуэкI жэуаплыныгъэ зыхуримыкъуахэм я гъащIэр зэраухам дыщыгъуазэщ. Ауэ, нэгъуэщIым хузэфIэмыкIын уэ пхэлъу укъигъэщIауэ, щхьэусыгъуэ къэплъыхъуэ хъуну къыщIэкIынукъым, «талант» жыхуаIэр гъэщIэгъуэныщэщи, абы утеплъэкъукIыным гуэныхь гуэр хэлъу къысщохъу, уэ къыпщыгугъ адэ-анэм, быным, псы зыщIэпкIэ жыгым, нэгъуэщIхэми уатеплъэкъукI зэрымыхъунум хуэдабзэу.
Сэфарбий хузэфIэкIащ езыр зэрыщыт дыдэмрэ къызэралъытэмрэ («Зэрыщытымрэ зэралъытэмрэ. Изнутри и извне» тхылъым фIищар тIэкIу зэхьэкIауэ къэзгъэсэбэпынщи) зэпэгъунэгъу ищIыну. ЗэрищIари щIэныгъэм и IэмалкIэщ: езым гъащIэм нэхъыщхьэу щиIар тхылъращи, цIыхумрэ лъэпкъымрэ, дуней псом аращ зэрахуэупсари (афоризмхэр, «Пионеры всемирной истории», «Мир острой критики» щIэнгъуазэхэр дуней псом щафIэгъэщIэгъуэнынутэкъэ, нэгъуэщIыбзэхэмкIэ зэра-дзэкIатэмэ. Дунейм тету къыщIэкIынукъым а энциклопедитIым хуэдэ. Псалъэм папщIэ, иужьрейм «щызэригъэдэуа» политикхэм, тхакIуэхэм, усакIуэхэм, дуней псом щыцIэрыIуэ дыдэхэм я гупсысэхэр къызыхиха тхылъхэр къигъэлъэгъуэн къудейм напэкIуэцI 70 ихьащ! Гиннесс и тхылъым иратхэну хуэфащэу си гугъэщ).
Апхуэдиз лэжьыгъэ зи гуащIэ къихьам зэрыщыт дыдэмрэ къызэралъытэмрэ зыгуэркIэ зэтемыхуэми, езыр сыткIэ игъэгузэвэну - абы Псалъэр фэеплъу зыхуигъэувыжащ. «Еджэ, си лъэпкъэгъу, щIэныгъэм къытекIуа щыIэкъым, адыгэбзэм и IэфI зыхэпщIэну, бзэм я нэхъ дахэрэ бейрэ дызэриIэр хьэкъыу ппхыкIыну ухуеймэ», - жиIэ хуэдэщ.
Сэ згъэщIагъуэу хэлъщ Сэфарбий нэгъуэщI зыгуэри. ЦIыхум нэхъыбэ ищIэхукIэ, и гур зыгъэпIейтеймрэ щIэгузавэмрэ хохъуэ, гупсысакIуэ, гупсысалэ мэхъу (Заратустрэ «познание» - «скорбь» псалъэхэр зэрызэрипхам тещIыхьауэ жыпIэмэ). Сэфарбий зихъумэфащ. Дунейр къигъэщIри, адрей псори къыкIэлъигъэщIыжащи, «а псом» уигу иримыхьын хэлъщ, щIэныгъэми, акъылми, цIыхугъэми зыкIи емызэгъыу, ауэ зы напIэ дэхьеигъуэ хуэдизкIэ къыплъыса дунейм щыпщIэфынум зи акъылыр теухуа хъуа цIыхум щIэныгъэ игуэшыныр и хъуэпсапIэщ. Абы щыгъуэми жеIэ, щIэныгъэм цIыхур дунейм трихужыну, акъылым и унафэм щIэкIмэ. Дунейм щекIуэкIым еплъи, плъэкIмэ, арэзы умыхъу.
Сэфарбий тхылъхэмрэ гъащIэмрэ къыхиха щIэныгъэмрэ гупсысэмрэ хьэпIацIэщыгъэу къызэролъэлъ, «къафщтэ» жыхуиIэ щIыкIэу. Абы и гупсысэ къызэщIэкъуэкIэр апхуэдизкIэ гъэщIэгъуэнщ, къыхэкъузыкIащи, мыр псалъэжь жыпхъэм нигъэсыфакъэ, щыжыпIэр мащIэкъым. Щапхъэ. «Бзаджэм и лъэр бгъэувмэ, хеящIэу увынущ», «Дыгъуасэр зи нобэм пщэдей иIэкъым», «Гумызагъэр гугъэзагъэщ».
Мыбыхэм Iущыгъэ, ущие зэрахэлъым къинэмыщIауэ, езыхэр уи гум ибубыдэну тыншщ, аллитерацие жыхуаIэр (хьэрф дэкIуашэхэм я макъ зэщIэжьыуэр) къызэригъэсэбэпым и фIыщIэкIэ. «Къэзгъэсэбэпынщ» жыпIэкIэ пхузэфIэкIынукъым - ар уи бзэр зэрыбейм, нэхъыжьхэм яIа псэлъэкIэр уи тхьэкIумэм къызэринам я щыхьэту къыщIэкIынщ.
Щхьэхуэу къытеувыIапхъэщ 2016 гъэм абы къыдигъэкIа тхылъитIым: «Время творец сущего. Эссе, миниатюры, афоризмы», «Кавказская война и адыги: история и политика. Думы в контексте Гёте» - аращ а тхылъхэм яфIищар.
КIыщокъуэ Алимрэ Бейтыгъуэн Сэфарбийрэщ псалъэмакъышхуэ зращIэкIа тхыгъэ зиIэу си щхьэкIэ сызыщыгъуазэр - «Нал къута» романымрэ «Кабарда и Ермолов» тхыдэ очеркхэмрэ. КIыщокъуэм и романыр ябзу ядыжа совет пропагандэм темыхуэу къыщIэкIат. «Кабарда и Ермолов» тхылъращи, мы зауэм зи лъапсэр игъэгъущыпэ пэта адыгэхэр пхуегъэувэлIэнукъым Ермоловыр зэгуэр Пушкин, Грибоедов, Рылеев сымэ, нэгъуэщIхэми я щытхъукIэ щIагъэнауэ зэрыщытам. А щытхъур зыхуэдам «Проконсул Кавказа глазами соотечественников» IыхьэмкIэ дыщегъэгъуазэ Сэфарбий.
Иджыблагъэ телевизорымкIэ къагъэлъэгъуащ бзылъхугъэ 80-м щIигъу зыукIа щIэпхъаджащIэр къызэрыщIагъэщам теухуа нэтын. Абы и щхьэгъусэм жиIэрт ар цIыху щабэу, гушыIэ хэлъу, унагъуэм теубгъуауэ щытауэ. Ермоловым щхьэкIи апхуэдэ гуэр пхужыIэнущ: ар Урысейм и дежкIэ лIыхъужьщ, Къэбэрдейм дежкIэ - лIыукIщ. Абы щхьэкIэ узэдауэкIэ къикIын щыIэкъым. Ауэ зи тетыгъуэхэм лъэпкъымрэ Хэкумрэ зэрахъумэн акъыл яIэн, жыжьаплъэу щытын зэрыхуейращ Бейтыгъуэным зытригъащIэр. Абы арэзы темыхъуэн къэгъуэтыгъуейщ, ауэ, блэкIам дризэдауэ щхьэкIэ, нобэми тлъагъуркъым, зэрыжаIэу, зи щхьэм бадзэ тезыхужыфхэр лъэпкъым егупсысу, «щIэблэ-бзэ-хабзэ-щIыналъэ-псэукIэ» жыхуэтIэм хуэдэхэмкIэ Iуэху убзыхуа яIэу.
Иджы тхылъыщIэхэм я дежкIэ згъэзэжынщ.
«Кавказская война и адыги: история и политика» зыфIищамкIэ Сэфарбий жэуап иритыжу аращ Епифанцев А. А. къыдигъэкIа «Неизвестная Кавказская война. Был ли геноцид адыгов?» тхылъым.
Кавказ зауэми ар зи щхьэ ирикIуа лъэпкъхэм я дунейми хищIыкIыр зэрымащIэр нэрылъагъуу, пцIы иупсу, пагагъ хэлъу «къытхуеплъыхыу» тха Епифанцевым тегъэщIапIэ ищIыну хэтщ Бейтыгъуэн Сэфарбий («Кабарда: история и фамилии»), Щоджэн Iэсхьэд («Земля адыгов») сымэ я тхылъхэр.
Бейтыгъуэным и тхыгъэр тегъэщIапIэ имыщIами, Епифанцевыр абы жэуапыншэу къыхуэгъэнэну къыщIэкIынтэкъым, Сэфарбий щIэныгъэншагъэр игу зэрытемыхуэм тызощIыхьри.
ТхылъитIми седжащи, щIэныгъэлIхэм я гупсысэм и кууагъыр зыхэсщIэфар пэжмэ, Бейтыгъуэныр куэдкIэ йофIэкI «щIакIуэ кIапэм» тезышам. Ар езы Епифанцевым нэрылъагъу щыхъун щхьэкIэ, сыту фIыт Урысейм и телеканалхэм ирагъэкIуэкI «политикэ рингхэм» хуэдэ гуэрым щызэIубгъэщIэну.
Зызыпыпшэм и шыфэлIыфэм ущыщымыгъуазэм деж къыпщыщIынур Сэфарбий абы гуригъэIуэжауэ къэплъытэ хъунущ и тхылъымкIэ.
Дэ едгъэлейуэ нэгъуэщIхэм дакъыщыхъунри хэлъщ, ауэ 1950 гъэхэм къыщыщIэдзауэ ди лъэпкъым иIэ хъуа интеллигенцэм хуэдэ зимыIэ лъэпкъышхуэ куэд щыIэщ. ДиIэщ къытхыхьэхэм е дызыхыхьэхэм яхуэдгъэлъэгъуэн лэжьыгъэшхуэ зи гуащIэм къихьа щIэныгъэлIхэр, композиторхэр, сурэтыщIхэр, тхакIуэхэр. А плеядэм хэтщ зы философ, мы щIэныгъэм и лъабжьэр зыгъэтIылъахэм «ядэуэршэрыфу», уеблэмэ я щыуагъэр «ягуригъэIуэжыфу» е я гупсысэм пищэу.
Сэфарбий и гупсысэкIэм узыIэпешэ, макъамэ дахэм хуэдабзэу. Дэ «клише» псалъэм къызэщIедгъэубыдэ гупсысэкIэм, псэлъэкIэм Сэфарбий пхуегъэувэлIэнукъым. Ар хьэкъ пщащI «Время - творец сущего» тхылъым ит эссехэм, миниатюрэхэм, жыIэгъуэхэм.
Сэ абыхэм сагъэгушхуэ, сыт хуэдэ утыкуи ибгъэхьэ хъун философ, тхыдэтх, публицист дызэриIэр зыхызощIэри.
Мы зэманым зыгуэрым зыгуэр ебгъэгъэщIэгъуэныну гугъущ, тхылъ еджэным теухуауэ жыпIэмэ. ТелефонкIэ зэпсэлъэнымрэ сурэт гъэщIэгъуэнхэр зэхуегъэхьынымрэ зи гъащIэр теухуар нэхъыбэщ. ЦIыху губзыгъэм итхам еджэныр къатохьэлъэ: е хущIэмыхьэжхэрэ е сыт и лъэныкъуэкIи ткIий хъуа дунейм «лирикэ» къыщызылъыхъуэр мащIэ?
Мы Iуэхум узыгъэгупсысэ хэлъми (лъэхъэнэ къэс езым и нэщэнэхэр иIэжщ), аракъым нэхъыщхьэу къэслъытэр, атIэ а щIэныгъэ лIэужьыгъуэр дэри дызэриIэрщ.
И жыIэгъуэхэм (афоризмхэм) ящыщ зы щапхъэу къэсхьынут, урысыбзэкIэ зэритхам хуэдэу. «Представители мировой культуры, независимо от их конкретной национальной принадлежности, состоят в духовном родстве, по сути образуя единую наднациональную прослойку без кастовых предрассудов». Адыгэ псалъэжь щыIи: «Удын зэхэдзэ нэхърэ - акъыл зэхэдзэ», - жиIэу. Сэфарбий зи гугъу ищIыр акъыл зэхэдзэращ, дыкIэрыщIауэ дунейр удын зэхэдзэм хуагъакIуэ щхьэкIэ.
Мы тхылъыр пхуэгъэтIылъкъым, унэджысыну ухуейщ. Ауэ тхакIуэр къобзэджэкI: зы тхыгъэ гуэрым е усэм я гугъу здищIым, а тхылъми ар зи IэдакъэщIэкIми уегъэлъыхъуэ икIи къыбгуроIуэ и гупсысэхэм тыншу узэрылъэщIэмыхьэнур. Зы щапхъэ, и эссехэм ящыщу.
Исторические параллели. Великий композитор Людвиг ван Бетховен (1770 - 1827) был близко знаком с князем, венским аристократом Карлом Лихновским (1756 - 1814), который был его поклонником. Выходец из «третьего сословия», Бетховен держался с большим чувством собственного достоинства. Как-то он сказал Лихновскому: «Тем, чем вы являетесь, вы обязаны случайности своего рождения. Тем, чем я являюсь, я обязан самому себе. Князей существует и будет существовать тысячи. Бетховен - только один».
Аналогичную мысль высказал и выдающийся кабардинский поэт-импровизатор Ляша Агноков (1851 - 1918). По своему сословному положению он относился к узденям третьей степени, т.е. был мелким дворянином. Однажды ему понадобилось переправиться через бурную реку, но он на минуту остановился в нерешительности. Тут подвернулся человек из первостепенной кабардинской дворянской фамилии Коголкиных, который и вызвался переправить Агнокова. В завязавшемся диалоге Ляша Османович в свое оправдание сказал, намекая на сословное различие:
Уэ зыр уитхьэлэми, бэлыхьтэкъым,
Къэбэрдейр зэрыуэркъ минт.
Сэ ситхьэлэмэ, арат бэлыхьыр -
ДжэгуакIуэншэу фыкъызэхэнат!
(Нало Заур. Лъабжьэмрэ щхьэкIэмрэ. Налшык. 1991.101-нэ н.)
В обоих случаях речь шла об уникальной творческой личности. В этом они идентичны. Конечно, есть и различие: Агноков сравнительно недавно извлечен из мрака забвения и, кроме как на родине, мало кому известен, а Бетховена знает весь цивилизованный мир; каковы судьбы - такова и степень известности необыкновенно одаренных людей.
Сильное впетчатление оставляет другое высказывание Агнокова. На одной заупокойной молитве эфенди отозвался уничижительно о женщине, утверждая, что она неугодна Аллаху. Возражая ему, Агноков разразился стихами, которые заканчиваются так:
ЦIыхубзым и нэфIымрэ
ТхьэфIым и гущIэгъумрэ сыхыумыгъадэ!
Пожалуй, это - самая возвышенная оценка, которую когда-либо давали женщине не только мужчины, но и носители прекрасной половины самим себе: ставится знак равенства между Творцом и его созданием. К ней приблизился, и то выборочно, лишь Ницше: «Совершенная женщина есть более высокий тип человека, чем совершенный мужчина, но и нечто гораздо более редкое».
Адрей псом я гугъу сщIынкъыми, Агънокъуэ Лашэ и щIэинхэр зэрыт тхылъым уигъэлъыхъуэнукъэ мы эссем?!
Бейтыгъуэным и тхыгъэ кIэщIхэмкIэ ущегъэгъуазэ «дунейр щымыджэмыпцIэ» лъандэрэ цIыхуцIэ зиIэм и нэгу щIэкIамрэ абыхэм ятеухуауэ цIыху Iущхэм жаIамрэ. Абы уи зэхэщIыкIым зрегъэужь, мыхьэнэ зэтыпхъэмрэ уи нэр зыхуэбуфIыцIын хуеймрэ зэхэбгъэкIыфын хуэдэу уеущий, ар дунейм нэхъ тыншу утезыгъэтын хьэл-щэным хуэбгъэкIуэфынущ, щIэныгъэрэ акъылрэ къыхэпхыфынущ, ухуеймэ.
ЩIэныгъэм нэхъыщхьэ дыдэу хэлъыр щхьэхуит узэрищIращ. Сэфарбий зэрыжиIауэ: «ЛъакъуитIкIэ щымытыфыр хьэлIакъуиплIу тыншу мэув?!» Апхуэдэхэм зэи ящыщ ухъунукъым, щIэныгъэ уиIэмэ.
Езы Сэфарбий зэрыжиIэмкIэ, и жыIэгъуэхэр тхыдэ-философие, художественно-философие тхыгъэхэщ. Аращ зэрыщытри.
Афоризмхэр щызэхуэхьэсауэ тхылъ куэд дунейм тетщ. Апхуэдэхэр тхылъ тедзапIэхэм къызэрымыкIуэу ягъэщIэращIэ, абыкIэ зыгуэрым ухуэупсэ зэрыхъунум тращIыхьу. Акъылымрэ псэмрэ къагъэщIар лъапIэкъэ! «Энциклопедиция мудрости», «Золотая энциклопедия мудрости» - апхуэдэ фIэщыгъэцIэщ хуагъэфащэр а тхылъхэм. Дэри иджы диIэщ, зыгуэр къыщIэупщIэххэ хъумэ, яхуэдгъэлъэгъуэн философ. Уеблэмэ зи афоризмкIэ цIэрыIуэхэм яхэткъым Бейтыгъуэным и Iэдакъэм къыщIэкIам хуэдиз зиIэ. Ахэр зэфэзэщу фIы защIэщ пхужыIэнукъым, уеблэмэ Пушкини къехъулIакъым гъуэзэджэ защIэ къызэринэкIын. «ФIыр мащIэщ, мащIэр фIыкъым», - жеIэ Сэфарбий. Фегупсысыт мыбы къызэщIиубыдам!
Бейтыгъуэныр зыцIыхум абы и гушыIэкIэр ящIэ. Уи акъылыр псынщIэу умыгъэлажьэмэ, жиIэр къыпхуэмыубыдынри хэлъщ. И афоризмхэм, сыкъыщыпыгуфIыкI къысхуихуэу, сыщеджэкIэ, си псэм зегъэпсэху. Феджэт.
Хьэл IуэнтIам къыщохъу езым хуэдэу захуэ щымыIэу.
Удэфа гуп слъагъумэ, ержыбыжьу жыжьауэр сигу къокI.
Хуэмыхьын зытеплъхьэм и лъэр щIощIэри, ари зехьэным къыхохъуэ.
Къызэрабжым хуэдэу дунейм цIыху куэд теткъым - нэхъыбэр гуэтщ, бгъурытщ, телъщ.
Сэфарбий тхэуэ щысу, жыжьэу жылэм къахэплъэ цIыхукъым. Ар зэIущIэ куэдым ирагъэблагъэ, ныбжь зиIэхэми нэхъ щIалэIуэхэми хуагъазэ, и тхылъхэм зэIущIэхэр иращIэкI. Апхуэдэхэм ящыщ зым сыщIэсати, згъэщIэгъуат зи ныбжькIэ щIалэхэм Бейтыгъуэным и тхылъхэр зэрызыхащIэр, философым къызэреупщIынур куууэ къызэрыщIагъэлъэфыр. ЦIыхум сыт нэхъыфIу хуэпщIэфын, и акъылыр игъэлэжьэну Iэмал зэрептым ефIэкIыу?! Сэфарбий и тхыгъэ кIэщIхэм ущрохьэлIэ публицистикэ тхыгъэшхуэм пэувыфын гупсысэ зыхэлъи, ауани, гушыIи, н.къ. «ЦIыхур зауэм хремыхьэ, фIым щIэбэныным хремыкI», «Бгъэшынэ зэпытыр шынагъуэщ: езым шынэ уз къещтэ, е, игу къызэрыгъуэтыжмэ, узэщегуэ», «Зи къару илъыгъуэм зигъэхъеин мэщхьэх, зи лъэр щIэхуам дэнэкIи нэсыну и гур мэпабгъэ», «Жьыр къыздепщэр зымыщIэм, борэн къытехъуэнущ», «Гъатхэм пэплъэурэ щIымахуэр ирахри, иджы дыбэуэнщ щыжаIэм, жьыр къапиубыду щIедзэ», «Зыри зымыщIэр хьэдрыхэ ямыгъакIуэу жаIэ: мы вымпIу къомыр здэкIуэр дэнэ!», «Губгъуэжыхапхъэри (амброзиер) зэгуэуду мэгъагъэ, мэ гуакIуэ къыпих и гугъэу» - ди дунейм и теплъэгъуэ куэд къызэщIиубыдакъэ, дигъэгупсысэ, дигъэдыхьэшх, ауан дыкъищI хуэдэурэ!
Бейтыгъуэныр гупсысакIуэщи, ар гъусэ хуейкъым (ауэ езыр игъэшынэжу закъуэныгъэр къыщытехьэлъэ къызэрыхуихуэм шэч хэлъкъым), итIани, жылэм ухэмыту, зи чэзу къэса Iуэхум теухуа псалъэ жумыIэу упсэуфыну? Упсэумэ, «интеллигенцэр лъэпкъым и напэщ», щIыжаIэн хуейр сыт? 1998 гъэм бадзэуэгъуэм и 11-м «Адыгэ псалъэ» газетым къытохуэ Бейтыгъуэным КъБР-м и Президентым, Парламентымрэ Правительствэмрэ зэрызахуигъазэ жэрдэм. Абы къыхелъхьэ Къэбэрдейм и пщы уэлийуэ щыта Жанхъуэт Кушыку и фэеплъ гъэувын хуейуэ: япэрауэ, къэбэрдей лIакъуэм и жылакIэр зэрихъумам щхьэкIэ, си къуэ закъуэм илъ сщIэжынущ жиIэу лъэпкъыр абы тримыгъэкIуадэу; етIуанэрауэ, 1809 гъэм Налшык политико-административнэ центрыр къызэрызэригъэпэщам (абы и пIэм Налшык быдапIэр щаухуауэ щытащ) папщIэ.
Жэрдэмым и етIуанэ Iыхьэр ХьэтIохъущокъуэ ХьэтIэхъущыкъуэ и цIэр Налшык паркым фIэщыжыным, Зеикъуэ къуажэм щыIэ пщыкхъэм дэт и сыныр абы (паркым) щыгъэувыным теухуат.
Иджы дощIэ ХьэтIохъущокъуэм и цIэр а паркым зэрыфIащыжар (ХХ лIэщIыгъуэм и 20 гъэхэм пщIондэ ХьэтIохъущокъуэм и хадэкIэ еджэу щытат абы) зи фIыщIэр хэтми. МыгурыIуэгъуэр Жанхъуэт Кушыку и фэеплъ щыIэн Iуэхум илъэс 20-м нэсауэ щIыхэмыплъэфырщ.
Бейтыгъуэным хузэфIэкIар апхуэдизкIэ зэтопщIыпщIыкIри, зы тхыгъэкIэ къызэщIэпкъуэн щхьэкIэ езым хуэдэу кIэщIрэ купщIафIэу зэдэбгъэлэжьэфын хуейщ уи щхьэмрэ уи къалэмымрэ. «Щытхъупсыр псынщIэу мэгъуж», - жиIащ Сэфарбий. Упсэууэ илъэс 75-рэ ущрикъуакIэ, тхылъ 20-м щIигъу щыптхакIэ, иджыри щыптхкIэ, дыпщытхъун хуейуэ къыщIэкIынущ. Си фIэщу зы закъуэщ мыбы хэслъхьэжыр. ЦIыхум зезгъэузэщIарэт, зезгъэужьарэт, щIэныгъэхуэлIэу къэзгъэнарэт жызыIэ, абы теухуауэ хузэфIэкI зыщIэ дэтхэнэми лъэпкъым и фIыщIэ къудейкъым, атIэ цIыхуцIэ зиIэм я фIыщIэ къелэжь, залым дызыщIыну яужь итхэм псалъэкIэ зэрапэщIэтым папщIэ (цIыхум уи гугъэ яхыумыхыжауэ щытын хуейкъэ!).

ШИРДИЙ  Маринэ,
КъБР-м щIыхь зиIэ и журналист

БЕЙТЫГЪУЭН  Сэфарбий
И  ЖЫIЭГЪУЭХЭР

Адыгагъэр псэкIэ зепхьэмэ, щIым нэмысу укърихьэкIынущ.

*  *  *

Акъылым гъуэгур къигъэнэхуу щыхуежьэр лъэр щIэщIэу щIидзэмэщ.

*  *  *

Адыгэ хабзэр зи мыбзыпхъэ адыгэбзэр зеиншэ къабзэщ.

*   *   *

Адыгагъэр Iуэхутхьэбзэм хуэзыгъадэр адыгагъэм щыгъуазэкъым: Iуэхутхьэбзэр зэхуэщIэщ, адыгагъэр - хуэщIэщ.

*   *   *

Бгым удэкIыну къохьэлъэкIмэ, щыхупIэмкIэ зэплъэкI.

*   *   *

ГъащIэр кIэщIми кIыхьми уэ жыIэ: цIыхушхуэ хъунум ирокъу, мыхъумыщIэу псэунум къомэщIэкI.

*   *   *

ГъащIэр сыт? Зинэуэ щIасэщ: нобэ уи гупэ хэлъщ, пщэдей нэгъуэщIым поплъэ.

*   *   *

ГукъэкIыжыр сыт щыгъуи гущыщIэщ: фIымэ - зэрыблэкIар, Iеймэ - уи нэгу зэрыщIэкIар.

*   *   *

Губзыгъэр щхьэдыкъ ящI хабзэщ - абыкIэ IэщIагъэ зиIэр мащIэкъым, ауэ делэр, сыт ямыщIэми, зэрыделэу къонэж.

*   *   *

Гъуэмбым имыхуэжыр зэщагуэри - хуэбыхъуу йозэгъэж.

*   *   *

ДыкъыздикIам хэтщIыкIыр дызыхуэкIуэм хэтлъагъуэм хуэдизщ - лъэныкъуитIымкIи кIыфIщ.

*   *   *

Делэм уфIэкIыурэ губзыгъэр къыпфIэкIыу уохъу.

*   *   *

Делэм жиIэр фIэмащIэщ, губзыгъэм - фIэкуэдщ.

*   *   *

Дыгъужьым и гъунэгъуу хьэмаскIэ щхьэхуит дунейм теткъым.

*   *   *

ЖыIэмыдаIуэм унафэр Iэрыхьэмэ, ущиякIуэу мэув.

*   *   *

ПщылI мелуанырыбжэ нэхърэ, факъырэ бжакIуэ щхьэхуит.

*   *   *

Зым зэуэ уафэмкIэ къыхурадзых, адрейм псэуху щIым къыщIех.

*   *   *

Кавказ къурш псынэр къумым къыщыхутэмэ, занщIэу зыщIифынущ: апхуэдэщ Кавказым и цIыхухэри - хамэщIым щохъур нэгъуэщI.

*   *   *

Куэд ухуеймэ, уиIэр мащIэщ, мащIэр зрибгъэкъумэ, куэд уиIэщ.

*   *   *

КъулыкъущIэм уахэзагъэмэ, бэм уи щIыб яхуэбгъэзащ.

*   *   *

Кхъуэр щыкIмэ, Iуащхьэм зэрыдэкIыр фIыщ - кIэ ептыну щхьэусыгъуэ уогъуэт.

*   *   *

ЕтIысэхыпIэ зрамытым Iэрызехьэр ехъуэпсащ.

*   *   *

Лъэпкъым и кхъэм и щытыкIэр и дуней тетыкIэщ.

*   *   *

Лъагъуныгъэм и махуитI: утелIэу къыщIедзэри уIурылIыкIыу еух.

*   *   *

Фызрэ лIырэ: гурэ щхьэрэ.

*   *   *

Македонскэр лIэри, и къэралыгъуэри лъэлъэжащ, Диоген и бочкэр зэхэщэщэжри, езыр къэнащ.

*   *   *

Муслъымэныгъэр тыншщ - зепхьэну, адыгагъэр гугъущ - пхэлъыну: гуэныхьыр къэзыхьыр ахърэткIэ мэпшынэ, адыгагъэм ебакъуэм дунеягъэкIэ егъэв.

*   *   *

Ныбжьым фIэкIа узэмысэж щыIэкъым.

*   *   *

Бейр насыпыфIэу, факъырэр насыпыншэу щыткъым: зи гур къигуфIыкIым и насыпщ.

*   *   *

Удэфар ныбэиз щылъхущ, къилъхужынури езым хуэдэщ.

*   *   *

Ныбжьэгъуми жагъуэгъуми дагъей: япэм - дунейм дызэрехыжынур, етIуанэм - дызэрытетыр.

*   *   *

НысэкIэ фIа гуащэр хэткIи фIащ.

Поделиться: