Гъатхэпэм и 3-м дунейм и къэрал куэдым ТхакIуэм и махуэр щагъэлъапIэ. 1986 гъэм дунейпсо PEN-клубым и 48-нэ конгрессым а махуэр къыщызэдащтауэ щытащ. PEN хьэрфхэм къарыкIыр гъэщIэгъуэнщ. Poets-усакIуэхэр, Essayists-очеркытххэр, Novelists - романытххэр. ТхакIуэхэм я дунейпсо зэгухьэныгъэр къэрал къэс хъыбарыщIэр хуиту, пэрыуэншэу щызекIуэным, щызэIэпыха хъуным и хъумакIуэщ.
Ауэ щыхъукIи, а махуэр къыхэзылъхьахэр хъыбар нэпцIым, «шыпсэм» и бийщ. Дунейм и къэрал куэдым щагъэлъапIэ гъатхэпэм и 3-р, къэбгъэлъагъуэмэ, а махуэр зейр тхакIуэхэм я закъуэкъым, атIэ псалъэр зыгъэшэрыуэ, ар зи «Iэщэ» дэтхэнэми ейуэ къалъытэ. Абы ирихьэлIэу ягъэлъапIэ зэпеуэ зэмылIэужьыгъуэм къыщыхэжаныкIа тхакIуэхэр, дауэдапщэхэр ирагъэкIуэкI.
Дуней псом нэхъ щагъэлъапIэ дыдэ Нобель саугъэтыр 1901 гъэ лъандэрэ литературэмкIэ ят. Япэ дыдэу ар хуагъэфэщауэ щытащ франджы усакIуэ Прюдом Сюлли. 2015 гъэм саугъэтым и лауреат хъуар белорус тхакIуэ Алексиевич Светланэщ. Нобель саугъэтыр тхакIуитIым щызэдагуэшаи къэхъуащ. Псори зэхэту ар тхакIуи 107-м иратауэ щытащ. Саугъэтыр зыхуагъэфэщахэм ящыщу нэхъ щIалэ дыдэр илъэс 42-м ит Киплинг Редьярдт. Нэхъыжь дыдэр Лессинг Дорисщ, илъэс 88-м итт.
Нобель фондым хуэгъэпса хабзэм зэритымкIэ, а саугъэтыр зратынухэр къагъэлъэгъуэну хуитщ:
- швед академием, институтхэм, апхуэдэ къалэнрэ мурадрэ зиIэ зэгухьэныгъэхэм;
- щIэныгъэ нэхъыщхьэ щрагъэгъуэт еджапIэ зэмылIэужьыгъуэхэм бзэмрэ литературэмкIэ я профессорхэм;
- литературэмкIэ Нобель саугъэтым и лауреат хъуахэм;
- къэрал зэмылIэужьы-гъуэхэм щыIэ тхакIуэхэм я зэгухьэныгъэхэм я тхьэмадэхэм.
Къыхэгъэщыпхъэщ саугъэтыр щаткIэ ар къэзыхьахэм я цIэм фIэкIа адрейхэм ейр къызэрырамыIуэр. Зэпеуэм хэта тхакIуэхэмрэ абыхэм хужаIахэмрэ илъэс 50-кIэ яущэху.
УщымыгуфIыкIынкIэ Iэмал иIэкъым хэхэс адыгэхэм ящыщ Памук Орхьан а саугъэт лъапIэр 2006 гъэм къыхуагъэфэщауэ зэрыщытам. Адыгэ лъэпкъым и щхьэр лъагэу езыгъэлъагъужа Iуэхугъуэщ ар, адыгэ къуэпс зэриIэр къэплъытэмэ. Памук дунейпсо саугъэту къыхуагъэфэщам щIэи гъуни иIэкъым, езыр тхакIуэ нэхъыфI дыдэу пщIым я бжыгъэм хэтщ. Орхьан къыщалъхуари къыщыхъуари Тырку щIыналъэрщ, нэхъыбэу зытетхыхьари а къэралыгъуэм и тхыдэращ. Ауэ щыхъукIи, абы и къуэпсхэр къыщежьэр зэи щыгъупщэркъым.
Нобэ, ТхакIуэм и дунейпсо махуэм, дэ фIыкIэ дигу къэдгъэкIыжыпхъэщ я къалэмыпэм къыпыкIа тхыгъэ телъыджэхэмкIэ урысей-псо, хамэ къэрал утыку дизышахэу, адыгэм и цIэмрэ и пщIэмрэ лъагэу зыIэтахэу ЩоджэнцIыкIу Алий, КIыщокъуэ Алим, КIэрашэ Тембот, Шортэн Аскэрбий, МэшбащIэ Исхьэкъ сымэ, нэгъуэщIхэри.