Къарэжь Людмилэ: Утыкум куэдрэ уиджэразэкIэ нэхъ пщIэ лей уиIэнукъым

Псэм фIэфI Iуэхум цIыхур зэрыдэщIэращIэм и щыхьэтщ   КъБР-м щIыхь зиIэ и артисткэ, къэфакIуэ Iэзэ Къарэжь Людмилэ  и гъащ1э  гъуэгуанэр.  Илъэс   22-кIэ «Кабардинка» къэрал академическэ къэфакIуэ ансамблым хэта бзылъхугъэм   и теплъэ гуакIуэм   зэманым  хуещIа щIагъуэ щымыIэу къыпщохъу. Людмилэ пасэ дыдэу, и ныбжьыр илъэс 15-м иту, къафэм хыхьащ. Нарткъалэ дэт курыт еджапIэм щIэс хъыджэбз цIыкIур къафэмкIэ гупжьейм хэту балетмейстер Дашу Хьэшыр гу лъитэри «Кабардинка»-м иригъэблэгъат. Адэ-анэ куэдым хуэдэу, Людмилэ ейхэми я хъыджэбзыр апхуэдэ утыку ирагъэхьэныр яфIэмыфIыщэу щытами, езыр къэфакIуэхэм я гъащIэм занщIэу итхьэкъуат. Шэч хэмылъу, ар лъэпощхьэпо куэдым ебэкъуэн хуей хъуащ, иджы езым зэрыжиIэжымкIэ, ахэращ ар къарууфIэ зыщIар.

          - 1960 гъэм сэ «Кабардинка»-м сыхыхьащ. А зэманым зи щIалэгъуэ защIэу зы гупышхуэ дыкъащтат. Пэжщ, а гупым сахыхьэныр си дежкIэ фIыгъуэшхуэт, ар къыщызэхъулIэм къарууэ сиIэр а IэнатIэм есхьэлIащ, — дыхешэ и гукъэкIыжхэм Къарэжь Людмилэ. — Зы махуэм нэхърэ адрейм си лэжьыгъэм нэхъ сыдихьэхырт, абы и щэху псори зэуэ къэсщIэну сыхуейт.                       

ГуащIэм хуэдэу цIыхур езыгъэфIакIуэ щыIэу къыщIэкIынкъым, махуэ къэс узэлэжьыжмэщ уи псэм и хъуэпсапIэр щызэбгъэхъулIэфынур. Арыншамэ, уи нэм нэщыпхъуэ Iулъым ярейуэ, упсэунырщ къыпхуэнэжыр. Япэ дыдэу дыздэкIуар Африкэ Ищхъэрэрат. Зэи сигу ихужынкъым абы щытлъэгъуа дахагъэмрэ берычэтымрэ. Ди дежкIэ апхуэдиз щыгъын хуиту ящэу зэи щыплъагъунутэкъым. Алжир - Тунис - Мороккэ - Ливие гъуэгуанэм дрикIуат абы щыгъуэ. Дэ зыкъызэрыдгъэлъагъуэм къищынэмыщIауэ, дызрагъэблагъэ къэралхэм я щэнхабзэми дыщагъэгъуазэрт. «Ислъэмей», «Аджар», «Псэлъыхъу», «Гандаган», «Сувенир» (таджик къафэщ), нэгъуэщI куэд згъэзэщIащ, ауэ псом нэхърэ нэхъ сфIэфIу, зыщызмыгъэнщIу «Акушин» къафэр сиIащ. Къафэ къэс езым и щIагъыбзэ иIэжщ. Утыкур къызэдэфэхэм я зэпсэлъапIэщ. Псалъэм папщIэ, «Къафэм» и бзэр зым хуэдэжкъым, япэ къэсым хуэгъэзащIэркъым ар. Хьэл-щэн дахэр, гъэсэныгъэр, хабзэр и лъабжьэу къызолъытэ абы.

  И щIыбагъ къыдэтахэм я гугъу щищIкIэ, Людмилэ псом япэ и адэ-анэм фIыщIэ яхуещI. Пэжщ, и адэм куэдрэ игу ирихьакъым и пхъум утыкухэм зыкъызэрыщигъэлъагъуэр.

 - 1968 гъэм дыгъэгъазэм и 27-м Ефэнды Джылахъстэн (абы щыгъуэ щэнхабзэмкIэ министру лажьэр арат) ди унэ къэпсалъэри, япэщIыкIэ си адэ-анэм, итIанэ сэ   КъБР-м щIыхь зиIэ и артисткэ сызэрыхъуамкIэ къызэхъуэхъуауэ щытащ. Абы иужьщ си адэм си лэжьыгъэм пщIэ хуищIын щыщIидзар, - игу къегъэкIыж Людмилэ.

Къарэжьым и псалъэхэм гурыIуэгъуэ пщащI абы и дежкIэ къафэр и гъащIэм      и Iыхьэ къудейуэ зэрыщымытар, атIэ ар и псэм щыщ гуэру, и гъащIэм къыгуэхыпIэ зимыIэу, и щIэгъэкъуэн нэхъыщхьэхэм языхэзу къызэрекIуэкIыр.

- Абы сыщыхэта илъэсхэм нэхъ дахэрэ нэхъыфIрэ сиIакъым, - жеIэ тIэкIурэ хэгупсысыхьауэ щыса иужь Къарэжьым.

 КъэфакIуэ гупым я лъэгу щыщIамыгъэплъа къэрал щIагъуэ щыIэкъым. А псоми къахигъэщу Людмилэ игу къегъэкIыж Австралиер. ЩIыналъэм и хьэуам, щIыуэпсым, бысым гумащIэхэм я гулъытэмрэ гупым къыхуащI пщIэмрэ нобэр къыздэсым игу имыхужми, Къарэжьым къыхегъэщ зы къэрали ди щIыналъэм къызэрылъэщIэмыхьэнур, абы бгъэдэувэфын зэрыщымыIэр. «Хамэ хэку сыщытхъэ нэхърэ си хэкужь сыщылIэ» псалъэжьымкIэ и гупсысэхэр щIегъэбыдэж ди псэлъэгъум.

 «Кабардинка»-м хэтхэм зыщагъасэм ябгъурымытам, гъуэгум гугъу щыщехьым ящIымыгъуам, хьэмэрэ гъущI ашыкым дэлъа фащэ дияхэр щIымахуэ шылэм щатIагъэурэ IэпкълъэпкъкIэ зэрагъэхуабэр зымылъэгъуам, мазэ бжыгъэкIэ къэта анэм игу къэкIа и быным къыхуэпIащIэу къыщыкIуэжыну зэманыр къыщыблагъэм, аргуэру пIалъэ къыхупащэу, и лъэр зэрыщIагъэхуар ядэзымыгъэвам а IэнатIэр къызэрыгуэкIыу  къыщыхъункIэ хъунущ.

- СыхьэтипщIым репетицэ дыкъакIуэрт, сыхьэт пщыкIуплI хъуху зыдгъасэрт, сыхьэтищкIэ зыдагъэгъэпсэхурти, концерт ттыну дашэрт. Ди республикэр  и бгъуагъкIи и кIыхьагъкIи къызэхэткIухьащ, - жеIэ Людмилэ.

  КъигъэщIам арэзы техъуэмэ, ц1ыхум гъащIэр къехъулIауэ къэплъытэ хъунущ. Пэжщ, зыри щыIэу къыщIэкIынкъым и мурад, и гур зыщIэхъуэпс псоми ялъэIэсауэ,   ауэ  Iущ гуэрым зэрыжиIащи, иIэмкIэ ирикъурщ насыпыфIэр. Людмилэ апхуэдэхэм  ящыщщ.

 - Си гъащIэ гъуэгум къытезгъэзэжыну Iэмал сиIатэмэ, а лъагъуэ дыдэм сыкърикIуэжынт. Гъуэгуанэ дахэ, плъыфэбэ сиIащ. Гугъуехьхэри? Хэт гугъу емыхьу псэур?! Хэт нэхъыбэу, хэт нэхъ мащIэу. «ПщIащэ зытехуэри жыг зытеджалэри мэгурым», - жеIэ адыгэм. Нэхъыщхьэр а  гугъуехьхэм задумыгъэшынырщ, - къыпещэ и псалъэмакъым Людмилэ.

 Пенсэм тIысыжами, фIыуэ илъэгъуа Iуэхур къигъэнакъым Къарэжьым. «Кавказ пшэплъхэр» ныбжьыщIэ къэфакIуэ гупыр Тхьэмокъуэ Мартин дэщIыгъуу илъэсийкIэ игъэсащ. Абыхэм я гъусэу Къарэжьыр Германие, Франджы къэралыгъуэхэм, Ростов областым зыкъыщагъэлъэгъуэну ирагъэблэгъауэ щытащ икIи  гупым я зэфIэкIым хуэфэщэн пщIэ, гулъытэ къыхуамыщIу зэи къагъэкIуэжакъым.

 Людмилэ щIалищ ипIащ, иригъэджащ, унагъуэу игъэтIысыжащ. Абыхэм къафэр къыхэзыха къахэкIакъым, ауэ бынхэм я быныжхэм гугъэфIхэр уэзыгъэщIхэр   яхэтщ.

Людмилэ и лэжьыгъэм, зыхэта гуп дахэм зэрахуэзэшар ибзыщIыркъым.

 - Зы унагъуэм ещхьу дызэхэтащ, иджыри дызэрихьэлIамэ, зы анэ къилъхуам хуэдэу дызэхущытщ. Ауэ псоми я пIалъэ зэраIэжыр зыщыбгъэгъупщэ хъунукъым. Утыкум куэдрэ уиджэразэкIэ нэхъ  пщIэ  лей уиIэнукъым. УкъызыхэкIа лъэпкъыр фIыуэ плъагъурэ абы ухуэщхьэпэну ухуейр пэжмэ, уи лъэужьым кърикIуэхэми гъуэгу зэрептыным, уазэрыдэIэпыкъуным ухущIэкъун  хуейщ.

Щомахуэ Залинэ.
Поделиться: