Си анэм зэрыжиIэу сумыщIу, си фызым зэрыжиIэу сыщI

ЩIалэ гуэрыр шэсу дэкIыху:
- Ди Тхьэ, си анэм зэрыжиlэу сумыщI, си фызым зэрыжиlэу сыщI, - жиIэрт.
- Сыт апхуэдэу щlыжыпIэр? - жери еупщIащ щIалэм и гъусэр.
- Анэ мыгъуэр гумащlэщи, сежьамэ, сыкъэмысыжыну фlощI. Абрэджхэм сыкъаукIыу, хьэм сашхыу, псым ситхьэлэу жеlэри щысщ.
Си фызым хъугъуэфIыгъуэхэр къысхуихьынурэ къэкlуэжынущ жеlэри, гуфlэу къыспоплъэ, - жиIащ щlалэм.
Уи благъэр бий пщlымэ, уи бийм благъэ хуэхъунщ     
Зы дыгъужьрэ зы мэлыхъуэхьэрэ зэгъусэу къакIvхьу бажэм щилъагъум игъэщIэгъуащ, ябгъэдыхьэри еупщIащ:
- Мыр сыт гъэщIэгъvэн, игъащIэ лъандэрэ фызэбийщ. Иджы ныбжьэгъу фызэхvэхъуныр сытым къыхэфха?
- АтIэ, мыдэ къэдаIуэ, - жиIащ хьэм. - Мы си гъусэ дыгъужьыр сэ схъvмэ мэлым ныхэлъадэри, зы мэл ирихьэжьащ. Ар къыщезгъэнэнv си лъэ къызэрихькIэ сыкIэлъыщIэпхъуат, ауэ сылъэщIыхьакъым. Абы щхьэкIэ лажьэ симыIэу мэлыхъуэр Iейуэ къызэуати, абы и бийм благъэ зыхуэсщIащ.
Ухэныпэ нэхърэ лъэпхъуамбыщIэ
Зы унагъуэ гуэрым хьэщlэ къахуэкlуати, ныш яукlар къанэ щымыlэу хьэщIэхэмрэ хэгъэрейхэмрэ яшхри зэбгрыкlыжащ. Лэпсым къыхэнауэ зы лъэпхъуамбыщlэ закъуэ нысэм къигъуэтыжауэ егъуу здэщысым, и гуащэжьым къилъагъури:
- Аркъым, нысэ, лыр псори Iэнэм тумылъхьэу уи Iыхьэ къэбгъанэртэкъэ, лъэпхъуамбыщIэм сыт къыпхуищIэн? - жиlащ.
- ХьэщIэхэм я eмыкly къэдмыхьамэ, сэ сыхэнакъым. Ухэныпэ нэхърэ лъэпхъуамбыщlэри Iыхьэщ, - жиlащ нысэ губзыгъэм.

Поделиться: