Къущхьэ Каринэ: ЩIэныгъэ лей щыIэкъым

        Щхьэлыкъуэ  къуажэм щыщ,  Май къалэм и №5-нэ еджапIэм  инджылызыбзэмкIэ  щезыгъаджэ  Къущхьэ  Каринэ  Ростов  къалэм щекIуэкIа «Илъэсым и егъэджакIуэ-2021»  зэхьэзэхуэм   и  урысейпсо  утыкум  зэрынэсам,  абы щэзэпеуахэм япэ ища цIыху I5-м ящыщ зэрыхъуам  и  хъыбар нэхъ  пасэуи  фхуэтщIауэ  щытащ.
      «Дауэ  егъэджакIуэм  и  пщIэр  къэIэтыжа зэрыхъунур?  Сыт    нэхъыщхьэу къыхэпхар  апхуэдэ  утыкушхуэ  узэритам? Бзэ зыбжанэкIэ узэрыпсалъэм адыгэбзэр зэран хуэхъурэ? БзэкIэ щызэхъуажэ еджапIэ къызэIупхынтэкъэ хамэ къэрал щыпсэу, анэдэлъхубзэ зрагъэщIэну Хэкужьым къакIуэ  сабийхэм  папщIэ? Уи бынхэр егъэджакIуэ хъуну ухуей?», - апхуэдэ  упщIэхэмкIэ зыхуэдгъэзащ  Каринэ, езыр нэхъ  гъунэгъуу зэдгъэцIыхун мурадкIэ.  И жэуапхэр  фи  пащхьэ  къыдолъхьэ.  

      - Япэ  къэсыр егъэджакIуэ хъуфынукъым,  сэ  сызэрегупсысымкIэ.  Сабийр  фIыуэ лъагъун  хуейщ – аращ  IэщIагъэм  и лъабжьэр.   И гум щыщIэр  зыхэпщIэу, зыгъэгуфIэми  зыгъэнэщхъейми  ущыгъуазэу убгъэдэтмэ, езыми  и  дзыхь къуигъэзынущ.   А псом  и  щхьэ  къокIуэ егъэджакIуэм  щIэныгъэ  куу  бгъэдэмылъу  зэрымыхъунур.  ЕджакIуэр зыщIэупщIэ  псоми  я  жэуапыр  егъэджакIуэм  деж   щигъуэтыпхъэщ.    Сабийм  бгъэдэплъхьэ  темэм  и  купщIэр  игу къинэн  папщIэ, узытепсэлъыхьыр  нэрылъагъу  щыпщIыфу  щытын хуейщ, псалъэ  гъущэкIэ утемыпсэлъыхьу,  щапхъэхэр  куэду  къыхуэпхьу. ЕджапIэм   къыщIих щIэныгъэр  гъащIэм  къызэрыщыхуэсэбэпынур  и   фIэщ пхуэщIмэ,  езыри щIэныгъэм нэхъ  жану  хуеIэну къысщохъу.    
         ТщIэ  псоми  и  мурадыр   къыдэкIуэтей  щIэблэр  лъэпкъри, унагъуэри,  къэралри  щIэгушхуэ  цIыхуу  дгъэсэнырщ.  Аращ    егъэджакIуэм и  къалэн  нэхъыщхьэри,  и  IэщIагъэм фIыуэ  хищIыкIын хуейщ.   
         «Илъэсым  и егъэджакIуэ»  зэпеуэр  зэхьэзэхуэ зэмылIэужьыгъуэ  куэду  зэхагъэуват.  Ауэ  псом  нэхърэ  мыхьэнэ  нэхъ  зиIэу  щытар  «гъэунэхуныгъэ»  дерсырщ.  Сэ  згъэхьэзырын  хуейуэ  къыспэщIэхуари гъэщIэгъуэнт:  «Сэ сыхэт?»  упщIэм  и жэуап еттын хуейт.  Сабийхэм  я цIэр, я ныбжьыр, къызыхэкIа  унагъуэр, зыщыщ  къэралыр, я бзэр  зыхуэдэр  жаIэу, лэжьыгъэ зэмылIэужьыгъуэхэр  щедгъэкIуэкIащ  дерсым.  
       ФIыщ  зэпеуэшхуэм  ухэтынуи,  абы   уи цIэр  фIыкIэ  къыщыхэщынуи,  увыпIэ  гуэр къыщыпхуэхьынуи. Ауэ  нэхъыщхьэжу  къызолъытэ  си  зэфIэкIыр  зэрыхэхъуам  сэри  си  лъэр  нэхъ  быдэ  зэрищIар,  си  еджакIуэхэм  нэхъыбэ   ябгъэдэслъхьарэт  жысIэу  гукъыдэж  къызэрызитар.
          Зы  бзэ щыIэу си фIэщ хъуркъым зэран къыпхуэхъуну, ауэ цIыху  губзыгъэм   сытым дежи и анэдэлъхубзэр  япэ иригъэщынущ.   Нобэ инджылызыбзэм  дуней  псом япэ увыпIэ щиубыду жыпIэмэ, укъэпцIэнкъым, дауи. Ауэ  сэ  абы  сызэреплъыр дунейр зэзыгъэуIу Iэмэпсымэ хуэдэущ.  ЩIэныгъэлIхэми  къахутащ  цIыхум  бзэ  нэхъыбэ  ищIэхукIэ  зэрынэхъыфIыр.
         Зыр   зым зэран   хуэхъуркъым.  Бзэ нэхъыбэ пщIэхукIэ, абы   уи щIэныгъэм хегъахъуэ,  уэри  зыуегъэужь. Си  диплом  лэжьыгъэр щызгъэхьэзырым  щыгъуэ,  ипэкIэ гу  зылъызмыта куэд къыхэсхащ си анэдэлъхубзэми  адрей  бзэхэми. Адыгэбзэ, урысыбзэ, инджылызыбзэ – а бзищыр  зэзгъапщэу арат.  ЕтIуанэ, ещанэ  бзэ  щызэбгъащIэкIэ, ахэр уи бзэм щеплъытым деж, анэдэлъхубзэми  нэхъ  хэпщIыкIыу  уохъу,  ар нэхъыфIу  къыбгурыIуэу, бзэм  и  дахагъэр  нэхъ  гунэсу  зыхэпщIэу.
       Зэманыр иджыпсту апхуэдизкIэ псынщIэу макIуэри, улъэщIыхьэн папщIэ, укъэувыIэн  дэнэ къэна, укIэлъыжэн хуей мэхъу.  Нобэ  зи  гугъу тщIа   зэпеуэхэми  наIуэу щыболъагъу нэхъыбэ зэзгъэщIарэт, нэхъ  тегушхуауэ  сыпсэуарэт  жыпIэу  ущытын  зэрыхуейр.
      Ди бзэр тхъумэжынуми, тщыгъупщэнуми,  дэтхэнэ зыри дыхуитщ, ар зыми къыттрихыфынукъым. Инджылызыбзэр зэрыпщIэми  зэран къикIыну къысщыхъуркъым,  Iэмал нэхъыбэ къуитыну фIэкIа. Ар  хамэ  къэралхэм щыпсэухэм, дунейр зэрыщыту зэрыпсэу  щIыкIэм  щыгъуазэ  узыщI, псори къызэщIэзубыдэ Iэмэпсымэщи,  аращ  апхуэдэу зыщIиубгъуар.
        БзэкIэ щызэхъуажэ  еджапIэхэр сэбэпынагъышхуэ  зыхэлъ Iуэхугъуэщ.          Си щхьэкIэ зыкъэсщтэжынщи, 2015  гъэм  згъэунэхуащ  апхуэдэ егъэджэкIэ Iэмалым  къыпхуищIэр  зыхуэдизыр.  Гукъыдэж  сщIыри,  Италием  мазэ псокIэ сыщыIауэ щытащ  я  бзэмрэ я щэнхабзэмрэ  щыгъуазэ  сыщыхъун папщIэ.  Сыдихьэхауэ,   сфIэфу  есхьэкIат  а  лэжьыгъэр.  Аращи, апхуэдэ  еджапIэр  сэбэп  зэрыхъунумкIэ  сыщыхьэтщ.
        Си хъуэпсапIэхэр  зэхьэлIари зытеухуари еджакIуэхэрщ. Зэман гуэр дэкIмэ, абыхэм  школыр къаухынущ. «Сыту щIэныгъэфI  къыдбгъэдилъхьат, сытуи  къысхуэсэбэпат  абы дызыхуригъэджар, дызыхуигъэсар», -  жаIэжмэ, ахэр цIыху  губзыгъэу, гъэсауэ, насыпыфIэу дунейм  тетмэ, мис аращ мыхьэнэшхуэ  зиIэр.
            Си анэшхуэм егъэджакIуэ IэщIагъэм  пщIэ  егъэлея  хуищIу щытащ. И  адэр  къуажэм  егъэджакIуэ цIэрыIуэу зэрыдэсарщ  абы  и  щхьэусыгъуэр.    Езыр егъэджакIуэ  зэрымыхъуар  и гукъеуэу,  и  бынхэми,  абыхэм я  быныжхэми   а   хъуэпсапIэр  яIэригъэхьащ.  Абы  хущIегъуэжаи  зыри  къытхэткъым. Унагъуэр  зы  дыщыхъужам деж, ди псалъэмакъыр нэхъыбэу зэхьэлIар  школырщ. «Мы фи педсоветыр  щIэх иухыну», - жаIэурэ, къытщыдыхьэшххэу  икIи  дызэпамыудыфу  апхуэдэщ  ди Iыхьлыхэм.
        Дэтхэнэ цIыхуми   езым  и гуращэ иIэжщ. Нобэ ди сабийхэм сыт хуэдэ IэщIагъэ къыхахыну  пIэрэ жысIэу, иджыпсту  абы  и Iуэху зесхуэркъым. Езыхэм  къыхахыну  сыщогугъ  я  гур  зэтауэ,  яфIэфIу  «срилэжьарэт» жыхуаIэ  IэщIагъэ. Ауэ  сыхуейщ  си  унагъуэм  зэман  куэдкIэ къыдекIуэкIа  егъэджакIуэм  теухуа  хабзэр  щысхъумэну, а лэжьыгъэм пщIэ  лей  хуащIу  къэзгъэтэджыну.
                                           

 

Чэрим Марианнэ.
Поделиться:

Читать также:

26.04.2024 - 14:00 ЩIыпIэцIэхэр
26.04.2024 - 13:20 НОБЭ