Хьэрэ-КхъуэрэБгым и щэхур Зеикъуэ щыIэщ Хьэрэ-Кхъуэрэ жыхуаIэ бгыр. А цIэр къызытекIар и щыгур хьэмрэ кхъуэмрэ ещхьу «къыхэбзыкIауэ» зэрыщытарщ, уэшхым, уэсым, жьапщэм бгыщхьэр илъэсащи, «хьэри кхъуэри» иджы щыплъагъужыркъым. 2011 гъэм Хьэрэ-Кхъуэрэ бгъуэнщIагъ къыщагъуэтауэ щытащ. ЗэрыжаIэмкIэ, ар бгым и лъабжьэм метри 100-кIэ йох, метр 36-рэ зи лъагагъ пэшышхуэм хуокIуэж, и блынхэри телыдыкIыу захуэщ. Блыныр мывэ джейкIэ (мегалит) зэтелъхьащ, зэрыIэрыщIыр нэрылъагъуу. БгъуэнщIагъыр IэрыщI щхьэкIэ, цIыхум и Iэужь гуэр къыщIэнауи къахуэгъуэтакъым, къабзабзэщ. КъэхутакIуэ Чернобров Вадим зэрыжиIэмкIэ, къагъуэта бгъуэнщIагъыр псэупIэкъым, щIащIамрэ абы щрагъэкIуэкIыу щытамрэ гурыIуэгъуэкъым.
Поделиться:
Читать также:
15.04.2024 - 14:52 →
Агуий и Iэхэлъахэм
15.04.2024 - 12:10 →
Гагарин и гуфIэкIэ
11.04.2024 - 09:30 →
УнафэщIхэмрэ IэнатIэ лъыхъуэхэмрэ зэрощIэ
10.04.2024 - 11:00 →
Дисанэ и ехъулIэныгъэ
08.04.2024 - 12:46 →
Мазэм и хъыбар
|