КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ видеоконференц IэмалкIэ хэтащ УФ-м и Федеральнэ Зэхуэсым Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ, социальнэ IуэхухэмкIэ хабзэгъэувхэм я советхэм я комиссэхэм я зэIущIэм. Абы щытепсэлъыхьащ сабий зыгъэпсэхупIэхэмрэ узыншагъэр щрагъэфIакIуэ IуэхущIапIэхэмрэ я зыужьыныгъэм, 2022 гъэм и гъэмахуэ зыгъэпсэхугъуэ зэманым зэрызыхуагъэхьэзырым ехьэлIа Iуэхухэм.
Егоровэ Татьянэ къыхигъэщащ сабийхэм я узыншагъэр щрагъэфIакIуэ IуэхущIапIэхэмрэ зыщагъэпсэху щIыпIэхэмрэ Къэбэрдей-Балъкъэрым зэрикуэдыр къэплъытэмэ, къаIэта Iуэхум республикэм деж-кIэ мыхьэнэшхуэ зэриIэр.
- Мы зэманым Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм сабийхэм я узыншагъэр щрагъэфIакIуэ, зыщрагъэгъэпсэху IуэхущIапIэу 19 щолажьэ. Абыхэм ящыщщ «Лэгъупыкъу» республикэ центрыр. IуэхущIапIэм сабийхэм я узыншагъэм щыкIэлъыплъ къудейкъым, атIэ зи Iэпкълъэпкъыр къыдэмыбзхэр, нэм ехьэлIа узхэр, нэгъуэщIхэри зэрагъэхъуж IэмалыщIэхэр абдеж къыщагъэсэбэп. КъищынэмыщIауэ, ар пIалъэкIэ мыхъуу илъэс псом мэлажьэ икIи Урысейм и щIыпIэ куэдым щыщ сабийхэр абы кърашалIэ. Къэбгъэлъагъуэмэ, иджыпсту «Лэгъупыкъум» зыщагъэпсэху Донецк ЦIыхубэ Республикэм щыщ ныбжьыщIэ 35-м. КъыкIэлъыкIуэу абы къашэнущ Донбассым щыщ сабий гуп. Абыхэм я зыгъэпсэхугъуэм текIуадэр республикэм итыну и пщэ ирилъхьэжащ, - жиIащ Егоровэм.
Апхуэдэуи абы дыщIигъуащ IуэхущIапIэм илъэс къэс Къэбэрдей-Балъкъэрым щыпсэу сабий мини 10-м нэблагъэ зэрыщызэблэкIыр. Абыхэм ящыщу мини 7-р гугъуехь хэхуа сабийхэращ. Апхуэдэуи республикэм къокIуэ Урысейм и нэгъуэщI щIыналъэхэм щыщу ныбжьыщIэ мини 7-м нэс.
- 2022 гъэм и гъэмахуэ зыгъэпсэхугъуэм узыншагъэр зэрырагъэфIакIуэ Iэмал псомкIи елэжьынущ сабий мини 5-м щIигъум. КъБР-м и бюджетым щыщу а Iуэхум текIуэдэнущ сом мелуани 185-м щIигъу, - дыщIигъуащ Егоровэм.
IуэхущIапIэхэм я щытыкIэр зыхуэдэм и гугъу щищIым, абы жиIащ языныкъуэхэр зыхуей хуэзауэ зэрыщытыр, зыгуэрхэр зэрызэгъэпэщыжыпхъэр.
- Дыщогугъ коронавирусыр тщхьэщыкIуэтмэ, ди зыгъэпсэхупIэхэми, санаторэхэми, лагерхэми хуиту лэжьэн щIадзэжыну. Абы щыгъуэм сабийхэм зедгъэгъэпсэху къудей мыхъуу, мы Iуэхум адэкIи нэхъ зедгъэужьыфынут, - жиIащ Егоровэм. - Къыхэзгъэщыну сыхуейт, узыншагъэр щрагъэфIакIуэ IуэхущIапIэхэмрэ зыгъэпсэхупIэхэмрэ едгъэфIэкIуэн папщIэ щIапхъэхэр зэрыдубзыхуар. Ахэр къыщыдгъэлъэгъуащ ди комиссэм и унафэм и проектым.
УФ-м и ФС-м и Къэрал Думэм и депутатхэми зэIущIэм къыщыхалъхьащ я Iуэху еплъыкIэхэр. Апхуэдэхэщ 2030 гъэ пщIондэ тещIыхьа, УФ-м и щIыналъэхэм узыншагъэр щрагъэфIакIуэ я IуэхущIапIэхэр щызэгъэпэщыжыным е ухуэным хуэгъэза федеральнэ программэр щызэхагъэувэкIэ лэжьыгъэхэр щызэфIагъэкIын хуей пIалъэр къыщагъэлъагъуэкIэ дунейм и зэхэлъыкIэр къызэралъытапхъэр, ухуэныгъэхэм я проектхэр зэщхьу ягъэхьэзырын, 2023 гъэм къыщыщIэдзауэ школхэм сабийхэр зэрыщагъашхэр щIыналъэ псоми щызэхуэдэу щIын зэрырыхуейр, нэгъуэщIхэри.
ЗэIущIэм къыщыхалъхьа Iуэхугъуэхэм ящыщщ илъэси 7 - 18 ныбжьым хиубыдэу гугъуехь пэщIэхуахэм я зыгъэпсэхугъуэ зэманыр федеральнэ бюджетым къыхэкIыу 2022 гъэм щыщIэдзауэ щIыным теухуа дэфтэрыр къэщтэныр, IуэхущIапIэхэм зегъэужьы-ным мылъку хэзылъхьа хьэрычэтыщIэхэм трагъэкIуэдам и IыхьэкIэ зэрызыщIагъэкъуэжым яхухэгъэхъуэнымкIэ щыIэ Iэмалхэм егупсысыныр.
КъыкIэлъыкIуэ зэIущIэр мэлыжьыхьым и 26 - 27-хэм екIуэкIыну траухуащ.