ЕгъэджакIуэр ящыгъупщэркъым

КъБАССР-м щIыхь зиIэ и егъэджакIуэ, Хэку зауэшхуэм и ветеран, «ЦIыхубэ егъэджэныгъэмкIэ отличник» щIыхьыцIэр зыхуа­гъэфэща Ткаченкэ Андрей мэлы­жьыхьым и 6-м фэеплъ пхъэбгъу къыщыхузэIуахащ ар щыпсэуа Налшык къалэм, Лениным и цIэр зезыхьэ уэрамым тет унэ №45-м. Ар къызэрагъэпэщащ сурэ­тыщI гъуазджэмкIэ егъэджакIуэ цIэ­рыIуэр къызэралъхурэ илъэси 100 зэрырикъум и щIыхькIэ. 

1962 - 1973 гъэхэм Ткаченкэ ­Андрей щыпсэуа унэм деж щызэхуэсахэм ягу къагъэкIыжащ сурэтыщI ныбжьыщIэ миным щIигъум я егъэджакIуэ, республикэм и щэнхабзэм и тхыдэ напэкIуэцIхэм зи цIэр дыщэ хьэрфхэмкIэ хатха, республикэм и къуэ пажэм, художник цIэрыIуэм и гъащIэмрэ гуа­щIэмрэ.
Ткаченкэ Андрей 1924 гъэм мэ­лы­жьыхьым и 6-м Краснодар крайм хыхьэ Плоская станицэм къыщалъ­хуащ. «ЩIыхь» орденым и ещанэ нагъыщэр, «Хэку зауэшхуэ» орденыр тIэунейрэ, «Кавказыр щхьэхуит къызэращIыжам папщIэ» медалхэр, «Хэку зауэшхуэ» медалым и ещанэ нагъыщэр, нэгъуэщI дамыгъэ лъапIэхэр къыхуагъэфэщащ абы. 
КъБР-м сурэтыщI гъуазджэмкIэ и япэ профессиональнэ егъэджа­кIуэм и гъэсэнщ республикэм и иджырей художник IэкIуэлъа­кIуэхэр. КъыжыIапхъэщ, абы щыщу 12-р ХудожествэхэмкIэ Урысей Академием, пщIы бжыгъэхэр УФ-м и СурэтыщIхэм я зэгухьэныгъэм зэры­хагъэхьар, ахэр сурэтыщI, жы­лагъуэ лэжьакIуэ цIэрыIуэ зэры­хъуар, я егъэджакIуэм и цIэр жыжьэ зэрыщагъэIуар. 
Налшык къалэ администрацэм и Iэтащхьэ Iэхъуэхъу Теймураз зэ­хыхьэр къыщызэIуихым и псалъэм къыхигъэщащ Ткаченкэ Андрей цIыху пэжу, гуапэу, егъэджакIуэ Iэзэу зэрыщытар. 
- Курыт еджапIэхэр къызэхикIу­хьурэ сурэт щIыным зэфIэкI иIэу гу зылъитэ ныбжьыщIэхэр зэхуишэсурэ иригъаджэрт. И гъэсэнхэр иджы сурэтыщI цIэрыIуэ хъуахэщ. Я егъэджакIуэр ящыгъупщэркъым икIи куэдым я дежкIэ ар щапхъэщ, - жиIащ Iэхъуэхъум. 
- Ткаченкэ Андрей и цIэр Налшык и уэрамым, сурэ­тыщI гъуазджэхэмкIэ музейм зэрахьэ. Сабийхэм я ­дунейпсо махуэм ирихьэлIэу, ЩэнхабзэмкIэ министерствэм абы и цIэкIэ Кавказ Ищхъэрэм щы­псэухэм папщIэ зэпеуэ гъэ къэс къызэрызэригъэпэщым псори фы­щыгъуазэщ. Ар егъэджакIуэным къыхуигъэщIат! - жиIащ КъБР-м щэн­хабзэмкIэ и министр Къумахуэ Мухьэдин.
КъБР-м егъэджэныгъэмкIэ и ­министр Езауэ Анзор жиIащ Ткаченкэ Андрей республикэр зэрыгушхуэ цIыхухэм зэращыщыр, абы и цIэмрэ и IуэхущIафэхэмрэ цIыху­хэм ягу къагъэкIыжыху ар зэры­псэунур.
Налшык къалэм и Ветеранхэм я советым и унафэщI Абдуллаев Мустэфа игу къигъэкIыжащ Андрейрэ абырэ зэрызэрыцIыхуар, зэныбжьэгъуу зэрыщытар, сабийхэр фIыуэ илъагъуу, езыми и ­гъэсэнхэм пщIэ къыхуащIу къы­зэры­гъуэгурыкIуар, зауэм щызэ­рихьа лIыгъэм папщIэ абы дамыгъэ лъапIэхэр къызэрыхуагъэ­фэщар. 
- Ткаченкэ Андрей и ныбжьыр 1942 гъэм илъэс 18 щыхъум, Хэку зауэшхуэм езыр-езыру кIуат. ФIыуэ илъагъу Къэбэрдей-Балъкъэрыр бийм къыIэщIахыжа нэужь, къулыкъу здищIэм уIэгъэ хъури, 1943 гъэм къигъэзэжащ! - жиIащ ­КъБР-м и цIыхубэ сурэтыщI Бгъэжьнокъуэ Заурбэч. - Академик, цIыху­бэ художник дапщэ игъэса абы! ЕджапIэ нэхъыщхьэ куэдым яхузэфIэкIыркъым апхуэдэ!
ПэкIум хэтахэм удз гъэгъахэр щагъэтIылъащ фэеплъ дапхъэр зыхрагъэубыда блыным деж. 
Налшык къалэм и Сабий художественнэ школым и унафэщI Зэхъуэхъу Валерэ къытеувыIащ Андрей и дуней тетыкIам, псалъэм папщIэ, и гъащIэкIи гуащIэкIи щытхъу къилэжьами, лейуэ абы тепсэ­лъы­хьынIауэ фIэмыфIу, уеблэмэ укIы­тэу зэрыщытам. 
Ткаченкэ Андрей и къуэ Алек­сандр фIыщIэ яхуищIащ и адэр илъэс 60-кIэ щыпсэуа унэм фэеплъ пхъэбгъу фIэзыдзэну къыхэзылъхьа республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек, Налшык къалэ администрацэм и унафэщIым, пэкIум ­къекIуэлIахэм, псалъэ гуапэхэр хужызыIахэм. 
ЗэIущIэм къыщыпсэлъащ Пятигорск епархием Налшык щиIэ округым и члисэхэм я благочиннэ, протоиерей Бобылев Андрей, сурэтыщI Сурхайханов Ибрэхьим. 

ТЕКIУЖЬ Заретэ. Сурэтхэр Къарей Элинэ трихащ.
Поделиться: