Псы пщтыр къыщIэкIыпIэхэм я щIыналъэЩIыпIэ жыжьэхэм Шыпсэм къыхэкIам хуэдэу, Атлантикэ уаем пэмыжыжьэу зы хытIыгу телъыджэ щыIэщ – Исландиер. «Шынагъуэу дахэщ» жаIэ абы щхьэкIэ: вулканхэр, псы пщтыр къыщIэкIыпIэхэр (гейзерхэр), гуэлхэр щыкуэду, щIымылхэр бгым къещэтэхыу апхуэдэщ. Исландием и къалащхьэ Рейкьявик километри 100-кIэ пэжыжьэщ ди тхыгъэр зытеухуа псы пщтыр къыщIэкIыпIэ телъыджэхэр. Жыжьэу уплъэмэ, бахъэ хужьышхуэхэм зэм лъагэу заIэт, зэми, зыри къэмыхъуам хуэдэу, сабыр мэхъуж. ХытIыгур къызэIузыха, хым щызекIуэ норвег Арнорсон Ингольфур 871 гъэм абы щесылIам япэ дыдэу гу зылъитар а бахъэхэрати, «бахъэм хэт кхъухь тедзапIэ» къригъэкIыу, Рейкьявик фIищауэ щытащ иджы къалащхьэ хъуам. Исландием псы пщтыр къыщIэкIыпIэу 30-м нэс щыIэщ. Абыхэм ящыщу нэхъ лъагэ дыдэу дэкIуейр Грила жыхуаIэращ. Ар сыхьэтитI къэс къокI. Строккур гейзерыр дакъикъи 5-10 къэскIэ къреху.
Поделиться:
Читать также:
15.04.2024 - 14:52 →
Агуий и Iэхэлъахэм
15.04.2024 - 12:10 →
Гагарин и гуфIэкIэ
11.04.2024 - 09:30 →
УнафэщIхэмрэ IэнатIэ лъыхъуэхэмрэ зэрощIэ
10.04.2024 - 11:00 →
Дисанэ и ехъулIэныгъэ
08.04.2024 - 12:46 →
Мазэм и хъыбар
|