Жылагъуэ советым и гулъытэ

Урысейм къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ и министерствэм Налшык къалэ щиIэ къудамэм и Жылагъуэ советым ди щIыналъэм ит зыгъэ­псэхупIэхэмрэ узыншагъэр щызэ­фIагъэувэж IуэхущIапIэхэмрэ зы­щызыгъэпсэху сабийхэм яIущIэ­ныр, япсэлъылIэныр, уэршэр куп­щIафIэхэр драгъэкIуэкIыныр ­хабзэ дахэу къадогъуэгурыкIуэ. Дызэрыт илъэсми Жылагъуэ советым сабийхэр и гулъытэ щигъэщIакъым.

«Жылагъуэ советым и гъусэу зыдогъэпсэху» зыфIаща урысейпсо акцэм ипкъ иткIэ, УФ-м къэ­рал кIуэцI IуэхухэмкIэ и министерствэм ди щIыналъэм щиIэ и къудамэм и лэжьакIуэхэр Налшык къалэ дэт «ЛъагапIэхэр» зи фIэщыгъэ зыгъэпсэхупIэм иджыблагъэ щыхьэ­щIащ. Iуэхугъуэм хэтащ полицэм и капитан Яковлевэ Галинэрэ IуэхущIапIэм и Жылагъуэ советым и тхьэмадэ Бэгъуэт Хьэмидбийрэ.
Зыгъэпсэхугъуэ лъэхъэнэм къриубыдэу сабийхэм я шынагъуэншагъэр къызэрызэгъэпэщыпхъэрт псалъэмакъыр нэхъыбэу зытегъэщIауэ щы­тар.
Сабийм и ныбжьым теухуауэ зэрагурыIуэнум, хабзэм къигъэув мардэхэр зэхэхауэ зэрызэхащIыкIынум хуэдэу инспекторыр тепсэлъыхьащ гъэмахуэм псым сабийхэр щыхы­хьэкIэ, зыхуэсакъын икIи зыхуэмы­бэлэрыгъын хуей Iуэхугъуэхэм, цIыхухэр уэру щызэхэт щIыпIэхэмрэ транспортымрэ щахэлъын хуей хабзэм, уэрамхэмрэ нэгузыужьыпIэхэм­рэ зэрыщызекIуэ ­щапхъэхэм, и гугъу ищIащ хэщIапIэ яхуэхъуа зыгъэ­псэхупIэхэм балигъ я мы­гъусэу пэ­жыжьэ зыхуащI зэры­мы­хъунум. Яковлевэм иригъэкIуэкIа псалъэмакъым къызэрыхэщамкIэ, сабийхэм я шынагъуэншагъэр къызэгъэпэща ­хъуным епха Iуэхугъуэхэм я нэхъыбэр езыхэм елъытащ, абы къыхэкIыуи­ ­сакъыныр, къэхъун хуэмей IуэхухэмкIэ мыбэлэрыгъыныр я пщэрылъ нэхъыщхьэхэм ящыщщ.
Жылагъуэ советым и тхьэмадэ ­Бэгъуэт Хьэмидбий и псалъэр нэхъ гуIэтыжу гъэпсат. Хабзэхъумэхэм ­къагъэув мардэхэмрэ щапхъэхэмрэ гъэзэщIэн зэрыхуейм и мызакъуэу, абы цIыкIухэр къыхуриджащ я Iэпкълъэпкъым зезыгъэужь джэгукIэ зэмылIэужьыгъуэхэм я зэманым и нэхъыбэр трагъэкIуэдэну, гъэсакIуэ­хэмрэ ущиякIуэхэмрэ зыхуаунэтI Iуэхугъуэхэм езыхэм еплъыкIэ гъэщIэгъуэн, Iуэху щIэкIэ щIэщыгъуэ къыхалъхьэфынумэ, гупыр ягъэгупу загъэпсэхуну, къыхуаутIыпща пIалъэр щхьэпэу ирахьэкIыну.
ЗэIущIэр гъэщIэгъуэну екIуэкIащ, нэхъыжьхэр ирипIейтейуэ зытепсэ­лъыхьхэм цIыкIухэр дихьэхыу зэ­редэIуам и щыхьэтт абыхэм зы­щIэупщIэн зэракуэдыр, гу зылъатэри зэрымымащIэр. Уэршэрыр купщIа­фIэу, мыхьэнэ зэриIэм шэч къы­тумыхьэну екIуэкIащ.

ШУРДЫМ Динэ.
Поделиться: