Лъэпкъ IуэрыIуатэм пэджэжу

 «Иныжь» псалъэм къытрагъэпщIыкIа щIыпIэцIэхэм Адыгэхэм я Хэкужьым куэду узэрыщрихьэлIэу щытыгъам дэ шэч къытетхьэркъым. Абыхэм ящыщщ мы тхыгъэм зи гугъу щытщIынухэри.
Шапсыгъ щIыналъэ
- Иныжь къуладж. Хы ФIыцIэм хэхуэж Шахэ ижь лъэныкъуэмкIэ къыщыхэлъадэ и къуэпсымрэ ар къызыдэж тIуащIэ зэв цIыкIумрэ я фIэщыгъэщ.
- Иныжьытх. Иджырей шапсыгъ жылэхэм нэхъ зызыужьауэ яхэтхэм ящыщ ШахэкIеишхуэ къуажэм къухьэпIэ лъэныкъуэмкIэ къыбгъэдэт къырылъэ-мэзылъэ шытхщ.
- Иныжьым ыгъэкIыгъэ (зэпригъэзыкIа) къуладж. ХьэкIуцу (ХьэкIув) зи фIэщыгъэ бгым и лъабжьэхэм зыкъыщызэщIикъуэу, ПсыфI (Псезуапсе) хэлъэдэж псы цIыкIумрэ къуэ зэв цIыкIуу абы зыщихъунщIэмрэ зэреджэщ.
 Адыгэ Республикэ
- Иныжь хъоу. Афыпсыпэ (Ахупсыпэ) къуажэм ищхъэрэ-къуэкIыпIэ лъэныкъуэмкIэ къыпэщылъ къуэ бгъуэшхуэ хэшам апхуэдэу йоджэ.
Къэбэрдей щIыналъэ
- Иныжьыкхъэ. Мы фIэщыгъэмкIэ ноби зэхацIыхукI Къармэхьэблэ, Сэрмакъ, Зэрэгъыж къуажэхэм я Iэгъуэблагъэхэм Iуащхьэ теплъэ зиIэу куэду щызэхэт лъэгапIэ зэмылIэужьыгъуэхэр.
- Иныжьыкъуэ. Анзорей, Лэскэн ЕтIуанэ къуажэхэр зи жьэгъу щIэс Мэзылъэ шытхым къыхэщхьэхукIарэ псэущхьэ абрагъуэм щыжьэдитхъукIа фIэкIа умыщIэну, Лэскэн псым и ижьрабгъу лъэныкъуэмкIэ узыщыхуэзэ къуэладжэ куу кIыфIыжьым апхуэдэу йоджэ.  

КЪУМАХУЭ Аслъэн.
Поделиться:

Читать также:

26.04.2024 - 14:00 ЩIыпIэцIэхэр
26.04.2024 - 13:20 НОБЭ