КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек Темрезов Рашид ехъуэхъуащ Къэрэшей-Шэрджэс Республикэм и Iэтащхьэм и къулыкъум зэрыхахамкIэ

«ПщIэ зыхуэсщI си лэжьэгъу икIи си ныбжьэгъу Темрезов Рашид Бориспий и къуэм си гуапэу сохъуэхъу Къэрэшей-Шэрджэс Республикэм и Iэтащхьэу зэрыхахамкIэ икIи ар и къулыкъум зэрыувамкIэ», - Инстаграмым щиIэ напэкIуэцIым иритхащ КIуэкIуэ Казбек.
«Урысей Федерацэм и Президент Путин Владимир Владимир и къуэм къыхилъхьахэм ящыщу абы и кандидатурэр Къэрэшей-Шэрджэсым и Парламентым диIыгъащ. ЛэжьыгъэкIэ зэфIэкIышхуэ зэрыбгъэдэлъым икIи IэщIагъэ лъагэ зэриIэм я фIыщIэкIэ Рашид Бориспий и къуэм республикэм зегъэужьыным ехьэлIа лэжьыгъэр жыджэру адэкIи дяпэкIэ зэригъэкIуэтэфынум, къыхуащIа дзыхь иныр зэригъэпэжыфынум шэч къытесхьэркъым,-къыхигъэщхьэхукIащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэм. - Рашид Бориспий и къуэм узыншагъэ быдэ иIэну, лэжьыгъэ IэнатIэм ехъулIэныгъэхэр къыщихьыну, Къэрэшей-Шэрджэсым ис ди къуэш цIыхубэм ефIэкIуэныгъэрэ зыужьыныгъэрэ яIэну сохъуэхъу!»

Поделиться: