Лъэхъэнэ жыжьэм къыщожьэ

Зи IуэхущIафэ дахэхэмкIэ дуней псом зи цIэ щызыгъэIуа IэщIагъэлIхэр ди мащIэкъым лъэпкъым. Пасэ зэманым уIэбэжмэ, дыщэкI, гъукIэ, дэрбзэр IэщIагъэхэр зи Iэпэгъуу щытахэрщ япэ дыдэу утыкушхуэ дизышауэ къэлъытапхъэр. Лъэпкъ тхыдэм уриплъэжмэ, абыхэм ящыщ дэтхэнэм и къежьапIэри къикIуа гъуэгуанэри зэхэхауэ къыщыгъэлъэгъуэжащ. Къэтщтэнщ гъукIэ IэщIагъэри, адыгэм и гъащIэм абы увыпIэшхуэ щиубыду къекIуэкIащ.

- ГъукIэныр адыгэ лъэпкъым илъэс минитху ипэкIэ къиублащ, а зэманым къагъэсэбэпу щытари гъуаплъэщ, - жеIэ КъБР-м и лъэпкъ музейм и унафэщI Накуэ Феликс. - Гъуаплъэм елэжьу къэгъуэгурыкIуэурэ, хуэм-хуэмурэ гъущIыр къагъэсэбэпу щIадзащ. ГъущIым и къыщIэхыкIэр, и гъэткIукIэр, къэгъэсэбэпыкIэр япэ дыдэу къэзытIэсыфа лъэпкъхэм ящыщщ адыгэхэри. Мыбдежым къыхэгъэщыпхъэщ гъущIыр мывэм къыхихыу япэу зезыгъэсар адыгэхэр къызытекIыжауэ ябж хьэтхэрауэ зэрыщытыр. Апхуэдэу гъущIыр къыхахырт уафэм къехуэх вагъуэижми. Абы къыхаха гъущIым къыхащIыкI Iэмэпсымэхэр, псом хуэмыдэу, ягъэлъапIэрт, ар уафэм тыгъэ къахуищIауэ ябжырти. ИрагъэкIуэкIа къэхутэныгъэхэм къагъэлъэгъуащ хьэтхэм я джатэхэр, къамэхэр вагъуэижым къыхаха гъущIым къызэрыхащIыкIар. Абдеж щегъэжьауэ къапщтэмэ, Кавказ Ищхъэрэм гъущIыр къагъэсэбэпу щIадзар илъэс мини 3-кIэ узэIэбэкIыжмэ. Адыгэ гъукIэхэм я Iэзагъыр къыщежьэри, я IэрыкIхэмкIэ я цIэ щыIуари а лъэхъэнэрщ. Илъэс 200 - 300-кIэ гъуаплъэмрэ гъущIымрэ зэгъусэу къагъэсэбэпу къекIуэкIащ. Псалъэм папщIэ, языныкъуэхэм деж джатэ Iэпщэр гъуаплъэм, и дзэр гъущIым къыхащIыкIырт. ИтIанэ гъущIым нэгъуэщI зыгуэрхэр хагъэжыхьурэ, жырыщхъуэр (булатная сталь) къагупсысащ. Апхуэдэурэ адэкIэ ефIакIуэурэ нобэм дыкъэсащ.

Лъэпкъ куэдым я IуэрыIуатэм мафIэм, гъущIым, гъукIэм епха хъыбархэм ущрохьэлIэ. Апхуэдэ псалъэмакъ къыщыхъейкIэ дэ дигу къэкIыжыр нарт хъыбархэрщ. Абдеж дыщрохьэлIэ япэу зэдгъэцIыху гъукIэхэм: Дэбэч, Лъэпщ, Хъурдымыжь. Дэбэч гъукIэ нэхъыжьщ. Абы и къуэдзэу Лъэпщ гъукIэным щIидзащ. Апхуэдэу зэманыр екIуэкIыурэ Лъэпщ зиужьырт, Дэбэч ужьыхырт. Лъэпщ гъущI жьэражьэр IэкIэ иубыдырти иухуэрт, ар жыIэщIэ ищIырти, зыхуей псори къыхищIыкIырт. И пIэ иувэн гъукIэ къызэрыкъуэкIам гу лъитэри, Дэбэч и лъэщапIэр Лъэпщ иритащ, нартхэм я гъукIи ищIащ. Лъэпщ яхуещI нартхэм джати, шабзи, мэIухуи, бжыи. Аращ нарт лъэпкъыр Iэщэ-фащэкIэ зыузэдыр. Ауэ, Iэщэ-фащэм нэмыщI, Лъэпщ нартхэм яхуещI ахэр зэрылэжьэну Iэмэпсымэхэри. Уадэ, Iэдэ, сыдж нартхэм япэ дыдэ яхуэзыщIар Лъэпщщ. Ауэ а Iэмэпсымэхэр ищIын ипэ, Лъэпщ и сыджыр абрэмывэрт, и уадэр и IэштIымырт. Зэрылъэщэну Iэмэпсымэхэр ищIынымкIэ абы дэIэпыкъуэгъу хуэхъуащ Сэтэней гуащэ. Махуэ гуэрым ар кIыщым блэкIыу, Лъэпщ Iэ пцIанэкIэ гъущI плъым зэреIусэр, мафIэм зэрыхэIэбэр илъэгъуащ икIи мурад ищIащ абы зыгуэр къыхуигупсысыну. Сэтэней пхъэ тыкъырым зы уадащхьэ къыхихащ, зей пхъэдзакIэм къыхищIыкIри, абы кIыи фIилъхьэжащ. Аргуэру пхъэ тыкъырым сыдж щхьэгуэжь къыхиIущIыкIри, ахэр кIыщым ихьри, щэхуу щIилъхьащ. Лъэпщ ахэр щилъагъум гъэщIэгъуэн къыщыхъури, гъущIым а хьэпшыпхэр къыхищIыкIащ, абыхэм иригъукIэуи щIидзащ. Iэдэм и щIыкIэми Лъэпщ хуэзыгъэIущар Сэтэнейщ. Ауэ абы иужькIэ Лъэпщ гъущI плъам зэи Iэдэ-уадэншэу еIусэфакъым...

Пэжыр жыпIэмэ, адыгэ гъукIэхэм я цIэ зыгъэIуар Iэщэрщ. Нартхэм я зэманым щегъэжьауэ адыгэмрэ Iэщэмрэ зэгуэпх мыхъуну зэгъусэщ. ГъукIэ псоми я гъукIэж Лъэпщ Iэщэ куэд и Iэдакъэ къыщIэкIащ, дэтхэнэри и IэрыхуагъкIэ зыхуэдэ щымыIэу.

- Дуней псом къыщацIыхурт адыгэхэм я Iэщэр, - жеIэ Накуэ Феликс. – Урысейм, Персым, Тыркум, Польшэм, Кърымым, нэгъуэщI хамэ къэралхэми адыгэхэм ейм хуэдэу ящIыну хэтт я Iэщэхэр. Псом хуэмыдэу щIэупщIэшхуэ яIэт адыгэ сэшхуэм, джатэм. Джатэр занщIэмэ, урипыджэну хъарзынэт, къэгъэшамэ, пыбупщIыну тынш мэхъу, моуэ зэуэ пих хуэдэу мэхъури. Адыгэ джатэкъуаншэр пыджэнми пыупщIынми зэхуэдэу фIыуэ хуэгъэпсащ, ар къэгъэшауэ зэрыщытым и зэран екIыркъым IуэхугъуитIми. Псалъэм папщIэ, Персым, Тыркум я джатэхэр къагъэш, абыкIэ пыбупщIыну фIы дыдэщ, ауэ урипыджэну хъуркъым. Нарт эпосыр дигу къэдгъэкIыжмэ, «Сыт хуэдэ джатэ узыхуейр?» - жиIэу Лъэпщ Сосрыкъуэ щеупщIам: «Сэ сыхуейщ джатэ мыкIыхьу, мыкIэщIу. Бий жыжьэр къыщышынэу, бий гъунэгъур хигъащIэу. Сеуэм пигъэщхъыу, сепыджым пхигъэщу», - къритат жэуап. Мис апхуэдэщ адыгэ Iэщэр. Къыхызогъэщри, адыгэ Iэщэр дыщэ-дыжьынкIэ зэрагъэщIэращIэратэкъым екIу зыщIыр, атIэ икIи Iэрыхуэу, икIи псынщIэу зэрыщытырт. Iэщэм «псэ хэзылъхьэр» гъукIэращ, зыпэрыт Iуэхум абы хуиIэ бгъэдыхьэкIэм куэдкIэ елъытащ Iэщэм и фIагъ, и Iэрыхуагъ хъунур.

Хуэм-хуэмурэ адыгэ гъукIэхэм фоч, фокIэщI щIынми зратащ. Псом хуэмыдэу а Iэщэр щIыным нэхъ щIэгъэхуэбжьауэ елэжь щыхъуар Урыс-Кавказ зауэр щекIуэкIа лъэхъэнэрщ. Зауэр иуха иужь адыгэщIым Iэщэ щыщIыныр нэхъ щехуэхащ. ГъукIэ нэхъ Iэзэхэр зауэжьым хэкIуэдат е хэкур ябгынат. Абы къищынэмыщIауэ, урыс пащтыхьым и унафэкIэ адыгэхэм Iэщэ зехьэныр къыпаубыдат. Iэщэншэу куэбжэм къыдэмыкIыу щыта бгырысхэм Совет хабзэхэр ягъэува нэужь къамэ къудейри зэрахьэжыну хуитыжакъым. Нобэ адыгэ Iэщэхэм ящыщу унагъуэхэм илъыжыр закъуэтIакъуэщ, нэхъыбэу абыхэм ущрихьэлIэр музейхэращ.

Абы иужькIэ хэкум ис гъукIэ Iэзэхэм нэхъыбэу я Iэдакъэ къыщIэкIар зэрылажьэ Iэмэпсымэхэмрэ шы Iэпслъэпсхэмрэт. Нобэрей гъукIэхэм я лэжьыгъэр нэхъ зытегъэпсыхьар куэбжэ, бжэ, щIыхьэпIэхэр, пырхъуэхэр зэрагъэщIэращIэ гъущI хъархэр, нэгъуэщIхэри щIынырщ. Пэжщ, закъуэтIакъуэми, щыIэщ иджыри адыгэ Iэщэм и щIыкIэм дихьэххэр.

ЩХЬЭЩЭМЫЩI Изэ.
Поделиться: