ПцIыр къыпщIэкIуэнукъым

Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщ фермерым гъэпцIагъэкIэ сом мелуани 3-м нэблагъэ зыIэригъэхьащ.

КъБР-м щыIэ МВД-м Экономикэ шынагъуэншагъэмкIэ, коррупцэм пэщIэтынымкIэ и управленэмрэ Урысей ФСБ-м и щIыналъэ IэнатIэмрэ я лэжьакIуэхэм къыщIагъэщащ мэкъумэш (фермер) хозяйствэхэм языхэзым и унафэщIым гъэпцIагъэкIэ субсидие къызэрыдихар.
ЦIыхухъум мурад ищIат республикэ бюджетым щыщ ахъшэ къыIихыу и щхьэ IуэхукIэ къигъэсэбэпыну. 2018 гъэм и жэпуэгъуэ - дыгъэгъазэ мазэхэм хуэзэр къыIэрыхьэн папщIэ зи унафэщI IэнатIэм лэжьакIуэ 50 къищта хуэдэу икIи абыхэм улахуэ етыным, ахэр егъэджэнымрэ нэгъуэщI IуэхущIапIэхэм я лэжьэкIэм кIэлъыгъэплъынымрэ трикIуэдэну мылъку къыдихын щхьэкIэ дэфтэр нэпцIхэр игъэхьэзыращ.
А тхылъ нэпцIхэр и лъабжьэу бзаджащIэм и IуэхущIапIэм и счётым къагъэхьащ сом мелуани 2,9-м щIигъу.
КъБР-м щыIэ МВД-м и Следственнэ управленэм мэкъумэш IуэхущIапIэм и унафэщIым теухуа уголовнэ Iуэху къиIэтащ, УФ-м и Уголовнэ кодексым и 159-нэ статьям и 4-нэ Iыхьэм къыщыхьа щIэпхъаджагъэхэм хуэдэхэмкIэ игъэкъуаншэу.
 

 

БАХЪСЭН Азэмэт.
Поделиться:

Читать также:

26.04.2024 - 14:00 ЩIыпIэцIэхэр
26.04.2024 - 13:20 НОБЭ