Дэфтэрхэм фыкIэлъыплъ

УФ-м и Пенсэ фондым и Къэбэрдей-Балъкъэр къудамэм республикэм щыпсэухэм захуегъазэ абы ирахьэлIэ дэфтэрхэм набдзэгубдзаплъэу кIэлъыплъыну. 
Пенсэр, бын зыгъуэта анэм иратыр, нэгъуэщI щхьэусыгъуэкIэ къэралыр зыдэIэпыкъухэм яIэн хуей дэфтэрхэм я пэжагъымкIэ жэуап зыхьыр ахэр пенсэ фондым щIэзылъхьэхэрщ. Къэралым и Уголовнэ кодексым игъуэтауэ щыта зэхъуэкIыныгъэ щхьэхуэхэм тету, дэфтэр нэпцI къэзыгъэлъагъуэхэм уголовнэ Iуэху къыхуаIэтынущ. Псалъэм папщIэ, лэжьапIэ зэримыIэм щхьэкIэ къэралыр зыдэIэпыкъу цIыхум лэжьэн щIидзамэ, пенсэ фондым хъыбар иригъэщIэн хуейщ. УФ-м и Уголовнэ Кодексым и 159-нэ статьям и 2-нэ Iыхьэм къызэрыщыхьамкIэ, дэфтэр нэпцIкIэ пособие, субсидие, зэрыдэIэпыкъу нэгъуэщI ахъшэ зыIэрыбгъэхьэным къэралым и мылъку бдыгъуу къокI. Дэфтэр нэпцI бгъэлъагъуэ зэрымыхъунум хуэдэу, дэIэпыкъуныгъэ къыпIэрыхьэу щытарэ, ар къуатыным зэран хуэхъу Iуэхугъуэ къыкъуэкIамэ, ар убзыщI хъунукъым. 

 

Гъуэт Синэ.
Поделиться:

Читать также:

26.04.2024 - 14:00 ЩIыпIэцIэхэр
26.04.2024 - 13:20 НОБЭ
25.04.2024 - 16:00 ЩIэщхъуитI