ПсэзэпылъхьэпIэщ Iуащхьэмахуэ кIуэ гъуэгур

Мэрем жэщым ирихьэлIэу Iуащхьэмахуэ и щыгум дунейр хуабжьу къыщызэIыхьащ: жьапщэ ин зыщIэт уэшхымрэ уэсымрэ зэхэзэрыхьыжауэ зы секундым метр 70-м нэс я хуабжьагъыу борэныр зэрызохьэ. Апхуэдэ щытыкIэм хиубыдащ Европэм и ­къурш нэхъ лъагэ дыдэм хуэкIуэ альпинист 19-р. Метр 5300-м нэблэгъауэ абыхэм яхуэмыхьыжыххэ хъуащ икIи икIэщIыпIэкIэ дэIэпыкъуэгъу хуэныкъуэу къэлъэIуащ.

Хъыбар къазэрыIэрыхьэу, МЧС-м и къегъэлакIуэхэр псынщIэ дыдэу гъуэгу теуващ. Жьапщэми, уаеми, псэзэпылъ­хьэпIэми къапимыкIуэту абыхэм къалъыхъуэу хуежьащ борэным зэщIиIулIахэр. Къегъэлыныгъэм занщIэу хузэщIагъэуIуащ техникиблкIэ зэщIэузэда псэемыблэж щIалэ 20-рэ. Абыхэм я бжыгъэм хэхъуэ зэпытщ.
Лей зытехьахэм нэхъ щIэхыу сэбэп яхуэхъуфын папщIэ КъэхъукъащIэ шынагъуэхэм хиубыдахэм щеIэзэ центрымрэ ДэIэпыкъуэгъу псынщIэмрэ я бригадэхэр, щIыпIэ администрацэм и къулыкъущIапIэхэр метр 5000-м щIи­гъукIэ бгым дэкIуеящ. Кърагъэлхэр абыхэм ирашалIэрт. ­Районымрэ республикэмрэ я медицинэ IуэхущIапIэхэри хуагъэхьэзырат фэбжь зы­гъуэ­тахэр ­къазэрыIэрыхьэу щакIэ­лъы­плъыну.
Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек и нэIэм щIэтащ къегъэлыныгъэхэр зэрекIуэкI щIыкIэр. Япэ жэщым ирихьэлIэу цIыхуи 8 къагъуэтыжат: 5-м дэIэпыкъуныгъэ иратат, 3-р хэкIуэдащ. Адрейхэр увыIэгъуэ имыIэу къалъыхъуащ. Iуэхур гугъу ищIащ ­Iуащхьэмахуэ и щыгум щIыIэр градус 20-м зэрыщыщIигъуамрэ бо­рэным и зэранкIэ зыри зэрумылъа­гъумрэ. 
КъыкIэлъыкIуэ махуэм адрейхэми ­ялъэIэсащ. Абы теухуа хъыбарым дыкъыщоджэ КъБР-м и Iэтащхьэм Инстаграмым щиIэ напэкIуэцIым: «Къегъэ­ла­кIуэхэр зэпэщу зэрызэдэлэжьам, абыхэм я лIыхъужьыгъэмрэ Iэзагъымрэ я фIыгъэкIэ уэс борэным и гъэрыпIэм кърашащ альпинист 19-м ящыщу 14-р». 
Дохутырхэр къеплъа нэужь, цIы­хуищыр яутIыпщыжащ. Альпинистхэм ящыщу 11-р икIэщIыпIэкIэ Республикэ клиникэ сымаджэщым нагъэсауэ дэIэ­пыкъуныгъэ ират. Лей къызытехьахэм МЧС-м и психологхэр ядолажьэ. 
Ди жагъуэ зэрыхъущи, хэкIуэдахэм я бжыгъэр 5-м нэсащ. Абыхэм я Iыхь­лы­хэмрэ благъэхэмрэ яхуэгузэващ Къэ­бэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек. 
Iуащхьэмахуэ и щыгум къыщыхъуа гузэвэгъуэр къызыхэкIар республикэм и хабзэхъумэхэм зэхагъэкI. 

Поделиться: