Мэшыкъуэ Хьэчим Курск мэIэпхъуэ

Футбол

«Спартак-Налшыкым» и гъуащхьэхъумэныкъуэ Мэшыкъуэ Хьэчим дызыхуэкIуэ илъэсрэ ныкъуэм щыджэгунущ Урысей Федерацэм футболымкIэ и япэ дивизионым и пашэхэм ящыщ Курск и «Авангард»-м. Абы теухуа зэгурыIуэныгъэм лъэныкъуэхэм иджыблагъэ Iэ щIадзащ.

Къэбэрдей-Балъкъэрым и футболист нэхъыфIу нэгъабэ журналистхэм къалъыта, илъэс 23-рэ зи ныбжь Мэшыкъуэ Хьэчим иджыри къэс «Спартак-Налшыкым» хэту зэIущIэ 50 иригъэкIуэкIащ икIи я хьэрхуэрэгъухэм топ 13 яхудигъэкIащ. Мы гъэм зэрыщIидзэрэ ар Курск и «Авангард»-м щыIащ икIи абы и тренерхэм я нэкIэ ялъэгъуащ и зэфIэкIыр зыхуэдэр. Хьэчим къазэрыхуэсэбэпынур хьэкъ ящыхъуа иужькIэ, илъэсрэ ныкъуэкIэ зэгурыIуэныгъэ къращIылIащ.
«Авангард»-м хэту Мэшыкъуэм зэIущIэ зыбжанэ ехъулIэныгъэкIэ иригъэкIуэкIащ икIи Кипрым къыщызэрагъэпэща ФНЛ-м и кубокыр командэщIэм дэщIыгъуу зыIэригъэхьащ. КъищынэмыщIауэ, курскдэсхэр япэ дивизионым бжьыпэр щызыIыгъхэм ящыщ зыщ икIи, мазэ зыбжанэ дэкIмэ, премьер-лигэм хыхьэну Iэмал гъуэзэджэ яIэщ. Аращи, ди щIалэм урысейпсо утыкум зыкъыщигъэлъэгъуэфыну и насып къикIащ.
Мэшыкъуэ Хьэчим и къуэш Ислъами «Спартак-Налшыкым» зыщиIэжьэну къыщIэкIынукъым. Пэжщ, иужь тхьэмахуэхэм къыщыкIэлъыплъа Краснодар и «Урожай»-м ар хыхьакъым, ауэ нэхъапэм командэ лъэщхэм щыджэгуа щIалэщIэм щIэупщIэ зэриIэнум шэч хэлъкъым.

 

ЖЫЛАСЭ Заурбэч.
Поделиться:

Читать также: